КъБР-м и еджагъэшхуэ ныбжьыщIэхэм ират УФ-м и Президентым и грантхэр къыIахыну хуитыныгъэ зэраIэмкIэ щыхьэт тхылъхэр
2019-08-15
- КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щаритащ УФ-м и Президентым и грантхэр къыIахыну хуитыныгъэ зэраIэмкIэ щыхьэт тхылъхэр.
- Федеральнэ зэпеуэм щытекIуахэм ящыщщ Атлъэсчыр Альберт, Уянаевэ Хьэлимэт, Гузиевэ Лейлэ, ЕхъулIэ Залинэ сымэ. Абыхэм я проектхэр теухуащ глобализацэм и лъэхъэнэм щIалэгъуалэм я плъапIэ нэхъыщхьэхэр убзыхуным, социально-экономикэ зыужьыныгъэм, щIэныгъэ школхэмрэ вузхэмрэ щызэтеувэ инновацэ кластерхэм я иджырей архитектурэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэм щылажьэ промышленнэ предприятэ инхэм я зэгухьэныгъэ къызэгъэпэщыным.
- «Иужьрей илъэсхэм къриубыдэу республикэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм мыпхуэдэ ехъулIэныгъэ иджы япэу къахьауэ аращ. Абы дэ хуабжьу дыщогуфIыкI. ФIыщIэ фхузощI жыджэрагъ зэрыфхэлъым, фызыхуежьа Iуэхур и кIэм нэвгъэсыну фызэрыхущIэкъум папщIэ. Фэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэм и статусыр къызэрыфIэтым къыщымынэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я статусми хывогъахъуэ», — жиIащ КIуэкIуэ К. В.
- УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александр и цIэкIэ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачев Александр Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрымрэ Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-рэ я щIэныгъэ лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIэныгъэм зегъэужьынымкIэ Iуэху нэхъыщхьэхэм, IэнатIэм и лэжьакIуэхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэрыратым, щIалэгъуалэм я зэфIэкIыр нэсу къагъэлъэгъуэфын папщIэ зыхуеину Iэмалхэр зэрызэтрагъэувэм.
- ЩIэныгъэм и лэжьакIуэхэм республикэм и унафэщIым хуаIуэтащ езыхэм ирагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэр зыхуэунэтIар икIи абыхэм зэпымыууэ зэрадэIэпыкъум папщIэ фIыщIэ хуащIащ. Къэпсэлъахэм къыхагъэщхьэхукIащ щIыналъэм и унафэщIхэм я гулъытэм абыхэм я лъэр зэрыщIигъэкIыр, социально-экономикэ къалэн нэхъыщхьэхэр дэгъэкIыным зэрытригъэгушхуэр.
- ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мовсисян Г. О., КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу I. М., Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м и ректор Алътуд Ю. Къ., Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Нэгъуей З. Б. сымэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.