ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Си къуэш Къэжэр Индрис теухуа гукъэкIыжхэр

2019-11-16

  • Псэужамэ, мы махуэхэм и ныбжьыр илъэси 124-рэ ирикъунут адыгэ пшынауэ, уэрэдус Къэжэр Индрис къызэралъхурэ. Зи гуащIэрэ пщIэнтIэпскIэ псэуж, пщIэрэ нэмысрэ зэрылъ унагъуэм ар къыхэкIащ. Абы и адэ-анэм щIалищрэ хъыджэбзищрэ зэдагъуэтащ.

  • Алътуд къуажэ дэс Къэжэр лъэпкъым щыщхэу: Хьэбыж, Кашиф, Аслъэнбий, ТIатIэ (щыс цIыхубзырщ), Къарыху, Хухуэ, Быцэ, Хуцэ (щытхэращ)

     

  • Къэжэр Индрисрэ си адэмрэ зэкъуэш бынхэщ. Зэанэкъилъхухэм я нэхъыжь Хьэсэнрэ си адэмрэ фIыуэ зэрылъагъуу, щIэх-щIэхыурэ зэкIэлъыкIуэу, зэбгъэдэсу щытащ. Хьэсэн унагъуэу тIысыжат а зэманым. Благъэми Iыхьлыми гущIыхьэ ящыхъуат сымаджэ хьэлъэ хъууэ илъэс зэкIэлъхьэужьым Индрис и адэ-анэри и къуэш Гъузери дунейм зэрехыжар. ЗэрылъхузэрыпIым адэуи анэуи къахэнар Индрист.
  • Къэнахэм я фэр къимыщу, я ныбэ мыныкъуэу пIын, зыхуей хуэгъэзэн хуейт. Идрис гу къабзэ, псэ хьэлэл, гущIэгъушхуэ зыхэлъ цIыхут. КъищынэмыщIауэ, къызэрымыкIуэу губзыгъэт, акъыл жант, куэд зэхуигъакIуэрт, абыкIэ къахэщырт а зэманым хэпсэукI-хэм. Сыт хуэдэ Iуэхуми хуэIэижьу, ищIэм псэ хилъхьэу къэгъуэгурыкIуэт. Къэплъытэ хъунут ар Тхьэм и нэфI зыщыхуахэм ящыщу. Абы и къалэмыр жану зэрыщытам хэт щымыгъуазэр?!
  • Индрис къиухатэкъым артистхэр, тхакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр щагъэхьэзыр зы еджапIи. И егъэджакIуэри унэтIакIуэ нэхъыщхьэри гъащIэрт, абы езым хуиIэ гукъыдэжымрэ, Алыхьым кърита зэфIэкI лъагэхэмрэт. Арыншамэ, дауэ а цIыхухъур пшынауэ Iэзэу, усакIуэу, уэрэдусу, къищынэмыщIауэ, дэрбзэрышхуэу зэрыщытар. Хьэблэ хъыджэбзхэм бостей дахэхэр, адыгэ фащэ екIупсхэр яхуидырт. Уеблэмэ, абы теухуауэ жаIэу щытащ Индрис хуида фэилъхьэгъуэр щыгъыу пщащэр джэгу кIуамэ, фIэкIыпIэ имыIэу яшэу е игу ирихьа щIалэм Iэмал имыIэу гу къылъитэу щытауэ.
  • «Къалъытэрт Индрис и IэщIагъэм мэгъу къару хилъхьэу. Ар къызыхэ-кIыр, адрейхэм ещхьу, бзыпхъэкIэ мыдэу, уэрэдым ещхьу къигъэщIырти аращ. Уэрэдри щаусым деж къагъэщIу аращ. Къэсейхьэбли, Иналхьэбли, уеблэмэ Нартан нэгъунэ, хьэгъуэлIыгъуэ къыщыхъуамэ, Индрис пшынауэу ираджэрт, зылъысар гуфIэрэ хэнам зигъэгусэу. Къэбэрдейм пшынауэ Iэзэ Iэджэ исащ, ауэ Индрис далъагъу мэгъу къарум — къару телъыджэм хуэдэ зыдалъагъур мащIэ дыдэт», — етх Нало Заур Къэжэр Индрис теухуауэ. — Пэжщ, псом хуэмыдэжу къуажэдэсхэм яфIэфIт абы пшынэ къыщищтэм, джэгум игъащIэм хэмыхьахэми я лъэр къемыдэIуэжу хъурт. ЗыщIэж щыIэу къыщIэкIынщ Индрис и уэрэдхэмрэ макъамэ дахащэхэмрэ цIыхухэм хуабжьу ягу ирихьу махуэшхуэ зэхыхьэхэм ягъэзащIэу зэрыщытар, ар дзапэ уэрэду цIыхухэм зэIэпахырт, радиокIэ щIэх-щIэхыурэ къатырт.
