ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Шэрджэс Екатеринэ

2019-10-24

  • «Екатерина Черкеза» цIэмкIэ тхыдэм къыхэна бзылъхугъэр Молдовэ къэралыгъуэм и пащтыхь Лупу Василий и щхьэгъусэу щыта адыгэпхъут. «Молдовэм и тхыдэм зи цIэ къыхэна зы бзылъхугъэ — Шэрджэс Екатеринэ» («Екатерина Черкешенка — жена господаря Василия Лупу. Судьба одной женщины в истории Молдовы») — ар и фIэщыгъэщ нобэ ди щIэджыкIакIуэхэм фи пащхьэ итлъхьэну тфIэигъуэ лэжьыгъэм. Ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэр нэхъ гъунэгъуу къыдэзыгъэцIыху Заболотная Лилие Молдавием щыщ тхыдэджщ, а къэралым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и лэжьакIуэщ.

  • Лупу Василийрэ Екатеринэрэ щхьэгъусэ зэрызэхуэхъуам теухуауэ тхыдэ щIэныгъэм нобэр къыздэсым къыджиIэр мащIэщ, упщIэ куэд жэуапыншэу къонэ. Япэрауэ, сыт хуэдэ политикэ щхьэусыгъуэт Лу-пу Василий адыгэ пщащэ къишэн хуей щIэхъуар? ЕтIуанэрауэ, сытыт а нэчыхьыр ятхыным апхуэдизу щIепIэщIэкIар? Ещанэу, хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, пащтыхьыр и шэрджэс къэшэным иджыри и япэ щхьэгъусэр псэууэ щIэупщIа хуэдэу мэхъу. Сытыт ар къызыхэкIар? ЕплIанэу, сытыт Лупу Василий и нэчыхьыр тырку сулътIаным къабыл ищIын щIыхуейр? Апхуэдэ унафэ къыщащтэр Европэм щыпэрыт пащтыхь унагъуэхэр благъэ щызэхуэхъум дежт. Адыгэхэм ящыщ лъэпкъ щхьэхуэхэр тырку сулътIаным и унафэ щIэту къалъытэрт а зэманым.
  • Дин тхыдэтх Костин Ми-рон пащтыхьым и унагъуэм теухуауэ мыр къыджеIэ: «Лупу Василий и къуэ Иоан сымаджэрилэти, ягъэхъужын папщIэ Царьград иригъэша щхьэкIэ, щIалэм зыри сэбэп хуэмыхъуу и псэр хэкIауэ щытащ. Куэд дэмыкIыу и къуэм кIэлъыкIуэжащ Василий и щхьэгъусэ Тудоскэ. Гуащэр дунейм ехыжа нэужь, господарым (апхуэдэущ молдаванхэм я пащтыхьым зэреджэр) и лIыкIуэ Катаржи Енаки Шэрджэсейм щыщ мырзэ гуэрым и пхъум лъыхъу хуигъэкIуащ».
  • Нысашэр КърымымкIэ къызэрыкIуэцIрыкIам щыхьэт тохъуэ а зэманым а щIыпIэм щыIа католик дин къыхуеджакIуэ Барси Никколэ. «Къэгъэзэжыгъуэр. 1639 гъэ» зыфIища гукъэкIыж тхылъым Барси щытопсэлъыхь «Шэрджэсейм щыщ нысащIэ дахащэр господарым хуэзышэ Катаржи Енаки хуэзэну насып къызэрыхуихуам». «ЛIыкIуэм Шэрджэсей къэра-лыр зэрыщыту къызэхикIу-хьащ, а къэшэн дахэ дыдэр къигъуэтын ипэкIэ, — къыпещэ адэкIэ Барси. — Абы пщащэм и адэм дукат 1000; и анэм — 500; хъаным — 1000 яритащ. (А зэманым Кърымым щытепщэр тэтэр хъан Бэхъэдыр Джэрийт). НысащIэр я гъусэу лIыкIуэхэр сэри сыздэщыIэ Бэхъшысэрейм 1639 гъэм, шыщхьэуIум и 19-м къэсри, хъаным и нэIэ щIэт цIыхуи 150-рэ зыхэт гупыр иджыри молдаван 60 ядэщIыгъуу Очаков быдапIэм пэгъунэгъуу щепсыхахэт. Арати, жэщым, сыхьэтитIым ирихьэлIэу, абыхэм я деж Силистрэм и пэщэ Нэсухь Хъусейн и цIыхухэр йокIуалIэри, шэрджэс пщащэр я тепщэм папщIэ къратыну унафэ ящI. Молдаванхэм я нэхъыжьым жэуап къаритащ: нысащIэр пащтыхьым и къэшэнщ, кърым хъаным и анэмэтщ, ягъэпуду идэнукъым. Пэщэм и лIыкIуэр цIыху губзыгъэти, молдаванхэм ящыщу цIыхуитI-щы и гъусэу ягъэкIуэну чэнджэщ яритащ, Нэсухь Хъусейн гурыIуэн папщIэ. «Муслъымэн диным ит хъыджэбзыр чыристан пащтыхьым щхьэгъусэ хуэхъункIэ Iэмал иIэкъым», — жиIэурэ шхыдэрт ар. Молдаванхэм я лIыкIуэм хъыджэбзыр зэрычыристаныр щыжиIэм, я фIэщ хъуакъым. Iуэхур зэхагъэкIын папщIэ, адыгэ пщащэм аргуэру лIыкIуэ хуагъэкIуэну мурад ящIащ. Молдаван лъыхъухэм хъыджэбзыр тыркухэм кърамыгъэгъуэтын щхьэкIэ гуимэ гъэщIэрэщIам кърагъэтIысыкIри шэрхъитI зыщIэт гум ирагъэтIысхьат. ИтIани, ар къагъуэтам къыщымынэу, абы ехъуэпса пэщэм зэрымуслъымэнымкIэ зыкъиумысыну пиубыдащ пщащэм. Зылъэгъуахэм зэраIуэтэжымкIэ, пщащэм гъуэгыурэ тхьэ иIуэрт жаIэ зэрычыристанымкIэ, уеблэмэ пэщэм и нэкIэ илъагъуу кхъуэл ишхырт. Молдаван лIыкIуэхэми замыгъэгувэу я зиусхьэным хъыбар лъагъэIэсати, господарым кърым хъанымрэ тырку сулътIанымрэ «къыдэIэпыкъуну» захуигъэзащ.
