Зи IэщIагъэм къыхуигъэщIа
2020-01-10
- ЦIыхухэр ягъэхъужыну, абыхэм щIэныгъэ иратыну щыцIыкIум щIэмыхъуэпса щIагъуэ щыIэ къыщIэкIынкъым. Сыту жыпIэмэ, а IэщIагъэхэм хуабагъэ, гущIэгъу, шыIэ хэтлъагъуэрти, а гуапагъэхэм гъунэгъу дахуэхъуну тфIэфIти. А IэщIагъитIыр уасэ зыхуумыщIыфынщ, зэи мыкIуэдыжынщ, зи пщIэр мащIэ хъункIэ Iэмал зимыIэщ. Нобэ зэманым зихъуэжами, дохутырхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я мыхьэнэм зыкIи хэщIакъым. Ди гуапэ зэрыхъунщи, къыхаха IэщIагъэм къыхуигъэщIауэ абы гукIи псэкIи хуэпэжхэр, ирипсэухэр иджыпстуи мащIэкъым.
- Хьэмыкъуэ Людмилэ Хьэжсуф и пхъур абыхэм ящыщ зыщ. Ар Налшык и поликлиникэ №1-м, балигъхэм яхухэхам, функциональнэ диагностикэмкIэ и дохутырщ, илъэс 40-м щIигъуауэ и IэщIагъэм иролажьэри, зы махуи ар къызэрыхихам хущIегъуэжакъым. Зи узыншагъэм сэкъат иIэу къыхуэкIуэ дэтхэнэ зыри арэзы зэрищIыным, абыхэм и Iэзэгъуэ зэрырихьэлIэнымрэ псалъэ гуапэ зэражриIэнымрэ хущIэкъуу апхуэдэщ.
- 1977 гъэм абы къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дохутыр щагъэхьэзыр и къудамэр, «Лечебное дело» унэтIыныгъэмкIэ. 1977-1978 гъэхэм Аруан район сымаджэщым и кардио-ревматологие, терапие къудамэхэм терапиемкIэ интернатурэр щрихьэкIащ. Функциональнэ диагностикэмкIэ дохутыр пашэу, ревматологыу, кардиологыу зэрыщытым и фIыгъэкIэ, абы къанэ щымыIэу хещIыкI ХМ ЭКГ-м, ВЭМ-м, ЭЭГ-м, клиникэ ЭКГ-м, категорие нэхъыщхьэ зиIэ IэщIа-гъэлIщ.
- И IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэм, абы тригъэкIуадэ илъэс бжыгъэхэм Людмилэ къыхуахьыр гухэхъуэм и закъуэкъым, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэу къыбгъэдыхьэ цIыхухэм къыхуащI пщIэмрэ къызэрыхуэарэзымрэ къыпхуэмылъытэн фIыгъуэщ. Хьэмыкъуэм и ехъулIэныгъэхэм я къежьапIэр зэрызыщымысхьыжырщ, щIэх-щIэхыурэ и щIэныгъэм зэрыхигъахъуэрщ, ди республикэми абы и щIыбкIи щекIуэкI зэIущIэхэм, конференцхэм, курсхэм зэрыхэтырщ.
- Людмилэ зыпэрыт Iуэхум хуэпэжщ. Абы цIыхухэр фIыуэ елъагъу, дэтхэнэ зыми хуэфащэ гулъытэ иретыф, гущIэгъу хуещI, и сымаджэхэр зыхуэфI-зыхуэныкъуэ нэгъунэ гулъытэншэу къигъанэркъым. Зэпымыууэ яхуэнабдзэгубдзаплъэщ, яхуэтэмакъкIыхьщ, хузэфIэкIымкIэ щIэгъэкъуэн яхуохъу.
- Езыми Людмилэ зэIэзахэми къабгъэдэкIыу псалъэ гуапэхэр дохутырым хужеIэ Хьэтуей къуажэм щыпсэу Истэпан Ася.
- «Зи IэщIагъэм хуэпэж дохутырыр зы къэхъугъэ гъэщIэгъуэну къыщытщыхъу зэман дыщопсэу дэ. Апхуэдэ цIыху гуащIафIэу къытхущIэкIащ функциональнэ диагностикэм и дохутыр, кардиолог Хьэмыкъуэ Людмилэ, — къытхуетх Ася. — Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ар зи IэщIагъэм хуэпэж, зи лэжьыгъэм фIы дыдэу хэзыщIыкI цIыхуу зэрыщытыр. Дохутырыр щыдохутырыр ар и сымаджэхэми жэщи махуи щегупсысым, абы и узым «щрисымаджэм», и гухэщIыр езым ейуэ къыщилъытэм и дежщ. Сэ си нэгу щIэкIащ Людмилэ абыхэм зэращыщыр. Дохутырым и дежкIэ нэхъыщхьэр гуращи, зи гугъу сщIы бзылъхугъэм гушхуэ, гу хьэлэл зэрыкIуэцIылъым сэ шэч къытесхьэркъым.
- И IэщIагъэм абы хуиIэ жэуаплыныгъэм и щэхур сэ зэи къысхузэIухынукъым, ауэ пцIы зыхэмылъыжыр зыщ: ар и сымаджэхэм фэрыщIу яхущыткъым, и псэлъэкIэ къудеймкIэ къыбощIэ ар къызэрыгуэкIыу, цIыхугъэ хэлъу зэрыщытыр. Зым дежкIи щэхукъым нобэрей ди медицинэр, псом хуэмыдэжу къуажэ пхыдзахэм, зэрыщымыщIагъуэр. Хьэмыкъуэ Людмилэ хуэдэхэр мыхъуатэмэ, сымаджэхэр дэIэпыкъуэгъуншэу дыкъэнауэ арат. НэхъыбэIуэу диIарэт зи гугъу сщIы бзылъхугъэ емызэшыжым хуэдэхэр. Ину фIыщIэ пхуэсщIыну сыхуейщ, Людмилэ, уи лэжьыгъэфIым, уи шыIэныгъэм папщIэ, ди гъащIэм и Iыхьэ нэхъ гугъу дыдэм уэ дызэрыппэщIэхуам, гуапагъэрэ пэжыгъэкIэ укъызэрыдбгъэдэтам щхьэкIэ. ЦIыхум псалъэ гуапэу къыпхужаIэм фIы-гъуэ къыпхудэкIуэну сыпхуохъуахъуэ!»
- Куэдрэ къохъу сымаджэщ псом и ехъулIэныгъэр зы цIыху щхьэхуэм и жэуаплыныгъэмрэ цIыхугъэмрэ и деж къыщежьэу. Людмилэ апхуэдэ пщIэ цIыхухэм я деж къыщилэжьакIэщ. Зи IэнатIэм хьэлэлу бгъэдэтым и дежкIэ ар дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэщ.
- ИСТЭПАН Залинэ.