ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Чэрэчэ

2020-01-28

  •  Къаныкъуэ Анфисэ
  • Тхыдэ роман. ЕщанэIыхьэ
  •  (КIэлъыкIуэр.
  • ПэщIэдзэр №№2 — 6, 8-хэм итщ).
  • — Бжэр ешалIэт, гуащэ, — жиIащ зы хъыджэбзым.
  • Хьэцацэ, щтарэ, блыным зыкIэрикъузылIауэ щытт, зыхуэмыгъэхъейуэ. Атэрыс, еса-есауэ, и джабэ сэмэгумкIэ пхъуащ, джатэм кIэлъыIэбэ нэхъей. Абы щыгъупщэжат Iэщэр зэрыкIэрымылъыр, джанэ закъуэкIэ зэрыщIэсыр. Ауэ щыхъум, Атэрыс и Iэщхьэ пылэлыр дрилъэфейщ, къеувэкIахэр иджыри зэ хуиту зэпиплъыхьщ, пыгуфIыкIри, и Iэр ищIащ:

  • — Япэ уэгъуэр фыфейщ! — жиIэри.
  • Алыдж лъэпкъхэм я пщыжу щыхахакIэ, къаруушхуэрэ гупсысэ куурэ хэлъу къыщIэкIынут лIым… Абы къыгурыIуакIэт къебгъэрыкIуахэр зыщыщри къызыкIэлъыкIуари. Ауэ, и пащхьэ къит хъыджэбзитхур ныбжькIэ щIалэ дыдэми, IэмащIэ-лъэмащIэми, нэрыбгейщ! Нэрыбгейхэм яхузэфIэкIри зэгуэр ягъэунэхуат алыджхэм.
  • Япэ къэпхъуа хъыджэбзыр Атэрыс пщэфэцкIэ иубыдщ, лъагэу и щхьэщыгум щиIэтри, мыдрейхэм къахиутIыпщхьащ. Ар апхуэдизкIэ къару щIэлъу идзати, зытехуэжа хъыджэбзитIыр ириудри, блынми зэрегулIыжат. Ахэр къыщылъэтыжыху, лIы балигъ Iэчлъэчым и пащхьэ къиува хъыджэбзым и гуфIэIум1 техуэу IэштIымкIэ кIуэцIыуащ, зэрифIэщкIэ. Арыххэуи, пщащэм и кIуэцIфэцIыр зэхакъутауэ, къратхъым хуэдэу къэузщ, жьы къыпиубыдри, къызэфIэмэхащ. Гуащэм иришэлIа бжэм зрикъузылIэжауэ кIэрытт. Ар пэшым щIэжыну игу илъыххэтэкъым, нэрыбгейхэм я кIуэдыр си кIуэдщ жиIэри, зригъэнауэ щытт.
  • Удын зылъэмыIэсауэ зы нэрыбгей закъуэт утыкум итри, абы дежкIэ зыщидзым, Атэрыс и щхьэм апс2 Iувыр зыгуэрым къытрикъутащ. Пщым гъущIымэ къыIурыуащ арыххэу. Ар — пщтыррэ шыугъэу щхьэфэм къыкIэщIэжа лъым и мэрт. Ундэрэщхъуарэ, щэнауэу, алыджыр хуэм дыдэу дэIэбейри, и нэкIу дахэм къежэха лъыр ирилъэщIэкIащ. КъызэплъэкI-мэ — гужьеяуэ блыным кIэрыта пщащэ щхьэц кIыхьым тIууэ зэгуэщIыкIа пхъэ апсыр IэщIэлъу, и дамитIыр дэшеярэ и нитIыр къижу къыдэтт Атэрыс и щIыбым. Танэ губжьам хуэдэу, гъуахъуэу абы дежкIэ зыщидзым, къыщыпщыжа нэрыбгейхэм ящыщ зыр  пщым и пщэдыкъым дэуэри, и лъэр щIиудащ. Лъэгуажьэмыщхьэу утыкум къитIысхьа, ныкъуэкъэмэх хъуа лIыр лъапэ защIэкIэ къра- хуэкIащ нэрыбгеиплIым, къежэри. Етхуанэм зыкъимыщIэжауэ, щылът. Сыт хуэдиз удын ирамыдзами, Атэрыс зиIыгът. Ар псэууэ къэтэджмэ, фIы зэрыщIамыхынур къагурыIуат псоми.
  • — Къэвмыгъэтэдж! Шордакъым ивмыгъэхьэ! БыдапIэм дэсхэм къащIэмэ, псори кIуэдащ! — жи гуащэм, игу щIэпхъуар къилъэтынкIэ шынэ нэхъей, и бгъэгум и IитIри телъу.
  • Абы хэту хъумакIуэм зыкъищIэжщ, IэщIэхуа сэжьейр къипхъуатэри, хигъэлъэдащ гуащэм и ныбэм. Дэдей, ажалыр и пащхъэ къиувэу игъэщтам хуэдэу, и нитIыр къыщихуарэ, кIиин хьэзыру и жьэр зэтехауэ, къэзыукIам и нэгум иплъащ. Ауэ гуащэр даущыншэу щещэтэ-кIым, пщым зезыдза нэрыбгейхэм хъума-кIуэр къахэлъадэри, япэу къыпэщIэхуэм и щIыбагъ къыдыхьэщ, и натIэр щиубыдыкIри, хъыджэбзыпщэ кIыхьым сэжьей жаныр дилъащ. Пщыр зэIэпахыу кIуэцIызыкъухь нэрыбгейхэм занщIэу къагурыIуакъым къэхъуар. ФIагъэжьа я ныбжьэгъум и пщэм къриутхыкI лъы пщтырыр уэшхыу къащыхэшхэм, къэнэжаищым хъумакIуэм зрадзащ. Ауэ, щIалэр IэпсынщIэу къыщIэкIри, и пщэ гурыгъыр зэпаудын ипэ къихуэу, иджыри         зы нэрыбгейм и дзажэ зэхуакум хигъэтIысхьащ и сэр, мыдрей тIуми я лъынтхуэшхуэхэр зэщIигъэхуащ.
  • Нэрыбгейхэр теплъэкъукIа щIыкIэ, алыджыпщым къарууэ иIэр зэхуихьэсыжарэ Iупс плъыжьыр къыжьэдэжу шордакъымкIэ пщырт, хьэ лъакъуиплIу. ФIагъэжа нэрыбгейм и лъыр уэгушу зи нэкIущхьэм трипхъа Хьэцацэ гужьеяуэ, и щхьэцыпэ нэгъунэ пыкIэзызыкIыу, зэридзэрт. Абы игу къэкIыжащ гуащэм жиIар: «Шордакъым ивмыгъэхьэ! БыдапIэм дэсхэм къащIэмэ, псори кIуэдащ!». Нэрыбгейхэр уIэгъэ хьэлъэ хъуащи, лъыр уэру ящIокI, пщыр шордакъым нэсыпащ… Зыгуэр щIэн хуейт. Хьэцацэ зыкъищIэжщ, напIэзыпIэм зидзри, нэгъуэщI зыри къыхуэмыгупсысу, и щхьэц еухуэнэхар пщым и пщэм иридзэри, къеIащ. Къарууншэ хъуа лIыр къызэщхьэпрыIэбыкIырт, зыщIэзыубыдам и тIасхъапIэ иубыду, зыкъригъэутIыпщыжын и гугъэу. Сытми, Атэрыс хъыджэбзым и нитIыр къыIэрыхьэри, IэпхъуамбэшхуэхэмкIэ ирипIытIащ. Узыр мастэпэ мин бжыгъэу Iэпкълъэпкъ псом пхрыкIми, Хьэцацэ иутIыпщыртэкъым алыджыр. Хуэмышэчыжыххэ щыхъум, гущIыхьэу къэгурымащ пщащэр.
  • Абы ирихьэлIэу нэрыбгеитIыр къепщылIэщ, Хьэцацэ кърагъэутIыпщыжри, алыджыкъуэм и IитIыр иращIыкIащ. Къупщхьэ къутам и узыр гуащIэкъэ… Ауэ, Атэрыс зы «Iыхьи» хужыIэжыртэкъым — абы и къурмакъейм хъыджэбз щхьэцыр идзат, Хьэцаци ар, зэрифIэщкIэ, ишэщIати, игъэбауэртэкъым. Хьэт пщащэр ерыщу къыщIэкIащ — алыджым зыудэн щигъэту, и «пырхъ» макъыр увыIэху къигъэлэлакъым «кIапсэр».
  • Iэщэншэрэ мафIэсым зэрыхэувэр быдэу къагурыIуэжу, быдапIэм къебгъэрыкIуа нэрыбгеитхури щIым щылът. Пщым и IитIыр зыкъута хъыджэбзхэм, зым и куэр, адрейм и блэгущIэ лъабжьэр зэщIагъэхуауэ, лъыр уэру къежэхырт.
  • — Чэщанэм дэкIуей, Хьэцацэ! Бгъуэту хъуар зэтелъхьи, мафIэ едз! ПсынщIэу… Псын… — псалъэр хунэмыгъэсу, и жьэр Iурыхуащ лъыуэ щIэтыр зыщIэжа нэрыбгейм.
  • ЕтIуанэр псэлъэжыххакъым. Къарууэ хэлъыжари, зэману къыхуэнэжа напIэдэхьеигъуэри хилъхьат иужьрей уэгъуэм.
  • Хъыджэбзым и нэхэм хъарпшэру фIэкIа ялъагъужыртэкъым. НэрыбгеитIым зымащIэ тIэкIу заIэжьэжатэмэ, Хьэцацэ и нитIыр ирищIыпэну хъунт алыджыпщым. Ар шынэрт, ешат, и нэр узырт, щIисыкIырт. ХуэмыгъэувыIэу къыщIэж нэпсым игъаплъэртэкъым. Арами, мы гуIэгъуэ псори щIашэчыжар, апхуэдиз хьэдэ щIызэтралъхьар нэрыбгей-хэм яужь дыдэу къыхуащIа унафэрати, чэщанэм дэмыкIуейуэ хъунутэкъым. Уардэунэм щIэсхэр шхагъэнущ, ауэ щыхъукIэ, я нэхъыбапIэр лIащ, е мэжей… Зыри зэран къыхуэ-           хъун хуейкъым. Пщащэм и нэгум щIэкIа      псом гужьеигъуэ иригъэуващи, и гур зэгуэудыным хуэдэу къоуэ. И лъэр ерагъыу зэблихыу    йожьэ, зэщыджэу, здэкIуэр имылъагъущэу, Iэбэрабэу. КъыщIыхьэпIэм деж фэлъ пхъакъуэр3 къещтэри, блыным кIэрыту йожьэ Хьэцацэ.
  • *    *    *
  • Удынэ къыхуэгъэсыртэкъым зэрызэгурыIуа мафIэр къыщыблэнур. НыбжьыщIэ защIэу къыхищыпыкIа нэрыбгейхэр апхуэдэ Iуэху шынагъуэм зэригъэкIуами хущIегъуэжырт. Щысхьырт, ауэ нэгъуэщIу хъунутэкъым. НэхъыжьыIуэ игъэкIуамэ, жыр IэпкълъэпкъымкIэ, нэрыбгейхэм я зыIыгъыкIэмкIэ, плъэкIэмкIэ къащIэнут занщIэу. И бын хуэдэщ тхури. Хьэцацэ тхьэмыщкIэ цIыкIур-щэ?! Я къару яхуримыкъуамэ-щэ? ТIасхъэщIэх зэрахыхьар имычэзууэ къащIамэ-щэ?! Гузавэм игъэбауэртэкъым гуащэр.
  • — Мес! Мес! МафIэ! Плъагъурэ, Удынэ?! Афэрым, си хъыджэбзыфIхэ! ФызгъэфIэжынщ, Тхьэм къысхуищIэмэ… Фынежьэ! — нэрыбгейхэм зыщагъэпщкIуа мэзыжьым джэрпэджэжу къыщыIуу, джащ Мэчанэ.
  • Мэзым щызэхэзекIуэ дзэшхуэм Iэнкун ищIа псэущхьэхэмрэ къуалэбзумрэ щIагъэлъэту къызэрехьэжьащ нэжьгъущIыдзэр. Аддэ жыжьэу къыщыблэ IэпапIэ цIыкIур я гъуазэти, зэрыхьырт нэрыбгейхэр. Шы лъэдий псыгъуэхэр лъэху, мафIэр нэхъ гъунэгъу къохъури, цIыхубз ябгэхэм я джатэжьхэр къра-    лъэф, бжыкIхэр нэхъ быдэу якъуз. ЩIыхъей шынагъуэ къэхъуа хуэдэ, шы лъэмакъыр нэхъ куу, нэхъ ин къызэрогъэхъу. БыдапIэмрэ и Iэгъуэблагъэмрэ щызэгъэжа алыджхэр къызэщIохъае… Абыхэм къагурыIуэркъым жейбащхъуэм къыщIимыутIыпщыр, языныкъуэхэри къыщIэмыушыххэр.
  • Зэхэзехуэн хъуа, зыри къызыгурымыIуэж зауэлIхэм, зэрыгъэкIийуэ, къахэлъадэщ нэрыбгей мин тIощIри, алыджыкъуэхэр хуиту зэтраукIащ. Зауэ губгъуэм зи щхьэр изыхыфыр шэсщ, къызэрыкIуа гъуэгум теувэри, къызэмыплъэкIыу къухьэпIэмкIэ яунэтIащ.
  • ДэжыггъалIэ
  • Хьэтейм и къуэкIыпIэ щIыналъэхэм ящыщ Цэпкъыр Фырат и сэмэгурабгъум тест. Хьэт къэралыгъуэмрэ абырэ я зэхуакум псы дэжми, хьэтыпщхэм я дамэгъу пэжу къэгъуэгурыкIуа щIыналъэм сытым щыгъуи зиIэтырт, къэралым и тетым Iуэхушхуэ кърихьэжьэху. Хьэтусилэ мызыгъуэгуми щыгугъат апхуэдиз пщIэ зыхуищI, Цэпкъым и пщыр къыкъуэувэну, ауэ МытIэ лъэныкъуэ зригъэзмэ нэхъ къищтэри, Хьэтейм иритатэкъым и дзэр. Абдежым къыщычат пщышхуэмрэ МытIэрэ я зэхуаку дэлъ дзыхьыр. И дамэгъур хигъэзыхьыну и дзэр шами, Хьэтусилэ и щхьэр IэмалыншагъэкIэ ирихьэлIэн хуей хъуат Цэпкъ и тхьэмадэм. Мыдрейри, хуей-хуэмейми, къэралыгъуитIым я зэпэщIэтыныгъэм хэпщIа хъуащ.
  • Цэпкъ и Iэшэлъашэм хуэзэу Фырат зы тIыгу цIыкIу зэрыщыхэIэтыкIам къыхэкIыу, ар и чэнжыпIэт, хуиту ущызэпрыкIыфырт. Хьэтусилэрэ Алэдамэрэ зэрызэгурыIуам тету, мэуэтыпщым и нартыдзэр щIыгъуу ипщэкIэ   ехщ, Фырат зэпрыкIри, ащырыдзэм ебгъэрыкIуащ. Хьэтусилэ хьэтыдзэм я пашэу ищхъэрэкIэ дэкIуейуэ Цэпкъ деж къыщызэпрыкIыу, зэхуагъэува пIалъэм ирихьэлIэу, ащырхэм ищхъэрэкIэ къащытеуэн хуеят. ЗэрызэгурыIуар къайхъулIатэмэ, ащырыдзэр уэрдыхъум ираубыдэу зэтраукIэнут хьэтхэмрэ мэуэтхэмрэ.
  • МытIэ хьэтыпщым къыхуищIэжыфынур арати, дзэр игъэхьэщIэщ, гъуэгум зэхиукIа хуарэхэр яхузэрихъуэкIри иригъэжьэжат. Моуэ, зыдоукъуэдий щыжаIэм, щIэплъыпIэмкIэ дзэшхуэ къызэрыхьу къыщIэкIри, хьэтхэр зыщIэувыIыкIащ. Хьэтусилэ занщIэу къыгурыIуакъым ипщэкIэ, уи нэр здынэплъысыр къигъэуфIыцIу къакIуэр зищIысыр. Хьэт гъуазэхэм къэхъуар къащыгурыIуэм, къикIуэти-къэгъази ямыIэу япежьэри яхэлъэдащ ащырыдзэм. КIыфI къатехъуэху зэрыукIарэ хьэтхэм хэщIыныгъэшхуэ яхьу икIуэтыжри, Цэпкъ быдапIэм дэтIысхьэжащ. МытIэ зэрымыщIэкIэ зауэм хэпщIати, хьэтхэм къакъуэувэн хуей хъуащ. Абы къыхэкIыу и быдапIэр биидзэм ищтэнкIэ шынагъуэт.
  • Апхуэдэ щIэщхъу къызыщыщIа хьэтыпщыр гуIэжырт. Хьэтусилэ и дзэр зэрызэхакъутам      и закъуэтэкъым къефыкIыр. АтIэ, хьэтыдзэм щыгугъыу, ащырхэм ипщэкIэ къащытеуа мэуэтхэр Iисраф ящIащ жиIэурэ и щхьэр фIиудыжырт. Нартхэр дэIэпыкъуэгъуншэу утыку къринащ… Хэт ищIэрэ абыхэм я натIэ хъуар?!
  • ТхьэмахуэкIэ зыгъэпщкIупIэм исащ хьэтыдзэр, уIэгъэ хъуахэр къызэфIагъэувэжу, я къару къызэрагъэпэщыжу, зыкъащIэжу. Абыхэм къагурыIуакIэт кIуапIи жапIи зэрамыIэжыр.
  • Бжьэхуц пытхъахуэ-пытхъахуэу уэм къех  уэс щабэр шхыIэн Iуву тегъуалъхьэрт Цэпкъ быдапIэм. Уафэм хьэтхэр фIэгуэныхь хъуауэ, фхуэсщIэжыфынур мыращи, иужь дыдэу дахагъэмрэ къабзагъэмрэ гу щыфхуэж жыхуиIэу, ихъуреягъкIэ чэсейфэхур къригъэтIылъэкIат. КъуакIи бгыкIи, зэрыщыту, нэр тепщIыпщIэу, дыжьыныхущ. Псы макъыр къос быдапIэм, уимыгъэжейуэ. Цэпкъ и губгъуэжьхэр илъэсыным хуэдэу къиуауэ къыпщыхъуурэ уегъэшынэ. Фырат и пIалъэр зымыщIэр тегушхуэу псым къыхыхьэнукъыми, быдапIэм и зы джабэр шынагъуэншэщ, я щIыбагъми бий къыдэувэн хуейкъым, гу лъамытэу.
  • «С-с-с» жиIэу, Iущащэ щабэ щIэту къещэтэх уэс дахэм теплъызэрт Тутхьэлий и нэр. Зэми, хьэлъэу хэщэIукI лIыжьым зыкъригъэщIэжырти, гужьеяуэ щхьэщылъадэрт.
  • Жьэгум дэлъ мафIэм хъуаскIэ хэлъэтурэ къигъащтэрт зи псэ еджэу телъ хьэтыпщыр. Абы и бэуэкIэм уи гур дэузырт, апхуэдизкIэ хьэлъэу, куууэ хэщэтыкIырти. ТемэхыкIым зыкъищIэжурэ гугъу йохь. МылIэ-мыпсэууэ, хьэдрыхэмрэ дунеягъэмрэ я зэхуаку дэна хьэдэджадэм хуэдэу, нэщIащэ фIыцIэщ, Iупэ щхъуантIэщ Хьэтусилэ.
  • — Мызыгъуэгу щыхупIэм дещэтэхыну къысщохъу, Тутхьэлий. Арагъэнщ сэ лIэгъуей сыщIэхъуар — си лъэпкъыр зэрыбзэхыжыр си нэгу щIэкIын щхьэкIэ, — гугъу ехьыпэу къыдришеящ пщым. — Абы нэхъ шынагъуэ сыт щы-Iэ пщым дежкIэ?! Нэхъ Iей дыдэу цIыхум къигупсыса укIыкIэм нэхърэ нэхъ гуащIэжщ мыр… Апхуэдиз гъащIэ хэслъхьауэ, псори выл-балыджэу4 къыщIидзыжыну. Хэкум къинахэр-щэ?! Дауэ хъуну цIыхубэр?
  • Пщыжьым и пкъым зэпрыхулыкIауэ телъ уIэгъэхэр щапхыкIами, хущхъуэ ирахьэлIами, лъыр хъыдан гъуабжэм къыкIуэцIривыкI зэпытт. Хьэтусилэ и лъыр пцIэртэкъыми, къахуэмыгъэувыIэу адэкIи щIэкIмэ, куэд зэримыхьыжынур наIуэт. ЛIыжьыр къарууншэ дыдэ хъуат, хъыршыр5 узри къыпкърыхьати, и Iуэхур щIагъуэтэкъым. Тутхьэлий езым сэкъату телъымрэ узу пкърытымрэ щыгъупщэжауэ, и псэм еджэу телъ и адэм щхьэщыст, пщыжьым и узыр тIуащIэ зыщI Iуэхугъуэм зэрытригъэгупсысыкIынур къыхуэмыщIэу, зэрытригъэун псалъи къыхуэмыгъуэту.
  • — Ащырыдзэм и гъуазэр псэлъэну къежьатэмэ, сыхуэзэнти, дызэгурыIуэфмэ, зыгуэ-рым дыкъытеувыIэнт. Зрелъэфыхь. Тхьэм ещIэ зэжьэр, — лIыжьым и натIэм къещэщэх пщIэнтIэпс щIыIэр хъыдан псыфкIэ ирилъэщIэкIыурэ жиIащ пщыкъуэм.
  • — Зэжьэр гурыIуэгъуэщ, щIалэ… Дзэм и ныкъуэр псым къикIауэ, къыдэкIуей хъунщ, быдапIэм и лъэныкъуитIымкIи къыщыдэбгъэрыкIуэу, дызэтраукIэну. ИтIанэ, Ашэрэд хуиту кIуэцIрыкIынщ къалащхьэми, си адэжьхэр зытеса тахътэр иубыдынщ, — щIэщэIухьурэ псалъэрт Хьэтусилэ.
  • — Сыт тщIэнур, ди адэ? Сыт сщIэн хуейр? — гужьеигъуэ иуват пщыкъуэри, зыкIи мыукIытэу чэнджэщ лъыхъуэрт.
  • — Тхьэунэм сыщыщыIэм, си вакъуэ адэм сызэригъэIуща псалъэхэр си тхьэкIумэм итщ иджыри къэс. НыбжесIэнущи, къызэдаIуэ… Мы дунейм теткъым ажалым нэхърэ нэхъ ныбжьэгъу пэж, Тутхьэлий! Ажалыр сытым дежи тщIыгъущ. УкъызэплъэкIмэ, уи ужь итщ, зиущэхуауэ. Улъэпэрэпами, ураудами, уи гущIыIум бийр къиувами, зэи умышынэ! Сыту жыпIэмэ, ажалыр уи щIыбагъ дэтыху мэIущащэ: «Сэ сыплъэIэсакъым иджыри! Ауэ щыхъукIэ, уи чэзур къэсакъыми, тэдж! Тэджи, зауэ. Уи щхьэр иумыхьэх, уи гур умыухыж, лIыгъэ зыхэгъэлъ. Псоми Iэмал гуэр иIэщ, сыт хуэдэ Iуэхуми хэкIыпIэ иIэщ, сэ пыIэгъуэ сисыху!» Ар сигу илъу сыкъэсащ нобэм, аращ сызыгъэгушхуар. Иджы къыслъэIэсащ ажалыр, къысщIехьэ и мэ гуащIэ-щIыIэр, сыщIоплъэ и нэ фIыцIэ щIэншэм, спэзанщIэу къэуващи. Ауэ, уэ, Тутхьэлий, гугъэр хыумыхыж. Зэи уи гугъэр хыумыхыж, ажалыр уи пащхьэ къиувэху! ЛIыгъэ зыхэгъэлъ! — Хьэтусилэ хьэлъэу бауэрт, хэпырхъыкIыу.
  • Пащтыхьышхуэм и иужьрей псалъэхэм пэрымыуэу, хуиту игъэпсалъэрт и къуэми. Хьэтусилэ и Iэпкълъэпкъыр апхуэдизкIэ къезауэрти, и IэпхъуамбэжьакIэ нэгъунэ хуэгъэхъейртэкъым.
  • — Iущхьэ шэпс ефэ, зиусхьэн. IэфIу ужеинщ, зыбгъэпсэхунщ, узыр пщхьэщихынщи, — фэлъыркъэб цIыкIу IэщIэту пщым къыщхьэщыувэри, щэху дыдэу жиIащ Арнэут.
  • ЛIыжьым нэкIэ жэуап итащ, и щхьэр хуэмыгъэхъейуэ. Хущхъуэм зы Iубыгъуэ хигъэщIри, жей куум хилъэфащ хьэтыпщыр.
  • — Сыт тщIэнур, ди адэ, — и къыщIыхьи и щIэупщIи зы ищIу, и адэм къыщхьэщыуващ Лулимэс.
  • Тутхьэлий и къуэ нэхъыщIэр къипкI-къилъу, IэубыдыпIэншэу, щхьэзыфIэфIу, иныкъуэхэм дежи жыIэмыдаIуэу къэхъуати, пщым хэлъын хуей хьэл-щэн дахэхэм зыри химыщIыкIыу къипщыхъурт. Абы и нэ фIыцIэ хъуреитIым къригъэжыхьрэ, ирикIукI-кърикIукIыу унэкум къиувамэ — езыр зэрыхуейм хуэдэу зыгуэр къехъулIатэкъыми, ирибампIэу арат. И пэ папцIэр Iэ ижьымкIэ пилъэщIыкIыурэ, и нэр ихузу хэгупсысыхьакъэ — зыгуэр и щхьэм къищхьэрыуауэ, ар зэхуигъэхъурт. Сыт зэхуимыгъэхъуами, ар имыгъэзэщIауи, псэху иIэ-тэкъым. Лулимэс, щхьэ хъурей пщэ кIэщIыр, псэлъэрейтэкъым, ауэ, имыхабзэу, и бзэр къитIатэри, и адэм зыхуигъэзащ:
  • — МытIэ и дзэр зэрыщыту къыдитми, хьэтхэри лъэ быдэкIэ дыувыжми, мобдеж къэтIысауэ щыс биидзэм зэи дытекIуэнукъым. Пэжщ, дыдэсыфынущ быдапIэм, шхыныр духыу, мэжэщIалIагъээм дызэтриукIэху, ауэ, сыт абы ди фейдэуэ хэлъыр? ДыкIуэрэ Ащырым и лIыкIуэм депсалъэмэ, мынэхъыфIу пIэрэт?
  • — Сыт жепIэнур, Лулимэс? Ар псэлъэну къэкIуа уи гугъэрэ, къэралыгъуэм зауэлIу исыр къришажьэу? ПсалъэкIэ и зэманыр игъэкIуэдынукъым абы, хьэтхэми зыкIи къытхуейкъым. Ар зыхуейр Хьэтейрщ, хьэтхэр имысу. КъыбгурыIуэрэ? Ашэрэд дамэгъу лъыхъуэркъым, — жэуап щыпкъэ иритащ абы Арнэут, я адэр зэрыхэгупсысыхьам гу лъитэри.
  • — АтIэ, лъэпкъыр зэтриукIэрэ, лъэужьыншэу щыгум дытрилъэсыкIмэ, нэхъ къапщтэу ара? НэхъапэIуэм Ашэрэд ди пщым къелъэIуауэ щытащ, благъэ дызэхуэгъэхъу, дызэкъуэгъэувэ, жиIэри. Абы щыгъуэ тхьэмадэр арэзы хъуатэмэ, мы бэлыхь къомым дыхэттэкъым нобэ, — и IитIыр иIэтри, зиплъыхьащ Лулимэс, мы къытщыщIар плъагъуркъэ жыхуиIэу.
  • — Уэри сэри дыхэт, хьэтыпщым и унафэм шэч къытетхьэну?! Ар щхьэ жыпIэххэрэ? Илъэс мин бжыгъэ хъуауэ къэгъуэгурыкIуэ Хьэт къэралыгъуэр укIуэу дауэ зыгуэрым и дамэ узэрыщIэувэнур, Лулимэс?! Ашэрэд дызэгуэгъэувэ жиIэу лъэIуакъым зэи. Си дамэм къыщIэувэ, къызгухьэ жиIэурэщ зэрыпсэлъар. Хьэтейм и пщышхуэм апхуэдэу уещауэ, хэт зи щхьэ пхуэзыгъэщхъынур? — идэртэкъым зэкъуэшитIым я нэхъыжьым.
  • — Мис-тIэ, къещамэ! Еплъ къыдащIам. Ащырым ихьэхуащ Бабылейри, Мэтэнейри, мыгувэу ищтауэ плъагъунщ Хьэтейри. Дыгъужьхэмрэ хьэIуцыдзхэмрэ дыкъаухъуреихьащ, ауэ фэ, набгъэм хуэдэу, флъагъуркъым зыри. Пагагъэм зевгъэхьурэ докIуэд. Сыт хъунт Ащырейм дыгуэуватэмэ?! Хьэтейм хуейщ, хьэтхэр имысу жыбоIэ… Алыдж лъы фIейхэр хуэмей уи гугъэрэ Хьэтейм? Ашэрэд си пхъур нысэу узотри, благъэ дызэхуэгъэхъу щыжиIам щыгъуэ, тхьэмадэми, ди адэми, уэри вдакъым! ТIури ещ, къызгуроIуэ. Ауэ, а тIум дахэдэу, ди Iуэхур нэхъ къыщыздикIынумкIэ зыддзамэ, мы гузэвэгъуэм лъакъуащхьэкIэ дыхэттэкъым нобэ, — къытехьауэ, и куафэм теуэри, хэщэтыкIащ Лулимэс.
  • — Щывгъэт! — щэхуу, хэкъузауэ жиIащ Тутхьэлий, и щIалитIым къахэплъэри. — Сыт блэкIам утепсэлъыхьыжкIэ?! Хъуатэмэ, жытIатэмэ, тщIатэмэ… БлэкIар блэкIащ. Фымыгужьей. Пэжщ Арнэут жиIар, Ашэрэд псэлъэну, дызэгурыIуэну хуеямэ, тхьэмахуэ хъуауэ дыдэсщ быдапIэм, зыгуэр къигъэкIуэнт. Дэ зыуи дищIыжынукъым абы. Зыттми зыдмытми дызэхикъутэнущ. БлэкIащ Ашэрэд бла-гъэу къыщытхуея лъэхъэнэри. Ар зыхуейр      ди щIыналъэр аращ, адрейхэр псори щхьэусыгъуэу арат. Дауэ имыщIами, гъунэгъу къызэрытхуэхъуу, ди пщэм зыкъыщIидзэжыну игу илът абы. Дауэ имыщIами, къытхуэхъуащ гъунэгъу. Иджы къэнэжар дызэтриукIэу, хуиту къэралыгъуэр иубыдынырщ.
  • — Арамэ, даукIынущи, даукIынущ. Зи мыхъу, лIы хуэдэу, Iэщэ тIэщIэлъу зауэ губгъуэм дыщреукIурий, мыбдеж шхын щхьэкIэ дыдэлIыхь нэхърэ. Дызэжьэр къызгурыIуэркъым. Дыщывмыгъэс! Зыгуэр дывгъащIэ, — къытричырт Лулимэс.
  • — Ари пэжщ, щIалэ. Ари пэжщ. Ауэ… — гугъэ хэлъу къыдоплъей пщыкъуэр. — Мэуэтхэм сащогугъ иджыри. Алэдамэ и псэр пыту утыку дыкъринэнукъым. Псым зэпрыкIамэ, мыбы къэс, нэхъыбэ дыдэу, зы тхьэмахуэ гъуэгущ дэлъыр, дяпэкIэ къэсын хуейщ. Аращ сызэжьэр.
  • — Уи пIэ ситамэ, мэуэтхэм сащыгугъыу зэманыр згъэкIуэнтэкъым, ди адэ. Ди цIыхухэм уз зэрыцIалэ къахыхьэмэ, ащырыдзэм и къалэныр игъэзэщIэнущ абы, — и щхьэр егъэкIэрахъуэ нэхъыщIэм.
  • — Пщэдей пщыхьэщхьэ хъуху дожьэри, мэуэтхэр къэмысмэ, етIуанэ махуэм лIыкIуэ згъэкIуэнщ Нынурт деж. ДыгурыIуэфмэ, дыгурыIуэнщ. ДыгурымыIуэрэ — хэкум хуэтщIэжыфынур аращи, Хьэтейм дыдэкIуэдыжынщ, — жи пщыкъуэм.
  • АбыкIэ зэгурыIуэри, пщы унагъуэр и пIэ изэгъэжащ.
  • БыдапIэм цIыхуу дэтыр пщIантIэм щызэхэтт уафэм дэплъейуэ. Тутхьэлий къыгурыIуэртэкъым ахэр зэхуэзышэсари, щIызэхыхьари, зэжьэри, ауэ псэр, зы шынагъуэ гуэр зыхищIэу, пIейтейрт. Пщыкъуэм и Iэщэ-фащэр имыгъуэтыжу, тэджэлей6 закъуэкIэ къытехьащ шордакъым. Арыххэу, лъы уэшх пихуу щIидзэри, щIыуэпсым и къэхъугъэ телъыджэр зыхуихьынур къыгурымыIуэу, уэгум щыдэплъейм, Тутхьэлий игъэгужьейрэ щIигъэлъэту къызэрехьэжьащ къуалэбзууэ дунейм тетыр. Ахэр зэрыукIрэ зэрышхыу уэгум щызэрызехьэрт, лъы къапыжыр уэшхыу къежэхыу. ПщIантIэм дэтхэр я пIэм ижыхьа хуэдэ зэхэтщ, замыгъэхъейуэ. Псори къуалэбзу зэрыукIым йоплъ, абы къапыж лъыр я нэгум къытелъадэу. «ФызэбгрыкI! ФыкъыщIыхьэ унэм! ЗывгъэпщкIу!» — мэкIий Тутхьэлий, ауэ зыми зэхихыркъым пщы-къуэр. Къуалэбзу зэрызехьэм я макъыр кIуэ пэтми нэхъ ин мэхъу. Дунеижьыр къэуэным хуэдэу хьэуар мэзджызджри, Тутхьэлий и тхьэкIумэхэр еубыд, хуэмышэчыжу. Арыххэуи, уэгум бзууэ итыр лIауэ къощэщэх…
  • Тутхьэлий къаскIэри, къызэщыуащ. Пэшыр щIыIэтыIэми, пщыкъуэр къэбэкхъауэ псыр къыпыжырт. ПщIыхьэпIэ шынагъуэм къарууэ хэлъыр хилъэсыкIам хуэдэу, зэщIэкIэзызэрт, бауэкIэщIт ар. Гужьеяуэ зиплъыхьмэ — щIалэхэр бэIутIэIуншэу мэжей, Хьэтусилэ хощэIукI.
  • — Сыт ухуей, ди адэ? — Iэбэрабэу, Iущащэу щылъ хьэтыпщым щхьэщыхьащ Тутхьэий.
  • — СынокIуэ… СынокIуэ зэ, мыдэ си лъэгуажьэлъейр7 згъуэтыжыркъыми аращ. Уемыжьэж зэ… Къызэжьэ… — Iуэщхъурт лIыжьыр.
  • Тутхьэлий абы и натIэм теIэбэмэ, плъыржьэрт.
  • — Арнэут, Лулимэс! Фыкъэушыт! — гужьеяуэ щIалэхэм еджащ пщыкъуэр.
  • — Сыт къэхъуар? КъызэIыхьауэ ара? — арыххэуи къыщылъэтащ тIури.
  • — МафIэм ес. Шордакъым илъади, уэс  къэхь. Плъыржьэрыр щхьэщыдмыхыу хъунукъым, — Хьэтусилэ тепхъуа шхыIэн бацэр трилъэфмэ, уIэгъэм къыщиудауэ, пщым лъы щIэкIырт.
  • Лулимэс шабзэпэм хуэдэу илъэдащ шордакъым. Нэхъ псынщIэжуи зридзыхащ, зыгуэрым зыщигъэпщкIу нэхъей.
  • — Къэхъей, щIалэ! Узэжьэжыр сыт? — и макъым зригъэIэтащ Арнэут, зиплъыхьу шордакъым итIысхьэжа и къуэшым зыхуигъазэри.
  • Лулимэс, зыкъимыIэту, гу къылъатэнкIэ шынэ хуэдэ, епIэщIэкIыу зыкъригъэбзэхыкIыжащ шордакъым, уэс IэмыщIэ уба Iэ-щIэлъу:
  • — ДыкIуэдащ, ди адэ! СщIат сэ ди бысымым игу фIы зэримылъыр! ДыкIуэдащ, — и нитIыр къыщихуами, зыри имылъагъужым ещхьу, и щхьэр зэрихьэу, адэшхуэм и натIэм уэсыр трилъхьэри, етIысэхащ Лулимэс.
  • — Сыт къыпщыщIар? Сыт плъэгъуар? — къэуIэбжьащ нэхъыжьри.
  • — КъыдэпцIыжащ МытIэ. Заудыгъуауэ докI шу гуп быдапIэм. Жэщыбгым ауэ сытми ежьакъым ахэр. ФIы ягу илъкъым. Флъагъунщ ар ащырыпщым гурыIуэу димытмэ. ЖысIатэкъэ, дыгурывгъаIуэ жысIэри. Иджы мес… Иджы мес! Дыгуващ, — и макъым зригъэIэтащ Лулимэс.
  • Арнэут, шордакъ бжэблыпкъым иувэри, и нэм къригъэжыхьащ. Пэжт Лулимэс жиIэр. МытIэ шууей гуп щIыгъуу быдапIэм дэкIауэ, мыпIащIэу кIуэрт. Аддэ жыжьэу мафIэ къыщоблэ — ащырхэм я гъуазэр къежьэу арагъэнущ. Хэт ищIэрэ ахэр зэрызэгурыIуэнур…
  • Тутхьэлий и щхьэр къыфIэхуащ. И адэр малIэ, бысымыр къепцIыжащ, хьэтыдзэм куэд кIэрыхуащи, бийм зыуи къыщымыхъуу, къызэтриукIэнущ. ЗэфIэкIащ.
  • — МывэтIалэ! УмыпIащIэ… СынокIуэ… — и къуэш лIам епсалъэрт Хьэтусили.
  • *   *   *
  • БыдапIэр зэгъэжа нэужь Нынурт МытIэ     деж хъыбарегъащIэ къиутIыпщри, Цэпкъ и пщыр дишауэ арат. Ащыр пщыкъуэм зэрыжиIэмкIэ, Цэпкъ бэIутIэIуншэу хэкIыфынут Iуэхум.
  • — Псори нэрылъагъущ икIи гурыIуэгъуэщ, МытIэ: хьэтхэр зэрыхъун хъуащ. БыдапIэм щыбгъэпщкIуа зауэлI Iэбжьыбым папщIэ ащырыпщыр бий умыщI, щIыналъэри зэтыдумыгъэкъутэ. Уи Iуэху зыхэмылъым зыхыумыгъэлъафэ, — дыуэсафэ8 къэкIуа нэхъей, лъэныкъуитIым я дэлэлу щытт Сауштэр.
  • ЩIыIэм емыса лIы гуп щIыгъут Мэтэнейм и тхьэмадэм, мыщафэ бацэхэр ешэкIарэ пыIэ хуабэхэр я пэбгым нэсу къекъухауэ. Шыхэр я пIэ имызагъэурэ уэсыр зэхаубэми, Iуврэ          щабэ-щабэу къосри, лъэужьыр арыххэу хегъэгъуэщэж. ЩыщIыIэм деж хьэуар нэхъ хьэлъэщи, макъхэр жыжьэ щоIу. Ауэ щыхъукIэ, лIы гупыр щэхуу мэпсалъэ. Абы къыхэкIыу, зэхуэзахэр, уэршэракIуэ къызэрехьэжьа зэныбжьэгъужьу къыпфIощI.
  • — Зи хьэщIэ зыукIыж нэхъ напэтех щыIэ хъункъым. МыхъумыщIэу щыIэм я нэхъ икIагъэ дыдэр сывгъэлэжьыну къыспывоубыд! — идэркъым МытIэ.
  • — Хьэтейм и Iуэхур зэфIэкIащ, МытIэ. Уэри уощIэ ар. Дэ гуэныхь ттелъыжкъым. Хьэтусилэ къэдгъэдэIуэну яужь дитащ, ауэ зыри къикIакъым. Лажьэ уимыIэу, зэрымыщIэкIэ ухэпщIа хъуащ Iуэхуми, хэщIыныгъэншэу ухэкIыфынущ. Абы и мызакъуэу, уи щIыналъэм уритетыжу, Ащырейм укъыгухьэну хуит удощI. Хэдэ: е Хьэтусилэ дэщэщэж, е Ашэрэд дэщIэращIэ, — Сауштэр, тэрмэш къалэнхэр игъэзащIэу, Нынурт и псалъэхэр МытIэ къыхузэридзэкIащ. Езым къыбгъэдэкIыуи дыщIигъужащ. — Уэ щIы пшэр утесщ, уи губгъуэхэр къулейщ, уи мэзыр Iувщ, псыращи — ущыщIэркъым, уэгъу жыхуаIэр пцIыхуркъым. Дахэ дыдэу ущысщ. Ашэрэди къыгуроIуэ Цэпкъ къызэрыхуэсэбэпыжы-нур. Аращ уи гущIыIум къыщIимылъадэр, иджыри къэс уи быдапIэр щIызэхимыгъэщэщар. Хэплъэгъуэщ уи Iуэхур, МытIэ. Си щхьэкIэ, укъызгуроIуэ. Ауэ, делэрэ-лейуэ зумыгъэкIуэдыж. Мыхэр зыхуейр зы закъуэщ — Тутхьэлийрэ и щIалитIымрэ къыдэт. Хьэтусилэ зэрыхъун хъуащ, ар гурыIуэгъуэщ, уIэгъэ зэращIам тепщIыхьмэ. ЗауэлIхэм унафэщI яхэмытыжмэ зыкъатынущ.
  • МытIэ къыгурымыIуэу щыттэкъым а псор. Цэпкъ и тхьэмадэр хуейтэкъым къэралыгъуитIым я зэпылъыпIэм зэрыдэс къудейм къыхэкIыу, я зэхуакум дэкIуэдэнуи. Арами, зи щхьэ къезыхьэлIа пщы унагъуэмрэ хьэтыдзэм къыхэнэжамрэ мафIэм пэридзэну и напэм къыхуегъэкIуртэкъым.
  • — Пщэдджыжь хъуху гупсысэ. Пхуэзгъэува пIалъэм ирихьэлIэу, мо куэбжэхэр зэIупхрэ пщыкъуэмрэ абы и къуитIымрэ къыдумыгъэувыкIмэ, уи фIэщ щIы, сыпщымысхьыну! Уэ сынохъуцацэу мыбдеж щIымахуэр щесхьэкIыну гукъыдэж лъэпкъ сиIэкъыми, дахэкIэ дызэIэпыкIрэ — дэгъуэщ, дызэгурымыIуэрэ — сыкъызыкIэлъыкIуар къысIэрымыхьауэ сыувыIэнукъым. Уи лъэпкъыр хьэдэ лъэмыжу згъэтIылърэ, пщы унагъуэм деж сынэса пщIондэ, сынэсынущ, — убзэныр иужэгъури, къытехьащ Нынурт.
  • — Уи пщыр дэнэ щыIэ? Апхуэдизу укъызыкъуэгушхукI уипщ ябгэр щхьэ сымылъагъу-рэ? — зеплъыхь МытIэ, Нынурт щIэнакIэу.
  • Ащырыпщыр дзэм зэрыхэмытам гурыщхъуэ езыгъэщIар МытIэ и закъуэтэкъым. Псоми гу лъатат ащырыдзэм дзэпщу яхэту жыхуаIа Ашэрэд ябгэр къызэрытым.
  • — КъэпщIэнщ ари мыгувэу. Сэ иджыри зыгуэрурэ укъызгурыIуэфынущ. Ауэ, Къэркъэмыш деж псым щызэпрыкIыу, уи къухьэпIэ дыхьэпIэмкIэ къыщыптеуэну къекIуэкI уэрыр къэсмэ, зыри къоубзэжынукъым, — Цэпкъ и тхьэмадэр хигъэзыхьми, Нынурт и адэм къыщыщIамрэ зыщIиIэжьэмрэ къыгурыIуэртэкъым.
  • Ащырхэр Цэпкъ быдапIэм йобгъэрыкIуэ.

  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).