ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сентябрь, 2020

ТекIуэныгъэхэм я парк

2020-09-05

  • Ди республикэм щежэх псыхэм я нэхъ уардэ Бахъсэн и тIуащIащхьэхэмкIэ щыIэ Нарзанхэм я хуейм фокIадэм и 3-м къыщызэIуахащ «ТекIуэныгъэхэм я парк» зыфIаща комплексыщIэ. А Iуэхугъуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ пэкIум къыщыпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, «Урысейр зэфIэкI инхэм я къэралщ» АНО-м и унафэщI Комиссаров Алексей, «Урысейм и пашэхэр» зэпеуэм щытекIуахэм я щIыналъэ зэгухьэныгъэу «Iуащхьэмахуэ» зыфIащам и унафэщI Яковлевэ Татьянэ сымэ, нэгъуэщIхэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Зэхыхьэхэр

Головко Арсений и цIэр тхыдэм къыхэнащ

2020-09-05

  • Налшык къалэ дыгъуасэ къыщызэIуахащ совет дзэзешэ, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм Ищхъэрэ фронтым и командующэу щыта, ди лъахэгъу Головко Арсений и бюстрэ ар зэрыт скверымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

2020-09-05

  • «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щIэуэ къежьа коронавирус уз зэрыцIалэр (2019-nCoV) къыщымыгъэхъуным нэгъэсауэ хуэхьэзыру щытынымкIэ хабзэр щыгъэувыным икIи абы земыгъэубгъуным хуэунэтIа зи чэзу Iуэхухэр лэжьыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыдигъэкIа Указ №19-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
  •  
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
  1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щIэуэ къежьа коронавирус уз зэрыцIалэр (2019-nCoV) къыщымыгъэхъуным нэгъэсауэ хуэхьэзыру щытынымкIэ хабзэр щыгъэувыным икIи абы земыгъэубгъуным хуэунэтIа зи чэзу Iуэхухэр лэжьыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыдигъэкIа Указ №19-УГ-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, 2.6 пунктым и «а» пункт къуэдзэм хэт «2020 гъэм фокIадэм и 6 пщIондэ» псалъэхэм яужькIэ «, 2020 гъэм фокIадэм и 7-м къыщыщIэдзауэ 2020 гъэм фокIадэм и 20 пщIондэ, 2020 гъэм фокIадэм и 21-м къыщыщIэдзауэ 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 4 пщIондэ» псалъэхэр щIыгъуауэ.
  2. Мы Указым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
  •       Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  •       Iэтащхьэ           КIУЭКIУЭ Казбек
  • Налшык къалэ
  • 2020 гъэм фокIадэм и 4-м
  • №118-УГ

Зыхыхьэхэр: Указ

Лъэпкъым  и псэр и бзэрщ

2020-09-05

  • «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ адыгэ тхыбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ пэщIэдзэ еджапIэхэм зэрыщрагъэджыну япэ тхылъхэр. Урысейм егъэджэныгъэмкIэ щыIэ къэрал мардэхэм тету зэхалъхьа тхылъыщIэхэр, шэч хэмылъу, щIэныгъэр здынэса лъагапIэхэр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ дахэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

«Шэрджэс дерби» зэпеуэр йокIуэкI

2020-09-05

  • ФокIадэм и 1-м щегъэжьауэ и 10 пщIондэ КъБР-м «Шэрджэс дерби» зыфIаща шы зэхьэзэхуэ щокIуэкI. Дунейпсо мыхьэнэ зиIэ а зэпеуэм адыгэш фIэкIа хэткъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Адыгэ псалъэр» къезыгъэхьхэм захудогъазэ

2020-09-05

  • 2020 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ щыщIадз зэманыр иухащ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетыр зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ — жэпуэгъуэм (октябрым) щыщIэдзауэ ар къевгъэхьын папщIэ Iэ щыщIэвдз хъунущ Урысей пощтым и дэтхэнэ IуэхущIапIэми.
  • Мази 3-м «Адыгэ псалъэ» газетым и уасэр сом 348-рэ кIэпIейкIэ 15-рэщ.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Дерс зэIухахэр  ирагъэкIуэкI

2020-09-05

  • «Урысейм и пашэхэр» къэралпсо зэпеуэм и япэ зэхуэсыгъуэм щытекIуахэм, апхуэдэу абы и кIэух Iыхьэм хэтахэм Iуащхьэмахуэ лъапэ и курыт еджапIэхэм щрагъэкIуэ-кIащ дерс зэIухахэр. Ахэр теухуауэ щытащ фэеплъымрэ щIыхьымрэ, пашэныгъэр къэпхьын папщIэ узэрыщытын хуейхэм, пхэлъыпхъэ хьэл-щэнхэм. Проектхэм я къызэгъэпэщакIуэу щытар «Iуащхьэмахуэ» клубырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ я нэтынхэр

2020-09-05

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, фокIадэм и 7
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Ди псэлъэгъухэр». «Хьэтхэр» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Къаныкъуэ Анфисэ зыхэт нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.10 «Гъуаплъафэ уафэ». Сабийхэм папщIэ тележурнал (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «Езым и дуней». Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Уянаев Борис (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 8.50 «Лъэхъэнэгъу». Бэч Азэмэт (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр и гукъэкIыжхэр

2020-09-05

  • Гур зыхуеIэм лъэр лъоIэс
  •  Адыгэхэм ди щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа цIыхущ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр Хьэбалэ и къуэр.
  • Ар 1926 гъэм щIышылэм и 21-м Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. ЕхъулIэныгъэ иIэу къуажэ школыр къиуха нэужь Хьэжбэчыр республикэм къыщыдэкI «Къэбэрдей пэж» газетым, радиом щылэжьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Щыпсэурт убыххэр Хостэ, Мзымтэ, Сочэ псыхъуэхэм

2020-09-05

  • Илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэм кIэ щигъуэтар убых щIыналъэрщ — 1864 гъэм накъыгъэ мазэм и 21-м. Абы и ужькIэ убыххэр Тыркум Iэпхъуащ, унагъуэ зыбгъупщI нэхъыбэ къинакъым ахэр игъащIэ лъандэрэ зэрыса я хэкум. Хы Iуфэм къыщыщIэдзауэ бгыщхьэм нэс Сочэ, Мзымтэ, Хостэ псыхъуэхэм дэсащ убыххэр — абхъазхэмрэ шапсыгъхэмрэ я зэхуаку. ЩIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэралъытэмкIэ, убыххэр мин 90 хуэдиз хъууэ щытащ — Кавказ зауэм и ужькIэ мин 70 Iэпхъуащ Тыркум, зауэм хэкIуэдам я бжыгъэм и гугъу умыщIми. Тыркум Iэпхъуэри, куэд яхьыжакъым убыххэм: гъунэгъу зыхуэхъуахэм, адыгэхэм яхэшыпсыхьыжащ — абыкIэ «сэбэп» хъуагъэнущ убыххэм я анэдэлъхубзэм нэмыщI, адыгэбзи ящIэу зэрыщытар. Тыркум нобэ ущрохьэлIэ убых зыдэс жылагъуэ цIыкIу зыбжанэ, ауэ абыхэм щыпсэухэм зэрыубыхыр ящIэж фIэкIа, я анэдэлъхубзэкIэ псалъэр мащIэ дыдэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Тхыдэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2020-09-05

  • Къуажэхьхэр
  • ТIысыпIэ щэнауэ, хьэуам щызеуэ
  • Тафэ хужьыбзэ,
  • Жылэ фIыцIабзэ.
  •  
  • Iэнэм къыщапсэлъ,
  • Псалъэу щыIэм я нэхъ  дахэ,
  • Псалъэу щыIэм я нэхъыфI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис