ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Инарыкъуей  къуажэм  и  тхыдэр

2019-10-10

  • Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм иджыблагъэ щызэхэтащ «История аула Инарокова» фIэщыгъэм щIэту ДыщэкI Хъызыр и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым и лъэтеувэ пшыхь.

  • «Принт-Центр» типографием ДыщэкIым къыщыдигъэкIа тхылъ Iувым тегъэщIапIэ хуищIар Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Куржым щыIэ архив IуэхущIапIэхэм илъэси- плIым щIигъукIэ щызэхуихьэса тхыдэ дэфтэрхэрщ.
  • Абыхэм къазэрыхэщыжымкIэ, иджыри илъэс 300 ипэкIэ Инарыкъуейм и хъыбар яIуатэрт. ЗекIуэлI, къэхутакIуэ, геодезист Чичагов Сергей 1744 гъэм Сунжэ и Iуфэм Iус джылахъстэней къуажэхэр щитхым, Инарыкъуейри нэхъ ипщэкIэ щыпсэууэ къигъэлъэгъуат. Урыс- Кавказ зауэм и лъэхъэнэм Глазенапрэ Булгаковымрэ я дзэхэр къащебгъэрыкIуэм, а щIыпIэм къиIэпхъукIри, Инарыкъуейр Курп и Iуфэ IутIысхьауэ щытащ.
  • IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, Инарокъуэм и къуажэр здигъэтIысын къилъыхъуэу, иджы Александровкэ къуажэ цIыкIур здэщысымкIэ кIуэн мурад иIэу, инарыкъуейхэр иджыпсту щыпсэу щIыпIэм жэщыр щрихыну къызэтеувыIат. Ар зэхэзыхьа Ислъамым лIыкIуэ къахуигъэкIуащ, и щIыпIэм икIэщIыпIэкIэ икIыну унафэ къахуищIу. Инарокъуэр абы игъэгубжьщ, баш къищтэщ, щIым хитIэри: «Уэ улIщ, сэ мы щIыпIэм сибгъэкIмэ!» — жиIэри апхуэдэ щIыкIэкIэ абдежым къинауэ щытащ.
  • А хъыбарым шэч къыщIытепхьэн щхьэусыгъуэ куэд щыIэщ. Ауэ хьэкъщ Инарыкъуей къуажэр мы щIыпIэм къызэрытIысрэ илъэс 200-м зэрыщIигъуар. Ар къэхутэнымкIэ сэбэп хъуахэм ящыщщ жылэм къыдэна пасэрей сыныжьхэри. Абыхэм хьэрыпыбзэкIэ тетхэр Хъызыр зэридзэкIри, Iуэхум къыхилъытащ.
  • Тхылъым и пэщIэдзэм авторым щыжеIэ езым и къэхутэныгъэм нэхъ пэж щымыIэу, фIэкIыпIэншэу къызэримылъытэр. Псоми дощIэ тхыдэр кхъахэ хъуа лъэмыж дзыхьщIыгъуейм зэрещхьыр, лъэмыжым урикIуэн папщIэ, узытеувэну Iыхьэхэр зэфIэбгъэувэжын хуейщ. Зэманым дэщэщэжа, хэкIуэдыкIа Iуэхугъуэхэр зэхуэпхьэсыжыну икъукIэ хьэлъэщ.
  • Хъызыр щхьэхуэу и гугъу ещI уэркъ щIалэ Инарокъуэ Шумахуэ. Ар хуабжьу яхуэгумащIэт и къуажэгъухэм. Нэхъыжьхэм къаIуэтэжауэ абы и хъыбар куэд щыIэщ. А щIалэр жэщым ежьэрти, къуажэр къызэхикIухьырт, хуэмыщIа, зыхуей хуэмызэ унагъуэ, цIыху къилъыхъуэу. Ар къэгубжьауэ зыми илъэгъуакъым, мыарэзыуэ зыми закъригъэщIакъым. Шхын шыугъэ хутрагъэувэмэ, «Сыту шхыныфI, псы куэду сригъэфэнщ», — жиIэрт. Мышыумэ, «Шхын телъыджэщ, сызэрыхуейуэ шыгъу хэздзэжынщ», — къажриIэрт, пщэфIахэм ящытхъурти, и Iуэху пэрыхьэжырт. Сабийхэр фIыуэ илъагъурт, ахэр зэригъэгушхуэным хущIэкъу зэпытт. 1916 гъэм Инарокъуэр дунейм ехыжащ. Насып иIэти, абы илъэгъуакъым революцэм и ужькIэ къэхъуа зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр, и бынхэм лей кIэлъызэрахьэу Хэкур ирагъэбгынауэ зэрыщытар.
  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Инарокъуэхэ я унагъуэ зыбжанэщ къуажэм къыдэнар, ауэ а лъэпкъ лъэрызехьэм и цIэр тхыдэм фIыкIэ къыхэнащ.
  • «Инарыкъуей дэс унагъуэцIэхэр», «ЛIакъуэхэмрэ абыхэм яку къыдэхъуа зэдауэхэмрэ», «Инарыкъуейдэсхэр Хэку зауэшхуэм зэрыхэтар», «1886 гъэм къуажэм дэсахэм я цIэ, унэцIэр», «Инарыкъуей къуажэ мы махуэхэм и псэукIэр»… Iыхьэ пщыкIутхукIэ зэпыудауэ гъэщIэгъуэну къыщыгъэлъэгъуащ тхылъым къуажэр.
  • Инарыкъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щызэхаша пшыхьыр хэкум, адэжь къуажэм теухуа усэкIэ къызэIуаха иужькIэ, ДыщэкI Хъызыр и гъащIэ гъуэгуанэм къызэхуэсахэр кIэщIу щыгъуазэ ящIащ.
  • ЗэIущIэм къахуеблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым и лэжьакIуэ Мэрзей Аслъэнбэч, Тэрч щIыналъэм ит библиотекэхэм я унафэщI Хьэгуарэ Мадинэ, Инарыкъуей къуажэм и администрацэм и унафэщI КIуащ Владимир, къуажэдэс нэхъыжьыфIхэр, школакIуэхэр,  жылэм и тхыдэр зыфIэхьэлэмэт щIалэгъуалэр, нэгъуэщIхэри.
  • «БлэкIар зымыщIэм къэкIуэни иIэкъым», — жаIэ адыгэхэм. Шэч хэмылъу, я блэкIам, адэжьхэм я хъыбарым, тхыдэм и джэрпэджэжым, япэ итахэм я къекIуэкIыкIам зэхуишэсат пшыхьым кърихьэлIахэр.
  • Тхылъым къежьапIэ хуэхъуам, Инарыкъуей и тхыдэр къихутэну тезыгъэгушхуам, япэ лъэбакъуэхэр ичынымкIэ сэбэп къыхуэхъуахэм, къуажэм къикIуа гъуэгуанэм теухуа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм кIэщIу яхутепсэлъыхьащ Хъызыр къызэхуэсахэм. Апхуэдэуи Инарыкъуей мафIэсри, къуажэм дэс лъэпкъ нэхъыжьхэм я тхыдэри,  лъэпкъ дамыгъэхэри гулъытэншэ ищIакъым.
  • Тхыдэдж Мэрзей Аслъэнбэч къыщыпсалъэм жиIащ тхыдэм уелэжьыныр Iуэху гугъуу зэрыщытыр, ауэ ар ДыщэкIым къехъулIауэ къэплъытэ зэрыхъунур. Аслъэнбэч къуажэ библиотекэм тыгъэ хуищIащ тхыдэм теухуа тхылъ зыбжанэ.
  • Хъызыр япэ лъэбакъуэхэм тезыгъэгушхуа нэхъыжьыфI Хьэткъут Хьэутий жиIащ ДыщэкIым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыригъажьэ лъандэрэ и гуапэу зэрыкIэлъыплъыр. Тхылъыр дунейм къытехьэным хуэпIащIэу зэрыпэплъари дыщIигъужащ.
  • Абы и псалъэхэм пищащ нэхъыжьыфI, къуажэм дэт курыт еджапIэм тхыдэмкIэ и егъэджакIуэ Джэрмэшык Хьэжмурат. Ар тепсэлъыхьащ къуажэм къикIуа гъуэгуанэм икIи къыхигъэщащ я тхыдэм, щхьэж къызыхэкIа лъэпкъым теухуауэ нэхъ куууэ зыщызыгъэгъуэзэну хуей дэтхэнэми  ДыщэкIым и IэдакъэщIэкIыр сэбэп хуэхъуну къызэрилъытэр.
  • Тхылъыр къыдэзыгъэкIам гуапэу ехъуэхъуащ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ КIуащ Владимир, къуажэдэс нэхъыжьыфIхэу ДыщэкI Хьэмыщэ, Шогуэ Валерэ, Пщыншэ Хъызыр, Хьэгуарэ Мадинэ, Хъызыр и япэ егъэджакIуэ Къарей Людмилэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Ахэр, шэч хэмылъу, щыгуфIыкIырт жылэм и тхыдэ пэжыр къэзыгъэлъагъуэ тхылъ яIэ зэрыхъуам, я адэжьхэм я псэукIам лъэIэсыну Iэмал зэраIэм. ГуфIэгъуэ тIуащIэ абыхэм къаритырт, гууз-лыуз иIэу, лъэпкъым и блэкIам игъэгузавэу ар къызэщIэзыкъуэжыфа щIалэ я къуажэ къызэрыдэкIам.
  • Анэдэлъхубзэм, хэкум, лъахэм ятеухуауэ пшыхьым усэ къыщеджащ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм щIэс ныбжьыщIэхэу: Юлдашевхэ Саёрэрэ Миленэрэ, Умархэ Аланрэ Астемыррэ, Хьэткъут Камилэ, Шэрий Дисанэ, ХьэтIэхъухэ Рэхьимрэ Имранрэ. ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ Абазэ Дианэ игъэзэщIащ езым и уэрэдхэр.
  • А махуэм къуажэр дахэу зэрызэхэплъам и мызакъуэу, къахуэщхьэпэн, щIэщыгъуэ ящыхъун куэд зэрызэхахар шэч къызытумыхьэжынщ.
  • Ди япэ ищахэм я сыным дыкIэлъыплъыну, кхъащхьэр зетхьэну дызэрикъалэным хуэдэу, тхыдэр хъумэныр, щIэныр, абы гулъытэ хуэщIыныр цIыхум гъащIэм щиIэ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ — аращ лъэхъэнэхэр зэпызыщIэр. Адэм и цIэм къуэр зэригъэлъапIэм хуэдэу, цIыху къэс щIыбагъ быдэу иIэщ лъэпкъ тхыдэр. Адыгэм и блэкIам щIыфэр щыдэтхытх напэкIуэцIхэр иIэми, ар лIыхъужьыгъэкIэ, цIыхугъэкIэ, хахуагъкIэ, псэ къэбзагъкIэ псыхьащи, а тхыдэм пызыщэнухэр абыхэм яхуэфэщэн щIэблэ хъуну дыщогугъ. А Iуэхум къыхуэщхьэпэнущ ДыщэкI Хъызыр и тхылъыр. Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIари, зытеухуа къуажэри ефIэкIуэну, блэкIам ефIэкI пщэдей яIэну ди гуапэщ.
  • Щомахуэ Залинэ.