ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Спартак-Налшыкым» зыгъэсэныгъэм  щIедзэ

2020-06-10

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм зыхуигъэхьэзырын щIидзащ «Спартак-Налшыкым».

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм хэтхэр мэкъуауэгъуэм и 4-м Налшык къыщызэхуэсыжащ. Медицинэ къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIа иужькIэ, абыхэм зыгъэсэныгъэм щIадзащ.
  • Коронавирус уз зэрыцIалэм зыщахъумэн папщIэ мазищым нэблагъэ ипэкIэ зэбграутIыпщыкIыжа ди футболистхэм зэпагъэуа зэхьэзэхуэм зэрыщIадзэжыным иджыри къэс езыр-езыру зыхуагъэхьэзыращ. АрщхьэкIэ 2019-2020 гъэхэм щыIар нэхъ пасэу зэхуащIыжащ, щхьэж здэщыта увыпIэм къыщынауэ. Фызэрыщыгъуазэщи, апхуэдэ щIыкIэкIэ «Спартак-Налшыкым» епщыкIущанэ увыпIэр иубыдащ, иужьым командищ фIэкIа къимынауэ.
  • ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ди щIалэхэр зыхэт етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым къыкIэлъыкIуэ 2020-2021 гъэхэм я зэпеуэр бадзэуэгъуэм (июлым) и кIэухым — шыщхьэуIум (августым) и пэщIэдзэм щIидзэнущ. БлэкIар къазэремыхъулIам ерыщагъ къахилъхьауэ налшыкдэсхэм абы ерыщу зыхуагъэхьэзырынущ.
  •  «Спартак-Налшыкым» и гъэсакIуэ гупым зэкIэ зэхъуэкIыныгъэ щыIэкъым. КIэбышэ Заур илъэсыр иухыхукIэ тренер нэхъыщхьэу къэнэнущ. Нэхъапэми хуэдэу, абы дэIэпыкъунущ Битокъу Тимуррэ Къумыкъу Артурэ.
  • Командэм щыджэгухэми зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къапоплъэ — абыхэм клубым дращIылIа зэгурыIуэныгъэхэр накъыгъэм и 31-м икIащ. «Спартак-Налшыкым» хэт къыхэнэнуми хэкIыжынуми зэкIэ жыIэгъуейщ. Гупым кърагъэгъэзэжыну хущIэкъунущ ди щIыпIэм къыщалъхуауэ нэгъуэщI командэхэм щыджэгу футболист Iэзэхэм.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатымрэ щIыналъэм и Iэтащхьэм и кубокым ехьэлIа зэпеуэмрэ я япэ зэIущIэхэм дызыхуэкIуэ махуэкум щIадзэну я мурадщ. Республикэм и унафэщIхэмрэ «Роспотребнадзор»-м КъБР-м щиIэ къудамэмрэ хуитыныгъэ къратмэ, мэкъуауэгъуэм и 11-м 2020 гъэм и зэхьэзэхуэр зэхаублэнущ. А махуэм зэIущIэнущ «Энергетик» (Прохладнэ) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент), «Бахъсэн» (Бахъсэн) — «Малка» (Малкэ), «Нарт» (Нарткъалэ) — «Родник» (Псынэдахэ), «Ислъэмей» (Ислъэмей) — «Урыху» (Урыху), «Тэрч» (Тэрч) — «Къундетей» (Шэджэм), «Налшык» (Налшык) — «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей), «Черкес» (Шэджэм) — «Инал» (Къэрэгъэш), «Шэджэм ЕтIуанэ» (Шэджэм ЕтIуанэ) — «Спартак-Д» (Налшык) командэхэр.
  • Жыласэ Заурбэч.