Инал Нэху деж къыщожьэ
2019-08-06
- Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, шэрджэс мамлюкхэм къатепщIыкIащ Инал Нэху. Ар XV лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм адыгэ къэралыгъуэ къызэзыгъэпэща, ди лъэпкъым и пщы къудамэхэм я къежьапIэу щыта унафэщI щыпкъэщ.
- А лIы Iущым къищта унафэхэм закъыдиужьу хуежьащ хэкум. Адыгэхэр зэкъуигъэувам и мызакъуэу, я лъэпкъэгъу абазэхэмрэ абхъазхэмри зришэлIат абы икIи зы унафэм щIэт къэрал иухуэн хузэфIэкIауэ щытащ.
- Инал хэкулI щэджащэу, угъурлыуэ къалъытэрт, фIы куэд къыдэхъурти. Iуэху гуэрым яужь щихьэкIэ, ар нэщэнэ яхуэхъуауэ, и цIэр къраIуэрт Тхьэм и нэфI зыщыхуауэ ябж я Iэтащхьэм. Зяужь ихьар къащемыхъулIэри зэзэмызэххэт.
- Инал пщыр лъабжьэ зыхуэхъуа лIакъуэ зыбжанэ цIэрыIуэ щыхъуащ Урысейм. Псалъэм папщIэ, абыхэм ящыщщ Бэчмырзэхэ, ХьэтIохъущокъуэхэ, Къетыкъуэхэ, Бекович-Черкасскэхэ, Мысостхэ. Къэбэрдейм и пщы уэлийуэ щыта Идар Темрыкъуэ Инал Нэху и щIэблэм ящыщщ.