ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сентябрь, 2020

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм ЗЭРЕХЪУЭХЪУР

2020-09-19

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Пщэдей ди республикэм игъэлъэпIэнущ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр. Къызэрыхалъхьэрэ куэд мыщIа а махуэшхуэр и щыхьэтщ адыгэхэм лIэщIы­гъуэ бжыгъэ хъу я тхыдэм, лIакъуэ куэ­дым зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм. Ар щытщ, адыгэхэм я мызакъуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыгум мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ яку дэлъу щы­зэдэпсэу адрей лъэпкъ псоми я зэ­къуэ­тыныгъэм и дамыгъэу. Дэ ди къалэныр а фIыгъуэ мылъытэр тхъумэнырщ, ар къытщIэхъуэ щIэблэхэми зэIэпахы­нырщ.
  • Адыгэхэм я тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ лъэпкъ куэд зэрыс Урысейм и блэкIам. Дунейм и дэнэ щIыпIэ адыгэхэм ящыщхэр нобэ щымыпсэуми, абыхэм пщIэшхуэ хуащI социально-экономикэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ адыгэхэм заужьыным, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ я лъэпкъ хьэл-щэнхэмрэ хабзэхэмрэ хъумэным, хамэ къэралхэм щыпсэу я хэкуэгъухэм адэжь щIыналъэм пыщIэныгъэ къыхуаIэным хуэгъэзауэ Урысей къэралыгъуэм зэфIигъэкIахэм, ноби зэфIигъэкIхэм.
  • Шэч къытесхьэркъым а махуэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным и дамыгъэу, псоми ди зэхуэдэ псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэу зэры­щытынум.
  • Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу а гуфIэгъуэ махуэшхуэмкIэ икIи узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, насыпрэ зэIузэпэщыгъэрэ фиIэну си гуапэщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Мэзым и лэжьакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

2020-09-19

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэз IуэхущIа­пIэхэм я лэжьакIуэхэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Фи IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ – Мэзым и лэжьакIуэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу.
  • Мэзыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къулеигъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ, абы и экономикэ, экологие гъэтIылъыгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Республикэм и щIыналъэм хеубыдэ зихуэдэ щымыIэ мэз­къуэдыхэмрэ паркхэмрэ. Дэращ дзыхь зыхуащIар пщIэ зиIэ а къалэныр — щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр тхъумэнымрэ ахэр гъэбэгъуэнымрэ. Республикэм и мэз хозяйствэм IэнатIэ щыпэрытщ IэщIагъэлI лъэрызехьэхэр, зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ бгъэдэтхэр, абы фIыуэ хэзыщIыкIхэр, я пщэ къыдэхуэ къалэн гугъур хьэлэлу, жэуаплыныгъэ яхэлъу зыгъэзащIэхэр. IэнатIэм и лэжьакIуэхэмрэ абы и ветеранхэмрэ фIыщIэ фхузощI фи къару фызэ­ре­мыблэжым, къыхэфха IэщIагъэм ­фы­зэ­рыхуэпэжым папщIэ.
  • Нобэ фэ къалэнышхуэхэр къыфпэщытщ мэзыр зэфIэгъэувэжынымкIэ, къабзагъэм, узыншагъэр егъэфIэкIуэным я лъэныкъуэкIэ абы иIэ мыхьэнэм хэвгъэ­хъуэнымкIэ, мэзкъуэдыхэм зегъэу­жьы­нымкIэ, пхъэм елэжьынымкIэ. Адрейхэм япе­уэ­фын иджырей мэз комплексыр къы­зэ­гъэпэщыныр къохъулIэныр куэдкIэ елъытащ пхъэм елэжьыным теухуауэ щыIэ технологиещIэхэр хэпщэным, IуэхущIапIэхэм зи чэзу зэхъуэкIыныгъэхэр щегъэкIуэкIыным, инвестицэхэр IэнатIэм ­къешэлIэным. Лэжьыгъэм и пIалъэ зэ­рыф­щIэр, нэхъыжьхэм зрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэр фи тегъэщIапIэу фи пащхьэ къит къалэнхэм фазэрыпэлъэщынум шэч къытесхьэркъым.
  • Узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ фиIэну, ди Къэбэрдей-Балъкъэрым ифI зы­хэлъ IуэхуфIхэр къывэхъулIэу фылэжьэну си гуапэщ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIэкIащ «КАМАЗ-мастер» командэм и зыгъэсэныгъэхэр

2020-09-19

  • «Дакар», «Шылэ гъуэгуанэ» дунейпсо зэпеуэхэм мызэ-мытIэу щытекIуа ­«КАМАЗ-мастер» гупым зыщигъасэу Къэбэрдей-Балъкъэрым махуэ зыбжанэкIэ щыIащ.

