Сабиигъуэ хьэлъэ зиIа жьыщхьэ махуэ
2019-09-17
- Щоджэн Хьэмэдэрэ Мэрзей Нащхъуэ ипхъу Марьянрэ гъащIэм хуэнэхъуеиншэу, насыпыфIэу, лажьэу, гъащIэщIэм декIуу унагъуэ дахэ зэдаухуэри, быниплIи зэдагъуэтыжат.
- ГъащIэ щыхъукIэ, гугъуехь куэди абы ущрохьэлIэ. Апхуэдэу, Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм, зылI и быну заIэтри, Хэкур яхъумэну кIуащ ди къуажэгъу 246-рэ. 1942 гъэм Шэрэдж Ищхъэрэ щыщу зауэм ираджахэм яхэтащ Щоджэн Хьэмэдэрэ Шондыр Мышэрэ. ЩIалэхэр езыгъажьэхэм ящыщт Щоджэн Хьэмэдэ и щхьэгъусэ Марьян уэндэгъушхуэу. Шондыр Мышэ зыхэт щIалэхэм къахэкIуэтри, Марьян зыкъыхуигъэзащ:
- — Марьян, узыншэу узэIэпыкIрэ, а уи ныбэм илъыр щIалэ цIыкIуу къыщIэкIмэ, си цIэр фIэщ, — жиIэри.
- Зауэ угъурсызым зэныбжьэгъуитIри, Хьэмэди Мыши, 1942 гъэм хэкIуэдащ. А гъэ дыдэм Хьэмэдэ къигъэна быниплIым къахэхъуащ щIалэ дыгъэ, ныбэм илъу Мышэ зыфIащар. Иухатэкъым ар и адэм илъагъуну.
- Марьян щхьэкIуэ тхылъ къыхуэкIуащ, и щхьэгъусэ Щоджэн Хьэмэдэ ТIутI и къуэр 1942 гъэм зауэм зэрыхэкIуэдамкIэ хъыбар кърагъащIэу. Унагъуэри, лъэпкъри, гъунэгъухэри зэтепыхьащ, ягъеижащ Хьэмэдэ.
- А лъэхъэнэм апхуэдэ щхьэкIуэ тхылъ куэдым къахуэкIуэрт. Пощтзехьэр ялъагъуамэ, къуажэдэсхэр гузавэрт, сыт хуэдэ хъыбару пIэрэ къытхуихьыр жаIэрти.
- Марьян бынунагъуэшхуэу, зыщыгугъын имыIэу, фызабэу къэнащ бынитхур ипIын хуейуэ. Абы и бгыр щIикъузэщ, и Iэщхьэр дригъэджэрэзейри, фызабэ гъащIэ хьэлъэм еувэлIащ, и бын нэхъыжьхэр и дэIэпыкъуэгъуу.
- Зауэм ипэ лъэхъэнэм къуажэм щызэхэт колхозым гъавэ зыгъэкIхэм, Iэщым пэрытхэм хъерышхуэ кърахьэлIэу зэдэлажьат. Хэку зауэшхуэ къэхъеям Iэщэ зыIыгъыфыну цIыхухъухэр къанэ щымыIэу ираджат, трактору, машинэу, шыуэ яIам и нэхъыбэр къэрал унафэкIэ зауэм ирашэлIат. Колхозым и IэнатIэ псоми щекIуэкI лэжьыгъэ нэхъыбэр цIыхубз къарукIэт зэрызэфIагъэкIыр. Мис абыхэм пашэу яхэтащ Марьяни, балигъ ныкъуэхъуу къэжэпхъа и щIалэ нэхъыжь Хьэжмурати. Зи щхьэгъусэр зауэм хэкIуэда фызабэхэр адрейхэм зыкъыкIэрамыгъэхуу, щхьэх ямыщIэу, цIыхухъум хуэдэу фронтым телэжьащ. Я нэм нэху ялъагъуу зэи я унагъуэм екIуэлIэжакъым ахэр. А псом иужькIэ унагъуэ Iуэхури, быныр зыхуей хуэгъэзэнри къапэщылъу…
- ЗэрыжаIэщи, фызабэ гъащIэр узэмыхъуэпсэнт. Абыхэм я бынхэм ягъэикIэу цIэ лей къыфIащат «фызабэкъуэ», «фызабэпхъу».
- ЛэжьапщIэу зыри къызыпэмыкIуэ колхоз лэжьыгъэмкIэ Марьян и бы-ныр щыхуэмыпIым, лэжьыгъэм зыкъыдигъахуэурэ и бын нэхъыжь къэжэпхъахэр и дэIэпыкъуэгъуу, Iэпщэ къарукIэ ятIагъуэр, хукхъуэр, псыр зыхуагъэхъуурэ ятIэ чырбыш игъэжащ. Ар лэжьыгъэ хьэлъэт, ауэ щIэупщIэ зиIэт. Чырбышыр ищэурэ и бынхэр зыхуей хуигъэзащ, узыншэхэу, къарууфIэхэу ипIащ. Зи къэшэгъуэм къригъэшащ, зи ишэгъуэр иригъэшащ, унагъуэ щхьэхуэхэу псори игъэтIысыжащ, бынунэ дахэу.
- Марьян и бынхэм сабиигъуэ дахэ яIэну къахуихуакъым. Дэтхэнэ зауэм и щIэблэми хуэдэу, ахэр игъуэ нэмысу балигъыпIэ иуващ, я анэм сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуу. Ахэр ящыщащ шхыныр зыхуримыкъуу, щатIэгъэн ямыIэу къулейсызу къэпсэуахэм. Ибэр бэшэчщ, къэхъуащ ахэр яIэр зэрагъэзахуэу, мытхьэусыхэу я щхьэр ехьэхауэ лажьэу, щIакхъуэм, хьэлу Iыхьэм и уасэр ящIэу.
- Щхьэхуэу сыкъытеувыIэну сыхуейщ Хьэмэдэрэ Марьянрэ я бын нэхъыщIэ Мышэ и гъащIэ гъуэгуанэ мытыншым. НатIэм къритхэр лъэм и гъуэгу мэхъу жыхуиIэу, абы и сабиигъуэр сыт хуэдизу хьэлъэу щытами бэшэчу, Iэдэбу къэхъуат. МылIэр лIы мэхъу, Мышэ балигъ щыхъум Хэкум и пащхьэм щиIэ къалэныр игъэзэщIэ-ну 1961 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм армэм ираджащ. Яшащ Къэзахъста-ным щыIэ Тыркумэн дзэ округым, хэхуащ ухуакIуэ батальоным. Зи адэр зымылъэгъуа щIалэ зеиншэр лэжьыгъэкIэ псыхьат. Сыт хуэдэ Iуэхуми хуэшэрыуэу, IэкIуэлъакIуэу, и чэзум и къалэныр зэфIигъэкIыу, щапхъэу къагъэлъагъуэу къулыкъур кърихьэкIащ. КъаутIыпщыжащ 1964 гъэм и щIышылэ мазэм. Хуит къызэрыхъужу, щалъхуа къуажэм къэкIуэжащ къыпэплъэ анэ гумащIэ, анэ гу щабэ Марьян, и къуэш, и шыпхъухэм я деж. Мышэ хэпщIыкIыу зиужьат, билигъ Iэпкълъэпкъ хъуат, и фэм щызу. Къызэрысыжу, Нарткъалэ щыIэ шофёрхэр щагъэхьэзыр еджапIэм щIэтIысхьэри, и IэщIагъэм фIыуэ хищIыкIыу къиухащ 1965 гъэм. Къуажэм щызэхэт колхозым хьэлъэзешэ машинэ щыдагъэтIысхьащ, дагъуэншэуи илъэс куэдкIэ ирилэжьащ. А зэманым шофёрыр IэщIагъэу щыIэм ефIэкIырт урипсэуну.
- Мышэ бгъэдэлъ Iэзагъым, IэкIуэлъэкIуагъым фIыуэ щыгъуазэ къуажэ колхозым и унафэщI Иуан Хьэутий и машинэм дигъэтIысхьэри, гунэс щыхъуауэ, куэдрэ къришэкIащ.
- Зи къэшэгъуэ мо щIалэ къуданым 1965 гъэм БищIохэ япхъу Ленэ щхьэгъусэ ищIащ. И къуэш курытыр (Ца-цу) я анэм и гъусэу щалъхуа пщIан-тIэм къыдинэри, япэмыжыжьэу унагъащIэу къэтIысыжащ.
- Мышэрэ Ленэрэ насыпыфIэхэщ, зыхуей ягъуэту берычэт унагъуэу мэпсэу. «Щэ уэстын хьэмэрэ, щэ и уасэу, зы уэстын?», — жиIащ адыгэм. Апхуэдэу, унагъуэщIэм къахэхъуащ щэ и уасэ, Мадинэ зыфIаща хъыджэбз дахэкIейр. Абы къуажэ еджапIэр къызэриухыу, 1983 гъэм Дон Iус Ростов щыIэ Промышленность псынщIэм и технологическэ техникумым щIэтысхьащ. И IэщIагъэм хуэшэрыуэу къиухри, къигъэзэжащ.
- Мадинэ къуажэм щыщ щIалэ къылъыхъури, 1985 гъэм Гъубжокъуэ Аслъэнбий ишащ. Унагъуэ дахэщ, зэгурыIуэурэ-зэдэIуэжу мэпсэу. ЗэщхьэгъуситIым къащIэхъуащ бынищ: Маринэ, Абеслъэн, Ахьмэд сымэ. Я унагъуэм хабзэ илъщ, нэхъыжьхэм я пщIэр яIыгъщ, адыгагъэмрэ нэмысымрэ я бынхэр щIапIыкI. Я нэхъыжь Маринэ къуажэ еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухри Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьащ. IэщIагъэ зригъэгъуэта иужькIэ, КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и лабораторэм щылэжьащ. И зэманыр къыщысым Маринэ Iэхъуэбэчхэ яшащ. Иджы унагъуэ дахэу Нарткъалэ щопсэу, щIалитI яIэщ.
- Абеслъэн къуажэ еджапIэр къиуха иужькIэ дзэм елэжь дохутыр IэщIагъэм Пятигорск щыхуеджащ. И IэщIагъэмкIэ лажьэурэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну Пензэ къалэм дэт стоматологическэ университетым щIэтIысхьэжащ. Зэрыжыжьэм къыхэкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иIэ дохутыр къудамэм зыкъритыжри, щеджащ. ЩIэупщIэ иIэу, хущIыхьэгъуэ имыгъуэту щолажьэ Мэрзэхъу, Къэхъун къуажэхэм, Нарткъалэ, Налшык къалэхэм.
- Абеслъэн бгъэдэлъ цIыхугъэм, гъэсэныгъэм, и бзэ IэфIагъым, и IэщIагъэр фIыуэ зэрищIэм къыхэкIыу, цIыху куэд и IуэхущIапIэм къокIуалIэ.
- Аслъэнбийрэ Мадинэрэ я щIалэ нэхъыщIэ Ахьмэд къуажэ еджапIэр фIыуэ къиухащ. Къэралым и пащхьэм щиIэ къалэныр игъэзэщIэну дзэм ираджэри, щытхъу пылъу Москва пэмыжыжьэ Балашихэ къалэм щыIащ. Къызэрысыжу, Пятигорск таможнэм щыхурагъаджэ еджапIэр къиухащ. А къалэм дэт университетым и юридическэ къудамэм къыкIэлъыкIуэу щIэтIысхьащ, дызыхуэкIуэ илъэсым къиухынущ. Ахьмэд МВД-м и ГИБДД-м (ГАИ-м) щолажьэ. Зыдэлажьэхэр къыхуэарэзыуэ, гъэсауэ, дагъуэншэу и къулыкъур ирехьэкI. Ар и адэ-анэм ябгъэдэсщ, унагъуэ хъуну зэкIэ хунэсакъым.
- ЗэкъуэшитIрэ дзитI зыIутрэ щIыжаIар Абеслъэнрэ Ахьмэдрэ хуэ-дэщ. Зыхэтхэм гъэсэныгъэрэ цIыхугъэкIэ къахэщ псэуакIуэхэщ. Я щхьэр ехьэхауэ, ину мыпсалъэу я Iуэху Iыхьэр кърахьэлIэ. Нэрылъагъущ адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм бынхэм гъэсэныгъэрэ ущиерэ зэрыбгъэдалъхьар.
- Мышэрэ Ленэрэ зыщыгугъын дэIэпыкъуэгъушхуэ ямыIэу лъапсэ дахэ зытраухуащ. Я унагъуэр цIыху кIуапIэщ, гъунэгъуу яIэр я Iэпэгъущ. Мышэ и анэ Марьян езым и унагъуэм къишэжри, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей игъуэту, зыхуей хуэзэу и нэIэ тету зэдэпсэуащ дунейм ехыжыху.
- Щоджэн Мышэ удэуэршэру убгъэдэсыну псалъэгъу хьэлэмэтщ, куэдым хещIыкI, чэнджэщэгъу гъуэзэджэщ. И унагъуэми, лъэпкъми Тхьэм куэдрэ яхуигъэузыншэ! Абы и сабиигъуэр хьэлъами, и ныбжь щыхэкIуатэм иIуэтэжащ, жьыщхьэ махуэщ.
- Джэдгъэф Мухьэрбий,
- лэжьыгъэм и ветеран.
- Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэