Бзэм, щIэблэм, лъэпкъым гулъытэ хэха хуащI
2020-01-10
- Ди газетым зэрытетащи, дыгъэгъазэм и кIэм Налшык щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэ. Абы хэтащ Тырку, Иордание, Израиль, Сирие, Ливан, Абхъаз къэралыгъуэхэм, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм щыIэ Хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.
- ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, ДАХ-м и Советым хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, нэхъыжь Iумахуэ ГубэщIыкI Владимир, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий, «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Жылэгъащтэ Хьэчим сымэ, нэгъуэщIхэри.
- ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- ЗэIущIэм и пэщIэдзэм псалъэ зрата Къуэжей Артём КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкI фIэхъус гуапэ къызэхуэсахэм ярихри, жиIащ ДАХ-м къыщаIэт Iуэхухэм зэакъылэгъуу хэкIыпIэ къыхуагъуэтыну зэрыщыгугъыр.
- Къуэжейм къыхигъэщащ Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм дэлэжьэну хуейуэ къызэрагъэлъэгъуар узыщыгуфIыкIын Iуэхуу къызэрилъытэр. Апхуэдэуи ар тепсэлъыхьащ щэкIуэгъуэм и кIэхэм ди къэралым и Президент Путин Владимир хэту Налшык щекIуэкIа зэIущIэм Сэхъурокъуэ Хьэутий щищIа къэпсэлъэныгъэм, абы и мыхьэнэм, УФ-м и къэрал къулыкъущIапIэхэр ДАХ-м къызэрыхущытым а Iуэхур щыхьэт техъуэу къызэрилъытэри дыщIигъужащ. Къуэжейр къызэхуэсахэм къэблагъэ илъэсыщIэмкIэ ехъуэхъури, адыгэхэм я Iуэху зезыхьэ, дэзыгъэкI жылагъуэ IуэхущIапIэ иныр ефIэкIуэну захуигъэзащ.
- Къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру илъэс куэдкIэ щыта, лъэпкъ гъуазджэм зегъэужьыным и къару емыблэжу хуэлэжьа адыгэлI щыпкъэ Ефэнды Джылахъстэн.
- Сэхъурокъуэ Хьэутий щхьэхуэу я цIэ къриIуащ Абхъазым щыIэ Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэм. Иджыблагъэ тхьэмадэу хаха Мэремыкъуэ Валерий ДАХ-м къыбгъэдэкIыу ар ехъуэхъури, зэгъусэу, зэрыщIэу зэдэлэжьэну къыхуриджащ. ДАХ-м и тхьэмадэм псалъэ гуапэхэр хужиIащ «Адыгэ Хасэ — Шэрджэс Парламент» (КъШР) жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу хахыжа Аслъэн Алии.
- Къэралым и Президентыр хэту Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ Советым и зэIущIэу Налшык щекIуэкIам адыгэм и гукъеуэхэр зэIухауэ Путиным и пащхьэ зэрырилъхьам папщIэ Къалмыкъ Жылэбий ДАХ-м и тхьэмадэм фIыщIэшхуэ хуищIащ.
- Сэхъурокъуэм жиIащ а зэIущIэм лъэпкъыбзэхэм гулъытэ хэха зэрыщыхуащIар, абы ипкъ иткIэ а унэтIыныгъэмкIэ зэфIагъэкI Iуэхухэр зэман гъунэгъум щIагъэхуэбжьэну зэрыщыгугъыр.
- — Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ди лэжьыгъэм къыхуащI пщIэмрэ гулъытэмрэ. Горчаковым и цIэр зезыхьэ фондым и грантхэр щэнейрэ, УФ-м и Президентым и грантхэр тIэунейрэ къытхуагъэфэщащ. А мылъкухэмкIэ гъащIэм хэтпща Iуэхухэм ящыщу «Диалог на Эльбрусе — XXI» проектыр УФ-м нэхъыфIу къыщалъытаи 100-м хагъэхьащ. Псори щIэтщIэри зыхуэтщIэри къэкIуэну щIэблэращи, ахэр нэхъ жыджэру гъащIэм хэтыну, лъэпкъ Iуэхум хуэлэжьэну къыхузоджэ, — жиIащ ДАХ-м и тхьэмадэм.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд тепсэлъыхьащ «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: къыкIэлъыкIуэ илъэсиплIыр 2015-2019» фIэщыгъэм щIэту Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Замирэрэ езымрэ ягъэхьэзыру иджыблагъэ къыдагъэкIа тхылъыщIэм. А тхылъым щызэхуэхьэсащ зи гугъу ящI пIалъэм къриубыдэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэфIигъэкIа Iуэху щхьэпэхэр, ар зыхэта дауэдапщэхэр, ДАХ-м теухуа псалъэхэр, щIыналъэ хасэхэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ я зэфIэкIхэмрэ, къэралым и унафэщIым, гъэзэщIакIуэ органхэм яхуэгъэзауэ Дунейпсо Хасэм игъэхьэзыра дэфтэрхэр, къищынэмыщIауэ тхылъым ихуащ XVI лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ Урысейм хуэлэжьа адыгэлIхэм, бзылъхугъэхэм я сурэтхэмрэ зэрахьа къулыкъухэмрэ. Тхылъыр къахуэщхьэпэнущ ДАХ-м и лэжьыгъэм нэхъ гъуэнэгъуу нэIуасэ зыхуэзыщIыну хуейхэмрэ лъэпкъ Iуэхум гууз-лыуз хузиIэхэмрэ. КъищынэмыщIауэ, КъАХ-м мы гъэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэфIхэм ящыщщ Къэшэж Иннэ, Омер Сейфеддин (Хьэткъуэ Умар), Лохвицкий Михаил, Къаныкъуэ Анфисэ сымэ я тхылъхэр къызэрыдигъэкIар. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд фIыщIэ хуищIащ а тхылъиплIым ящыщу щыр къыдэгъэкIынымкIэ сэбэп къахуэхъуа Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ министерствэм.
- Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэм иджыблагъэ щекIуэкIа хэхыныгъэхэм теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу а махуэхэм Тыркум щыIа, ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан. Абы къызэхуэсахэр зэрыщигъэгъуэзамкIэ, хасэ тхьэмадэ къулыкъур хуагъэфащэу къагъэлъэгъуахэм ящыщу Рахъуэ (Мамхэгъ) Йилдыз IэIэткIэ нэхъыбэм хахащ. Йилдыз лIыкIуэ гупым къажриIащ ДАХ-м и лэжьыгъэм хэтыну зэрыхьэзырыр.
- КъыкIэлъыкIуэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Адыгэ ЩIалэгъуалэ Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм 2019 гъэм зэфIигъэкIахэм. ЩIалэгъуалэ комитетым къыбгъэдэкIыу къэпсэлъа Борэ Елдар къигъэлъэгъуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ «Ди япэкIэ псэуну адыгэхэр» фIэщыгъэм щIэту ирагъэкIуэкIа форумыр. Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм, Тыркум, Сирием, Иорданием щыщ ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр хэту махуищкIэ екIуэкIа зэхыхьэм адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнум зэрызыдиужьыпхъэ Iэмалхэм щытепсэлъхьащ, хэкIыпIэ гъэщIэгъуэнхэр къыщыхалъхьащ.
- ЗэIущIэм и гугъу щащIащ Урысей Федерацэм, хамэ къэралхэм щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр, адрей лъэпкъхэм, дин IуэхущIапIэхэм хуаIэ пыщIэныгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ, зэгъэуIунымкIэ комитетым и лэжьыгъэм.
- ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэм нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьахэм ящыщщ къэбэрдей-шэрджэсыбзэр хъумэн, зегъэужьын, бзэм иIэ щытыкIэмрэ къыпэплъэмрэ. ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат зэрыжиIамкIэ, курыт еджапIэхэм щIэс адыгэ щIэблэм щыщу, миным урысыбзэр я анэдэлъхубзэу къыхахащ. Лъэпкъым а сабийхэр тIэщIэкIыу къызэрилъытэр абы къыхигъэщащ.
- — Лъэпкъым и къэкIуэнур и щIэблэращ. НыбжьыщIэхэм бзэр яIурымылъыжмэ, ахэр адыгэу пхужыIэнукъым. Илъэсрэ ныкъуэрэ ипэкIэ Къэрал Думэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, курыт еджапIэм щIэс сабийхэм анэдэлъхубзэу сыт хуэдэбзэри къыхахыну хуитщ. Унафэр къызэращтэрэ КъБР-м щыщу адыгэ сабий миным щIигъум урысыбзэр анэдэлъхубзэу къащтащ. КъШР-м ар 500-м щынос. Дэтхэнэ сабийми дыщIэзэун, абы и гупэр лъэпкъымкIэ къигъэзэжынымкIэ къарууэ диIэр етхьэлIэн хуейщ. А сабийхэр балигъ хъумэ, адыгэбзэр зэзыгъэщIэжыну хуейуэ къахэкIынур мащIэ дыдэщ. Iуэхуу диIэм мыр я нэхъыщхьэу къызолъытэ, — къыхигъэщащ Щоджэн Iэминат.
- НэгъуэщI ди гукъеуэхэм ящыщщ школ учебникхэр. Сэ езыр сыегъэджакIуэщи, курыт еджапIэхэр зэрырагъаджэ программэхэм ныкъусэныгъэ куэд зэраIэр солъагъу, — пищащ абы. — Апхуэдэ щытыкIэм, сабийм бзэм гущыкI хуригъэщIыным зыхуэIуа щыIэкъым. УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым а Iуэхур иридгъэзэкIуэжыну къэралым Iэмал къызэрыдитыр, абы мылъку зэрыхухихар. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм гуп къызэригъэпэщауэ, къэбэрдей -шэрджэсыбзэр зэредгъэджыну тхылъхэр зэхэтлъхьэну пщэрылъ тщащIащ. Дэ дыхущIэкъунущ, сабийм адыгэбзэр тыншу къызэрищтэным хуэдэу ар дгъэпсыну. Мыхьэнэ ин иIэщ ди егъэджакIуэхэр зэрыдгъэгушхуэми. Ауэ мыри жысIэну сыхуейщ, егъэджакIуэм Iэмалу щыIэр къигъэсэбэпу сабийр и дерсым къришэлIэн, къыдихьэхын хуейщ. Бзэр сабийм фIыуэ егъэлъагъуныр адэ-анэм я закъуэ пщэрылъ ящытщIыныр щыуагъэщ. Абы къыдэкIуэу ди еджакIуэ цIыкIухэри дгъэгушхуапхъэщ. Псалъэм папщIэ, ЕГЭ-м балли 100 къыщызыхьа адыгэ щIалэгъуалэр зэхуэтшэсу дехъуэхъуныр, дгъэфIэныр сфIэзахуэщ, ар зылъагъу нэхъыщIэхэр, шэч хэмылъу, абы ехъуэпсэнущ, зыдащIынущ.
- Иджыри зы гукъеуэ сытепсэлъыхьыну сыхуейт. Ар мэздэгу адыгэхэм я деж адыгэбзэ зэрыщрагъэджым ехьэлIащ. ЗэрытщIэщи, ДАХ-м и фIыгъэкIэ абы адыгэбзэ курсхэр къыщызэрагъэпэщауэ щокIуэкI, ауэ Iуэхуракъэ, ахэр езыгъэкIуэкI егъэджакIуэхэр езыхэри егъэджэжын хуейщ, программэ щхьэхуэ яхузэхэлъхьапхъэщ. Мы гукъеуэр мэздэгу адыгэхэм я закъуэкъым, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъу псоми яIэщ.
- Апхуэдэуи къыхэзгъэщыну сыхуейт лъэпкъ литературэхэм ехьэлIауэ нобэ диIэ ныкъусаныгъэхэри. Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм егъэбыдылIауэ щыта литературэ консультантхэр лэжьэжкъым. Гукъеуэ щыIэщ, тхэн щIэзыдзагъащIэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зрагъэлъагъун ямыгъуэту. Лъэпкъыбзэхэм гу хуэзыщIа тхакIуэ ныбжьыщIэхэр а Iуэхум зэрыIуигъэщтыкIыр шэч къызытумыхьэжынщи, тхузэфIэкIынумэ, мы Iуэхум зыгуэр хэдвгъалъхьэ, — захуигъэзащ Щоджэным къызэхуэсахэм.
- Iэминат къигъэлъэгъуа гукъеуэхэм ящыщщ Сирием къикIыжу къэкIуэжа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэм курыт еджапIэр къауха иужькIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм пщIэншэу зэрыщIэмытIысхьэфыр, ахэр къэралым и цIыхуу зэрыщымытым и зэран къазэрекIыр. Псалъэм папщIэ, мы гъэм 11-нэ классым апхуэдэу цIыхуибл щIэсщ, абыхэм экзаменхэр фIы дыдэу ятми, ахэр университетым пщIэншэу щIэтIысхьэфынукъым. А блым ящыщу зыращ Урысейм и цIыхур. «Хэкум ис ди сабийхэм хамэу зедгъэбжынкIэ Iэмал иIэкъым», — жиIащ Щоджэн Iэминат.
- Псалъэмакъым пищащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Табыщ Мурат. Абы къигъэлъэгъуащ адыгэр щыпсэу республикищми анэдэлъхубзэр егъэджыным ехьэлIауэ яIэ мыхьэнэр зэрызэхуэмыдэр. Адыгейм абы къэралыбзэ статус иIэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэу зыкъэзылъытэж псоми я анэдэлъхубзэр ядж, мыадыгэу зыкъэзылъытэжхэм къэралыбзэу яджыр адыгэбзэрщ, нэгъуэщIыбзэ къыхахыну хуитыныгъэ яIэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым адыгэбзэм анэдэлъхубзэ статусщ иIэр. ЕджапIэм сабийр щыщIэтIысхьэм и деж республикэм и къэралыбзищым яз къыхихыну Iэмал иIэщ, къызыхэкIа лъэпкъым емылъытауэ. Къэрэшей-Шэрджэсым адыгэбзэм къэралыбзэ статус иIэкъым, уеблэмэ, нэхъыбэу анэдэлъхубзэ статусым пэгъунэгъущ. КъШР-м ар курыт еджапIэм къыщыхэзыхыр бзэр зыIурылъхэмрэ ар зэзыгъэщIэну хуейхэмрэщ. Анэдэлъхубзэм теухуа унафэр нэгъабэ къащта иужькIэ, КъБР-м пэщIэдзэ классхэм щIэсхэм ящыщу сабий мин 28-м щIигъум адыгэбзэр анэдэлъхубзэу яджыну къыхахащ. Адыгэу, ауэ я анэдэлъхубзэр зэрагъэщIэну хуэмейуэ, 299-м къагъэлъэгъуат. 5-9-нэ классхэм щеджэхэм ящыщу мин 25-м адыгэбзэр я анэдэлъхубзэу къагъэлъэгъуащ, 629-м урысыбзэр я анэдэлъхубзэу яджыну къыхахащ. 10-11-нэ классхэм щIэсхэм ящыщу 5311-м адыгэбзэр къыхахащ, бзэр Iумпэм ящIу цIыху 84-рэ къахэкIащ. Ахэр 2018 гъэм я бжыгъэхэращ. 2019-м ейр иджыри пыухыкIауэ тщIэркъым, ауэ пэщIэдзэ еджапIэр къэзыухауэ класс нэхъыжьхэм кIуэхэр аргуэру щIэрыщIэу хэдэжын хуейти, абыхэм я деж щедгъэкIуэкIа къыхуеджэныгъэм я фIыгъэкIэ анэдэлъхубзэр урысыбзэу къыхэзыххэм ящыщу 101-р адыгэбзэ дерсхэм къэтшэжын тхузэфIэкIащ. 5-9-нэ классхэм щеджэхэм ящыщу 104-рэ кърашэлIэжыфащ. МыбыкIэ сэ жысIэну сызыхуейр адэ-анэхэм ядэлэжьэн зэрыхуейрщ, Iуэхур зытетыр зэхэхауэ я пащхьэ иплъхьэмэ, къызэрыпхудэхьэхынурщ.
- Куэд щыгъуазэу къыщIэкIынщ курыт еджапIэхэм тхьэмахуэм къриубыдэу анэдэлъхубзэм сыхьэтищ фIэкIа зэрыхухамыхыр. Дерс щIыб лэжьыгъэхэм къарит сыхьэт бжыгъэхэр къагъэсэбэпу иджыри сыхьэтитI адыгэбзэм хущIызыгъуфа еджапIэхэри диIэщ.
- Мыри къыхэзгъэщынут. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэмадэм и фIыгъэкIэ 2019 гъэм курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэреджэн учебникхэмкIэ къызэрагъэпэщащ, — жиIащ Табыщым и псалъэхэм я кIэухыу.
- Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дербыт Валерий я щIыналъэм анэдэлъхубзэр щаджынымкIэ щыIэ лъэпощхьэпохэр игъэнэIуащ. Адыгэбзэр иджы джын щIамыдзэмэ, щIэблэм ар IэщIыб ящIынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр къыхигъэщащ абы.
- — Ди сабийхэм адыгэбзэ едгъэджын мурадкIэ иджы еплIанэу яужь дохьэ. Бзэм ди деж щиIэ щытыкIэр шынагъуэщ. ХэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ ди гъусэу къэвмылъыхъуэмэ, ди закъуэ тхуэгъэкъаруун Iуэхукъым мыр. Апхуэдэуи ди гукъеуэшхуэщ ди щIыналъэм адыгэбзэкIэ лажьэ телевиденэ къызэрылъэмыIэсыр. НэгъуэщI мыхъуми, абыкIэ щIэблэм бзэр зэхахынтэкъэ, адыгэ дунейм къыщыхъум щыгъуазэ зыхуэтщIынтэкъэ?!
