ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кавказыр  ирагъэцIыху

2019-09-14

  • ФокIадэм и 9-м щегъэжьауэ Болгарием щокIуэкI «Кавказ Ищхъэрэм и тхьэмахуэ зэхуаку» зыфIаща фестиваль-гъэлъэгъуэныгъэр.

  • УФ-мрэ а къэралымрэ къызэрагъэпэща турист-инвестицэ форумым и утыкур ягъэбжьыфIэ КИФЩI-м хыхьэ хэгъэгухэм я уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ансамблхэм хэтхэм. Мыбдежым бизнес-сессиехэр щокIуэкI, лъэпкъхэм ижькIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ IэпэIэсагъэм, IэпщIэлъапщIа-гъэм я нэщэнэ гъуэзэджэ-хэр щагъэлъагъуэ. КъищынэмыщIауэ, «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м хыхьэ «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм форумым къыщызэхуэсахэм хьэкъ ящищIынущ Бахъсэн и псыхъуащхьэхэмкIэ щыдиIэ щIыпIэ дахащэр гъэм и сыт хуэдэ зэманми турист кIуапIэу зэрыщытыр.
  • ДыгъафIэ ПсыIуфэ курортым щызэхаубла Iуэхум Варнэ, Несебр, Бургас къалэхэри къыхыхьащ. ХьэщIэхэм бысымхэр щыгъуазэ ящI Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ хэгъэгухэм къадекIуэкI щэнхабзэм, апхуэдэуи щIыналъэм инвестицэ къыхалъхьэнымкIэ ди зэфIэкIыр здынэсам.
  • «Мыпхуэдэ зэхыхьэхэр зэгъунэгъу лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэр гъэбыдэным теухуа къэрал политикэм и зы Iыхьэщ. Псори щыгъуазэщ тхыдэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр экономикэ зэдэлэжьэныгъэм и лъабжьэу зэрыщытми», — къыхигъэщхьэхукIащ УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Байсултанов Одес.
  • «Къэрал кIуэцI, къэрал щIыб туризмэм зегъэужьынырщ ди къалэн нэхъыщхьэр. А лъэныкъуэмкIэ щхьэпэщ щэнхабзэмрэ спортымрэ я IэнатIэхэри зэрызэпытщIэр. Дэ дыхьэзырщ къытхуеблагъэхэр ди бгы-лыжэ курортхэм, ди деж щызэрахьэ шхыныгъуэхэм, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ телъыджэм хэдгъэгъуэзэну, — жиIащ «Кавказыр зэгъэлъагъу» фондым и унафэщI Аристов Станислав.
  • Погребняк Ольгэ.