Инджылызым и премьер-министрым и адыгэ къуэпсхэр
2019-08-06
- Бадзэуэгъуэм и 24-м Инджылызым щекIуэкIа хэхыныгъэр Джонсон Борис премьер-министр зэрыхъуамкIэ иухащ. Пащтыхьыгъуэр щызекIуэ хэкум а IэнатIэр щызезыхьэр къэралым хабзэкIэ и тепщэу къалъытэ. Журналист-политикхэм хабжэ, газетым и редактору, Лондон и къалэтету, къэрал щIыб IуэхухэмкIэ министру лэжьа, илъэс 55-рэ зи ныбжь Джонсон адыгэлъ зэрыщIэтыр езыми ибзыщIыркъым.
-
ЦIыхухэм жаIэнкIи хъунум емылIалIэ (е апхуэдэу зызыщI) инджылыз премьерым и цIэр адыгэ дунейм къызэрыхэIуэрэ илъэс зыбгъупщIым ноблагъэ. Лондон и къалэтет IэнатIэр щызэпаубыда 2008 гъэм Джонсон и хьэрхуэрэгъу Ливингстон Кен «уи адэшхуэхэм я зыр цIыху гъэпщылIакIуэу щытащ» жиIэри, щIалэм къещат. Ар жиIэн хуей щIэхъуар Борис и адэмкIэ и анэшхуэр тырку бэзэрым къыщащэхуа пщылIу щытауэ зэрагъэIурт.
- «Сэ срогушхуэ тыркум къиIэпхъукIа ику ит лIакъуэм сыкъызэрыхэкIам», — пидзыжащ Джонсон и дэуэгъум.
- «Адыгэ» («сircassian») псалъэр» и жьэм къыжьэдэкIар пэж?» — гуитIщхьитIу щIоупщIэ щIалэм апхуэдэу жиIауэ зи фIэщ мыхъуа ди лъэпкъэгъухэр. Пэж къудейкъым. Зэхэзыхам щIэх игу имыкIыжын хуэдэущ зэрыжиIар: «Си адэм и адэшхуэм и анэр пщылIу зэрыщытар фщIэну си гуапэщи, зиусхьэн Ливингстон, уи тутын лулэм иуби ефэ абы». «Ар адыгэ лъэпкъым (Урысей ипщэм щопсэу) къыхэкIа пщылIти, ящауэ щытащ, — нигъэсащ Джонсон и псалъэр. — Си адэшхуэм и адэм и адэжым ар ипэжыпIэкIэ къищэхуат. ИгъэпщылIауэ аракъым, атIэ хуит ищIыжри щхьэгъусэу къишащ. Абы си адэшхуэр зыкIи игъэпудыркъым».
- Мысырым пщылIу яша адыгэ щIалэ цIыкIухэм тепщэгъуэр къаIэрыхьа нэужь, Ибн Хъэлдун, Ибн Ияс сымэ хуэдэ хьэрып щIэныгъэлIхэм шэрджэс сулътIанхэм тхыдэ езэгъырабгъу къыхуагупсысын хуей зэрыхъуам ещхьу, дуней псом и тепщэу зызылъытэж Инджылызым и премьерым и адэшхуэм инджылызыбзэкIэ зекIуэн биографие екIу имыIэу хъунукъым, дауи. Джонсон Борис премьер мыхъуамэ, дэри къэдмыщIэххэнкIи хъунт Урыс-Кавказ зауэм и зэманым зи псэр Тыркум нэзыхьэса адыгэ пщащэхэм яз Феред Хьэнифэ и цIэри, абы и къуэ Кемал Алий хуэдэ цIыху гъэщIэгъуэным и хъыбарри.
- Британхэм я премьер-министрыр жьэнахуэми, и адэжьхэм епэгэкI, зыкъызыфIэщIыжа инджылызу фэ теткъым. Интернетым гъэщIэгъуэну илъ теплъэгъуэ щIэщыгъуэхэм язщ Джонсон, и адэшхуэ цIэрыIуэм и лъэужьыр ихуу, Тыркум зэрыщыIар. Абы щопсэу Кемал Алий и япэ щхьэгъусэр дунейм ехыжа нэужь, унагъуэ зыдиухуа Сабикэ Ханым и щIэблэр.
- Кемал Алий и адэ Хьэжы Ахьмэд Риза мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ сатуущIу зэрыщытам и фIыгъэкIэ и къуэм зэманым хуэфэщэн щIэныгъэ иритыну Iэмал иIащ. «Мыбы уеджэфынри езыр Iуэхушхуэщ, гукIэ зэбгъэщIэныр сщIэркъыми», — КъурIэн ЛъапIэр зэтридзурэ Джонсон егъэщIагъуэ ар гукIэ зыщIэу щыта и адэшхуэм и зэфIэкIхэр. Франджым щеджа Кемал Алий журналист Iэзэ, тхакIуэ, усакIуэ къищIыкIат. Зыгъэпсэхугъуэхэр хамэ къэралхэм щезыхьэкI щIалэм 1903 гъэм Швецием щызригъэцIыхуа Брун Уинфрид щхьэгъусэ хуэхъуащ. Нэчыхьыр Лондон зэрыщатхам къегъэлъагъуэ а къэралыр Кемал Алий и кIуапIэу зэрыщытар. Нобэ зи гугъу тщIы Борис къызытехъукIар пасэу дунейм ехыжа Брун Уинфрид и къуэ Уэсмэнщ. СулътIан тетыгъуэм кIэ игъуэта нэужь, илъэс 40 хъууэ Кемал Алий и унагъуэр и гъусэу Тыркум игъэзэжат. Ар «Икъдам» газетым и редактору лэжьа къудей мыхъуу, зи псалъэр жыжьэ зыгъэIуф журналист Iэзэт, зытекIуэдэжари тыркущIэкъухэм яхуэгъэзауэ итха IэдакъэщIэкIхэрщ.
- XIX лIэщIыгъуэм Тыркум политикэ къару зыбжанэ щызэпэщIэуват. ЗэрыжаIэмкIэ, къэрал Iуэху кIуэцIхэмкIэ министру мазэ бжыгъэкIэ лэжьа Кемал Алий хуитыныгъэр зи бэракъ, ауэ лъэпкъ зэхэгъэж нэрыгъыр зи лъабжьэ Ататюрк и зэщIэхъееныгъэм пэущIэуват, уеблэмэ езыри иригъэгъэтIысыну унафэ къищтат. Иужьрейм, тепщэ хъуа нэужь, ар абы зэрыхуимыгъэгъуар гурыIуэгъуэщ. Языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIи, Кемал Алий Тыркур Инджылызым и унафэм щIигъэувэну хущIэкъуа политикхэм ящыщт.
- Унафэр къызыIэрыхьа тыркущIэкъухэм я хабзэхъумэхэм Кемал Алий мывэкIэ ирагъэукIа нэужь, абы и къуэ Уэсмэн Инджылызым Iэпхъуэжыпэри, и цIэри и унэцIэри ихъуэжащ: и анэшхуэ Джонсон Маргарет и унэцIэр къищтэщ, Уэсмэныр — УилфридкIэ ихъуэжри, Кемал Уэсмэныр — Джонсон Уилфрид хъуащ.
- Джонсон Бориси ар зи тепщэ Инджылыз къэралыгъуэми дэ зыкIи дащыгугъыркъым. Адыгэ жыIэкIэкIэ жыпIэмэ, «зыкIэрытцIэлъын» гукъыдэжи диIэкъым. Ауэ зызэман Кавказым щыжаIэу щытащ: «Адыгэ бзылъхугъэм и лъы ткIуэпсым ныбжь псо ирегъэфIэкIуэф». Мысыр адыгэ сулътIанхэм ещхьу, гъэру бэзэрым къытраша пщащэм и щIэблэр къэралыгъуэшхуэм и тепщэ зэрыхъуар гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэу зэрыщытри фIым ущызыгъэгугъ гуэрщ. Псалъэжьми зэрыжиIауэ: «Лъакъуэ зышх щхьэ шхыгъуэ йохуэ».
- ЧЭРИМ Марианнэ.