ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мэуэтхэр

2019-08-15

  • Къаныкъуэ Анфисэ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр.
  • ПэщIэдзэр №№ 94, 96-хэм итщ).
  • Дыгъэ зыIэтыгъуэу пшэплъыр къыщызэкIэщIитхъым къуэкIыпIэмкIэ шы лъэ макъышхуэ къыщыIуащ. Къыпщыхъурт тенджызым щIыхъей къыщыхъуауэ, псы Iуфэр дэгызу. Адэмей и сэмэгурабгъумкIэ щеплъэкIым, къыгурыIуащ КIэбгъулъ щепсыха нэжьгъущIыдзэр къызэрысар. Дыгъэм плъыжьу ириIа уафэ джабэмкIэ къеха жьыхъарзу* къызэрыхьырт нэрыбгей зэщIэузэдахэр. Дэрдэней зауэлIхэр я пIэм ижыхьауэ, захуэгъэхъеижыртэкъым, я Iэ къэблэгъа тхьэIухудхэм къызэрыхуаIэтынур я щхьэ яхуимыгъэзагъэу. Алыджыкъуэхэм зыкъащIэжу, шабзэхэмрэ джатэхэмкIэ пхъуэхукIэ, гъущI шхуэпэбг зыжьэхэлъ шы лъэдий псыгъуэ лъэпкъыфIхэр къахэлъадэри, дэрдэнеидзэм и япэ IущIэр шыбгъэгукIэ ирахащ нэрыбгейхэм. КIэбгъулъ мэзым къызэрыщIэха нэжьгъущIыдзэм къыхалъхьа хьэлэчым къелар мащIэщ…

  • Шы бгъэгур зылъэмыIэсахэм я пщэр зэщIэгъэхуарэ лъыкъуалэр яутхыу, я Iэ-я лъэхэр япымытыжу, я щхьэкъупщхьэхэр «нэхущ вагъуэм»* иущыкъуеярэ я ныбэр зэгуэпхъауэ… Iуплъэгъуейт нэрыбгейхэм къызэранэкIа зауэ губгъуэм.
  • Дэрдэнейхэм зыкъащIэжу, нэрыбгейхэм псыхъуэм щызэтралъхьа хьэдэ къомыр Iуахыжыху зэчэнджэщыну, унафэ ящIыну зэхыхьащ мэуэтыдзэм и унафэщIхэр.
  • — Афэрым! Хъарзынэу дыпежьащ биидзэм, — зэхэуэм и япэ махуэм къигъэлъэгъуамкIэ арэзыуэ и щхьэр ищIащ гуащэм. — Иджы къухьэпIэмкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къэсыху зыдмыIыгъыу хъунукъым!
  • — Дэтхэнэ зыми ди гъащIэр хэкум щхьэузыхь хуэтщIынущ, гуащэ. Дзэпщ лъэщкIэ Тэтэртуп* къытхуэупсащ. Ауэ дыхуэныкъуэщ мэуэтыдзэм япэ иту, тригъэгушхуэу зауэм зышэн гъуазэ. Дэнэ щыIэ Тыуар?! Ди пщыр зэрыбзэхам къищынэмыщIа, и хъыбар зыри тщIэркъым. Апхуэдэу хъунукъым! — пэшым и кIэмкIэ зыгуэр къыщыпсэлъащ.
  • — Пэжщ, пэжщ. Дэнэ щыIэ ди пщыр? ЛIами псэуми дыщыгъуазэкъым, лъэпкъыр дыкъызэхинэу зыщIигъэбзэхам и щхьэусыгъуэри тщIэркъым. Ди пщыр къызэрытхэмытыжыр дэрдэнейхэм къащIэмэ, къыттегушхуэнущ нэхъри. КъищынэмыщIауэ, дяпэкIэ къэсын хуейуэ дызыпэплъэ ди лъэпкъэгъухэм ар къащIэмэ, лIо къытхужаIэнур? Щындхэм заубгъуну щIохъуэпсри, я унафэм дыщIагъэувэну яужь ихьэнущ, дэ унафэщI къызэрытхэмытыжыр къагъэсэбэпу. Уеблэмэ зэгурыIуэныгъэ къуащIылIэну яужь ихьэнущ: е фыкъыдгуохьэри, дывдоIэпыкъу, е дыфхэмыIэбэу дэрдэнейхэм фахьэху жаIэу, — пищащ нэгъуэщI зыгуэрми.
  • — Тыуар и хъыбар ищIэу жиIэри, Удынэ къыпхуэкIуащ дыгъуасэ, Уэрыш и къуэр щIыгъуу. ЩIалэм зигъэбзэхами, мес плъыртетыр, девгъэупщI абы, — нэжьгъущIыдзэм и уэртету хаха Удынэрэ абы и дэIэпыкъуэгъу Жанрэ дежкIэ еплъэкIащ зылI.
  • Е ухуэмеймэ, фIы умыщIэ жыхуаIэракъэ… Сыт хащIыкIрэт абдеж щIэтхэм Удынэрэ Алэдамэрэ лъэпкъым хуалэжьам, мэуэтыпщыр ажал фIыцIэм къызэрыIэщIатхъам. Арами, дзыхь къыхуамыщIу Iэпэ къыхуаший. Удынэ апхуэдизкIэ къызэщIэнати, зэ уэгъуэкIэ хуфIэхынут апхуэдэу къещам и щхьэр. Ауэ, и Iуэху зытетыр ищIэжырти, зэгуэр къывгурыIуэнщ псори жыхуиIэу, хуэму и щхьэр игъэсыса мыхъумэ, зы псалъи къыфIигъэкIакъым.
  • — Хуит сыкъэщIи, и бзэгур къизгъэгъэж мо адакъэм! — щэху дыдэу мэхъуцацэ Жан, и ныбжьэгъу лъагэм зыхудришейуэрэ.
  • — Абы и ажалри зыщIыпIэ щыхэлъщ, и гугъу умыщI. Зыгуэр къыджьэдашынуращи — дыбзагуэщ! Хэкум епцIыжауэ бзэгузехьэ дапщэ мы пэшым щIэтми дыщыгъуазэкъым, — пидзыжащ абы Удынэ, зыкъригъэзыхри.
  • Абдеж уэртетхэр къызэщIэващ, щхьэж и Iуэху еплъыкIэр псоми ящIэн хуейуэ къащыхъужу.
  • — Пэжщ жаIэр! Мыбдеж дыщIэмыкIыу, иджыпсту хэдвгъэх пщыр. Хэт илъэгъуа лъэпкъым гъуазэ имыIэу? Зы унафэ дыщIэмыту дауэ? Ди пщыр лIауэ тщIатэмэ, хабзэм тету, дыхуэщыгъуэху и пIэр нэщIынт. Хъыбар щыIэххэкъыми, гъуазэр иджыпсту хэтхыным емыкIу пылъкъым, — нэхъри къызэщIэплъэрт цIыхухэр.
  • — Хуэму! — и макъым зригъэIэтащ Адэмей, и шыпхъум жиIэну зыхуейр жрамыгъэIэу псалъэмакъым зыщиужьым.
  • — Япэрауэ, Тыуар псэущ, здэщыIэри сощIэ. Абы шэч къытевмыхьэ. Псатхьэм къытхуищIэмэ, мыгувэу къытхыхьэжынущ узыншэу. ЕтIуанэрауэ, къумал къытхэтщ, ари быдэу сощIэ, — зыкъиIэтри, и пащхьэ ит зауэлIхэм ябгъэдэкIуэтащ НэтIасэ.
  • Гуащэм и нэщхъыр зэхэлъу уэртетхэм яхэплъащ, и псалъэр зэпигъэури. Дэтхэнэми и кIуэцIыкIыщIэм иплъэу, щхьэж и гум илъыр къищIэну хуейм ещхьт. ЗэпIэзэрыту яцIыхуа гуащэм зыкъызэкъуихауэ, зилъ зыщIэжыну пIэцIеижым хуэдэт.
  • — Ар дауэ хъунт, гуащэ, дэ къумал къытхэту? Хэкум, лъэпкъым, пщым епцIыжыну хэт тегушхуэн? — я фIэщ ящIыну хуейтэкъым уэртетхэм.
  • — КъыдэпцIыжащ-тIэ. Тыуар яукIынуи иужь итащ. Ауэ къехъулIакъым! Аращ къыщIэтыр, фщIэн папщIэ. Апхуэдэ телъыджэлажьэ хэт илэгъуа?! Апхуэдэ напэтех хэт зэхиха?! — нэхъри и макъым зригъэIэтащ НэтIасэ. — Дзыхь зыхуэпщIу уи гур зыхузэIупххэращ къыпкIуэцIыпыджэжри. Дэнэ щыIэ Нэжан? Нэжан!
  • Пэшыр къигъэпсалъэу джащ гуащэр.
  • — СынодаIуэ, гуащэ! — уэртетхэм къахэувыкIри, щхьэщэ ищIащ къумалу зытраушыуэм.
  • — Хэт урикъуэ, Нэжан? — зи щхьэ ехьэхауэ щыт щхьэц хъурыфэм хуеплъэкIащ гуащэр.
  • — Сэ зеиншэу сыкъэхъуащ, гуащэ. Си адэ-анэр сцIыхужыркъым.
  • — Укъыщалъхуар дэнэ щIыпIэ? — зегъэпхъашэ НэтIасэ.
  • — Тэрэуэтхэм сащыщщ…
  • — Дыгъуасэрэ ныжэбэрэ къриубыдэу дэрдэней дапщэ букIагъэн? — хуэму бакъуэурэ Нэжан бгъэдэкIуэтэпащ гуащэр.
  • Пэшым щIэтхэр зэхъуцацэрт, зэплъыжырт. Абыхэм къагурыIуэртэкъым дзэзешэм и дэIэпыкъуэгъум НэтIасэ апхуэдэ упщIэхэр щIритыр, и щIыхьыр хиутэну яужь щIитыр. Къэхъур къызыгурыIуэр Удынэрэ Жанрэти, къумалым къилэжьа тезырыр щытралъхьэнур къахуэмыгъэсу кIэлъыплъырт къекIуэкIым.
  • Дзыхь хуамыщIын хуэдэу зэи зы щыуагъэ IэщIэкIатэкъым Нэжан. Адэмеи ищIэртэкъым и шыпхъум и щхьэм илъымрэ Iуэхур зыхуэкIуэмрэ, ауэ гуащэм пэрыуэу и щIыхьыр ириудых хъунутэкъыми, и щхьэр игъэкIэрэхъуа мыхъумэ, зы псалъэ къыфIигъэкIакъым.
  • — Ар сыткIэ сщIэн, гуащэ?! Сыбжакъым…
  • — Сэ бжесIэнщ биидзэм щыщу зауэлI дапщэ хэбукIыкIами! — Нэжан жиIэнур нримыгъэгъэсу къызэпиудащ ар гуащэм. — Зы закъуэми утехуакъым. Ауэ утехуащ нэхъыщхьэ дыдэм… Ди пщым!
  • НэтIасэ зытепсэлъыхьыр къагурымыIуэу, жиIар ягъэщIагъуэу зэплъыжащ уэртетхэр.
  • — Пэжщ! Пэжщ, мэуэтхэ! Дэрдэнеипщым тIасхъэщIэх къытхиутIыпщхьащ, гу лъыдмытэу. Нобэрей ныжэбэрей Iуэхукъым ар, къызэрызгурыIуэмкIэ. Илъэс бжыгъэ хъуауэ къытхэсщ. Хэт ищIэрэ Нэжан имызакъуэми! Дауи, зыми и щхьэр хуэкIуэнутэкъым, «сабий зеиншэ тхьэмыщкIэр» алыджыкъуэу. Илъэс дапщэ хъуа Ахей и бзэгузехьэу укъызэрытхэтрэ? ЖыIэ! — щэхуу, хэкъузауэ щIэупщIащ гуащэр, Нэжан и нэ фIыцIитIым щIэплъэу.
  • Нэжан и Iупэ пIащIэр зэтрикъузащ, и пэ псыгъуэр зэIыкIащ, зэрыгубжьам и щыхьэту.
  • — СыткIэ къэзлэжьа мы къызупэсыр, гуащэ? Мэуэтейм сепцIыжауэ сыт гурыщхъуэ уэзыгъэщIар? Хэт апхуэдэпцI уигу къэзыгъэкIар? — кърапэсар и гум ежэлIаифэ зытригъауэри, и нэIур зэхэзэрыхьащ Нэжан.
  • Абы и щхьэр игъэкIэрэхъуащ, зэхихыр игъэщIагъуэ, и фIэщ ищIыну хуэмей хуэдэ.
  • — ФIы дыдэу зэхуэбгъэхъуат псори: ди пщым и кIуэдыгъуэмрэ дэрдэнейхэм я къыттеуэгъуэмрэ зэтехуэу. ЗауэлI нэхъыфI дыдэхэр зэщIэпкъуэу, пщым и лъыхъуакIуэ фыкIуэ хуэдэурэ, мэзым кIуэцIрыпшыну ухуея хъунщ, ара?! Абдежи зы гуп къыщывэжьэ хъунт, ди дзэзешэр япэ иту, къызэтраукIэну. Абы хэту биидзэр къыттеуэнти, ди лъэр щIэхуат… Арыххэу мы псыхъуэжьым дытефлъэсыкIыну фи гугъауэ къыщIэкIынщ. Аракъэ? — и пащхьэ итыр зэрыфIэгущыкIыгъуэр игъэлъагъуэу, гуащэм и Iупэ кIапэхэр иришэхащ.
  • — НэтIасэ! — псалъэмакъым къыдэуащ Адэмей. — ЦIыхур бгъэкъуаншэ хъунукъым, щыхьэттехъуэ уимыIэу.
  • — Адэмей, къэщIэжыт щакIуэ фыщыдэкIа махуэр… ЦIыхуищ фIэкIа фымыхъуу фежьащ. Щхьэ хъумакIуэ фимыгъусарэ, псом япэрауэ?! Сыт «лъэужьыншэу» пщыр щIэкIуэдар? Дэнэ щыбзэхынкIэ хъунур Мэуэтейм и пщыр, зы шынагъуэ гуэр къыщымыщIамэ? Ар уи нэгу къыпхущIэгъэхьэ-рэ, пщыр бгъэкIуэдыну зеппщытыну? Хэкум зы цIыху искъым апхуэдэ напэншагъэм тегушхуэну. Пэжщ, нарт лъэпкъхэр дыщызэныкъуэкъу, дыщызэгурымыIуэ къэхъуми, лIыгъэ тхэлъщ. Нартым и нэгу къыпхуэгъэзауэ къыппэувынурэ и лIыгъэр здынэсыр къигъэлъэгъуэнущ, уи лIыгъэри игъэунэхунущ, напэтехыу уи щIыб сэ къихакIэ къыдэмыувэу, — къыщитхъащ НэтIасэ.
  • — Пэж ар? — пелуаныр бгъэдэкIуэтащ щхьэц хъурыфэм.
  • Адэмей апхуэдизкIэ къызэкIуэкIати, Iэ пцIанэкIэ зэфIитхъыфынут дзыхь хуищIу къыбгъурыта, ныбжьэгъуу ибжа щIалэр.
  • — Лъэпкъым хиута лIыр фызым еIэтыжри, фызым хиута лIыр лъэпкъ псоми хуэIэтыжынукъым жаIэ… Зэи схуэмыгъэкъэбзэжыну си напэр тепхащ, гуащэ! Сэ сызауэлIщ, сынартщ, си лъахэм сыхуэпэжу нобэм сыкъэсащ, — и щхьэр лъагэу иIэтри, гъэхуауэ жиIащ Нэжан.
  • — ПцIыщ! Зэрыщыту пцIыщ. Дыгъуасэ лъандэрэ цIыху ныпкIэлъызогъэплъ. Зы дэрдэней утехуакъым сыт хуэдиз шабзэшэ умыутIыпщами, — гуащэр кIуэри, щэныфIэу итIысхьэжащ дэшхуей шэнтIым.
  • Нэжан къамыумысыпами, гуащэм и иужьрей псалъэхэм пидзыжын жэуап зэримыIэм куэд къиIуатэрт.
  • — ЩIалэхэ! Хьэпсым ивдзэ мыр! — бжэм деж щыт хъумакIуэхэм захуигъазэу, и макъым къызэрихькIэ джащ Адэмей.
  • Нэжан зы псалъэ къыфIигъэкIакъым, и напIи хуэдакъым. Пэшым щIэтхэри щымт.
  • — Ахей къыхуигъэува къалэн нэхъыщхьэр имыгъэзэщIами, Тыуар зэрыпсэур Iэригъэхьэну хэтынущ, нимыгъэсыжакIэмэ. Зыми тщIэркъым абы гъусэ дапщэ иIэми, сыт хуэдэ къулыкъу зэрахьэу къытхэтми. КъищынэмыщIауэ, пщым и хэщIапIэр къатIэщIыну иужь ихьэнущ ахэр, — и шыпхъу-гуащэм хуеплъэкIащ Адэмей, губжьарэ, и пэм гъуэзыр кърихуу.
  • — БзаджащIэр хуит къытхуэщI закъуэ, Адэмей! Дэрдэнеипщым деж нихьэсари, дапщэ хъуми, я гум илъри къэдумысынщ, — алъандэрэ щыму псалъэмакъым кIэлъыплъа уэртетхэм ящыщ зы къэпсэлъащ.
  • — Зыри фыбгъэдыхьэнукъым! Сэ зесхуэнщ абы и Iуэху. ТIэкIу зывгъэпсэху, фи бын я щхьэфэ Iэ дэфлъи вгъэпщкIу, IэфIу фышхэ… Зыми ищIэркъым Псатхьэм гущIэгъу къытхуищIынрэ ди адэжьхэм я пащхьэ икIэщIыпIэкIэ дихьэжынрэ. ФыкIуэ, — нэщхъей-нэщхъейуэ жиIащ Адэмей.
  • НэтIасэ нэкIэ иригъэлъэгъуащ Удынэ зиIэжьэну.
  • Пэшым щIэтахэр щIэкIыжу, зэдэлъхузэшыпхъумрэ нэрыбгеймрэ къызэхуэнэжа нэужь, упщIэ хэлъу Адэмей НэтIасэ хуеплъэкIащ.
  • — Удынэ дзыхь хуэпщI хъунущ, Адэмей, — дэлъхум жиIэну зыхуейр къыгурыIуащ НэтIасэ.
  • — Дауэ къэпщIа Нэжан зэрыкъумалыр? — и шыпхъум зыхуигъэзащ дзэзешэм.
  • — Къытхэтщ цIыху, дэ нэхърэ куэдкIэ нэхъ губзыгъэу, куэдым гу лъитэу, — зытригъэужу ину хэщэтыкIащ гуащэр.
  • — Хэт зи гугъу пщIыр?
  • — Уэрыш Хахуэ и къуэр хуэфэщэну къыщIэкIащ, си дэлъху закъуэ! Ди пщыр ажалым къыIэщIэзыхар аращ. Алэдамэщ. Абырэ Удынэрэ дзыхь яхуэсщIащ ди пщыр, ягъэпщкIуащ. Тыуар хьэлъэу жаIэ, — губжьымрэ шынэмрэ зэхэзэрыхьыжри, гуащэм и нэпсыр къыфIытелъэдащ.
  • — Сыт и лажьэр? — дзэзешэр нэрыбгейм хуеплъэкIащ.
  • — Зыгуэр сэкIэ епыджри, щыхупIэм иридзыхыжащ, кхъуэпIащэм и гъуэм техуэу. Пщыр хьэкIэкхъуэкIэм и хьэдзитIым фIэлъу кърихьэкIыу Алэдамэ ирихьэлIэри, къыIэщIихащ. ЛIы «мыцIыхур» и унэ ихьщ, и уIэгъэхэр зыхуей хуигъазэри, къупщхьэ къутахэр зэпигъэувэжарэ, чэтхъапIэхэр зэгуидэжауэ срихьэлIащ пщэдджыжьыпэм, — къеIуэтэж нэрыбгейм.
  • — Алэдамэ езым дзыхь хуэпщI хъуну? — иджы псори тIасхъэщIэхыу къыщыхъурт Адэмей.
  • — ЩIалэр къекIуэлIэжа нэужь, си цIыхугъэ гуэрхэм сыщIэупщIати, къызэрыщIэкIымкIэ, Алэдамэ хьэтыпщым и блыгущIэту, и хъумакIуэ нэхъыщхьэу щытащ. Дэрдэнейхэр Хьэт къэралыгъуэм зауэ IуэхукIэ и дамэгъуми, Алэдамэ зыри хищIыкIакъым ахэр дэ къызэрыттеуэм. Ар къызэрекIуэлIэжрэ, нэрыбгей зыбжанэ езгъэувэлIауэ, зэпымычу кIэлъызогъэплъ. Гурыщхъуэ дэзыгъэщIын зы Iуэхугъуи дэслъэгъуакъым блэкIа зэманым къриубыдэу, — жи нэрыбгейм.
  • — Нэжани хуэтщIатэкъым гурыщхъуэ, — дзыхьмыщI-дзыхьмыщIу жиIэщ Адэмеи, и шыпхъум хуеплъэкIащ. — Дэнэ щыIэ Тыуар иджыпсту?
  • — Сэр дыдэм сщIэркъым ар, Адэмей. Ущыгъуазэщ, бийр къыткIэлъоплъ, мывэ блыныжьхэри мэдаIуэ, къызэрыщIэкIымкIэ. Зыри къызгурымыIуэжу си щхьэр хэзэрыхьыжащ! — и щхьэр егъэкIэрахъуэ гуащэм.
  • — Си гъащIэм цIыхугъэншэ куэд слъэгъуащ сэ… Ауэ Нэжан апхуэдэу къытхущIидзыжыну си пщIыхь къыхэхуэртэкъым. Къуэшу сыбжащ ар, НэтIасэ! Къуэшу! Иджы еплъ… — и дзэр щкъыщкъыу зэригъэшхащ Адэмей. — Удынэ, нэжьгъущIыдзэр Жан къыхуэгъани, Уэрыш и къуэр къысхуешэлIэж. ИкIэщIыпIэкIэ. Гуащэм дзыхь хуищIрэ, зэрыжыфIэм хуэдэу хахуэмэ, дгъэунэхунщ. Нэхъри, дэрдэнейхэр дэ нэхърэ нэхъыфIу ицIыху хъунщ абы, я тIасхъапIэм гу лъыдигъэтэнщ. Пщыжьым хуэдэу зауэлI Iэзэу къыщIэкIмэ, дыхуеинущ абы.
  • — СынодаIуэ! — жиIэри, пщащэм зигъэбзэхыжащ.
  • — КъыпхужьэдэшыххэнуIамэ, Нэжан и жьэр къэтIэщI. Зыми ищIэркъым абы Ахей деж нихьэса псори. Ди тIасхъапIэхэм щыгъуазэмэ… Сегупсысыну сыхуейкъым! — щIэкIыпIэмкIэ зыунэтIа и дэлъхум хуеплъэкIащ НэтIасэ.
  • * * *
  • ПСЫХЪУЭМ дэта дэрдэнейхэр изыха нэжьгъущIыдзэр къыздыкъуэхуари зэрызагъэбзэхыжари къагурымыIуэу заплъыхьырт хым тет алыджыдзэм. А псори зи нэгу щIэкIа, зи дзэпэм щыщ къыхэмынэжа дэрдэнеипщыр губжьауэ гъуахъуэрт, къикIукI-никIукIыу, мэуэтхэм жьэгукъутэр яхилъхьэну тхьэ иIуэу.
  • — Мы зинэкIэ къалъхуа хьэ цыплъ гупыр къыздикIар дэнэ? — мэгуо Ахей.
  • Жьыгъэр къытекIуарэ, шагъырым игъэбэгыжауэ лIы Iув гущыкIыгъуэ хъуа дэрдэнеипщыр зэгуэр дзэпщ уардэу, Iэпщэрыбанэ Iэзэу, Хьэт къэралыгъуэм щыцIэрыIуэ зауэлI хахуэу щытауэ пщIэжынтэкъым. Илъэс щэщIым нэблэгъауэ зэрихьэрт абы и къулыкъур. А илъэс щэщIым икIыхьагъкIи зы хъуэпсапIэ нэхущ и гум щигъэфIар — Iузэв и къуэкIыпIэ Iуфэм къэралыгъуэ щиухуэну хуейт ар.
  • Ахей и бгъэгум къэсат тхъугъэм ищта жьакIэ Iувыр. Ар ириухуэнэхырт пщыжьым, зекIуэ щыкIуэкIэ. ТекIуэныгъэр игъэлъапIэу, фадэ гуащIэхэр и кIуэцIым имыхуэж хъуху ефэрти, мыкIуэжыр и нэкIум ирикIэрт, жьакIэпэмкIэ къыпыткIужу. Дэрдэнеипщым и щIалэгъуэм хъурыфэ пыIэм хуэдэу щхьэц баринэ фIыцIэ тетащ. Пэ псыгъуэ захуэр зауэ-банэм щыхутракъутарэ къыдэшауэ, кумб цIыкIу зиIэ жьэпкъыпэ зэщIэкъуауэ щытам жьэгъу къыщIэгъуэлъхьарэ, ар жьакIэкIэ игъэпщкIу и гугъэжу… ПIащIэ хъуа щхьэц тхъуар, дыжьын толъкъуну и пщэдыкъым дэлъщ, и натIэцыр жьэдэбзыкIауэ икIащи, бзаджэнаджафэ къытрегъауэ. Тхъугъэ мащIэ хидзащ жьынду напщIэм хуэдэу тепIиикI набдзэ Iувми. КъызэрыпцIыхужынур и напIэпщ къелIыхам къыщIэплъ и нэ фIыцIэ къилыдыкIхэмкIэщ.
  • Ахей щIэх-щIэхыурэ дэщI хуащIын хуей мэхъу, ефэ-ешхэ зэпымыухэм ныбэкъ зэрищIам, ари къызэтемыувыIэжу зэрыхэхъуэм къыхэкIыу. Гъатхэм щыгъа афэ джанэр бжьыхьэм хуэмыхъужмэ, абы иригубжьрэ къыIэрыхьэр зэтрикъутэу лIыжь хьэлыншэщ ар. Пщыжьым и гум ирилъхьат мы зи чэзу зекIуэм Мэуэтейр къизэуну, хузэфIэмыкIмэ, псэууэ Алыджым имыгъэзэжыну. Ауэ щыхъукIэ зэгурыIуэныгъэ лъыхъуэу къежьатэкъыми, икIуэтынутэкъым. Апхуэдизрэ и гум щигъэфIа хъуэпсапIэр къемыхъулIэурэ Ахей и гъащIэ гъунэм нэблэгъащи, а зыращ мыхьэнэ зыхилъэгъуэжыр. БлэкIар — зэрыщыту Iубахъэу бзэхыжащ.
  • — Еней! Плъэгъуа? Мэуэтхэр фыз кIэкъуащIэм къыкъуоплъ… Аращ къызыхуэнэжари, нэжьгъущIыдзэр япэ кърагъэувэ, езыхэр быдапIэм къыдэкIыну мэшынэ! Уахьа-хьа-хьа! — дыжьын фалъэм къина шагъыр плъыжьыр жьэдикIэри, гущыкIыгъуэу дыхьэшхащ Ахей. — А куэпэч гупым пашэу яхэта щхьэплъыр си пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэу къимытIысхьэмэ, сэ сы-Ахейкъым! Зэхэпха, Еней?! Ар уи пщэ дызолъхьэ, си щIалэ! Мы зекIуэм зэхигъэкIынщ си пщыгъуэр пхуэфащэрэ пхуэмыфащэрэ. Дэни къих, нэрыбгейхэм я пашэр къысхуэшэ. СыкъыумыгъэщIэхъу! НэжьгъущIыдзэр зэтеткъутэмэ, мэуэтхэм я лъэр щIэхунущ. Арэс* и цIэкIэ тхьэ соIуэ, армырам абыхэм я тIасхъапIэр.
  • Ахей губжьауэ хыфIихуа дыжьын фалъэр щIым техуэщ, зууэ лъеижри, Iэнэ лъабжьэм щIэджэрэзэжащ.
  • — ЗэрыжыпIэщ, ди адэ. ЩIы фIыцIэм къыщIэсха пщIондэ, къыпхуесшэлIэнщ ар. Зы лъэныкъуэкIэ къыщыкъуэкIри, нэгъуэщIыпIэкIэ щыбзэхыжащ нэжьгъущIыдзэр. Ди тIасхъэщIэххэм къызэрытIэрагъэхьамкIэ, быдапIэм зы дыхьэпIэкъым иIэр. Си гугъэкъым адреитIыр мыпхуэдэу яхъумэу. Мэуэтхэм я къарур зэрыщыткIэ дыхьэпIэ нэхъыщхьэм къыщызэхагъэуващи, адрейхэм теплъэкъукIауэ къыщIэкIынущ. Нобэ зытIэтынкъым, зыдгъэпсэхунщ. Жэщ хъумэ, ипщэкIи ищхъэрэкIи уэр зырыз сутIыпщынщ, нэхумыщым дыхьэпIэ нэхъыщхьэм дебгъэрыкIуэнщи, дубыдынщ быдапIэр, зиусхьэн. Нэхъыбэ дыдэу яхуэщIэнур къуакIэбгыкIэм ихьэжынуращ е мэзым щIыхьэнурэ адрей нарт лъэпкъхэр къэсыху заIыгъыну яужь итынуращи, къедгъэхъулIэнкъым — деужьэрэкIрэ, Тыуар щагъэпщкIуар къатщIэмэ, текIуэныгъэр уи Iэрылъхьэщ. Я пщыр ямыIэжмэ, щIыналъэр уэ пхьэхуамэ, я щхьэр пхуагъэщхъынущ мэуэтхэм, — жиIащ Еней, Ахей и къуэм, мэуэт быдапIэмкIэ плъэурэ.
  • Ахей и къуэ закъуэм — дэрдэней дзэзешэм — гу лъимытэ хуэдэт и адэм. Пщыжьыр зэи арэзытэкъым и къуэм илэжь IуэхухэмкIэ. Ахей щIэхъуэпсырт, и къуэр зытет гъуэгум лъыпцIа лъагъуэ къызэринэкIыурэ ирикIуа пщIондэ, Еней и цIэр дунеижьым щигъэIуну, абы ирипагэу, и щхьэр ириIэту дзэпщ залым къыхищIыкIыну. Дэрдэнеипщыр хуэпхъашэт и къуэм, хуэгущIыIэт, хуилъырейт, уеблэмэ нэмыплъ хуищI хуэдэт. Ахей фIэмащIэт дзэпщым къыкъуэкIа лIыгъэр, хахуагъэр, хъыжьагъэр, ткIиягъыр. Ар щIэхъуэпсырт и щIэблэр езым хуэдэу хьэщхьэрыIуэу, джатэдэпщу къыщIэувэжыну. Дэрдэнеидзэм и пэIущIэм хьэбэсабэр къызэрыхрагъэхари зи къуаншагъэу къилъытэр и къуэ-дзэзешэрат.
  • Ахей къытехьауэ, къыIэрыхьэр зэрыщыту зэтрикъутэрт. Еней есэжат и пщы-адэм и щытыкIэми, гу лъимытэ хуэдэт ар къызэрехъурджауэм. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт мэуэтхэм нэхърэ дэрдэнейхэр куэдкIэ нэхъыбэми, я гурылъхэр тыншу къазэремыхъулIэнур. Нэрыбгейхэм ирахащ дэрдэнеидзэм и пэIущIэр… Зыуи къащымыхъуу! Я къару къызэрихькIэ зауэмэ, сыт ялъэкIынур, жьыбгъэм хуэдэу къызэрыкъуэхыу, гъуэбжэгъуэщу бзэхыжа бзылъхугъэхэм! Ари, нэгъуэщI Iэджи зэхуигъэхъуу, и нэ къаритIыр мэуэт быдапIэм тедияуэ щытт Еней зауэлI хахуэр.
  • ЗэпIэзэрыту, гупсысэ куу хэлъу зыкъэзыгъэлъэгъуа Еней гуащIафIэм дзэзешэ къулыкъур и пщэ къызэрыдалъхьэрэ куэд щIатэкъым. И адэр къыщIэнакIэми, къыхуэмыарэзыуэ зилыгъуэжми, щIалэщIэм зекIуэ кIуэныр и щыпэтэкъым. Абы хузэфIэкIынур адэм имыгъэунэхуауэ щыттэкъым, ипэжыпIэкIэ куэдкIэ щыгугът. И гугъапIэхэр къимыгъэпэжынкIэ, и хъуэпсапIэр къемыхъулIэнкIэ шынэрти арат Ахей зыщIилыгъуэжыр.
  • Лъахъстэн Iув кхъуэщыныфэм къыхэщIыкIа вакъэ лъащхьэ кIэщIыр лъэпс псыгъуэкIэ лъэнкIапIэм епхэкIат. ДэщI IэкIуэлъакIуэр Iэпкълъэпкъ пцIанэ къэпщIэнтIам хуиту щыгърэ, шхужьыр лъахъстэн джанэкIэм щIихъумэу щытт дэрдэней дзэзешэр щыму. Абы и Iэпкълъэпкъ уардэм щыщу зы налъэ мычэму текIуэныгъэм щIэхъуэпсырт. Уеблэмэ езы Ахей нэхърэ нэхъыбэжу щIэхъуэпсу къыщIэкIынт. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, итIанэ и адэм гу къылъитэнкIэ хъунт, щытхъу псалъэ къыжриIэнт, и къуэ закъуэм лIы нэс къызэрыхэкIам ирипагэу, гуапэу зэ къыIуплъэнт. ЕщIэ и адэм и гурылъ нэхъ IэфI дыдэр къехъулIэным зымащIэ тIэкIукIэ хэлIыфIыхьмэ, абы и цIэр зэриIэтынур, цIэрыIуэ зэрырихъунур. ХъуэпсапIэ IэфIхэр нахуапIэ хъуауэ и нэгу къыщIигъэхьэри, дзэпщым и тыкъыныр* зэригъакIуэу Iупс ирикъухащ.
  • Еней и гъущI тажым щхьэрыт бжыкI кIапэм пылъ шы соку Iэрамэр акъужьым зэрихьэурэ, щабэу пщэдыкъым дэгъуэлъхьэжырт. Ар дэгу хуэхъуат чэфым нэхъри делэ ищIа пщыжьыр къытехьауэ зэрыхъуанэм. ЩIалэщIэм и гупсысэ псори зэтар Мэуэтейр зэриубыдыну щIыкIэрат. Абы и нэгу къыщIигъэхьэмрэ Iуэхум и пэжыпIэмрэ зэхэзэрыхьыжати, я зэпылъыпIэм хэгъуэщыхьауэ, къыхэкIыжыфыртэкъым.
  • УкъызэмыплъэкI!
  • Алэдамэ зыщхьэщыхьа лъагапIэм укъеплъыхмэ, лъэгум дэс жылэр Iэгум илъым хуэдэу плъагъурт. ЦIыхунэ къатемыплъэу, къызэтемыувыIэу мэз защIэкIэ жэщ-махуэ гъуэгуанэр къызэпызыча гупыр нэсащ Удынэ жыхуиIа щIыпIэм. Жылэм удэмыхьэ щIыкIэ, къыхэщхьэхукIауэ щытт къуэрэдэрэ* бжыхькIэ къэхухьа унэ закъуэ. Абы бзылъхугъэ лъагэ къыщIэкIри, зэщIэдэIукIащ, Iэгъуэблагъэм зыгуэр къызэрихьар хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ бзухэмрэ я щытыкIэмкIэ къищIауэ. ЦIыхубзым и ныбжьыр къыпхуэмыщIэну теплъэ гъэщIэгъуэн иIэт: пщэщIэт бостей фIыцIэ кIыхьышхуэр щIым хилъафэу щыгът, и пкъы псыгъуэм щыкъузарэ, Iэщхьэ кIыхьым Iэдий хужьыпсыр щIиуфэу. Фызыжьщ жыпIэнущи, Iэпкълъэпкъ зэкIужщ, и бгы псыгъуэр нэхъ псыгъуэжу икъузу бгырыпх дыжьыныфэ гъэщIэрэщIа щIэлъщ, жыджэру зегъазэ. Фызыжькъым жыпIэнущи, зэгуэр вындым хуэдэу фIыцIэу щыта щхьэц кIыхьым и нэхъыбапIэр уэсым хуэдэу хужьу хэтхъукIащ. Хьэмэрэ, сытым дежи апхуэдэу щыта?! Бзылъхугъэм зиплъыхьщ, зыщIэдэIукIри, игъэзэжащ щIыхьэпIэмкIэ. Бжэблыпкъым щынэсым, бзылъхугъэм и нэр бгъэныщхьэ натIэм тедиери, къызэтеувыIащ. И Iэр и шхужьым иригъэувауэ доплъей, хуэму къоплъыхыж, аргуэру доплъей, зыгуэрхэр зэпеплъыхь. Бгъэныщхьэ натIэм щIэгъэкъуа бжэгъур Iэ сэмэгумкIэ иубыдщ, напIэзыпIэм зиIэтщ, Iэ ижьымкIэ бгъэныщхьэм хэпхъуэри, дзыгъуэнэф къыхичащ, зиукIыжу пщIэууэ.
  • Алэдамэ къыгурыIуэщакъым псэущхьэ гужьеяр ныуэм зэрищIынур, ауэ, Удынэ зэрыжиIамкIэ, а бзылъхугъэрат пщыр зыгъэхъужыфынури, шым елъэдэкъауэри, лъэгум дыхьащ. ЩIыхьэпIэм нэмыс щIыкIэ къыщIэIукIащ тхьэкIумэм къедэхащIэ макъ щабэр:
  • — КъыщIыхьэ, Алэдамэ!
  • Хьэт щIыналъэм уд куэд щилъэгъуат щIалэм, абы къыхэкIыуи игъэщIэгъуакъым бзылъхугъэм и зэфIэкIхэр.
  • — Пщыри къыщIэфхьэ занщIэу, — шэджагъуэ дыгъэ жьэражьэр уэгум къиувами, зы нэху зыщIэмыпсэ пэш кIыфIым къыщIэувыкIащ бзылъхугъэр.
  • — Дауэ къэпщIа ди гъусэр зэрыпщыр? — щтэIэщтаблэу зэщIэувыIыкIащ Гуащэнагъуэ.
  • — Дзыгъуэнэфыр къоуэсамэ, хьэщIэ лъапIэ къыпхуэкIуэу жаIэ. Дыгъуасэ лъандэрэ сигъэпсэуркъым, бгъэныщхьэм къыхэтIысхьауэ… Еблагъэ, гуащэ! — жиIэри, удым Iэ щыIэкIэ Гуащэнагъуэ и Iэблэр иубыдащ, имыгъэлъэпэрапэу унэм щIишэну.
  • — Уи благъэр куэд ухъу! — и щIыфэр зэрытхытхар зэримыгъэлъэгъуэным яужь иту, пыгуфIыкIащ Гуащэнагъуэ.
  • — Благъэ сиIэ сэ сытми?! — щIыIэ-щIыIэу жиIащ удым. — Пщащэхэ, жьантIэм дэт гъуэлъыпIэм пщыр ифлъхьи, унэ щIыбагъымкIэ Iэнэ щызухуащи, си хьэщIэ лъапIэхэм Iэнэ лъакъуищыр къыхуефхьэкI, фэри федзакъэ. Гъуэгуанэ хьэлъэ къыфпэщылъщ иджыри, си тхьэIухудхэм…
  • Нэрыбгейхэр япэ ежьэжын хуейуэ удым щIигъэувам и закъуэтэкъым Гуащэнагъуэ къыгурымыIуэр. Гуащэр шынат.
  • — ЩыIэщ апхуэдэ цIыху, гуащэ, гупсысэхэр зэхихыу, умыгъэщIагъуэ, — пыдыхьэшхыкIащ удыр, Гуащэнагъуэ шэнт къыхуигъэуври. — ЕтIысэх, кхъыIэ. СощIэ си Iэр зэрыщIыIэр. Дыгъэ сфIэфIкъыми, сыщIэкIыркъым, езыри къыщIэзгъэхьэркъым.
  • Дэп гъэплъа изу кхъуэщын хъурей бжэкъуагъым къуэтт, щхьэгъубжэ зыхэмылъ пэш кIыфIыр къигъэнэхуу. Абы къыпих нэху мащIэри пхурикъунут «удыжь» жыхуаIа бзылъхугъэр зэрымыжьыр къыбгурыIуэн щхьэкIэ. Ар цIыхубзыку зэкIужт, и щхьэц кIыхь зэмыфэгъу утIыпщам нэхъри гурыхь щIэхъукIрэ мащIэу зэхэкIа набдзэ къурашэ Iувыр лъагэу Iэтауэ. Маисэ и напIэ лъагэм къыщIэплъ нэ щIыхупсымрэ Iупэ пIащIэ плъыжьымрэ цIыхубзым бзаджафэ къытрагъауэрт. И нэкъуапэхэм щызэхуэлъэфэса зэлъагъэ мащIэрат бзылъхугъэм ныбжь зэриIэр къызэрыпщIэр.
  • Абы хэту нэрыбгейхэм Iэнэр къыщIахьащ.
  • — Зэанэзэкъуэм зыфтхьэщIи, федзакъэ, сэ пщым и Iуэху зесхуэнщ, — жиIэри, Маисэр IукIащ.
  • Iыхьэ-Iыхьэу зэпкърыхыжауэ лы гъэва, лэпс, бжьыныху уба, хугу пIастэ телъу Iэнэ лъакъуищыр я пащхьэ къыщрагъэувэм, Алэдамэ и напщIэр хэлъэтащ. Гуащэнагъуэ къыIурыуа мэ IэфIхэмкIэ къыгурыIуащ нарт хабзэ дахэм тету удым екIурэ-ещхьу зэрызигъэхьэзырар. Iэнэм телъым мащIэу хэIэба нэужь, пщым еIэзэу, гурыму щхьэщыс удым бгъэдыхьащ Алэда-мэ.
  • — Хэт уигъэсами, къолIэлIащ, щIалэ, уи IитIым дыщэр къыпощэщри! Уэр мыхъуатэмэ, ди Iуэхур къызэIищIэт, зэрымыщIэкIэ! Биидзэ къыдэбгъэрыкIуам къытхалъхьэну хьэлэчым нэхърэ нэхъ Iеиж дагъэлъагъунти, нарт лъэпкъхэр мэуэт щIыналъэм щхьэкIэ зэныкъуэкъун щIадзатэмэ… Аращ гъащIэм и зэхэлъыкIэр, ауэ тхэлъщ зы хьэлыфI — дэр-дэру ды-зэныкъуэкъужми, бийр къызэрыт-теуэу дызэкъуоувэ, зы IэштIыму зыдоукъуэдий, — щIалэм зыкъыхуигъазэу, и щхьэ хужиIэжи хуэдэу Iущэщащ  Маисэ.
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).
  • Псалъэгъэнахуэ
  • *Жьыхъарз — ураганный ветер
  • *Нэхущ вагъуэ — булава с шипами
  • *Тэтэртуп — бог войны в адыгской мифологии
  • *Арэс — бог войны в древнегреческой мифологии
  • *Тыкъын — кадык
  • *Къуэрэдэрэ– можжевельник
  • Мэуэт зауэлIхэр