«Мэуэтхэм я шэдылъэ»
2020-01-30
- Тхыдэм умыщIэххэу куэд егъэпщкIу. Дон Iус Ростов илъэситI и пэкIэ къыщагъуэтащ ди эрэм и япэ ит илъэс миным тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iуса мэуэтхэм (адыгэхэр дыкъызытехъукIауэ къалъытэ лъэпкъхэм ящыщ зыщ) къадекIуэкIа щэнхабзэм ехьэлIа щIыпIэ. «Загадки истории» журналым зэритхамкIэ, ар метррэ ныкъуэрэ зи лъагагъ Iуащхьэ цIыкIу IэрыщIщ, метри 4 и бгъуагъыу. Еджагъэшхуэхэм зэрыхуагъэфащэм- кIэ, мыбдеж тхьэхэм щыIахыу щытащ цIыхухэм тыхь (тыгъэ) хуащIхэр. Абы щыхьэт тохъуэ къагъуэта Iэмэпсымэ гуэрхэр. АрщхьэкIэ мы щIыпIэм нэгъуэщI мыхьэнэи иIауэ къыщIэкIынкIэ зыхуэIуа щыIэкъым.
- НаIуэу зэрыщытщи, пасэ зэманым МеотидэкIэ еджэрт Iузэв тенджызым къыщыщIэдзауэ тенджыз ФIыцIэм нэс дэлъ щIыналъэм. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ а зэманым щыIа картэхэм Iузэв тенджызыр зэритыр «Мэуэтхэм я шэдылъэущ» (псынщIэущ).