ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ФIыкIэ  ягу  къагъэкIыж

2020-01-28

  • Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм щекIуэкIащ тхакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIэныгъэмрэ литературэмкIэ и Къэрал саугъэтыр зрата, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, МафIэдз Сэрэбий къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теухуа зэхыхьэ.

  • Пщыхьэщхьэр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхума-  хуэ ФатIимэрэ Шыхъуэ Аскэррэ.
  • Япэу псалъэ иратащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин. Абы къызэрыхигъэщащи, МафIэдз Сэрэбий адыгэ лъэпкъым хуищIар, абы и IэдакъэщIэкIхэр мыкIуэдыжынщ.
  • — «Адыгэ хабзэ» тхылъым фIэкIа абы и къалэмыпэм къыщIэмыкIами, лъэпкъ тхыдэм къызэрыхэнэн лъагъуэ пхишащ — жиIащ абы.
  • Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм и унафэщI Емуз Анатолэ къытеувы-Iащ тхакIуэм и гъащIэм, абы и къекIуэкIыкIам. КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэ Беппаев МутIалип жиIащ МафIэдз Сэрэбий и творчествэм ди цIыхухэм я деж увыпIэшхуэ зэрыщиубыдыр, икIи щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ар нэсу джын зэрыхуейм критикхэр, щIэныгъэлIхэр къыхуриджащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор БакIуу Хъанджэрий зэпкърыхауэ тепсэлъы-хьащ «Гъыбзэ хуэфащэт», «Мыщэ лъэбжьанэ» романхэм.
  • — МафIэдзым школым щыщIэса илъэсхэм къызэрыщIидзар усэ тхынырщ. ИужькIэ басня кIэщI цIыкIухэм зрипщытащ. Щыстудента зэманым рассказхэм, нэхъ иужьыIуэкIи, повестхэм хуэкIуащ. Апхуэдэурэ, романхэми нэсащ. Сэ нэхъ зи гугъу сщIынур абы и роман дилогиерщ. А тIур ди лъэпкъ мащIэм игъэва, зыIууа гугъуехьхэм теухуащ — зытепсэлъыхьыр Кавказ зауэр щекIуэкIа зэманырщ. МафIэдзым хузэфIэкIащ адыгэхэм абы щыгъуэм я псэукIар нэгум IупщIу къыщIигъэувэжын. Мы романхэр Кавказ зауэм теухуауэ ди тхакIуэхэм ятхахэм я нэхъыфIхэм щыщщ. Апхуэдэуи, «Адыгэ хабзэ» тхылъыр ди хъугъуэфIыгъуэщ. Ар дэтхэнэ зы цIыхуми и пащхьэ илъын хуейуэ къызолъытэ. Абы лъэпкъым игъащIэ лъандэрэ къыдекIуэкIа хабзэм, нэмысым ущегъэгъуазэ, ухуеущий.
  • КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Къудей Владимир къытеувыIащ «Адыгэ хабзэ» тхылъым и мыхьэнэм.
  • — Лъэпкъ къэсыху езым игъэлъапIэ гуэрым, псэущхьэ ирехъуи — жэмым, бгъэм, хьэм, къэкIыгъэмэ — гуэдзым, нартыхум, е нэгъуэщI гъавэхэкIхэм фэеплъ хуагъэув. «Адыгэ хабзэ» тхылъыр апхуэдэу бгъэлъэпIэныр хуэфащэу къызолъытэ. Апхуэдэуи, «Адыгские традиции и современность» фIэсщу урысыбзэкIэ къыдэзгъэкIа тхылъыр МафIэдзым и лэжьыгъэм пэщIэмыувэу, пэджэж хуэдэу згъэхьэзыращ. Сэрэбий и къалэмыпэм къыщIэкIам гупсысэ куэдым сыхуа-шащ, аращ а лэжьыгъэри гукъэкI сэзыгъэщIар.
  • ЗэIущIэм тхакIуэр фIыкIэ ягу къагъэкIыжу къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Моттаевэ Светланэ, ТхакIуэхэм я союзым хэт, критик, Аппаевэ Жаухар сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Пщыхьэщхьэр ягъэдэхащ МузыкэмкIэ театрым и солисткэхэу КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артисткэ Шэрджэс Iэсиятрэ Хьэкъул Оксанэрэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ХьэхъупащIэ Амырхъан сымэ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ драмтеатрым и артистхэу Блашэ Имранрэ Багъ Иннэрэ «Адыгэ хабзэ» тхылъым щыщ Iыхьэхэм къеджащ.
  • НафIэдз Мухьэмэд.
  • Сурэтхэр  Къарей  Элинэтрихащ.