Бейтыгъуэн Сэфарбий аргуэру дегъэгуфIэ
2019-10-22
- «Акъылыр мылIэжыныгъэм хуэунэтIащ» («Интеллект — стезя бессмертия») фIищащ Бейтыгъуэн Сэфарбий къыщалъхуа махуэ лъапIэм ирихьэлIэу и гъащIэ гъуэгур къызэщIиубыдэжу игъэхьэзыра тхылъыщIэм.
- МЫ ТХЫЛЪЫР зыгуэркIэ къыщхьэщокI иджыри къэс Бейтыгъуэным и Iэдакъэ къыщIэкIауэ дызэджа лэжьыгъэхэм. Япэрауэ, ар щIэныгъэ къудамэ гуэрым е тхэкIэ Iэмал зызымыхъуэжым тещIыхьауэ щыткъым. КъикIуа гъащIэ гъуэгуанэм ириплъэжым и мызакъуэу, тхыдэджым и хъэтIым нэгъуэщI къэIуэтэкIэ Iэмал къригъэщтэну зэрыхуежьам гу лъыботэ.
- «Тхыдэ очеркхэр» зыфIища япэ Iыхьэм, и псалъащхьэм зэрыжиIэщи, Сэфарбий наIуэ къещI Къэбэрдеймрэ адыгэхэмрэ я блэкIам теухуауэ иIэ гупсысэхэр. Абыхэм я щапхъэщ: «Амазонкэхэр, адыгэхэр, грекхэр», «Урыс пащтыхь гуащэ Марие Темрюковнэ и цIэ дыдэр», «Шекспир, Наполеон, Толстой Алексей», къинэмыщIхэр.
- «Эссехэр» зыфIища етIуанэ Iыхьэр гъэщIэгъуэн дыдэщ. Абы ихуа тхыгъэ кIэщIхэр Iуэтэжуи, гукъэкIыжуи, тхыдэм е литературэм хухэха жанр щхьэхуэуи щыткъым. Мыр нэхъ зэгъэщхьыпхъэр Интернет IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щхьэж и цIэм епхауэ щагъэлажьэ «напэкIуэцIхэрщ». Псалъащхьэхэми къагъэлъагъуэ ар: «Пушкинрэ Путинрэ», «Маяковский Владимиррэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ», «Шыдыр хъумпIэцIэджым гъусэ хуэхъунукъым», «Ленин и зы щыуагъэ», н. Куууэ зримыгъэубгъуу, зи цIэ къриIуэ дэтхэнэ цIыху цIэрыIуэми теухуауэ асыхьэтым игу къэкIа гупысысэхэр тхакIуэм утыку кърехьэ.
- КъыкIэлъыкIуэ IыхьитIым — «Миниатюрэхэмрэ» «Афоризмхэмрэ» — тхыдэджым и жыIэгъуэ шэрыуэхэм уащрохьэлIэ. ИужьреитIым я фIыгъэкIэ («Интервьюхэр», «Статьяхэмрэ лэжьыгъэм и Iэужьхэмрэ») Бейтыгъуэным и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэм Iэмал яIэнущ ар нэхъ гъунэгъуу къацIыхуну. Абы ущрохьэлIэ Сэфарбий ди республикэм щыцIэрыIуэ журналистхэу, щIэныгъэлIхэу Моттаевэ Светланэ, Куэшбей Жамболэт, Тхьэгъэзит Юрэ, къинэмыщIхэм ярита интервьюхэм. Тхылъеджэхэр щыгуфIыкIыну къыщIэкIынщ Сэфарбий хузэхалъхьа усэхэми, и ныбжьэгъухэмрэ лэжьэгъухэмрэ, и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ къызэрыщ сурэтхэми.
- Тхылъыр напэкIуэцI 704-рэ мэхъу, къызэрыдэкIар урысыбзэщ.
- ЧЭРИМ Марианнэ.