  • ЯпэщIыкIэ хъаным пащэм лIыкIуэ хуегъакIуэ, хъыджэбзыр зэрычыристаным нэмыщI, молдаван пащтыхьым и къэшэнщи, зэран ухуэмыхъуу и гъуэгур къыхузэIух, жеIэри. Нысашэр езыгъэжьа Лупу Василий пщащэм ехъуэпса пэщэм дукат 3000 къыхуригъэхьа щхьэкIэ, мыдрейм иджыри зрилъэфыхьырт. Ауэ тырку сулътIаным и лIыкIуэхэри къэсу, пщащэр имыутIыпщмэ, укIкIэ тезыр зэрытралъхьэнумкIэ хъыбар ирагъэщIа нэужь, адыгэ хъыджэбзыр къызэрылъымысынур къызыгурыIуа Нэсухь Хъусейн иджыри дукат 2000 иратыну япиубыдри, нысащIэр адэкIэ яшэну хуит ищIащ».
  • 1639 гъэм и фокIадэм пащтыхьым и лIыкIуэхэм лъыхъу къалэнхэр зэфIагъэкIри, Молдовэм и къалащхьэ Яссы къэсыжакIэт.
  • Езы нысащIэми абы и унагъуэм теухуауи зыми дыщыгъуазэкъым. Тхыдэтххэмрэ дин къыхуеджакIуэхэмрэ я тхыгъэхэм къыхощ пщащэр лъэпкъ хэIэтыкIам зэрыщыщыр. Абы и Iуэхум езы кърым тэтэр хъаныр къыкIэлъыплъырт. Езыми, и адэ-анэми, и гъусэу кIуа и дэлъху нэхъыщIэми я цIэ-хэр тщIэркъым. «Екатеринэ» цIэр чыристаныцIэу аращи, пщIэну щыткъым, нэчыхьыр къабыл ящIын папщIэ диныр ирагъэхъуэжауэ къыщIэкIынри хэлъщ.
  • Гу лъытапхъэщ нысащIэм и Iыхьлым зэрыгурыIуа щIыкIэми. Муслъымэн хабзэмкIэ псэлъыхъум уасэ къытехуэу къалъытэ. Молдаванхэм я нысашэ лIыкIуэхэр муслъымэн унагъуэхэм щызэрахьэ хабзэм хуэхьэзыру зэрагъэпэщат. Лъыхъухэм нысащIэм и адэ-анэм иратын хуей ахъшэр яIыгът. Абы ищIыIужкIэ, молдаван господарым кърым хъанми и Iыхьэ лъигъэсат, адыгэ пща-щэр къишэну арэзы хъун папщIэ. ИужькIэ, Силистрэм и пэщэ Нэсухь Хъусейн нысашэр къыщиугъэувыIэм, Молдовэм икIа лIыкIуэхэм абыи уасэ иратат, зэран къахуэмыхъун папщIэ. Мыхьэнэ иIэщ нысащIэр «къызэращэхужа» уасэм и инагъми. Пщащэм и адэми тэтэр хъан Бэгъэтыр Джэрии дукат 1000 зырыз яIэрыхьащ. НысащIэм и анэм — тIукIэ нэхъ мащIэ — дукат 500. Пэщэм дукат 3000 иратащ — адэми анэми иратам нэхърэ тIукIэ нэхъыбэ.
  • Барси Никколэ зэритхыжымкIэ: «ТхьэIухуд хъун папщIэ Афродитэ бзылъху-гъэм зэрыхуэупсэ псори зыбгъэдэлъ пщащэт Екатеринэ». Лупу Василий и щхьэ пщIэ хуэзыщIыж пащтыхьт икIи политик жыжьаплъэт, къэкIуэнур и нэгу къыщIигъэхьэфу. Абы и мурадт и тепщэгъуэм нэхъри зригъэубгъуну. И къуэ закъуэ Иоан Валахием и тепщэ ищIыну зигъэхьэзыра щхьэкIэ, щIалэр дунейм ехыжа нэужь, и мурадхэм зэрызихъуэжам ищIыIужкIэ, лIэужьыншэу къэнати, фIыуэ къыгурыIуэрт и ужь къинэн щIэблэ зэригъэпэщын зэрыхуейр. Абы къыхэкIыу бын узыншэ къызыщIэхъуэн, узыншагъэ быдэ зиIэ щхьэгъусэ щIалэ къилъыхъуэрт. Зыхэда псоми Шэрджэс Екатеринэ къахихащ. Ар къызэрыхъуа щIыкIэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр мащIэ дыдэщ. Ауэ тепсэлъыхьыжхэм зыжьэу жаIэ пащтыхь унагъуэр политикэ лъабжьэ иIэу, молдаванхэмрэ тэтэрхэмрэ зэрыубыдын плъапIэкIэ зэраухуар.
  • Шэрджэс Екатеринэ и теплъэм теухуа хъыбар къызэрымыкIуэ къыщIэнащ 1644 — 1650 гъэхэм Молдовэм щы-Iа католик щихънагъ Бандини Маркэ. 1647 гъэм екIуэкIа махуэшхуэм и гугъу ищIкIэрэ, абы итхыжырт: «Господарыр тахътэм ист. ЛъэбакъуипщI хуэдизкIэ абы пэIэщIэу сэмэгурабгъум- кIэ илъэсипщI, илъэсибл ныбжьхэм ит и къуитIыр нэгъуэщI тахътэм ист. Лъэбакъуэ тIощIкIэ пащтыхьым, лъэбакъуипщIкIэ и къуэхэм япэIэщIэу пащтыхь гуащэр ещанэ тахътэм ист, и щIалэхэр тыншу илъагъун хуэдэу и тIысыпIэр и кум хуагъэзауэ.
  • Псоми я щIыбагъым шу 10000 нэс зыхэт шуудзэр къыщытт, асыхьэтым шыхэм къепсыхауэ. ЦIыхубэм я бжыгъэр 20000-м нэсынт. Езы пащтыхьыр щыгъын лъапIэкIэ зыщыхуэпыкIат, и фащэм дыщэ ахъшэ 10000 и уасэнт. Гуащэр дукат 400000-м нэблэгъэн зи уасэр налкъутышхуэхэмрэ мыщIэплъхэмрэ зыхэгъэтIысхьа Iэпщэхъу, Iэлъын, лэрыпсхэмкIэ гъэщIэрэщIат. Пащтыхьыр лъагэ дыдэтэкъым, ауэ лIы зыIэщIэлът, къамылыфэт, и нэкIущхьэ тхъуэплъыр лыдрэ и натIэ лъагэм къытещ набдзэхэри, и пащIэ-жьакIэри фIыцIэу. И щхьэгъусэ уардэм хуэфащэ, Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ гуащэм и нэкIу лъагъугъуафIэм гущIэгъурэ гу щабагърэ къищырт, езыри цIыху гумащIэт, и унафэ щIэтхэм зэрахуэгуапэр наIуэу».
  • Екатеринэ къыщIэхъуа щIалищым ящыщу тIур сабийуэ дунейм ехыжат. Пащтыхьым и япэ щхьэгъусэм дигъуэта хъыджэбзитIым — Мариерэ Руксандрэрэ — анэфI яхуэхъуат гуащэр, ипхъу дыдэ фIэкIа ямыщIэу. Екатеринэ чыристан тхьэелъэIупIэхэм зэрелIалIэмкIи къыхэнащ тхыдэм. Челеби Эвлия зэритхыжымкIэ, пащтыхь гуащэм Голия цIэр зезыхьэ къулъшырыфым и ухуэныгъэм мылъкушхуэ хилъхьащ. Дунеяплъэ цIэрыIуэм зэритхыжымкIэ, а тхьэелъэIу- пIэм «адыгэхэм къахэкIа гуащэм и цIэр зэрихьэрт, зэрыжаIэмкIэ, ар Деруиш Мэхьмуд пэщэм и шыпхъум ипхъут».
  • Екатеринэ теухуауэ иужьрей тхыгъэм дыщрихьэлIэр 1666 гъэм гъатхэпэм и 1-рщ. ИпэжыпIэкIэ Молдовэм и тхыдэм къыхэна мы шэрджэс бзылъхугъэм и къекIуэкIыкIар нобэми нэгъэсауэ джа хъуакъым. ИтIани, напэкIуэцI куэдым къы- хощ Шэрджэс Екатеринэ «бзылъхугъэ лъагъугъуафIэ дыдэу, и щхьэгъусэм гурэ псэкIэ етауэ, езым къыщIэхъуахэми и мылъхубынхэ- ми яхуэгумащIэу, члисэхэмрэ къулъшырыфхэмрэ мылъкушхуэ ятригъэкIуадэу, Iуэху зэхэзэрыхьыгъуэхэм деж акъылышхуэ къызыкъуихыу зэрыщытар».
  • Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.