Хэкупсэ нэс Къущхьэ Догъэн
2019-10-24
- ЦIыхум и гум, и псэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щигъафIэ хабзэщ, ар лэжьыгъэм, унагъуэм ехьэлIауэ щрет, е гъащIэм щыщ нэгъуэщI хъуэпсапIэхэм епхауэ ирехъуи. Зи унагъуэ исыж, зи Хэку щыпсэуж цIыхум зыхимыщIэн куэд хэхэсхэм я гущIэ лъапсэм зэрыщаIыгъым сэ шэч къытесхьэркъым. Ар куэдрэ хьэкъ тщохъу, хамэ къэралхэр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр къыщытхуаIуатэкIэ. Ди газетым и редактор нэхъыщхьэ, и ныбжьэгъуфI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж къызэрыщIыхьар къэдгъэсэбэпри, дэ иджыблагъэ дыхуэзащ Тыркум щыпсэу адыгэ щIалэ ахъырзэман, хэкупсэ нэсу зэрыщытыр зи IуэхущIафэкIи дуней тетыкIэкIи наIуэ зыщI, адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэу щыта хьэпшып куэдыкIейхэр зэхуэзыхьэсыжауэ зыхъумэ, ди щIэджыкIакIуэхэми Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу нэгъуэщI куэдми фIыуэ яцIыху Къущхьэ Догъэн. Лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуарэ нэгъуэщI зыгуэрым къытекIухьарэ сыщыщIэупщIэкIэ, Догъэн къыпогуфIыкIри, жэуап къызет:
- — Налшык сигу къызэрыкIарщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу си ныбжьэгъухэм сазэрыхуэзэшарщ гъуэгу сыкъытезыгъэхьар, нэгъуэщI зы Iуэхуи сиIэкъым. ИлъэсиплI хъурт сыкъызэрымыкIуэф- рэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм дыщыхэтым IуэхукIэ илъэсым тIэу-щэ дыкъакIуэрт, арщхьэкIэ щэбэтым дыкъэсырти, зыгъэпсэхугъуэ махуитIым дылажьэу дызэхэст, блыщхьэм дежьэжырт. Налшык, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Iуащхьэмахуэ лъапэ жыпIэми, моуэ хуиту, набдзэгубдзаплъэу зэзгъэлъагъуну Iэмал сиIакъым. Ныбжьэгъу сыщикуэдщ сэ Хэкум, хэти Хасэм и фIыгъэкIэ къэсцIыхуауэ, нэгъуэщIхэри Тыркум нэкIуауэ нэIуасэ дызэхуэхъуауэ. Абыхэми къызжаIэрт Iэмал имыIэу сыкъэкIуэн зэрыхуейр. Арати, Iуэху сызыхэтым къысхудэгъэхуа зэман тIэкIур къэзгъэсэбэпри, зызгъэпсэхуну сыкъежьащ.
- Махуэ зыбжанэм и кIуэцIкIэ си нэ къызыхуикI куэд си ныбжьэгъухэм сагъэлъэгъуащ, сежьэжыну зы махуэ къэнащи, Iэмал имыIэу Сосрыкъуэ и деж сыдэкIын хуейщ. «Мыбы нэс укъэкIуауэ укъысIумыплъэу дауэ уежьэжыфа?» — жиIэрэ гукъанэ къысхуищIмэ-щэ?!
- Хэкур хэкущ, дызэрыцIыкIу лъандэрэ абы и хъыбарым дыкъэщIэтэджащ. Мы щIыпIэм ущыщыIэм и деж, мыр си уафэщ, мыр си щIылъэщ жыбоIэри, уи псэм зегъэпсэху. ДэнэкIэ щыпсэу адыгэхэми ящыщу къэкIуэжыфыр къэкIуэ-жын е хамэ къэрал кIуэуэ зыщагъэпсэху нэхърэ, Хэкужьым къэкIуэжу мыбы зыщаплъыхьыныр нэхъ ягъэнэхъапэу щытын хуейщ.
- — Уи уэрэдхэр цIэрыIуэщ, уи макъым цIыхубэр дехьэх, Догъэн. Абыхэм я лъабжьэр лъэпкъым и тхыдэрщ, и гукъеуэрщ нэхъыбэу. Иджыпсту сыт уи гум илъ бгъэзэщIэну, утыкум щыбгъэIуну ухуейуэ?
- — Сэ уэрэдкIэ нэхъ сыкъацIыху хъуами, музыкэм сыхуеджакъым, апхуэдэ IэщIагъи сиIэкъым. Техникэ институтым щезгъаджэу щытащ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ а къэрал Iуэхум сыкъыпыкIауэ сэ езым хьэрычэт сощIэ, Японием, Германием, Голландием щыIэ завод гуэрхэм я дилеру солажьэ. Станокхэр къыдогъашэ, догъэув, ахэр зыгъэлэжьэну IэщIагъэлIхэр догъасэ. Абы къыдэхуэ зэман тIэкIур адыгэ Iуэхум — уэрэдхэм, IуэрыIуатэм, хъыбархэм, Хасэм — хухыдох.
- Ди лIыжь-фызыжьхэм жаIэжу кIуэдыжыным нэса уэрэдыжьхэр, хъыбархэр, псалъэжьхэр, таурыхъхэр, тхыдэм теухуа гукъэкIыжхэр зэщIэкъуэжынырщ, зэхуэхьэсыжынырщ Iуэхур къыщежьар. Ахэр, Iэмал имыIэу, лъэпкъым и пащхьэ ихьэжын хуейт. Компьютери диктофони щымыIэу, IуэрыIуэтэжу, зы жьэм жьэдэкIым адрейм жьэдыхьэурэ ди деж къыщахьэсыфакIэ, дэ Iэмалу диIэр къэдмыгъэсэбэпыныр икIи емыкIут икIи гуэныхьт. Апхуэдэу зэхуэсхьэсыжа уэрэдыжьхэращ зэман ипэкIэ къыдэзгъэкIа дискитIым тетыр. ТыркумкIи КъэбэрдеймкIи псынщIэ дыдэу щызэбгрыкIащ ахэр, радиокIи куэд- рэ къат, зэхэфхагъэнщ. ГъэщIэгъуэнщ. Ар апхуэдэу къыщIапхъуэтар лъэпкъым и гум къыдэкIащ, адыгэу зыкъэзылъытыж дэтхэнэ зыми и щIасэ бзэжькIэ тхащи аращ. Сэри си ныбжьыр хокIуатэ, апхуэдэ макъи сиIэжынукъым зэманыр блэзгъэкIмэ. Иджыри уэрэд тIощIрэ тхум нэс сиIэщ диаспорэм я деж щызэхуэсхьэсыжауэ, ахэр тету дискитI хуэдэ къыдэзгъэкIыну си мурадщ. ДызыхуэкIуэ мазэ зыхыб-лым ар зэфIэзгъэкIыфыну согугъэ, макъамэри псори тэмэмщ, студием щIыхьауэ егъэтхыжыным фIэ-кIа къыхуэткъым. Япэрей дискхэм тетщ Къэбэрдейм щауса зыбжани, сигу ирихьу хэзгъэхьауэ, иджы згъэхьэзырхэм къанэ щымыIэу псори Тыркум щаусащ. ИстамбылакIуэм и гугъу зыщI, адыгэхэм я щхьэм кърикIуам тепсэлъыхь уэрэд гуузхэри, лъагъуныгъэ, гуфIэгъуэ уэрэдхэри яхэтщ абыхэм.
- — Хэхэсхэм я щыIэкIэ-псэукIэм игъащIэми узэригъэгузавэр дощIэ, Догъэн. Иджыпсту сыт абыхэм ятеухуауэ нэхъ узыгъэпIейтейр, узыгъэгуфIэр?
- — «Хэкужьыхьэ лъэщщ» жиIэу псалъэжь щыIэщ. Сыт хуэдизу тыншу упсэуми, Iэмал имыIэу щыщIэныгъэшхуэ уиIэнущ уи Хэку уимысыжмэ. Хэку ущимыIэкIэ, дунейр уиIэми, сыт къикIрэ?! Тыркум щыпсэу адыгэхэм я псэукIэм зэман-зэманкIэрэ зихъуэжурэ къэгъуэгурыкIуащ. Къэхъуащ пщIэшхуэ щаIаи, лэпкъ зэхэгъэж ящI хъууэ ахэр гугъу щрагъэхьаи, я анэдэлъхубзэмкIэ ямыгъэпсалъэу щыпаубыдаи, нэгъуэщIаи. «Тыркум адыгэ щопсэу, апхуэдэ лъэпкъ зэрыщыIэр псоми ящIэн хуейщ», — жысIэу 1984 гъэм зэрыстхам щхьэкIэ суд къыстращIыхьауэ щытащ, тырку лъэпкъыр буныкъуну яужь уитщ жаIэри. Хьэпсым мазийкIэ сиса иужьщ хеящIэм хуит сыкъыщищIыжар. Европей Союзым хыхьэну яужь ит Тыркум и хабзэхэр ихъуэжащ, сыадыгэщ жыпIэкIи, адыгэбзэкIэ упсалъэкIи къоныкъуэкъунукъым. Уеблэмэ, цIыхуих мынэхъ мащIэ классым щIэсмэ, адыгэбзэр яджыжыну хуиту унафэ пыухыкIа щыIэщ. Телевиденэм адыгэбзэ натынхэм пщыхьэщхьэпэм хуэзэу хухихыу щыта сыхьэт ныкъуэр зэман дэкIри, жэщ ныкъуэм яхьащ, иужькIэ зэпагъэужыпащ. Иджыпсту Хасэм хэт щIалэгъуалэр къэралым йоныкъуэкъу ар зэтрагъэублэжыну, Iэмал имыIэу къыдатыжыни хуейщ.
- Нэхъ пасэхэм адыгэхэм захъумэжыну нэхъ тыншт, къуажэ цIыкIухэм зэрыIыгъыу дэсти. Адыгэхэр нэхъыбэ хъущ, къуажэ цIыкIухэм я экономикэм ахэр къимыгъэшхэжу хуежьэри, 1960 гъэхэм яужькIэ, къыдэкIыурэ къалэхэм Iэпхъуэу щIадзащ. Иджыпсту, къапщтэмэ, процент 20 хуэдизщ ди лъэпкъэгъухэм ящыщу къуажэхэм къыдэнар, адрейхэм къалэшхуэхэр псэупIэ яхуэхъуащ. Мис ар зэранышхуэ хъуащ ди щхьэр, ди бзэр, ди хабзэхэр тхъумэжынымкIэ.
- Сэ 1956 гъэм сыкъалъхуащи, си ныбжьыр илъэсибл хъууэ пэщIэ- дзэ классым сыщыкIуам, тыркубзэ зицIэ сщIэртэкъым, си цIэмкIэ къызэупщIмэ, жэуап схуетыртэкъым. Иджыпсту къуажэхэм удыхьамэ, зы сабий адыгэбзэ ищIэу щыбгъуэтыжынукъым. Лъэпкъ гукъеуэ зэрылъ унагъуэ закъуэтIакъуэххэм ирагъащIэ я бынхэм адыгэбзэ. Иджыпсту илъэс пщыкIутху-тIощI зи ныбжь щIалэгъуалэм, зэман дэкIмэ, зэбгъэдэтIысхьэу адыгэбзэкIэ зэпсэлъэфыну къахэкIынур мащIэ дыдэщ. Пэжщ, иджыри зыкъомрэ дэ дыадыгэщ жаIэнщ, ауэ бзэр яIэщIэхумэ, абы хабзэми щэнхабзэми щыщ куэд зэдихьынущ. ЖысIэну сызыхуейращи, егъэлеяуэ псынщIащэу дыхокIуэдэж, къалэхэм дэкъухьа дызэрыхъуам и мызакъуэу, глобализацэ жыхуэтIэу къежьа Iэмал куэдыкIейхэм я «фIыгъэкIэ». Аращ нэхъ гукъеуэшхуэу диIэр, абы нэхърэ нэхъ гузэвэгъуи щыIэу си фIэщ хъуркъым. Насып зиIэм и Хэкужь къигъэзэжынщ, я щIыпIэр псэупIэ ящIыжынщ, апхуэдэу мыхъумэ «Мысырми щыпсэут адыгэ» жыхуаIэм дыщыхуэкIуэну зэманыр жыжьэкъым.
- Иджыпсту щытыкIэ гугъум итыр ди закъуэкъым, уеблэмэ Тырку къэралыр зи инагъыр мэтхьэусыхэ ди бзэр мэкIуэд, уэрамми IуэхущIапIэхэми щызэхэпхыр инджылызыбзэщ жаIэри. Дэ лIо-тIэ жытIэжынур? Дызэбгъэдэсу щытами фIыт, зыгуэрурэ зытхъумэжынт. АрщхьэкIэ Тыркум и къалэ 70-м щыщу, ауэ ирехъуи, щэ ныкъуэм дыдэпхъауэ дыдэсщ, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэухэм я гугъу сщIынкъыми. Къуажэм адыгэбзэр куэду щызэхэпхырт, иджы къали къуажи я уэрамхэри, IуэхущIапIэхэри, еджапIэхэри, телевизорри — псори тыркубзэщ. Iейуэ, Iейуэ хьэлъэщ ди Iуэхур, пэжым ухуеймэ. ДолъэпIастхъэ ди щхьэ тхъумэжын ди гугъэу, ауэ глобализацэм дыпэлъэщыжыркъым. ГъащIэм къытхуихьа Iэмалхэри Iейкъым, Къэзанокъуэм «Зэманым декIур лIыфIщ» жиIакъэ. Ауэ къызэрыдгъэсэбэ-пын хуейр дыхуэсакъыпэурэщ, лъэпкъыр димыгъэкIуэдыжыпэным щхьэкIэ. Дуней псом къыщалъытэу щыта адыгагъэр, лIыгъэр, Хэку фIылъагъуныгъэр лIэщIыгъуэхэм къыпхызыха, ди цIыхубзхэм я гуакIуагъымрэ Iущагъымрэ европей литературэм къыщагъэлъэгъуа дызылъэпкъщ дэ, зэбгрыдза дыхъуу дыхэшыпсыхьыжынкIэ шынагъуэ щыIэ хъуа щхьэкIэ. Апхуэдиз зи фэм дэкIа бзэр, ООН-м кIуэдыжыну бзэхэм хилъытар, зэтеIыгъэнымкIэ, лъэпкъыр зэщIэкъуэжынымкIэ зи къарум, зэфIэкIым зыгуэр къихьыну псори къыддэщIын хуейуэ къызолъытэ.
- Уи упщIэм къыхэщащ «нэхъ узыгъэгуфIэр» жыпIэри, Залинэ. ДызэрыщIэ, нэхъ тыншу дызэкIэлъыкIуэ зэрыхъуам мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэри, мис абы сыщогуфIыкI. Ди лъэпкъэгъухэр Тыркум нокIуэ, ди щIалэ-хъыджэбзхэр тыншу къэс хъуащ. Мэлбахъуэ Тимборэ республикэм и унафэщIу, «Родина» зи фIэщыгъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм дыкъригъэблагъэри, 1980 гъэм дыкъэкIуауэ щытащ хуабжьу гугъу дехьу, мафIэгукIэ, ЕрмэлымкIэ дыкъекIуэкIри, куэд дыдэрэ гъуэгу дытетауэ. Абы щы-гъуэщ япэ дыдэу Къэбэрдейм сыкъыщихьар. А зэманым лъандэрэ псы Iэджэ ежэхащ, зэрыжаIэу, тыншу цIыхухэри зэкIэлъыкIуэ, я зэпыщIэныгъэхэри нэхъ быдэ хъуащ. Ауэрэ уахэплъэмэ, Хэкум къыщыIу макъамэхэм, къафэжьхэм Тыркум щыпсэу пшынауэхэр еуэу хуежьащ, хэхэсхэм я къэфэкIэр мыбы къэсауэ утыкухэм щагъэзащIэ. ЩыIэ фIыгъуэхэм ящыщщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ ди сабийхэр Налшык къакIуэ, хэкурыс ныбжьыщIэхэр Тыркум неблагъэ зэрыхъуар. Абыхэм я зэныбжьэгъугъэр уасэ зимыIэщ, арщхьэкIэ ирикъуркъым, мащIэщ, нэхъыбэж тщIэн хуейуэ къытпэщылъщ. Псалъэм папщIэ, къуажэхэм дэсщ нэхъыжьыфIхэр, Налшык дэнэкIэ гъэзами ямыщIэу, ауэ я пщIыхьэ-пIэ IэфIхэм хэту. Апхуэдэхэр Хэкум къэшамэ, махуэ зыбгъупщIкIэ щыгъэIамэ фIыт. КIуэжынти я къуажэдэсхэм, благъэ-Iыхьлыхэм хъыбар хуаIуэтэжынт. Мис абы ди Iэр зэрыхунэмысамкIэ ДАХ-м апхуэдиз илъэскIэ хэта сэри абыкIэ къуаншагъэ збгъэдэлъщ.
- — Хэкурыс лъэпкъыпсэхэм, апхуэдэуи къулыкъущIэхэм ящIэну ухуейуэ сытыт нэхъ уазэрыщыгугъыр, лъэпкъым зиузэщIын, бзэр, хабзэр хъума хъун, нэгъуэщI къинэмыщIхэм ехьэлIауэ?
- — Лъэпкъ Iуэхум набдзэгубдзаплъэу ухэплъэмэ, хэхэс адыгэхэр къэшэжын зэрыхуейр гурыIуэгъуэ пщыхъунущ — цIыху бжыгъэр нэхъыбэ хъунущ, экономикэм зиужьынущ, зэфIэкI зиIэу Хэкум къэкIуэжхэм я зэфIэкI къэрал Iуэхум халъхьэнущ. Хьэуэ жыпIэрэ, ахэр абдеж щыхэкIуэдэжынуращ. ЛъэкIыу къэкIуэжын гуэрхэри, зэрылъэмыкIым щхьэкIэ къэмыкIуэжынхэри щыIэщ, тIум щыщхэми къуажэхэми къалэхэми ущрихьэлIэнущ. КъэкIуэжыну хуэмейхэм я Iуэхур щхьэхуэщ, хуейхэр къэдывгъэшэж.
- Зы Iуэху хэкъузауэ жысIэну сыхуейт. Ди Къэбэрдей-Балъкъэр Парламентым, Хэкужьым щыIэ республикэхэм я унафэщIхэм хэхэсхэр къэшэжыным теухуа политикэ Iуэху лъэщ яубзыхун хуейщ. Адыгэ щыпсэу щIыналъэхэм я дэтхэнэми мис мыпхуэдиз къэтшэжыфыну Iэмал диIэщ жаIэмэ, мис аращ зыгуэр къызыпэкIуэнур. Абы и лъэныкъуэкIэ Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэр, абыхэм хэт нэхъыжьыфIхэм я чэнджэщхэр сэбэп зэрыхъунум сэ шэч къытесхьэркъым. Къэралым политикэ хабзэ убзыхуа гуэр имыIэу, «Хэкум хуейр фыкъэкIуэж» жыпIэкIэ, ар цIыхубэм и акъылым къихьынукъым, зыхуей хуэзэуи яхузэгъэпэщынукъым. Хэхэс куэд зиIэхэм, псалъэм и хьэтыркIэ, ермэлыхэм, тыркухэм, урысхэм, журтхэм, нэгъуэщIхэми политикэ Iуэху пыухыкIа къызэрагъэпэщ. Дэри абыхэм, Iэмал имыIэу, дадэплъеин хуейщ.
- Псом япэу тегъэгушхуэн, зыдэIэпыкъун хуейр Къэбэрдей-Балъкъэрым щымыгъуазэ цIыхубэращ. Уи фIэщ зэрыхъун, къуажэхэм дэсщ тыркубзэ дахэ-дахэу зымыщIэ, мэкъумэшым е нэгъуэщI зыгуэрым яужь иту, адыгэ дыдэу, адыгэпсэ яIуту. КъэмыкIуэжыфыну, къэкIуэжми мыбы щыIэ гъащIэм зан-щIэу зыхимыгъэзэгъэжыфыну апхуэдэщ ахэр. УадэмыIэпыкъумэ, тегушхуэнукъым жыхуэсIэщ.
- — ЗэрыжыпIащи, ДАХ-м илъэс зыбжанэкIэ ухэтащ, Догъэн, адыгэ щыпсэу къэралу уздэщымыIар укIуэдыж. Абы щыплъагъухэм ящыщу сыт нэхъ уигу къина?
- — Хэхэс адыгэхэм ди гъащIэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, гузэвэгъуэ защIэщ. Зыгуэр къызгурыIуэ зэрыхъурэ зы махуи, зы сыхьэти дэ-кIа къыщIэкIынкъым адыгэ Iуэхум семыгупсысу. Пэжщ, адыгэ щыпсэу къэрал куэдым сыщыIащ, я псэукIэми зыгуэрхэр хэслъагъукIащ. Хэхэс гъащIэм сымыщIэ хэлъыжкъым жыхуаIэм сыхуэдэщ, итIани бгъэщIэгъуэнур Iэджэщ. Израилым сыщыIэу сызрихьэлIа зы Iуэхугъуэ гуэр сигу къэкIыжащи, бжесIэжынщ. 1999 гъэхэра къыщIэкIынт, Кфар-Камэ къалэ цIыкIум дэс адыгэхэм срагъэблэгъащ мэз лъапэм деж тIэкIу дыщысынщ, жаIэри. Дыуэршэру дызэхэсу урыс уэрэд къэIуащ тпэмыжыжьэу щыс гупым къыхадзауэ. Ахэр хэт сымэми сыщыщIэупщIэм, Урысейм къикIа журтхэрауэ къызжаIащ. Абыхэм дыхыхьэну зэрысфIэфIыр щыжысIэм, си гукъэкIыр къыздаIыгъащ. Сахоплъэри согъэщIагъуэ, псори зэрызэпсалъэр урысыбзэщ, езыхэри урыс нэгущ. Зы журт щIалэ псэлъэгъу къысхуэхъуащи соупщI: «Ди лъэпкъэгъущ жыфIэу къэфшэжа щхьэкIэ, псори урысыфэщ, мыр дауэ?» Жэуапу къызитар гъэщIэгъуэнщ. «Ди бжыгъэр хэдгъэхъуэн хуейщи, сыжуртщ жызыIэр псори дэнэ къэрали къыдош. Израилым зы лэгъуп щыдгъэуващи, абы хыдодзэ, тIэкIу къыдогъэкъуалъэри, журт хъуауэ къыхыдохыж» (!) Дэ апхуэдизри дгъэвэн хуей мыгъуэтэкъым, тIэкIу «дагъэвэпхъамэ» хэкурыс адыгэ дыхъужынурэ дежьэжынут. Мис а лэгъупым хуэдэ Хэ-кум щаухуэн хуейщ ди унафэщI-хэм.
- — УкъэкIуэжыпэну ущимурэда къэхъуа, абыкIэ сыт зэран къыпхуэхъуа?
- — Сигу илъам и закъуэкъым, 1995 гъэм дыкъэкIуэжри, илъэс зытхухкIи дыщыпсэуат. Абы кIыхьу сытепсэлъыхьыну сыхуейкъым, си Iуэхур тэмэму схузэтемыублэурэ, сымыгъэзэжу хъуакъым. Хэкум сыкIуэжащэрэт жызмыIэу зы махуи дэкIыркъым, зы сыхьэти лъахэр си гум ихуркъым. Иджыри ди мурадщ дыкъэкIуэжыну, унэ-лъапсэ тIэкIу зэдгъэпэщу, нэхъыбэм мыбыкIэ дыщыIэу, Тыркум дыкIуэжрэ благъэ-Iыхьлыхэр тлъагъуу зытедублэжыну.
- — Мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ я гугъу къытхуэпщIамэ, си гуапэт, Догъэн.
- — СыкъыщыкIуэкIэ сыгуфIэу, си гур къилъэтыным хуэдэу пхъэру апхуэдэщ, щызгъэзэжкIэщ си жагъуэр. ЩIалитI-щы къэкIуэн хуеят си гъусэуи, я Iуэху хуэмыхъуу къэнащи, мис абыхэм, адрей си ныбжьэгъухэм, благъэхэм, гъунэгъухэм фи хъыбар дахэ зэражесIэнуращ си псэр схуэзыгъэхуабэр. Сыкъэсыжауэ къызэращIэу къызэхуэсынущ ахэр, слъагъу хуэдэщ хэку хъыбар щахуэсIуатэкIэ я нэгухэр зэрыхъунур.
- ГъащIэ щыхъукIэ мурад гуэрхэри уиIэщ, хъуэпсапIэхэри мащIэ- къым. ЗэзмыгъэхъулIэфа гуэрхэри щыIэу къыщIэкIынщ, дауи, ди Iэр къызыпекIуэкIахэри мащIэкъым. Си нэ къыхуокI, псалъэм и хьэтыркIэ, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ ди зэпыщIэныгъэр быдэну, дызэрыIыгъыну, сытым и дежи дызэрылъытэу дыкъыздэгъуэгурыкIуэну. ДэнэкIэ щыпсэу ди щIалэгъуалэми солъэIу Iэмал псори къагъэсэбэпу зэрыгъуэтыну, IитIыр зэрытхьэщIым зэрощIэ. Хэкужьым пэIэщIэу дыпсэуами, ди дуней еплъыкIэм тIэкIу зихъуэжами, дэ дызейр адыгэ лъэпкъращ.
- Епсэлъар ИСТЭПАН Залинэщ.