Зыми и гугъу пщIыжыркъым
2019-08-08
- ЦIыхухэр псэуныгъэкIэ зэщхьэщыкIыу щытащ сыт щыгъуи. Хэбгъэзыхьмэ, совет лъэхъэнэми. Ауэ ар куу мыхъуным властхэр апхуэдизу ткIийуэ кIэлъыплъырти, уеблэмэ гу лъыптэххэртэкъым къулейхэм мылъку нэхъыбэ зэраIэм. Нэхъ жыджэру, IэкIуэлъакIуэу лажьэхэм хэхъуэ нэхъыбэ яIэрыхьэрт, зи Iуэху нэхъ дэмыкIхэр псэукIэмыщIэу, хуэмыхуу къалъытэрт.
- Къэралым и къулеигъэхэм я процент 90-р абы щыпсэухэм я проценти 10 къудейм щаIэщIэлъ мы зэманым зэхуэдэныгъэм утепсэлъыхьыну емыкIу мэхъу. Дэ хуитыныгъэмкIэ псори дызэхуэдэу къыджаIэ, арщхьэкIэ хэхыныгъэхэм деж Iэ зэрытIэтым къикIыркъым дэ ди зэфIэкIхэр зыуэ. Илъэс къэс къэралым и олигарххэм къахохъуэ мелардырыбжэ зытIущ, зи мылъкур а мелардым нэзыгъэсыну хущIэкъухэми заубгъу. Ещхьыркъабзэу, хохъуэ зыхэпсэукIын зимыIэхэм я бжыгъэми. властыр зыIэщIэлъхэм абы теухуауэ жаIэхэри зэтехуэркъым. Къапщтэмэ, УФ-м и Къэзыбж палатэм и унафэщI Кудрин Алексей жеIэ цIыху мелуан 13-р къулейсызу. Экономикэм зи нэIэ тет министрхэр сыт и лъэныкъуэкIи, дауи, хущIокъу Iуэхухэр нэхъыфIу къыщIрагъэдзыну. Пэжым нэхъ пэгъунэгъуу къыщIэкIынущ Президент Путин Владимир: абы зиумысыжащ цIыху мелуан 18-м щIигъур зыхуей ямыгъуэту зэрыпсэумкIэ.
- Мыбдежым къыщыхэдгъэбелджылыкIынщи, дунейм теткъым къулейсызхэр здэщымыIэ къэрал. Псалъэм и хьэтыркIэ, США-м къыщалъытэ американхэм я процент 13-р хуэмыщIауэ. Ауэ ди дежрэ абыхэмрэ къулейсызыгъэр къызэрыщапщ пщалъэхэр зэтехуэркъым. Мис а Америкэ дыдэм апхуэдэхэм щыхагъэхьэ зи хэхъуэхэр, ди ахъшэхэм ятепщIыхьмэ, сом мин 67-м нэмысхэр. Ди деж ар хуабжьу щынэхъ лъахъшэщ — сом мини 10-рэ 442-рэ. Штат Зэгуэтхэм апхуэдэ цIыхухэм фонд зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щадоIэпыкъу, льготэхэр щрат, жылагъуэ транспорткIэ пщIэншэу къыщрашэкI, щыгъынхэр пуду къыщыхуащэху. Ди деж зи хэхъуэхэр а бжыгъэм соми 100 къудейкIэ щIигъуахэр занщIэу щыхагъэкI къулейсызхэм. Зэрытлъагъущи, икIэри и пэри а тумэни 10-м цIыхур яхегъэхьэ зи щхьэр зыгъэпсэужыфхэм. Дыхьэгъщ икIи дыхьэшхэнщ…
- Абы ещхьыркъабзэу мылIэIусщ лэжьапIэншэхэм ират пособиер. Илъэс къэс абы хагъахъуэ властхэм апхуэдизу фIыуэ ялъагъу мис а соми 100-р е абы нэмысыпэр. IэнатIэншэхэм я бжыгъэм теухуауи жаIэхэр апхуэдизу зэщхьэщокIри, пэжыр къыпхуэщIэнукъым. АрщхьэкIэ, дэ езыхэм ди нэгу щIэкIыркъэ Iуэхур зэрыщытыр?
- Иджы дыдэ «Аргументы и факты» газетым лэжьапIэншэхэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым куэдкIэ зэрыщынэхъыбэм теухуа тхыгъэ къытридзащ. Ауэ, арыншами, дэ ар тщIэрт: КИФЩI-р экономикэ зыужьыныгъэ и лъэныкъуэкIэ Урысейм и адрей щIыналъэ псоми хуабжьу къащыкIэрыхукIэ, абы щыпсэу куэдыр зэрыIэнатIэншэр хэт и дежкIи гурыIуэгъуэщ.
- IэщIагъэлIхэм абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэу къалъытэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я бжыгъэм псынщIэу зэрыхэхъуэр, етIуанэрауэ, щытыкIэр къыщызэщIэплъэным щышынэ инвесторхэм щIыналъэм и экономикэм щIагъуэу мылъку зэрыхамылъхьэр. Аргуэрыжьщи, сабий нэхъыбэ къыщалъхур Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ я закъуэщ. КъищынэмыщIауэ, сыт инвесторхэр къыщIалъыхъуэн хуейр? Езы къэралыр дэнэ здэщыIэр?
- Мэзкуу къыщыдэкI газетхэм IэщIагъэлIхэм къытрырагъадзэ тхыгъэхэм дэ дыкъыщоджэ УФ-м и бюджетыр ахъшэм къызэгуитхъыу. Илъэс къэс къамыгъэсэбэпу къонэ сом триллиони 2 хуэдиз. Ар зи фIыгъэр бюджетым и хэхъуэхэр хэщIхэм нэхърэ нэхъыбэу абы и проектыр зэрызэхалъхьэрщ. Иджыпсту псори зэхэту сом триллион 11 хуэдиз щылъу жаIэ. АтIэ абы щыщ ахъшэ Кавказ Ищхъэрэми, адрей щIыналъэхэми хуаутIыпщ хъунукъэ? ЛэжапIэщIэхэр къызэIуахын, псэуалъэ инхэр, гъуэгухэр яухуэн, IэнатIэхэм зрагъэужьын папщIэ? Мис итIанэ цIыхухэм я мызакъуэу, щIыналъэхэри псэукIэкIи зыужьыныгъэкIи апхуэдизу нэм къыщIэуэу зэщхьэщыкIынтэкъым.
- Президент Путин Владимир захуагъэ хэлъу жиIауэ щытащ экономикэр къэтIэтын папщIэ лэжьапIэщIэхэу мелуан 25-рэ къызэрагъэпэщын хуейуэ. Абы хуабжьу дыщыгуфIыкIат, ауэ тлъагъуркъым а къалэныр ягъэзэщIэным властхэр яужь ихьэу. Хэбгъэзыхьмэ, зыщхьэдагъэIухахуэдэщ: зыми и гугъуищIыжыркъым…