КIуэкIуэ Казбек республикэм и щIыналъэхэр къызэхекIухь
2020-06-09
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ къызэхикIухьащ республикэм и щIыналъэ зыбжанэ.
- Республикэм и УнафэщIым зригъэлъэгъуащ Налшык къалэ дэт клиникэ сымаджэщ №1-м мы зэманым къамыгъэсэ-бэп и унэмрэ абы къедза щIыпIэмрэ я щытыкIэр. КIуэкIуэ Казбек КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам и гъусэу тепсэлъыхьащ мы щIы-пIэм иджырей зэманым къезэгъ медицинэ IуэхущIапIэхэр щыухуэнымкIэ, апхуэдэуи республикэм узыншагъэр хъумэн и Iэна-тIэм адэкIи зегъэужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр иужькIэ щыIащ республикэм и щIыналъэхэу мэкъуауэгъуэм и 3-м уэ щIэту къешха уэшхышхуэм и зэран зэкIахэм.
- Прохладнэ, Май, Бахъсэн щIыналъэхэм, Прохладнэ къалэм дуней къэхъукъащIэ шынагъуэм хэщIыныгъэшхуэ яритащ. Республикэм и УнафэщIым КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн щIыгъуу зригъэлъэгъуащ уэм икъута мэкъумэшщIапIэхэр. Мы зэманым комиссэм къепщытэ IуэхущIапIэхэм хэщIыныгъэу ягъуэтар зыхуэдизыр.
- Прохладнэм и Iэтащхьэ Тараев Игорь республикэм и Iэтащхьэм къыхуиIуэтащ къалэм уэлбанэшхуэм куэд зэрыщызэтрикъутар. КIуэкIуэ Казбек апхуэдэу щыгъуазэ зищIащ Прохладнэ къалэм дэт щIыналъэ клиникэ сымаджэщым и щIыбыр зэрызэрагъэпэщыж щIыкIэми. Абы мы зэманым щыIэщ коронавирус зэфыкIхэм щеIэзэ ещанэ сымаджэщыр. Лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсащ, мыгувэу псори яухынущ.
- Республикэм и муниципалитетхэр къыщызэхикIухьым республикэм и Iэтащхьэр щыIащ Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Солдатскэ станицэм ныбжьыщIэ 250-м ятещIыхьауэ щащI школыщIэм, ухуэныгъэр здынэсар зригъэлъэгъуащ. Апхуэдэу зыщиплъыхьащ Бахъсэн къалэм щащI, физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым, абы и Iуэху зыIутхэм щIэупщIащ. Спорт центрыр къалэм и парк нэхъыщхьэм хиубыдэу щытынущ. Ар щIыным къалэдэсхэр мызэ-мытIэу къыщIэлъэIуауэ щытащ, иджы ар хуагъэзэщIэным яужь итщ.
- Курыт еджапIэщIэмрэ спорт комплексымрэ я ухуэныгъэр дызэрыт илъэсым и кIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я мурадщ.