  • Республикэм и бгылъэ гъуэгухэм абыхэм зыщыхуагъэхьэзыращ «Дакар-2021» дунейпсо ралли-марафоным. Ар дызыхуэ­кIуэ илъэсым и щIышылэм Сауд Хьэрып къэралым щекIуэкIынущ.
  • Гупыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIа иужьрей махуэм республикэм и цIыхухэм Iэмал яIащ машинэкIэ къызэрызэдэжэм кIэлъыплъыну, «КАМАЗ-мастер»-м хэтхэр щежьэжыну пщыхьэщхьэм Налшык Абхъазым и утыкум деж абыхэм щаIущIэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дуней псом къыщацIыхухэр

2020-09-19

  • Илъэс 32-рэ хъуауэ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм зэ­гъусэу ягъэхьэзыр номер зэхэтхэм я нобэрей 126-нэ къыдэкIыгъуэр теухуащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм. Дуней псом адыгэу тетым, ди лъэпкъым и ныбжьэгъуфIхэм мы гъэм илъэс еханэ хъуауэ зэдыдогъэлъапIэ а махуэшхуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и Iэтащхьэр республикэм и Правительствэм хэтхэм яIуощIэ

2020-09-19

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ республикэм и Правительствэм хэтхэм.
  • ЗэIущIэм щызэпкърахащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм ехьэлIа Iуэху зыбжанэ, лъэпкъ проектхэмрэ нэгъуэщI къэрал программэхэмрэ хэмыхьэу, апхуэдэу щытми, абыхэм я гъэзэщIэным къэрал властым и федеральнэ органхэр щхьэхуэу хэплъэу икIэщIыпIэкIи унафэ тращIыхьын хуейуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ДАХ-м и лэжьыгъэр зэпыуркъым

2020-09-19

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсыр махуитI хъуауэ Налшык къалэ щокIуэкI. Абы кърихьэлIащ Тыркум, Европэм, Сирием, АР-м, ­КъБР-м, КъШР-м, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ къримыхьэлIэфахэм папщIэ видео зэпы­щIэныгъэ къызэрагъэпэщри, зэIущIэм щекIуэкI лэжьыгъэм щыгъуэзахэщ Тырку, Иордание, Израиль къэралхэм я Хасэхэм я тхьэмадэхэу Мамхэгъ-Рахъуэ Илдыз, Къардэн Самир, Тхьэухъуэ Зухьеир сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iущагъ уахътыншэ

2020-09-19

  • Адыгэ  литературэм  и  классик
  • ЩоджэнцIыкIу  Алий  (1900 — 1941 гъгъ.)
  • Адыгэ-шэрджэс тхыбзэм и классик цIэр хуэфащэу зезыхьэ Що­джэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэм лъэпкъым и гум зэрилъыр уса­кIуэ-узэщIакIуэущ. Алий и сатырхэрщ адыгэбзэкIэ дахэу сып­сэ­лъэнщ жызыIэм япэу игу къи­-хьэр. Абы дуней тетыкIэу иIар лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ мыкIуэ­ды­жын щапхъэу къыкIэлъыкIуэ лъэхъэнэхэм къахуэнащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ФIыгъуэ мылъытэ

2020-09-19

  • КъБР-м  и  цIыхубэ усакIуэ,  РСФСР-м  и  Къэрал  саугъэтым  и лауреат,  Социалист  Лэжьыгъэм  и  ЛIыхъужь  КIыщокъуэ  Алим

  • КIыщокъуэ Алим и усыгъэхэм, и роман гъуэзэджэхэм яубзыхуащ ­зауэ нэужь илъэсхэм гъуэгуа­нэщIэ те­хьа къэбэрдей литературэм и ­хэ­кIыпIэ нэхъыщхьэхэмрэ и унэтIы­пIэ­хэмрэ. Нобэрей ди литературэм и лъэпкъ фащэхэр, абы къыщIэлъ ­гъуэгуанэм и гъэзапIэ­хэр зыубзыхуар КIыщокъуэ ­Алимщ. ДэркIэ фIыгъуэ мылъытэщ Алим къызэ­ринэкIа дэтхэнэ тхыгъэри — ахэр гъэн­щIащ гупсысэр зыгъэ­лажьэ, гъащIэмрэ зэма­нымрэ я куу­пIэр зи лъабжьэ псалъэмакъ­кIэ. Тхыдэр игъэ­батэми, нобэрей дунейм и шы­фэлIыфэр, и зэ­хэ­лъыпIэхэр, и унэтIыпIэхэр игъэ­на­хуэми, Алим и къалэмым цIыхум и гущIэлъапсэм дрегъап­лъэ, абы и фэм дэкIымрэ и гум щыщIэмрэ ди пащхьэ кърелъ­хьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къру пашэ

2020-09-19

  • Адыгэ литературэм и ­къежьэкIэмрэ зыу­жьы­кIэм­рэ тепщIыхьмэ, шэч хэлъкъым абы нобэр ­къыздэсым къикIуа гъуэгум КIыщокъуэ Алим и лIэщIыгъуэкIэ уеджэ зэрыхъунум. Ди литературэр щызэфIэувам КIыщо­къуэм япэ ита щыIами (усакIуэшхуэ дыдэхэри яхэ­ту), къэбэрдеибзэ тхыгъэр, псом хуэмыдэу лирикэр, роман лIэужьыгъуэр дунейпсо литературэ щапхъэм изыгъэ­тIыс­хьар, изыгъэувар, утыкушхуэм изышар Алим и гуащIэм къыдэкIарщ. КIыщокъуэм и жьауэм щIэту лъэщу бэ­къуащ литературэр.
  • КIыщокъуэ Алим и ­тхыгъэхэм укъыщеджэкIэ е и псэлъэкIэм ущыщIэ­дэ­IукIэ, гу лъыботэ къру пашэм и образыр абы фIыуэ зэрилъагъум, куэдрэ къызэригъэсэбэпым. Лъэпкъ псоми хуэдэу, адыгэхэм Iулыджрэ пщIэ лейрэ хуащIырт бэм я пашэу щытыну зэфIэкI зи­Iэхэм, «хэкулI» жыхуэпIэну­хэм. Апхуэдэхэрт «къру пашэ» щIыхьыр зыхуагъэфащэр. Ар фIыуэ къыхощ ре­волюцэм, граждан зауэм, абы къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм ятеухуауэ КIыщокъуэм итха романхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ГъащIэм и зы налъэ сурэт

2020-09-19

  • СССР-м и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтыр тIэунейрэ, Урысейм и Къэрал саугъэтыр зрата Темыркъан Юрий

  • ЦIыхушхуэхэм яхэлъ хьэл гъэщIэ­гъуэнхэм икIи дахэхэм ящыщщ мы­-ри: я щIыхьым ныбжь гуэр къытридзэн­-кIэ мышынэрэ я гур хэти хуитхьэщIы­-кIауэ, я къулыкъурэ я бохъшэкIэ цIыхухэр зэхэгъэж ямыщIу, зыми зыпыIуамыдзрэ зыри зрамыусыгъуэджэу, дэтхэнэми псэлъэгъу, уэршэрэгъу, гушыIэгъу ядэхъуу… жыпIэнуракъэ, ягу ихауэ дунейм тетыфхэщ цIыхушхуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий Мухьэмэд и къуэр

2020-09-19

  • КIуэкIуэ Валерий Мухьэмэд и ­къуэр 1941 гъэм жэпуэгъуэм и 18 ­КъБАССР-м хыхьэ Тырныауз къалэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэм къыщIэкIа нэужь, абы и щIэ­ныгъэм щыпищащ Къэбэрдей-Балъ­къэр университетымрэ ­Ростов дэт парт еджапIэ нэ­хъыщ­­хьэмрэ.
  • 1964 гъэм, къэрал университетыр къиуха нэужь, Бахъсэн щIы­налъэм щыщ «Лэжьыгъэм дихьэх бгырыс» колхозым и агроном мэхъу. Мэкъумэш хозяйствэм и экономи­кэмкIэ Союзпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и аспирантурэр ­къиухри, 1970 гъэм щыщIэдзауэ абы унафэщI IэнатIэр щиIыгъащ ­КъБАССР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и къудамэм, иужькIэ — «Лэскэн» совхозым. 1974 гъэм щыщIэдзауэ илъэсибгъукIэ абы Аруан щIыналъэм и тхьэмадэ IэнатIэр ирихьэкIащ. А лъэхъэнэм IупщI хъуащ КIуэкIуэм бгъэдэлъ цIыху хэтыкIэ Iэзагъыр, лэжьыгъэ зэфIэ­хыкIэм хилъхьэ акъылымрэ жанагъымрэ. ЦIыхухэм я гъащIэр ефIэ­кIуэн папщIэ, зыхуигъэувыжа мурадхэм зэрылъэIэсыфри наIуэ къэ­хъуащ.
  • 1985 гъэм Валерий хах Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретару, иужь­кIэ — и етIуанэ секретару. Мэкъу­мэш-промышленнэ комплексым и зыужьыныгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм унафэ щызэригъэкIуэху, КIуэкIуэм лэжьакIуэ гупыр IэщIагъэм щIэуэ къы­хэхъуа Iэмэпсымэхэр, Iэмалхэр къагъэсэбэпыным хуиунэтIырт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Адыгэхэм ятеухуауэ

2020-09-19

  • Абазэхэхэр лъагъу­гъуа­фIэ­хэщ: я нэхъы­бэр лъагэхэщ, къуданхэщ, плIаб­гъуэхэщ, бгы­рыпхым щIи­къузэ  я бгыр псы­гъуэщ, ­уеблэмэ жьыхуе­гъэзэкI хъуа­хэми пшэру зы цIыху яхэту слъэгъуа­къым. Я щхьэ­цыр кIэ­щIыбзэу щIащэ, ины­къуэ­хэм яупс. ЖьакIэхэр ящ, ­щIалэхэм -кIэщI дыдэу. Нэхъы­жьыIуэхэм нэхъ кIы­хьу ягъэкI. Я нэкIу зэ­хэ­лъы­кIэр гуакIуэщ, пэ­тIинэу за­къуэтIакъуэх­хэщ яхэ­-тыр. ­Нагъуэхэмрэ нащ­хъуэхэмрэ куэдщ, сы­рыхухэр мащIэ дыдэщ.
  • Дьячков-Тарасов Александр,
  • Кавказ лъэпкъхэм я тхыдэдж.
  • 1904 гъэ

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-09-19

КIыщокъуэ Алимрэ Хрущёв Никитэрэ. 1962 гъэ

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-09-19

Ди тхакIуэхэр, КIыщокъуэ Алим я пашэу, Шолохов Михаил егъэхьэщIэ. 1964 гъэ

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псалъэм псэ хэлъмэ

2020-09-19

  • Зы гъэсэпэтхыдэ кIэщI. ФІыуэ щхьэприх щІалэщІэ гуэрым зи ныбжьыр хэкІуэта нанэр еупщІат: «А тІу, анэшхуэ уиІэкъэ?» — жиІэри. ЩІалэми, и щхьэр ирихьэхри, къыщІеупщІар къыгуры­мыІуэщами, зэхэпх къудейуэ къиІущэщащ: «Хьэуэ, сиІэкъым». «Хъарып цІыкІу мыгъуэ, узеиншэ дыдэти! Уи хьэ­лыр щаузэхум, щэныр хэзыІуэнтІэжын уиІакъыми», — къыфІигъэкІакъым абы нэхъыбэ нанэм. ЦІыхум хыумылъхьар къыбгъэдэпхыфынукъым. «АнэфІ ипІащ», «адэфІ щхьэщытащ», «нэхъыжьыфІ иІащ» жаІэнущ адыгэхэм, цІыхум далъагъу и фІагъыр къыщыхагъэщкІэ. Адыгэр и щІэблэм сыт щыгъуи хуэсакъыу къэгъуэгуры­кІуащ, нэхъыфІыр хуащІэм къыщы­мынэу, халъхьэнуи хэтащ. Арыххэуи, гъэсэныгъэр унагъуэмрэ лъэпкъымрэ я деж къыщожьэ. Зи гугъу сщIыну сызыхуей цIыхушхуэм гъащIэм къыщехъулIа фIы псори аращ зыхуихьу щытар — унагъуэрщ. Гъэсэпэтхыдэ цIыкIур сигу къыщIэкIыжаращи, анэш­хуэм хузэфIэкIынур зыхуэдизыр къэзгъэлъэгъуэн щхьэкIэщ. Анэшхуэм и ІэфІымрэ и хуабэмрэ тепсэлъыхь пэтми хуэмыухыу, жиІэж пэтми хуэмы­ІуэтэщІу дунейм тетащ лъэпкъ литературэм и псыпэхэш, адыгэ псалъэр зыгъэлъащэу псэуа тхакІуэшхуэ КІэрашэ Тембот. «Зыгуэрым сызыхищІэххэмэ, зи фIыщIэр къысщхьэщыта си нанэращ. Схэлъыр къысхэзылъхьари схуэзыIуэнтIэжари аращ», — жиІэрт абы.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше