ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Налшык   и  теплъэхэр

2019-10-05

  • Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Новый Нальчик» фIэщыгъэм щIэту томитI хъу тхылъ-сурэт альбомыр.

  • Илъэситхум щIигъукIэ елэжьащ зэщхьэгъусэхэр «Старый Нальчик», «Старый новый Нальчик», «Новый Нальчик» къыдэкIыгъуэхэм лъабжьэ яхуэхъуа «Любимый город» проектым. Къыхэгъэщыпхъэщ «Лучшие книги 2018 года» зэпеуэм абы япэ увыпIэр къызэрыщыхуагъэфэщар. КъыдэкIыгъуэхэм къызэщIаубыдэ 1950 гъэм щегъэжьауэ нобэм къэс.
  • Зэман зэмылIэужьыгъуэхэм траха сурэтхэм щынэIурытщ къалэм зэрызихъуэжар, зэрызиужьар, зэрефIэкIуар. Къэбэрдей-Балъкъэрым и нагъыщэ нэхъыщхьэу къалъытэ архитектурэ зэхъуэкIыныгъэр, проспектым иIа теплъэмрэ абы зэрызихъуэжамрэ. Правительствэм и Унэр, «Россия» хьэщIэщыр, «Восток» кинотеатрыр, Лъэпкъ библиотекэр, Пионерхэм я уардэунэр, нэгъуэщI куэди къыщыбгъуэтынущ абы. ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэр зэрырагъэфIэкIуар, Театр щхъуантIэр, МафIэ мыужьыхыр, «Сосрыкъуэ» шхапIэр зэрызэфIагъэувари гъэщIэгъуэну къыхощыж тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ.
  • Апхуэдэуи а тхылъым щыбгъуэтынущ къалэм и хьэблэ цIыкIухэр, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ-зыщагъэпсэху щIыпIэхэр къызэрызэIуахар, троллейбус япэу щрагъэжьар, нэ-гъуэщIхэри.
  • Налшык иужь зэманым, псом хуэмыдэу дызэрыт лIэщIыгъуэм, зэрызихъуэжар щынэIурытщ абы. Къалэм и теплъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэхэри гулъытэншэ ящIакъым. Апхуэдэщ «Навеки с Россией» фэеплъыр, Мемориальнэ аркэр, мэжджытыр, члисэр, къагъэщIэращIэжа Къэбэрдей уэрамыр.
  • Альбомхэм ит сурэтхэр Щоджэн Жаннэ трихащ. Мы лэжьыгъэм щыпэрыхьэм Котляровхэ Викторрэ Мариерэ къалэну зыхуагъэувыжат къалэм и теплъэр зэфIагъэувэжынуи, тхылъхэр къызэIузых дэтхэнэми абыхэм я мурадыр къазэрехъулIар ялъагъунущ.
  • Зи купщIэкIи теплъэкIи къызыхуэтыншэу, екIуу дунейм къытехьа а тхылъхэр, Налшык фIыуэ зылъагъухэм папщIэ уасэ зимыIэ тыгъэфIщ.
  • Тэрчокъуэ Дисэ.