ГъукIэлI Ислъам Урысейм и рекорд егъэув
2019-10-05
- Кърымым хыхьэ Алуштэ къалэм щекIуэкIащ зи лъакъуэм ныкъусаныгъэ иIэхэм щылъу штангэр къаIэтынымкIэ Урысей Федерацэм и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ.
- Зи хьэлъагъыр килограмм 97-м нэблагъэхэм я зэпеуэм дыщэ медалыр къыщихьащ Зеикъуэ щыщ ГъукIэлI Ислъам. Абы къиIэтащ килограмм 206-рэ зи хьэлъагъ штангэр икIи къэралым и рекордыр игъэуващ.
- Чемпионыр егъасэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
- ЖЫЛАСЭ Замир.