ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сентябрь, 2020

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Республикэм и Махуэм теухуа и хъуэхъу

2020-09-01

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Республикэм и МахуэмкIэ!
  • ЛIэщIыгъуэ нэблагъэкIэ узэIэбэкIыж-мэ, Урысей Федерацэм хэту ди лъэпкъхэм къэралыгъуэ ягъуэтащ. Ар мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ Iуэхуу хыхьащ ди тхыдэм, абы ди цIыхухэм я псэукIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъызэригъэзэнум, IэмалыщIэ дыдэхэр къытхузэIузых иджырей Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыунэхум и дамыгъэ хъуащ, ди лъэпкъхэм заужьынымкIэ — я анэдэлъхубзэхэр, хабзэхэр, зыми емыщхь я зэхэтыкIэхэр яхъумэжынымкIэ, езыхэм хабзэубзыху лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIынымкIэ, политикэ, экономикэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм я унафэ хуиту ящIыжынымкIэ — IэмалыщIэхэр къахузэIуихащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

КIуэкIуэ Казбек IущIащ Осетие Ищхъэрэ — Аланием и Iэтащхьэ Битаров Вячеслав

2020-09-01

  • КъБР-м и Правительствэм и Унэм шыщхьэуIум и 29-м лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Осетие Ищхъэрэ — Алание Республикэм и Iэтащхьэ Битаров Вячеславрэ. ЗэIущIэм апхуэдэуи хэтащ РСО-Аланием и Правительствэм и УнафэщI Тускаев Т.Р., а щIыналъэм и Парламентым и Тхьэмадэ Мачнев А. В. сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Зэкъуэтыныгъэм гугъапIэфI  къыдет

2020-09-01

  • Езым и къэралыгъуэ иIэжыну щIэмыхъуэпс зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ Бгырыс автономнэ республикэм щыхэтам къыщыщIедзэ а хъуэпсапIэр. ЛъэпкъитIым ящыщу адыгэхэм япэу къагъэлъэгъуащ къэралыгъуэ щхьэхуэу щытыну зэрыхуейр. Къэбэрдей большевикхэм я Iэтащхьэ Къалмыкъ БетIал я па-шэу, адыгэхэм къагъэуващ Бгырыс автономнэ республикэм къыхэкIыжыным и Iуэхур. Ар ядиIыгъащ а зэманым Налшык зыщызыгъэпсэхуа Сталин Иосиф.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ

КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ Ростов областым «Самбек лъагапIэхэр» дзэ-тхыдэ комплексыр къызэрыщызэIуахым ехьэлIа дауэдапщэхэм

2020-09-01

  • Ростов областыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIагъэкIыжа махуэм ирырагъэхьэлIэри, щIыналъэм и Неклиновскэ районым шыщхьэуIум и 30-м къыщызэIуахащ «Самбек лъагапIэхэр» дзэ-тхыдэ комплексыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Гугъуехьхэм къамыгъэдзыхэ адыгэ щIалэ

2020-09-01

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Урысей Федерацэми, къэрал куэдми щыцIэрыIуэщ ди лъахэгъу бэнакIуэ лъэщ, и теплъэкIи, и зыIыгъыкIэкIи пелуанхэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэ щIалэ Iэчлъэч Махуэ Билал.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мэлбахъуэм  и  блокнотхэр

2020-09-01

  • Мэлбахъуэ Тимборэ сытым дежи блокнот къыздрихьэкIырт, и бгъэ жыпым кърихрэ итхыхьу. Зыгуэрхэр абы къеджэну хуэпабгъэрт, хэти игъэгузавэрт — сэрмырауэ пIэрэ зытетхыхьыр жиIэурэ. Псалъэуха шэрыуэкIэ ухуа а тхыгъэ кIэщIхэм укъыщеджэкIэ IупщI мэхъу — унафэщIым блэкI пэтрэ гу зылъита, зыщыгъэгъупщэн хуэмей, жыIэпIэ зыхуимыгъуэта псалъэхэр иритхэу арат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Уи бгъуэщIым щыхохъуэ ди хэкум и гупсэр

2020-09-01

  • ЩIыналъэ телъыджэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэрыр — Урысей Федерацэм хыхьэ субъектхэм ящыщу зыхуэбгъадэ хъун щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэ мыкIуэщI, тхыдэ, щэнхабзэ къулей зиIэ щIыналъэ телъыджэщ. Километр зэбгъузэнатIэ мин 12,5-рэ зыубыд, цIыху мин 900-м щIигъу щыпсэу ди республикэр Урысей Ипщэм къыщалъытэ политикэ, экономикэ, щIэныгъэ я лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэфI зыгъуэта щIыпIэу. Тхыдэ гъуэгуанэ купщIафIэ къэзыкIуащ, щIыхьрэ пщIэрэ зыхуащIщ, зыми емыщхь теплъэ дахэ зиIэщ зи махуэшхуэр нобэ зыгъэлъапIэ ди къалащхьэ Налшыки.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ФокIадэм и 1-р ЩIэныгъэхэм я махуэщ

2020-09-01

  • КIэлъыплъыныгъэм   щIэтынущ
  • Ди къэралым и дэтхэнэ щIыпIэми хуэдэу, республикэм и школхэм, гъэсапIэхэм фокIадэм и 1-м гуфIэгъуэ щытыкIэм иту нобэ яублэ 2020 — 2021 гъэ еджэгъуэщIэр. ЩIэуэ къежьа коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэм дуней псом зыщиубгъуауэ къызэрекIуэкIам и зэранкIэ зи гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым нэхъ пасэу щIэзыдза сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ, апхуэдэу гъатхэ мазэхэм гугъу ехьу, онлайн щытыкIэм иту дерсхэр езыгъэкIуэкIа егъэджакIуэхэмрэ я бынхэм унэм хэкъузауэ IэмалыншагъэкIэ щадэлэжьэн хуей хъуа адэ-анэхэмрэ — псори хуабжьу щогуфIыкI зыхуей хуэза, зэпэщ хъужа я еджапIэхэм, сабий садхэм я бжэхэр хуиту къызэрызэIуахыжым. Гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIидзэм и нэщэнэ япэ уэзджынэр къыщоуэ ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

2020-09-01

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

Дапщэщи хуэдэу, сыт  щыгъуи ещхьу!

2020-09-01

  • Куржым Абхъаз щIыналъэм 1992 — 1993 гъэхэм кърищIылIа зауэм Кавказым щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэр, пцIы хэмылъу, акъылкIи гупсысэкIи зэкъуигъэувэгъат. И бзэрэ и щэнхабзэрэ щIэзэу, и щIы кIапэ щIэбэн абхъаз лъэпкъыр зыхэхуа гузэвэгъуэм къызэщIиIэтащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэми, Урысейм и ипщэ щІыналъэхэми щыпсэу цIыхубэр, уеблэмэ хамэ къэралхэм щыщхэри къришэжьат. Абхъазхэм къращIылIэ лъапсэкIуэдыр ямыдэу адыгэ щIалэ куэд езыхэм яфІэфІу Асны щIыналъэр бийм къыIэщIахыну зэуакIуэ ежьащ. ХэтхъыкIын, хэуныхьын щхьэкIэкъым щIежьар, атIэ гум щагъафIэ хъуэпсапIэ дахэхэм псэ халъхьэн, гъащIэ иратын щхьэкIэщ къызытемыкIыжынкIэ хъуну гъуэгум щIытехьар. Псэр нэхъапэщ, жаIакъым. Напэр ипэ ирагъэщащ, къуэшыгъэм елъэпэуакъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха