Марсыр я плъапIэу
2019-08-08
- Дапщэщ цIыхухэр абы щыIэпхъуэнур?
- ЦIыхухэм дунейр къезэвэкI хъуащ. Ахэр дыкъэзыухъуреихь хьэршым хоплъэ щхьэегъэзыпIэ къалъыхъуэу. Сыт щхьэкIэ?
- Ар зэлъытар цIыху бжыгъэм зэпымыууэ зэрыхэхъуэм и закъуэкъым. Къызэриухуэрэ шынагъуэ щыIащ икIи иджыри щыIэщ дунейр къутэжынкIэ. ЩIым астероид абрагъуэ къытехуэнкIэ, вулканхэм къибыргъукIыу щыщIадзэнкIэ, укъызэмылыну уз зэрыцIалэхэр къыщыхъеинкIэ, къаруушхуэ зиIэ псыдзэхэр къыщиункIэ хъунущ. Абы хэлъхьэж атом Iэщэ лъэщхэр зиIэ къэралхэр зэрызэхуэткIийр. Аращи, апхуэдэ насыпыншагъэм и ужькIэ къызэтенэ цIыхухэр щетIысэхын планетэ къалъыхъуэн хуейщ.
- ЩIы хъурейм къытехъуэ цивилизацэхэр лъэхъэнэкIэрэ къэхъу-кIуэдыжу къекIуэкIауэ хуагъэфащэ. Апхуэдэу жызыIэри шыпсэхэр зыIуэтэну зыфIэфIхэркъым, атIэ еджагъэшхуэхэрщ. Нэгъабэ дунейм ехыжа Хокинг Стивен ауэ сытми къыхуриджакъым ди планетэр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу ябгынэну. Ауэ дэнэ дыздэкIуэнур? А упщIэм и жэуапыр къэгъуэтын папщIэщ Мазэмрэ Марсымрэ къэгъэIурыщIэным теухуа программэхэр къэралышхуэхэм я унафэщIхэм къыщIыдахыжар.
- АрщхьэкIэ цIыху зыбгъупщI щылажьэ щIэныгъэхутэ базэ къызэIуахымрэ цIыху мин, е, уеблэмэ минипщI щыпсэуну жылагъуэ ибгъэтIысыкIынымрэ зыкъым. Дауи, псом япэу апхуэдэ планетэм къыщызэгъэпэщыпхъэщ цIыхухэр щыпсэунымкIэ Iэмалхэр. ЩIыIагъэ-хуабагъэ я лъэныкъуэкIэ, нэгъуэщI IэджэкIи.
- АтIэ сыт хуэдэра дэ нэхъ къыдэзэгъынур? Дауи, пщтырагъыр градус 460-м щынэс Венерэркъым, щIыуэпс къулеигъэхэр щIымащIэ дыдэ Мазэркъым, газу зэхэт Юпитеркъым — абы узытеувэн щыIэххэкъым. ЦIыхум нэхъ къезэгъынур Марсым и закъуэщ. ЩIым хуэдэ дыдэ мыхъуми, ар ящIыфынущ цIыхухэр щыпсэуфын.
- Сыт еджагъэшхуэхэр дэзыхьэхыр?
- Япэрауэ, абы псы щыIэщ, мыл зэхэжыхьауэ щытми. ЕтIуанэрауэ, планетэм и гравитацэм (ЩIым ейм и Iыхьэ щанэ) ирикъунущ уафэгур иIыгъын икIи цIыхухэр щылэжьэн папщIэ. Ещанэрауэ, Марсым дыгъэ бзийуэ топсэ ЩIым къылъэIэсым и процент 43-м хуэдиз. Абы Iэмал къет и атмосферэр къагъэхуэбэну, псыр ткIуаткIуэ ящIыну. Мыхьэнэшхуэ иIэщ Дыгъэм и хъуреягъыр къызэрикIухь зэманым и кIыхьагъыр щIагъуэу зэрызэщхьэщымыкIми (Марсым — сыхьэт 24-рэ дакъикъэ 37-рэ, ЩIым — сыхьэт 23-рэ дакъикъэ 56-рэ).
- Псом нэхърэ нэхъ гугъур ди гъунэгъу планетэм малъхъэдис губгъуэ жыхуаIэр зэримыIэрщ. Абы и зэранкIэ дэтхэнэ псэущхьэри Дыгъэм и ультрафиолет нурым игъэлIэнкIэ шынагъуэщ. АрщхьэкIэ, сыт хуэдэу щымытами, ари гъащIэм къезэгъ яхуэщIынущ. НАСА-м ягъэхьэзыр проект гъэщIэгъуэн. Абы къыхелъхьэ километр 250-м нэс къызэщIэзыубыдэ гъуджэ абрагъуэхэр хьэршым щыхагуэшэну. Абыхэм ядз дыгъэ бзийхэр зытепсэ Марсым и мыл «пыIэ хужьхэр» ткIунущ, езыхэм яIыгъ углекислэ газыр хуит къэхъужынущ. Апхуэдэу атмосферэр Iув хъун папщIэ, бахъэу дэкIуей газхэр щагъэхьэзыр фабрикэхэр яухуэнми йогупсыс.
- Калифорние университетым и профессор Берлинер Аэронрэ НАСА-м и IэщIагъэлI Маккей Уорисрэ ятх: «Марсыр къэгъэIурыщIэным теухуа Iуэхур IыхьитIу бгуэш хъунущ: къэгъэхуэбэнымрэ псэущхьэхэр зэрыбэуэну хьэуакIэ ирикъуу къызэгъэпэщынымрэ. Планетэм и хуабагъыр ЩIым ику иту иIыгъ градус 15-м гугъущэ демыхьу илъэси 100-м къриубыдэу нагъэсыфынущ, ауэ тыншу узэрыбэуэфыну хьэуа къозытыну атмосферэр зэтеухуэным илъэс мини 100 текIуэдэнущ, мы Iуэхур щIэзыгъэпсынщIэ технологиехэр къамыгупсысмэ».
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар зэман кIыхьыIуэщ. ЦIыхухэр зыщыгугъ хъунури мы Iуэхур зэрыщIигъэпсынщIэн Iэмалхэр къигупсысынырщ.
- Хьэршым узышэ гъуэгу
- Еджагъэшхуэхэм къахутакIэщ ди гъунэгъу планетэм и щхьэфэм кIэртIоф, бжьын, помидор хуэдэ къэкIыгъэхэр къызэрыщагъэкIыфынур. И щхьэфэм щыщ дауэ къаIэрыхьа, иджыри къэс Марсым нэсу къэзыгъэзэжа Iэмэпсымэ цIыхухэм ямыIэмэ? Абы и жэуапыр къызэрыгуэкIщ: Марсым къикIыу ЩIым къытехуа метеоритхэр къагъэсэбэпащ, ягъэщабэри. Телъыджэ къэхъуащ: а къэкIыгъэхэр ди гъунэгъу планетэм нэхъ бэв щыхъуу къыщIэкIащ, ди деж нэхърэ.
- Къэхутэныгъэхэм хэкъузауэ яужь ихьэмэ, нэхъ телъыджэжхэри къыкъуэкIыну къыщIэкIынущ.
- Мы зэманым загъэхьэзыр япэ цIыхухэр Марсым ягъэлъэтэну. ЩIым къэзыхьэсыжыну Iэмэпсымэ иджыри зэрыщымыIэм къыхэкIыу, астронавтхэм ЩIым къагъэзэжынукъым. Ауэ, гъэщIэгъуэнращи, абы къызэтригъэувыIэркъым куэдыр: цIыху минхэр хьэзырщ гъуэгу дзыхьщIыгъуэджэ дыдэм техьэну. Дауи, къыхахынур зи узыншагъэмрэ щIэныгъэмрэ махуэ щитIкIэ кхъухьым ису километр мелуанхэр зэпачыным нэхъ хуэщIахэрщ.