  • «Зэманым декIур лIыфIщ», псалъэ пэжхэр адыгэм къигъэщIащ. Индрис и зэманым декIум и мызакъуэу, зыхэпсэукIа лъэхъэнэм зи цIэр фIыкIэ къахэща зырызхэм ящыщщ.
  • Япэ дыдэу ди республикэм къыщызэрагъэпэща къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупым Къэжэр Индриси яхэтащ. А ансамблым ди республикэм и щIыналъэхэм, кIуэурэ зыкъыщигъэлъэгъуащ. ЦIыхубэм псом хуэмыдэу фIыуэ ялъэгъуауэ щытащ Индрис и Iэдакъэ къыщIэкIахэу «ПыIэ гъуабжэ плъыфэ», «Си Рэмэзан» уэрэдхэр. Ар ядэлажьэу щытащ республикэм фIыуэ къыщацIыху пшынауэшхуэ Къашыргъэ КIурацэ, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КъардэнгъущI Зырамыку, къэфакIуэ Iэзэ Атэлыкъ Хьэзрэт, накъырапщэ, бэрэбанауэ Ашуров Падацур сымэ.
  • Зи зэфIэкIхэмкIэ, IуэхущIафэмкIэ куэдым фIыуэ ялъэгъуа Къэжэр Индрис «КъБР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр, «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр япэу зыхуагъэфэщахэм яхэтащ.
  • Къыхэгъэщыпхъэу къысщохъу ЩоджэнцIыкIу Алийрэ Къэжэр Индрисрэ яку дэлъа зэныбжьэгъугъэмрэ лъытэныгъэмрэ. ЩоджэнцIыкIум и чэнджэщ щхьэпэхэр и тегъэщIапIэу Индрис и уэрэдхэр иригъэфIакIуэрт, зэрызиузэщIыным хущIэкъурт. А тIум лъэпкъ литературэм хуащIэфынумрэ ирагъэгъуэтыну зыужьыныгъэмрэ гугъэфIхэр уагъэщIырт, арщхьэкIэ, Хэку зауэшхуэр къэхъейуэ лъахэм гузэвэгъуэр къытепсыха иужькIэ, къуэ пэж и хьэлу, абыхэм къалэмыр зрагъэтIылъэкIыу Iэщэр къащтэн хуей хъуащ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм Iэ пцIанэу пагъэува адыгэ тхакIуэхэр зыхэта лъэсыдзэр нэмыцэхэм къаувыхьри, гъэру ябыдат. Концлагерым и унафэщIым Алийрэ Индрисрэ я хъыбар къыщищIэм, зырызу щIишэурэ ягухьэну къыхуриджащ. АбыкIэ арэзы хъумэ, офицер цIэр къафIищыну зэрыхьэзырри, хуэмыныкъуэIауэ зэрагъэпсэунури дыщIигъужащ и псалъэхэм. АрщхьэкIэ, тIуми зыжьэу жаIащ Хэкум папщIэ мыпсэуфми, абы папщIэ къызэмыплъэкIыу я псэр ятыну зэрыхьэзырыр. Нэмыцэ офицерыр а псалъэхэм къигъэгубжьщ, ахэр хьэпсым ирыригъэдзэжри, адрей гъэрхэм я гъусэу фитI трахыу исащ. МэжэщIалIагъэм, лэжьыгъэ хьэлъэм къарууншэ ищIа щIалитIым я псэр щыхэкIащ Белоруссием хы- хьэ Борбуйск къалэм щыIа концлагерым.
  • Зи гъащIэмрэ зи гугъэмрэ зэтемыхуа щIалитIым я кIуэдыкIам уи нэпс къемыкIуэу уегупсысыфыркъым — ахэр псэужамэ, лъэпкъым хуащIэфынур къэлъытэгъуейт. Хьэкъыр зыщ, республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лъабжьэр зыгъэтIылъа, а унэтIыныгъэхэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа Къэжэр Индрисрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ лъэпкъым зэи щыгъупщэнукъым. Алыхьым ахърэт нэху къарит, жэнэтыр унапIэ яхуищI!
  • Къэжэр ЛатIиф.
  • Алътуд къуажэ