Мы махуэхэм
2019-07-27
- Бадзэуэгъуэм и 27, щэбэт
- УФ-м и Сату IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
- 1147 гъэм Москва къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
- 1694 гъэм дунейм щыяпэу Инджылызым къыщызэIуахащ и банк нэхъыщхьэр. ЦIыху 1268-м я мылъку халъхьат Шотландием щыщ хьэрычэтыщIэ Патерсон Уильям и банкым.
- 1841 гъэм Пятигорск пэмыжыжьэу Мэшыкъуэ бгы лъапэм и деж щаукIащ урыс усакIуэ, тхакIуэ щэджащэ Лермонтов Михаил.
- 1922 гъэм Адыгей автономнэ областыр къызэрагъэпэщащ.
- 1941 гъэм Симонов Константин Москва щитхащ «Жди меня» зыфIища усэр. Зауэ зэманым ятхахэм я нэхъ цIэрыIуэ дыдэ хъуахэм ящыщщ а усэр.
- 1944 гъэм советыдзэхэм хуит къащIыжащ Львов къалэр.
- 1952 гъэм Индыл-Тэн кIэнауэр къызэIуахащ.
- 1981 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер къызэIуахащ. Иджы ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетщ.
- 1985 гъэм Москва къыщызэIуахащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я ХII дунейпсо фестивалыр. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр къызэIуихат КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэу а зэманым щыта Горбачёв Михаил. Фестивалыр шыщхьэуIум и 3 пщIондэ екIуэкIащ.
- 1990 гъэм Белорусскэ ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ я къэрал суверенитетым теухуауэ.
- 1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ президент къулыкъур.
- 2012 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон къыщызэIуахащ ХХХ гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр екIуэкIащ бадзэуэгъуэм и 27 — шыщхьэуIум и 12-хэм.
- Совет шахматисткэ, дунейпсо чемпионкэ Руденкэ Людмилэ къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирокъу.
- Адыгей усакIуэ, драматург Чуякъуэ Джэфар къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу.
- Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Iэбубэчыр Нажмудин къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу.
- Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щомахуэ Алексей къызэралъхурэ илъэс 83-рэ ирокъу.
- Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Чуякъуэ Инус и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирокъу.
- Жылагъуэ лэжьакIуэ, Тэрч щIыналъэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Емкъуж Хьэсэнбий къызэралъхурэ илъэс 74-рэ ирокъу.
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэнэтI Лидие къыщалъхуа махуэщ.
- Адыгэ усакIуэ, тхакIуэ Тау Нинэ къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 — 25-рэ, жэщым градус 17 — 19 щыхъунущ.
- Бадзэуэгъуэм и 28, тхьэмахуэ
- Гъуэжь узым ебэныным и дуней-псо махуэщ
- Урысей Федерацэм и Дзэ-Тенджыз Флотым и махуэщ
- 1586 гъэм Европэм япэ дыдэу кIэртIоф къашащ. Колумбием къришри, а къэкIыгъэр Инджылызым къишат Хэрриот Томас.
- 1697 гъэм Камчаткэ хытIыгуныкъуэр зэрыщыIэр къахутащ.
- 1858 гъэм криминалистикэм япэ дыдэу къыщагъэсэбэпащ IэпапIэхэр.
- 1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм щIидзащ. Ар дунейм щекIуэкIа зауэ нэхъ ин дыдэхэм — хэта къэралхэм, зи псэр щызыта, гузэвэгъуэ хидза цIыхухэм я бжыгъэкIэ — ящыщу къалъытэ. ЦIыху мелуанипщIым щIигъу хэкIуэдауэ, мелуан 22-рэ уIэгъэ щыхъуауэ щытащ а зауэм.
- 1928 гъэм Нидерландхэм я къалащхьэ Амстердам къыщызэIуахащ IХ гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Зэхьэзэхуэхэм щIадзакIэт накъыгъэм и 1-м. Олимпиадэр зэхуащIыжащ шыщхьэуIум и 12-м.
- 1942 гъэм СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и цIыхубэ комиссарым Iэ щIидзащ 227-нэ унафэм, «Зы лъэбакъуэкIи къимыкIуэтын!» къыхуеджэныгъэр щыубзыхуам.
- 1944 гъэм Белоруссие ССР-м щыщ Брест къалэр советыдзэхэм фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
- 1957 гъэм Москва къалэм къыщызэIуахащ щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалыр. Абы хэтащ къэрали 131-м къикIа ныбжьыщIэ мин 34-рэ. «Кабардинка» къэрал къэфакIуэ ансамблыр а фестивалым и лауреат хъуащ.
- 1980 гъэм СССР-м и къалащхьэм щыIэ Ваганьковэ кхъэм щыщIалъхьащ Высоцкий Владимир и хьэдэр. А нэщхъеягъуэм кърихьэлIат цIыху минхэр.
- 1984 гъэм Лос-Анджелес (США) къалэм къыщызэIуахащ ХХIII гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Абы хэтакъым Совет Союзымрэ абы и дарэгъу къэралхэмрэ я спортсменхэр.
- 1992 гъэм Урысейм и МЧС-м и къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ къулыкъущIапIэр къызэрагъэпэщащ
- 1995 гъэм Индием и Бомбей къалэм и цIэр Мумбаи жиIэу зэрахъуэкIащ.
- Франджы драматург Дюма Алек- сандр(къуэр) къызэралъхурэ илъэси 194-рэ ирокъу.
- Сирием щыпсэуа жылагъуэ лэжьакIуэ, Сорбоннэ дэт университет цIэрыIуэр къэзыуха, «Шэрджэсхэм я тхыдэр», «Пащтыхьхэм я бийуэ шэрджэсхэм ирагъэкIуэкIа зауэхэр» лэжьыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Сэмгугъу Iэмин къызэралъхурэ илъэси 119-рэ ирокъу.
- Швейцарием щыщ, хыхэр джынымкIэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Пикар Жак къызэралъхурэ илъэс 97-рэ ирокъу.
- Кинорежиссёр, актёр, сценарист, УФ-м и цIыхубэ артист Басов Владимир къызэралъхурэ илъэс 96-рэ ирокъу.
- СССР-м и цIыхубэ артисткэ Макаровэ Иннэ и ныбжьыр илъэс 93-рэ ирокъу.
- Совет, урысей кинорежиссёр, драматург, актёр, тхакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Мережкэ Виктор и ныбжьыр илъэс 82-рэ ирокъу.
- Урысей актрисэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Белохвостиковэ Наталье и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
- Венесуэлэм и президенту щыта Чавес Уго къызэралъхурэ илъэс 65-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 24-рэ, жэщым градус 18 — 19 щыхъунущ.
- Бадзэуэгъуэм и 29, блыщхьэ
- Къаплъэным и дунейпсо махуэщ
- 1696 гъэм урысыдзэхэм яубыдащ Iузэв тырку быдапIэр.
- 1836 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж и Вагъуэм и утыкум (иджы абы зэрехьэ Шарль де Голль и цIэр) къыщызэIуахащ Триумфальная арка зыфIаща ухуэныгъэ телъыджэр.
- 1914 гъэм VI гъэмахуэ Олимп Джэгухэр зэрыщымыIэнум теухуа унафэ къащтащ. Ахэр Германием щызэхэтын хуеят, ауэ Япэ дунейпсо зауэр къызэрыхъеям и зэранкIэ зэпеуэхэр ирагъэкIуэкIауэ щытакъым.
- 1936 гъэм СССР-м и ГъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм къыдигъэкIащ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэм теухуа положенэм и унафэр.
- 1942 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэкIэ къащтащ Суворовым и орденым и нагъыщищри, Кутузовым и орденым и нагъыщитIри, Невский Александр и орденыр.
- 1948 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон къыщызэIуахащ ХIV гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр шыщхьэуIум и 14-м зэхуащIыжащ.
- 1963 гъэм япэу уэгум ихьащ цIыху-хэр къызэрырашэкI Ту-134 кхъухьлъатэ лIэужьыгъуэщIэр.
- 1974 гъэм СССР-м Къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и комитетым и унафэщI Андропов Юрий и унафэкIэ терроризмэм ебэныным хуэгъэпса «Альфа» гупыр къызэрагъэпэщащ.
- 1990 гъэм Калинин къалэм фIащыжащ нэхъапэм зэрихьа Тверь цIэр.
- 1997 гъэм адыгэ пхъурылъху, Иорданием и пащтыхьыкъуэ Алий Бен-Хъусен «Кабардинка» ансамблым хэт-хэм яIущIащ.
- Дуней псом щыцIэрыIуэ сурэтыщI Айвазовский Иван (и цIэ-унэцIэ дыдэр Ованес Айвазянщ) къызэралъхурэ илъэс 202-рэ ирокъу.
- Совет Союзым и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтым щэнейрэ и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Кадочников Павел къызэралъхурэ илъэси 104-рэ ирокъу.
- Абхъазым щыщ еджагъэшхуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Абхъа- зым щIэныгъэхэмкIэ и академием и президент Шамбэ Тарас и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу.
- ЩIэныгъэлI, адыгэхэм я мэкъумэш, ботаникэ щэнхабзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Хьэкъун Барэсбий къызэралъхъурэ илъэс 78-рэ ирокъу.
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Сэхъутэ Нурбий и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
- Сирием щыщ дзэ къулыкъущIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, генерал-майор, СХьР-м и Адыгэ ФIыщIэ хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Къэбэрдей Аднан и ныбжьыр илъэс 72-рэ ирокъу.
- Совет, урысей композитор, уэрэджыIакIуэ, продюсер, УФ-м и цIыхубэ артист Крутой Игорь и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 27-рэ, жэщым градус 18 — 19 щыхъунущ.