- Сэхъурокъуэ Хьэутий Дербытыр къигъэгугъащ телевиденэм и IуэхукIэ хэкIыпIэ гуэр щыIэххэмэ къалъыхъуэну, ар зи IэмыщIэ илъхэм икIэщIыпIэкIэ лъэIу тхыгъэ хуагъэхьыну.
- КъыкIэлъыкIуэу ГъэзэщIакIуэ гупыр хэплъащ Сирием зауэ къызэрыщыхъейрэ Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхухэр зытетым.
- ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан къызэригъэлъэгъуамкIэ, псори зэхэту, цIыху минихым щIигъум Кавказым къагъэзэжащ. Абыхэм я щIэблэр курыт еджапIэм, сабий гъэсапIэхэм макIуэ, я Iуэхур зэтеубыда хъуауэ. Медицинэ страхованэ псоми яIэщи, я узыншагъэм къигъэгузавэмэ, медицинэ IуэхущIапIэхэм пщIэншэу Iуэхутхьэбзэ къыщыхуащIэнущ. Бзэр зэрагъащIэ, нэхъыбэм урысыбзэращ нэхъапэу къащтэр. Къыхэгъэщыпхъэщ а къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм цIыхугъэ ин яхэлъу зыкъызэрагъэлъэгъуар, ахэр зэрызэкъуэтыр. Гукъеуэ нэхъыщхьэ зиIэр курыт еджапIэр къэзыухауэ университетым щIэтIысхьэну хуейхэращ. Мы IуэхумкIэ хэкIыпIэ къэлъыхъуапхъэщ. Орфан Дунейпсо Адыгэ Хасэм зыхуигъэзащ Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэм квотэ щхьэхуэ къратын папщIэ Россотрудничествэм лъэIу тхылъкIэ зыхуагъэзэну.
- Адэжь хэкум къэкIуэжауэ КъШР-м щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ щытащ Аслъэн Алий и къэпсэлъэныгъэри. Ахэри гъащIэм хэсыхьыжащ мыIейуэ. Абыхэми я гукъеуэ нэхъыщхьэр къэралым и цIыхуу къалъытэным ехьэлIа Iуэхухэрщ. Къэрэшей-Шэрджэсым Сирием къикIыжу къэIэпхъуэжа цIыху 35-м ящыщу къэралым и цIыхуу къызэралъытэм и тхылъыр зиIэр цIыхуих къудейщ, цIыхуищым абхъаз паспортхэр яIэщ.
- Хэкум къэкIуэжа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зытетым зыщагъэгъуэза иужь, Хасэм и КъэпщытакIуэ гупым хэт МэшхуэфI Нэждэт жиIащ къэзыгъэзэжахэм ехьэлIауэ дыгъэгъазэм и 1-м щегъэжьауэ къыдэкIа хабзэщIэхэм Iуэхур куэдкIэ нэхъ тынш зэращIыр. А хабзэр хасэ тхьэмадэхэм набдзэгубдзаплъэу щIаджыкIыну къыхуриджащ абы.
- Къэпсэлъахэм гупсэхуу едэIуа иужь, Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ, курыт еджапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм я Iуэхур дэкIа хъун папщIэ, я документхэр нэхъ тыншу хузэфIагъэхьэну щыIэ Iэмалхэм хэплъэу, дэIэпыкъуныгъэ иратыну.
- Адыгэ Республикэм къыбгъэдэкIыу зэIущIэм къыщыпсэлъа Бэгъущэ Алий 2020 гъэм я деж адыгэ щIэблэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэ къыщызэрагъэпэщыну ягъэхьэзыра проектым и гугъу ищIащ. Абыхэм зэхагъэува программэм ипкъ иткIэ, дунейм адыгэу тетым я щIэблэр зэхуашэсу, махуипщIкIэ Адыгейм зыщрагъэгъэпсэхунущ, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэнущ, я нэгу зыщрагъэужьынущ. А пIалъэм къриубыдэу адыгэбзэм, тхыдэм, лъэпкъ Iуэхум хуэунэтIа дауэдапщэ гъэщIэгъуэнхэр къызэрагъэпэщынущ. Мы Iуэхум текIуэдэну мылъкур Адыгэ Республикэм и бюджетым къыхэкIынущ.
- ДАХ-м и тхьэмадэм къызэхуэсахэр къыхуриджащ, Бэгъущэм зи гугъу ищI проектым егупсысу, щхьэж зэрыхузэфIэкIкIэ зыщIагъэкъуэну, Адыгейм кърахьэжьа Iуэхум щапхъэ трахыну.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къызэрагъэпэщауэ лажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хуэгъэпса «Панорама культурной жизни черкесской диаспоры» фIэщыгъэм щIэт тхылъыр къыдэгъэкIыным. Тхылъыр гъэхьэзырыныр зи пщэрылъ гупым я унафэщI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэрыжиIамкIэ, Сирием къищынэмыщIауэ, иужьрей илъэс зытхухым лъэпкъым ятеухуа Iуэху къыщаIэта къэрал псоми редакцэм и журналистхэр щыIащ, икIи абыхэм теухуа тхыгъэ щIэщыгъуэ куэд ягъэхьэзырри, «Адыгэ псалъэ» газетым традзауэ щытащ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэIущIэм хэтхэр къыхуриджащ щхьэж зыщыщ къэралым щылажьэ хасэхэм тхыгъэ, Iуэхугъуэ щIэщыгъуэ зиIэ яхэтмэ, ямыгъэгувэу къыхуагъэхьыну.
- Иджыблагъэ лэжьэн щIэзыдза «Черкес FM» адыгэ радиостанцым и хъыбар яжриIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къызэхуэсахэм. Тхыдэ, хъыбарыжь, IуэрыIуатэ, макъамэ екIухэр къыщат Москва къиIукI радиостанцым дунейм адыгэу тетыр зэпещIэ, абы дэнэ щIыпIи ущедаIуэ хъунущ. Мухьэмэд апхуэдэуи тепсэлъыхьащ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм къыдагъэкI номер зэгуэтхэм. Иужьрей къыдэкIыгъуэр теухуащ а Iуэху дахэр зэраублэрэ илъэс 30 зэрырикъум. А пIалъэм къриубыдэу дунейм къытехьащ номери 121-рэ. Зи гугъу тщIы къыдэкIыгъуэхэм къытохуэ лъэпкъ тхыдэм, бзэм, щэнхабзэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ятеухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр, адыгэхэр зыгъэпIейтей Iуэхухэр.
- Политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и юрист, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэу щыта Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум хуэгъэпса Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ, 2020 гъэм, ар къыщалъхуа, апхуэдэуи дунейм щехыжа щIышылэ мазэм фIэмыкIыу и фэеплъ пшыхь къызэрагъэпэщыну зэгурыIуащ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр.
- 2019 гъэм ДАХ-м илэжьа Iуэхухэр къыщызэщIикъуэжым, Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ куэд зэфIагъэкIами, къапэщылъыр зэрынэхъыбэжыр.
- — Мураду ищIыр зэзыгъэхъулIэфа зы цIыхуи, къэралыгъуи, IуэхущIапIи щыIэкъым. Дэри тхузэфIэкI къэдгъанэркъым икIи къыдэхъулIар нэхъыбэщ. Нобэ къэралым Дунейпсо Адыгэ Хасэм пщIэ къыхуещI, ар нэхъ иныж хъунуи дыщогугъ. Псом япэрауэ, ар зи фIыщIэр ДАХ-м хэт цIыху щэджащэхэмрэ щIыналъэ хасэхэмрэщ. АдэкIи дефIэкIуэну, IуэхуфIкIэ, лэжьыгъэ щхьэпэхэмкIэ гъэнщIа илъэсыщIэ дытехьэну сынывохъуэхъу, — захуигъэзащ Сэхъурокъуэм къызэхуэсахэм.
- ЗэIущIэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылъхэмрэ дамыгъэ нэхъыщхьэхэмкIэ щагъэлъэпIащ адыгэ Iуэхум илъэс куэд лъандэрэ хуэлажьэхэу тхьэмадэ Iумахуэ ГубэщIыкI Владимир, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ, «Адыгэ Хасэ-Шэрджэс Парламент» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий (КъШР) сымэ.
- Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм ящыщу ДАХ-м къызэригъэпэща дерсхэм анэдэлъхубзэмрэ урысыбзэмрэ щызэзыгъэщIахэм щыхьэт тхылъхэр щратыжащ зэIущIэм. Ахэр езыгъэджахэу Щоджэн Iэминат, Табыщ Динарэ, Ащхъуэт Фаридэ сыми гулъытэншэ ящIакъым.
- Щомахуэ Залинэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.