Хьэмырзэ Ахьмэд: згъэзэщIа ролхэр сщыщ Iыхьэ хъуащ
2019-08-06
- УФ-м и Президентым мы гъэр Театрым и илъэсу игъэуващ. Абы ехьэлIауэ ди деж щекIуэкI Iуэхухэм тедгъэпсэлъыхьыну, и лэжьыгъэхэми я гугъу едгъэщIыну «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ Хьэмырзэ Ахьмэд.
- — Ахьмэд, мы илъэсыр зэревгъэкIуэкIым, фызэлэжьхэм я гугъу къытхуэпщIамэ ди гуапэт.
- — 2019 гъэр Театрым и илъэсу зэрагъэувам теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэр Путин Владимир 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м къыщызэIуихауэ щытащ Ярославль дэт, Волков Фёдор и цIэр зезыхьэ театрым. Урысейм и щIыналъэхэм я Театрхэм я лэжьакIуэ куэд зыхэта, ди къэралым итхэм я нэхъыжьу къалъытэ а театрым щекIуэкIа зэхуэсышхуэм къекIуэлIахэм сэри сахэтащ. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: мыпхуэдэ Iуэху дахэр УФ-м и Президентым къыщыхилъхьа гуфIэгъуэ пшыхьыр екIуэкIыным мазитI-щыкIэ япэ иту а пэш хуитышхуэм адыгэ театрыр дыщыджэгуат, Волковым и цIэр зезыхьэ саугъэтри ди актрисэ пажэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ ЖьакIэмыхъу КIунэ къыщыхуагъэфэщат.
- — Волковым и саугъэтыр къыпхуагъэфэщэныр къызэрыгуэкI Iуэхукъым…
- — Ар зратыр сыт и лъэныкъуэкIи зи лэжьыгъэм хуэIэижь, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъу къалъытэ цIыхурщ. Дауи, ди КIунэ ар хуэфащэ дыдэщ. МыдэкIэ, Волковым и цIэр зезыхьэ театрым и гугъу пщIымэ, сыт хуэдэ актёрри къащти — ар Москва, Санкт-Петербург, нэгъуэщI къалэшхуэхэм дэт театрхэм я лэжьакIуэхэрауи ирехъуи, я хъуэпсапIэхэм ящыщщ Ярославль дэт а театрым щыджэгуныр.
- Театрым и илъэсымкIэ къэзгъэзэжынщи, иужьрей зэманым IэщIагъэ къэс зы гъэ хухахыныр хабзэ хъуащ. Нэгъабэ Литературэм и илъэсу щытащ. Мы гъэр Театрым ейуэ зэрыщытым мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ. А Iуэхугъуэм дигъэгушхуауэ нэхъ жыджэру долажьэ. Къапщтэмэ, зы илъэси дэкIыркъым спектаклыщIэу плIы, тху дымыгъэуву, ауэ мы гъэм театреплъхэр нэхъыбэкIэ дгъэгуфIэну дыхуейщ. Ди режиссёрхэм ягъэувми, нэгъуэщI щIыпIэ режиссёр кърашми, ди лэжьыгъэр зыубгъуауэ, нэхъ хуиту утыку къызэритхьэнум, театреплъым щIэщыгъуэ зэрыщытщIынум и Iуэху зыдохуэ.
- — Сыт хуэдэ спектаклыщIэхэр вгъэува?
- — Москва дэт, Щукиным и цIэр зезыхьэ театр институтыр къэзыухыу къэзыгъэзэжа ди щIалэгъуалэм я егъэджакIуэ Дубровская Аннэ къакIуэри, спектакль гъэщIэгъуэн дгъэуващ. Островский Александр и «Таланты и поклонники» жыхуиIэрщ къызытрищIыкIар. Артист щIалэхэри нэхъыжьхэри хэту гъэува хъуащ — езы пьесэри ныбжь-ныбжькIэ гуэшауэ цIыху куэд зыхэт спектаклышхуэщ. Ар фIы дыдэу гъэува хъуауэ къызолъытэ. Езы Островскэри драматургие и лъэныкъуэкIэ нэхъ жыжьэ дыдэ нэсыфахэм ящыщщи, абы къигъэнэIуа образхэр къехъулIауэ, егъэлеяуэ спектакль гъэщIэгъуэн хъуауэ къытщыхъуу делэжьащ. Утыку къызэритхьэри куэд щIакъым. Абы нэмыщI, Осетие Ищхъэрэм щыщ, режиссёр щIалэ Джелиев Казбек дыдэлэжьащ. Абы игъэуващ Булгаков Михаил и пьесэм къытращIыкIауэ щыта «Иван Васильевич меняет профессию» спекталыр, ар, псоми зэрыфщIэщи, Гайдай Леонид триха кино цIэрыIуэрщ, цIыхубэми фIыуэ ялъэгъуащ. Абы хэт дэтхэнэ артистми иджыри къэс гу зылъыдмыта джэгукIэ хьэлэмэтыщэхэр ядэтлъагъуу ягъэуващ. Абы нэмыщI, илъэс тIощIырыпщI ипэкIэ ягъэувауэ щIэупщIэшхуэ зиIахэм ящыщу, цIыху куэдым ягу ирихьауэ нобэр къыздэсым ягу къагъэкIыж американ драматург Нэш Ричард и «Уэшх зыщэ» спектаклыр. Мис а пьесэр нобэрей гъащIэм, нобэрей артистхэм ди еплъыкIэкIэ зэпкърытхыфу тхуэгъэувэными деплъынщ жытIэри, щIэддзэжауэ долэжь. Мис а спектаклхэр Театрым и гъэм режиссёр, актёр зэмыщхьхэм я еплъыкIэкIэ утыку къралъхьэжыну хэтщ. Ахэр Iэмал хъарзынэщ спектаклхэм еплъхэми, ар зыгъэувхэми я гупсысэм зиужьын папщIэ. Театрыр сэ IэшрыIым изогъэщхь. НэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIам итхар е нэгъуэщIхэм къагъэсэбэпа гуэрхэр адыгэ лъэпкъым ди еплъыкIэм, ди гупсысэкIэм къызэредгъэзэгъыфым, къызэридгъэтIэсхъэфым гъэщIэгъуэн тщещI ди лэжьыгъэр. Мы дунейм лъэпкъыу тетыр зэмыщхьми, а зэмыщхь псоми я Iуэху еплъыкIэр театрым зэрешэлIэф, гъащIэр зэтезыIыгъэ Iуэхугъуэхэр зэхуэдэу псоми ди фэм докI.
- — Ахьмэд, актёр IэщIагъэм иджы ущыхэгъэрей дыдэщ — дауэ ухуэкIуат абы, сыт щIэдзапIэ пхуэхъуар?
- — IэщIагъэ схуэхъунум сэ куэдрэ сегупсысакъым. Ар си хъуэпсапIэу къекIуэкIырти, дзэм къулыкъу щысщIэщ къэзгъэзэжри, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэмкIэ и институтым актер IэщIагъэм сыхуеджэну сыщIэтIысхьащ. Ар къэзуха нэужь, 1991 гъэм ди театрым лэжьэн щыщIэздзащ. Мы лэжьыгъэм си акъылкIэ сыкъыхуэкIуащ.
- Дэтхэнэ IэщIагъэми и пщIэр зыIэтыр а IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, зи псэм хэлъ абы и лэжьакIуэрщ. Артист псалъэм и мыхьэнэр сыт хуэдэ бзэкIэ зэпкърытхми, абы къикIыр утыкуакIуэщ. Адыгэбзэжь дыдэмкIэ дыIэбэнщи — хьэтиякIуэщ. Сэ мыпхуэдэу согупсыс: актёру ущыщытым деж, нэгъуэщI цIыхум и пIэм уиувэфыныр, абы и гъащIэр къэбгъэщIэфыныр Iэмал имыIэу къохъулIэн хуейщ. Ар уи лэжьыгъэу щыщыткIэ, бгъэзащIэ ролым нэгъэсауэ ухуэфащэу ущытыпхъэщ. Утыкум укъыхуигъэщIамэ, абы ехьэлIа гупсысэм зэи уиутIыпщын хуейкъым. Уи дуней зыхэщIэкIэр зы лъагапIэ гуэрым щынэсам деж, лэжьыгъэр фIыуэ умылъагъумэ, абы убгъэдэтыфынукъым.
- — БгъэзэщIа ролхэм ящыщу нэхъ гукъинэж пщыхъуахэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- — «Хэхауэ мыр нэхъ гунэс сщыхъуащ» схужыIэнукъым. ЗгъэзэщIа ролхэр сщыщ Iыхьэ хъуащ. Уи IэпхъуамбипщIым дэтхэнэр къыхэпхыфыну, е бынхэм уахэдэфыну — щыжаIэ щыIэщ. Ауэ, ролхэр зэхуэдэу фIыуэ плъагъуми, абы къикIыркъым псори зэхуэдэу къохъулIауэ. Сахэдэу сценэм зыгуэр щызгъэзэщIэжын хуей хъужыкъуэмэ, си фIэщ хъуртэкъым Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIым» хэта Албэч и ролыр япэ измыгъэщыну. IэфIынэ сабийуэ псым къыхэзыхыжауэ щыта Албэч лъагъуныгъэ хуищIри, балигъыпIэм иувэхукIэ а гурыщIэр къыздрихьэкIащ. Албэч IэфIынэ хуищIа лъагъуныгъэм апхуэдизкIэ дзыхь трищIэртэкъыми, лъэбакъуэ лей счырэ сызыщымыгугъа пхъашагъэ гуэр кърикIуэмэ — жиIэу тегузэвыхьырт. АдэкIэ дыIэбэнщи, IэфIынэ и адэ ХъупIиц Албэч къытеплъэ хъуртэкъым. Къыптеплъэ мыхъум и быныр фIыуэ плъагъуу — гъэщIэгъуэну ухуа тхыгъэщ мыр. А ролыр щызгъэзэщIам щыгъуэ сынэхъ щIалэт. Егъэлеяуэ сыдэзыхьэх ролхэм ящыщщ Налом и тхыгъэхэм хэт адрей лIыхъужьхэри. А тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щIилъхьэ гупсысэмрэ и бзэм и кууагъымрэ удамыхьэхын плъэкIыркъым. «Къру закъуэм» къыхэщыж Хьэбалэ делэу къызыщыхъу щыIэми, нэгъуэщI дуней еплъыкIэ зиIэж цIыхущ ар. Нэхъыбэм къащхьэщыкIыу зи дуней еплъыкIэ зиIэж цIыхур делэу къыщалъытэ къызэрыхъум и зы щапхъэу мыри сыхуейт къэсхьыну. БжьыхьэлI Лиуан, БжьыхьэлIокъуэуи жаIэ абы и унэцIэр, и ныбжьыр илъэс плIыщIым нэблэгъэху сабийхэм яхэту чыш тесу джэгуу псэуауэ яIуэтэж. Ар зыфIэделэ щыIами, къэхъуну-къэщIэнур ищIэу тхьэгурымагъуэт. Балигъхэм яхыхьэу, епсэлъылIэу щыттэкъыми, абы и щхьэусыгъуэмкIэ къыщеупщIын, сэ сыщIэмыпсалъэр фщIамэ, фэри фымыпсэлъэнкIэри хъунт жиIэри, пщым жэуап иритыжауэ щытащ. Аращи, зи дуней еплъыкIэ зиIэж дэтхэнэри гъэщIэгъуэныщэу зэхэлъу къигъэщIауэ къэплъытэ хъунущ. Мис апхуэдэ гупсысэрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэрэ къытхуэзыгъэнэн цIыху губзыгъэрэ гъэщIэгъуэн куэдрэ къытхокI.
- Дунейпсо драматургие и лъэныкъуэкIэ уегупсысмэ, адыгэбзэр икъукIэ къулейщ, урысыбзэм кърагъэтIэса тхыгъэхэр шэрыуэу ди пащхьэ кърилъхьэфу, ауэ абы къыпхуимыгъэтIасэ тхыгъи щыIэщ. ПхузэмыдзэкIыну къысщохъу Лермонтов Михаил и «Странный человек» пьесэр. А пьесэм щызэхуэхьэса гупсысэхэр сэ си дуней зыхэщIэкIэмрэ гупсысэкIэмрэ техуэу щытщ. Ар сфIэхьэлэмэтщ. Шекспир и драматургиеми хуабжьу сыдехьэх — псом хуэмыдэу «Гамлет», «Король Лир».
- — ЦIыху Iейм и роль щыбгъэзащIэм деж уэ дауэ а щытыкIэм уиувэрэ?
- — Ролыр фIырэ IейкIэ зэхэздзыркъым. Дэтхэнэми и пIэм уиувэфу щытын хуейуэщ къызэрыслъытэр. Сэ роль зэхэдзи сщIыркъым. ФIыуэ е Iейуэ зэхэмылъ зыри щыIэкъым. ХьэIуцыдзрэ пэт и шырыр епI, абы фIагъ гуэри бгъэдэлъщ. ЦIыхум ищIэ Iуэхугъуэми фIагъ е Iеягъ гуэр кърокIуэ. Аращи, а Iуэху Iей зылэжьам и пIэм сиувэн хуей хъумэ, сиувэфынущ. «Сэ мыбы щхьэкIэ нэгъуэщI нэкIэ къызэплъынущ», — жысIэу сегупсысыркъым. ЖызоIэри, мы IэщIагъэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи ухуэмыхьэзыру урилэжьэфынукъым.
- — Театрым гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ди гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд…
- — «Мы дунеишхуэр зэрыщыту театрщ, цIыхухэр абы щоджэгу», — жиIащ Шекспир. Театрым и мыхьэнэ нэхъыщхьэр цIыхухэм я нэгу зегъэужьыныркъым. Ар гъэсакIуэ-ущиякIуэщ, цIыхур зыщIэзыгъэгупсысыж Iэмалхэм ящыщ зыщ.
- Нэгузегъэужьынри гъащIэм щыщ зы Iыхьэщ, ауэ театрыр цIыхур зыгъэгупсысэ, абы зезыгъэузэщI къарууэ зэрыщытырщ япэ игъэщыпхъэр. ГъащIэр нэхъ гугъу хъуащ, абы и нэпкъыжьи театрым къыщIеху, игъэув спектаклхэми захъуэж. Псалъэм папщIэ, гушыIэхэр, цIыхум и гукъыдэжыр къэзыIэтыфынухэр нэхъыбэу утыку кърахьэ. Ауэ, цIыхухэм нэхъ яфIэфIым дытелажьэу, я гум дэмыхьэж хъуам деIусэнкъым жытIэ хъунукъым.
- — АтIэ, театрыр къыщежьауэ къалъытэ «античнэ дунеймкIэ» дыIэбэнщи, ар нэгузегъэужьыпIэ къудейуэ къагъэсэбэпу щытауэ къэплъытэ хъуну?
- — А зэманым щегъэжьауэ, ди нобэм къэс театрым зиужьащ икIи зихъуэжащ. Нэгу зегъэужьын къалэныр игъэзащIэу къежьагъэнри хэлъщ, ауэ абы къикIыркъым а театрым гъэсэныгъэ къалэн имыгъэзэщIауэ. Пасэм щыгъуэ пьесэ зытхахэми, ар зыгъэувахэми гъэсэныгъэ гуэр цIыхум ябгъэдэслъхьарэт жаIэу апхуэдэ зыгуэр я пщэм дамылъхьэжамэ, театр мыхьэнэр иIэу зэфIэувэну щытауэ фIэщщIыгъуейщ. Мыпхуэдэу зыгуэрым жиIауэ щытащ: дохутырыр Iэпкълъэпкъым еIэзэмэ, артистыр псэм йоIэзэ. Ар пэжу къызолъытэ, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъыр зэрыузым хуэдэ дыдэу псэри узыфынущ. Абы и хущхъуэгъуэр хуабагъэ, дахагъэ зыхищIэнырщ.
- — Адыгэ тхакIуэхэм ятхауэ иужьрей зэманым сыт вгъэува?
- — IутIыж Борис и «Хьэпэщыпхэр», «Эдипыр», Къаныкъуэ Заринэ и «Нагъуэ и унагъуэр», Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIыр». Шортэн Аскэрбий и «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ» пьесэр щIэрыщIэу дгъэувыжащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди тхакIуэхэм я Iэдакъэм къыщIэкIауэ драматургие тхыгъэщIэ диIэкъым. НэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэри догъэув, ахэр адыгэбзэкIэ утыку къыдохьэ, апхуэдэхэм я лэжьыгъэхэри умыгъэлъагъуэу зыпхуэужьынукъыми.
- — КъардэнгъущI Зырамыку, Акъсырэ Залымхъан сымэ я пьесэхэр къэгъэщIэрэщIэжауэ утыку къихьэжамэ хъунтэкъэ?
- — Къихьэжын хуейуэ къыщIэкIынщ. Ауэ, адыгэ псэлъафэ щыIэщ: ЗылI и ныбжь дунейм и зэхэлъыкIэм зимыхъуэжу къанэркъым. Ар дуней пщалъэщ. Нобэ къытфIэмыIуэхуж хъуахэри дыхуэныкъуэу къыщытщтэжыни къытхуихуэнущ. Абы и лъэныкъуэкIэ, ди театрым и нэхъыжьыфIхэм ягъэлъагъуэу щыта лэжьыгъэхэр IэщIыб тщIыжыну дыхуиткъым. Ар утыку къызэрипхьэжыфым куэд елъытауэ щытынущ.
- — Республикэм къибгъуэтэнкъым Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» Iуэтэжым къытращIыкIа кинофильмым емыплъа. Уеблэмэ, иджыри «ЧэмалышхуэкIэ» къоджэ яхэтщ цIыхубэм. А ролым теухуа уи гукъэкIыжхэмкIэ укъыддэгуэшамэ, ди гуапэт.
- — А фильмыр сыдэзыхьэхыу сыщыджэгуахэм ящыщщ. Абы лъандэрэ илъэс тIощIым нэсами, ноби уэрамым сыщрикIуэкIэ «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмым хэтар уэращ — жаIэурэ сыкъыщагъэувыIэ щыIэщ. Ар гуапэ пщымыхъуу къанэркъым. Апхуэдэм уримыгушхуэни плъэкIкъым. Ауэ нэхъ лейуэ си напщIэ телъщ а тхыгъэр зей Къэрмокъуэ Мухьэмэд сызэрикъуажэгъур. Зы жылэжь дыкъызэрыдэкIари хэлъу къыщIэкIынущ а ролыр нэхъ зыхэсщIэу, псэкIэ си гъунэгъу дыдэу щIыщытым, къыщIызэхъулIам. Мыри къыхэзгъэщынут: фильмыр щытетхар Щхьэлыкъуэ къуажэщ, Апажэ СулътIан и унагъуэрщ. СулътIан и къуэш нэхъыщIэ Назир «Адыгэ псалъэ» газетым щылэжьащ. Назиррэ Мухьэмэдрэ фIы дыдэу зэрыцIыхурти, абы и фIыгъэкIэт кинор Апажэхэ щIыщытрахари. А фильмым щыфлъэгъуа джэдкъазри, Iэщри, жыг хадэри а унагъуэм яйт. Ягъэлъэгъуэн папщIэ зыри кърашэлIатэкъым. НэфIыцIэрэ сэрэ ди сценэр щытетха пэш цIыкIур сигу къокIыж. Iуэхур щекIуэкIыр СулътIанрэ и щхьэгъусэ дунейм ехыжамрэ я пэшырт. Я хьэдрыхэ дахэ тхьэм ищI, СулътIанрэ и щхьэгъусэмрэ къызэдагъэщIа илъэсхэм я фэеплъ дахэу лIыжьым ихъумэ пэшыр, абы щIэт унэлъащIэ ямыгъэхъеяхэр дэ ди лэжьыгъэкIэ къыдигъэгъэсэбэпауэ щытащ. СулътIан и щхьэгъусэм хуиIа лъагъуныгъэм и щапхъэт а пэшыр зыкIи ямыхъуэжу а унагъуэм щIахъумар. Лъагъуныгъэм и хьэтыр лъапIэщ ар. Плъагъуркъэ, езы гъащIэмрэ фильмымрэ я мыхьэнэр хьэлэмэт гуэру зэхуэкIуат.
- — Ахьмэд, фIыщIэ пхудощI зэман тхухэпхыу укъызэрытхуеблэгъам папщIэ. Уи мурадхэр, хъуэпсапIэхэр тхьэм къыпхузэпищэ!
- Епсэлъар НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ.