Хэт дэтхэнэр игъашхэрэ?
2020-01-30
- НитIыр зэрызэхуэмыдэм хуэдэ дыдэу, зэщхьэщокI Урысей абрагъуэм и щIыналъэхэри. Псори мэлажьэ, арщхьэкIэ зыри къулей хэхъукIыркъым. Дэнэ атIэ мылъкур здэкIуэр? ИкIэм-икIэжым сыт ахэр псэукIэкIэ щIызэщхьэщыкIым и щхьэусыгъуэр? Иужь илъэсхэм къэува а упщIэхэм, нэгъуэщIхэм жэуап зэмылIэужьыгъуэхэр ират щIэныгъэлIхэм. Дэ нобэ щыгъуазэ фыдощI а Iуэхум теухуауэ Москва къэрал университетым и профессор Зубаревич Наталье жиIэхэм.
- Пэжыр
- — Урысейм и щIыналъэ 13-м адрей 72-м псэуныгъэкIэ хуабжьу зыщIагъакъуэу къалъытэ. Ар пэж?
- — Хьэуэ. Мыр къэбжыкIэ мытэмэмым тещIыхьащ. Донорхэу ди деж къыщалъытэр езыхэм я бюджетыр зыхущыщIэр ирагъэкъужын папщIэ центрым ахъшэ къеIызымыххэрщ. Ауэ а дотацэр федеральнэ бюджетым щIыпIэхэм яхуиутIыпщ мылъкум и Iыхьэ щанэ къудейщ. Абы къыдэкIуэу щыIэщ субсидиехэри субвенцэхэри. Федеральнэ министерствэхэм езыхэм занщIэу щIыналъэхэм ахъшэ щыхуаутIыпщ къохъу. Нэхъ лъэрызехьэхэм дотацэу хуаутIыпщыр нэхъ мащIэщ, ауэ налог нэхъыбэ къыщыхах. А псори тэмэму пхузэгъэзэхуэнукъым. 2000 гъэхэм ахэр къабжыну яужь ихьати, я нэхъ мащIэрамэ, Урысейм и щIыналъэ 25 — 30-м къэралым нэхъыбэу ирату къыщIэкIащ абы къахуиутIыпщыжым нэхърэ.
- — Араи щIыжаIэр:
- «Дэращ зыгъашхэр
- къэралыр!»
- — Мыбы пэж гуэр хэлъщ. Псом хуэмы- дэу ар металлургиемрэ энергетикэмрэ зыщиужьа Красноярск крайм е Иркутск областым щыщыжаIэхэм деж. АрщхьэкIэ къэралыр нэхъыбэу зыкъуэсыр щIыпIищ къудейщ. 2018 гъэм федеральнэ бюджетым къэкIуа налог псоми я процент 36-р Ханты-Мансийск, Ямал-Ненец округхэм къатащ. Илъэс къэс процент 12-15 хуэдиз къыпкърокI Москваи. Сыт апхуэдэу щIэхъур? ЩIым къыщIаш къулеигъэхэмрэ ящэхэмрэ япэкIуэу ят налогхэрщ зи фIыгъэр. Япэ щIыналъэхэр щIыдагъэ-газ къыщIэшыпIэхэм щыIэщ, щыхьэрым ахъшэшхуэ дыдэ щызокIуэ.
- — АрщхьэкIэ Ищхъэрэ Жыжьэм цIыхухэр щытхъэжу псэуркъым, ят налогхэр зыхуэдизым тепщIыхьмэ…
- — Пэжщ, а автоном округхэм яIэрыхьэ-жыр налогхэу къыщыхахам и процент 15-20-рщ. ЩIыналъэр ткIийщ, зызымыужьащ, абы псори щылъапIэщ. Аращ а округхэм щыпсэухэм Москва и Iэшэлъашэхэм унэхэр къыщIыщIащэхур. Абы къыхэкIыу ди къэралым ипэжыпIэкIэ щыкъулейр Москва и закъуэщ.
- — СыткIэ ефIэкIрэ
- Москва адрейхэм?
- — Япэ ефIэкIыныгъэр къызыхэкIыр гурыIуэгъуэ дыдэщ. Абы щызэтрихьащ мылъку, цIыху куэдыщэ. Дуней псом къалэшхуэхэр зыужьыныгъэкIэ псоми щащхьэщокI. ЕтIуанэрауэ, Урысейм «и лъабжьэм къыщыщIэдзауэ и щхьэм нэс дэкIуей зы къудамэ закъуэ» хабзэр щы-гъэуващ, абы къыхэкIыу щыхьэрым упэхъунукъым. Москва дэсщ улахуэшхуэ зыIэрыхьэ къулыкъущIэ куэд. Абы щыIэщ къалэ бюджетыр ахъшэкIэ зыгъэнщI компание инхэм а штаб-фэтэрхэр.
- НэфI-ней
- — ЩIыналъэ бюджетхэм ахъшэ нэхъыбэ къыхуэзыхьыр сыт хуэдэ налогхэра?
- — ЛэжьакIуэ къызэрыгуэкIхэм ятхэм. АрщхьэкIэ зызыужьа щIыналъэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ хэхъуэхэм я процент 20-р яIэрыхьэным. Ауэ нэхъапэм бизнесым къиутIыпщ мылъкум и процент 18-р Федерацэм и щIыналъэхэм ялъысу щытамэ, 2017 гъэм а бжыгъэр процент 17 хъуащ — аргуэру зы процент федеральнэ бюджетым ягъэкIуащ. Псом япэу ар зыхуэгъэзар налогышхуэ дыдэ зыIэрыхьа Москва Iэмал зэриIэкIэ ахъшэ нэхъыбэ къытеудынырт.
- — Ауэ, икIэм-икIэжым а ахъшэ псори захуагъэ хэлъу икIи экономикэр и лъабжьэу щIыналъэхэм трагуашэрэ?
- — Бюджетхэр зыхущыщIэхэр нэхъ захуагъэ хэлъу хуаутIыпщ. А хабзэр есэп щхьэхуэм тещIыхьащ. Адрей трансферт псори гурыгъуазэщ ищхьэкIэ щыIэ къулыкъущIапIэм зэрищIым псори епхащ. Мыбдеж куэд щелъытащ щIыналъэм и Iэтащхьэм и зэфIэкIым. ХэIэтыкIа щIыналъэхэри щыIэщ — Шэшэныр, Кърымыр, Севастополь. Абыхэм ират дэIэпыкъуныгъэр зытещIыхьар экономикэ фейдэркъым, атIэ политикэшхуэрщ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу Кърымымрэ Севастопольрэ щыпсэухэм ящыщ дэтхэнэми 2018 гъэм УФ-м и бюджетым къыхэкIыу хуэдэ 1,6-кIэ нэхъыбэ яIэрыхьащ зэрыщыту Урысейм и цIыхухэм ику иту ялъысам елъытауэ. Кърым Республикэм дотацэм и инагъыр нэгъабэ процент 68-рэ щыхъуащ.
- — Осетие Ищхъэрэ — Аланием Къэрал Думэм къыщыхилъхьащ бюджетым «тесхэм» я лэжьапщIэр нэхъ мащIэ дыдэ улахуэ зыIэрыхьэхэм ялъысым нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэн хуейуэ къэзыгъэув проект.
- — Ар къезэгъыркъым сыт и лъэныкъуэ-кIи. Центрым дэнэ щищIэрэ улахуэхэм я пщалъэхэр? ЩIыналъэхэм ахэр ауэ жыжьэуи щызэтехуэркъым. Абы щыгъуэми, федеральнэ правительствэракъым, атIэ ахэращ цIыхухэм я пащхьэм псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ жэуап щызыхьхэр.
- — ИтIанэ щIыналъэхэр
- зэхуэдэ хъуну?
- — Хьэуэ. Ахэр пхузэхуэгъэдэнукъым — зыр япэ итщ, адрейр къыкIэроху. АрщхьэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ уи зэфIэкIыр къыщыбгъэлъэгъуэфыну щIыналъэ нэхъыбэ къэралым иIэным, дэтхэнэми и Iуэху къыщикIыну щIыпIэр къыхихыфын хуэдэу. Къэралым къыщалэжьыр цIыхухэм яхуэунэтIын хуейщ — егъэджэныгъэм, медицинэм, щэнхабзэм. АхъшэкIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым. ЩIыналъэ Iэтащхьэхэр хуит ящIыпхъэщ езыхэм егъэщIылIа Iуэхухэр нэхъ тыншу зэрагъэкIуэну.