Ди щIалэгъуалэм я зыгъэпсэхупIэ
2019-07-27
- Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр дахэу щагъакIуэхэм ящыщщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэща «Адыгэ вагъуэзэшибл» зэхыхьэр.
- «Налшык Курорт» зыгъэпсэхупIэм махуэ зыбжанэ нэгузыужьу щагъэкIуащ Сирием къикIыжу ди деж къэIэпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэм, Иорданием, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыкIухэм. А Iуэху дахэм трагъэкIуэдэну ахъшэр ДАХ-м къыщихьащ УФ-м и Президентым и Грантхэм я фондым къызэригъэпэща зэпеуэм.
- Илъэсиблым щегъэжьауэ пщыкIутхум нэс зи ныбжь сабий плIыщI щызэрыцIыхуащ, зэныбжьэгъу щызэхуэхъуащ абы. НыбжьыщIэхэм анэдэлъхубзэр щрагъащIэ дерсхэр, мастер-классхэр, акъылзэхэдзэ, я къэухьым зезыгъэужь зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр драгъэкIуэкIащ.
- ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий фIыщIэ яхуищIащ сабийхэм къегугъуу къабгъэдэта псоми.
- ХьэщIэ цIыкIухэм папщIэ нэгузыужь концерт къызэрагъэпэщат ди республикэм щыщ сабий зэчиифIэхэм, лъэпкъ къафэхэмкIэ «Кавказ пшэплъхэр», «Асса» ансамблхэм, «Ритмы гор» бэрэбэнауэ гупым. Абыхэм гуимыхужу зыкъагъэлъэгъуащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыIа пIалъэм къриубыдэу сабийхэм ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм зыщрагъэплъыхьащ, ахэр нэхъ гъунэгъуу ирагъэцIыхуащ. Псом хуэмыдэу гукъинэж ящыхъуащ «Трек» гуэлым кхъуафэжьей цIыкIухэмкIэ зэрыте-тар. ИужькIэ ныбжьыщIэхэр сурэт щIынымкIэ зэпеуащ, нарт эпосым щыщу езыхэм нэхъыфIу ялъагъу лIыхъужьым и теплъэр къагъэлъагъуэурэ.
- Гукъыдэж зиIэхэм лъэпкъ къафэ-хэм зыхуагъэсэнуи Iэмал яIащ.
- Шэч хэмылъу, а гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм щыIа сабийхэм къахуэщхьэпэн куэд абы къыхахащ. Нэхъыщхьэращи, лъэпкъ, хэку лъагъуныгъэм и IэфIыр зыхащIэну Iэмал яIащ.
- Щомахуэ Залинэ.