Лъэпкъыр зэрыгушхуэ ДыщэкI Марие
2019-11-16
- КъытщIэхъуэ щIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ зи гъащIэри гуащIэри тыхь хуэзыщIа, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI (ТыIэщ) Марие Сухьэмэдин и пхъум мы махуэхэм егъэлъапIэ и илъэс 70 юбилейр. Адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэр ящыщщ зи хэкумрэ лъэпкъымрэ и къару емыблэжу хуэлажьэхэм, зи дуней тетыкIэри Iуэху зехьэкIэри куэдым я дежкIэ щапхъэ хъухэм.
- Лъэпкъ Iуэху зепхуэныр, анэдэлъхубзэр ебгъэджыныр щIыхь зыпылъ IэщIагъэу зэрыщытыр фIы дыдэу къызыгурыIуэ ДыщэкIыр а IэнатIэм зэрыпэрыт илъэс 50-м щIигъум ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьащ. Аращ илъэс 35-кIэ зыунэтIар Шэджэм районым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэри. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр къыщыхалъхьами, Марие яхэхуащ абы щытекIуэу «УФ-м и егъэджакIуэ нэхъыфI» цIэр зыхуагъэфэщахэм, къэрал унафэщIым игъэува сом мини 100-ри тыгъэ зыхуащIыжахэм. КъинэмыщIауэ, Марие Лашынкъей щыпсэу цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIщ, жылэм, Шэджэм щIыналъэм щекIуэкI щэнхабзэ гъащIэм и къызэгъэпэщакIуэ нэхъ жыджэрхэм ящыщщ. ЦIыхубэм я дзыхь кърагъэзри, ДыщэкIыр мызэ-мытIэу хахащ къуажэ Советым и депутату.
- ДыщэкIым и псэхьэлэл лэжьыгъэр гулъытэншэ хъуакъым. КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэм къратащ «Сердце отдаю детям» дунейпсо дыщэ орденыр, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим сымэ я юбилейхэм ирихьэлIэу къыдагъэкIа дамыгъэхэр, «За укрепление межнационального мира», «180 лет первого покорения Эльбруса», «За содействие МВД» медалхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
- Апхуэдэ къэрал гулъытэ лъагэмрэ жылагъуэ щIыхьымрэ Марие къихьащ и IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэ къабзэмкIэ, пщэрылъ зыхуищIыжа къалэнымкIэ зыхищIэ жэуаплыныгъэ лъагэмкIэ.
- Лъэпкъым зиузэщIыным, абы и ехъулIэныгъэм хуэгъэпса лэжьыгъэ купщIафIэ зэфIэзых ДыщэкI Марие — егъэджакIуэ Iэзэм, гъэсакIуэ IэкIуэлъакIуэм, Iуэху дахэ куэдым я жэрдэмщIакIуэм, хэкупсэ нэсым, анэ гумащIэм, анэшхуэ IэфIым — дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу куэдрэ дяпэ итыну, гъащIэм, и бынхэм, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм гу ящихуэу, насыпрэ гуфIэгъуэрэ щымыщIэу дунейм тетыну. ДыщэкI Марие хуэдэ цIыху щыпкъэ къызыхэкI лъэпкъым и къэкIуэнур зэрыдахэм шэч хэлъкъым.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэ,
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэ,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэр.