Лъэпкъ гъуазджэм лъагъуэ нэху щыпхызыша Мурат Чапай
2019-07-04
- Псэужатэмэ, иджыблагъэ и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут РСФСР-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я артист, Адыгейм и цIыхубэ артист, лъэпкъ гъуазджэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа Мурат Чапай.
- ЗэфIэкI инкIэ Тхьэр зыхуэупса зырызхэм ящыщт Чапай. Ар утыкум зэрита илъэс 50-м роли 100-м щIигъу гуимыхужу игъэзэщIащ.
- Муратхэ лъэпкъкIэ къэбэрдейщ. Ахэр Адыгей щIыналъэм щыщщ. Лъэпкъыр Мурат цIыхухъуцIэм къытехъукIащ. А къудамэм и ебланэ лIакъуэщ Чапай. Абы цIэр къыфIэзыща и адэ шыпхъум цIэрыIуэу, лIыгъэ хэлъу къэхъуну угъурлыуэ къытриIуат.
- Чапай и адэ Исмэхьил яхэтащ 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м Красная Полянэм щызэуа зауэлI 250-м. Зауэ нэужьым мы щIыпIэм къыщызэрагъэпэща курыт еджапIэм и музейм зыплъыхьакIуэ куэд къахуокIуэ. Хэкум и мамырыгъэр зыхъумахэм я фэеплъ сурэтым Чапай и адэри хэтщ. Быныр пIын, зыхуей хуэгъэзэн и IуэхукIэ а лъэхъэнэм лIыгъэ зезыхьахэм ящыщщ Чапай и анэри. Абы хузэфIэкI къигъэнакъым щIалэр зыхуей хуэмыныкъуэу къигъэтэджынымкIэ. Зэгуэрым абы Чапай сомитI иритри бэзэрым игъэкIуат, шхын къищэхуну. ЩIалэр «Ленин» псалъэр зытетха тхылъым ехъуапсэри, блэкIыфакъым.
- Чапай япэу зэплъар «Аленький цветочек» спектаклрат икIи занщIэу театрым и дуней телъыджэм дихьэхат. «Къуажэ зэшыгъуэ» Чапай и пьесэр я жылэм щагъэувауэ щытащ. Ар псыпэ хуэхъуат тхакIуэм.
- Куэшхьэблэ щIыналъэм хыхьэ Блашэ- псынэ къуажэм дэт курыт еджапIэр къиуха иужькIэ, колхозым илъэскIэ щылажьэри, ГИТИС-м и адыгэ студием щIэтIысхьауэ щытащ. А гъэ дыдэм Адыгейм я хэгъэгу драмэ театрым и труппэм хагъэхьащ. Абы Мурат къыщигъэщIащ гуимыхуж ролхэр, теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр.
- Театрым щигъэзэщIа ролхэм я мызакъуэу, абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ пьесэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщу хыр Цей Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ Адыгэ къэрал драмэ театрым, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Мейкъуапэ дэт Музыкэ театрым щагъэуващ. КъищынэмыщIауэ, Мурат Чапай адыгэбзэкIэ спектакль куэд зэридзэкIащ. Абы къыдигъэкIащ тхыгъэхэр зэхуэхьэсауэ зэрыт «Шъузабэхэр» (1994 гъэ), «IэнатIэм и гъэрхэр» (2004 гъэ) тхылъхэр. Ар хэтащ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм.
- Мурат Чапай и цIэ зэхэзымыха адыгэ щIыгум куэд ису къыщIэкIынкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар лъэпкъым къыхэкIа артист нэхъыфIхэм, акъыл жан зыбгъэдэлъа, зи IэдакъэщIэкIхэм щIэупщIэ ин яIэ цIыхущ. Абы и утыку итыкIэ дахэм, и уэрэд жыIэкIэм, къигъэщIа образхэм нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри дихьэхырт. Абы хузэфIэкIырт дэни щыпсэу адыгэхэм ялъэIэсын, и IуэхущIафэм ахэри нэIуасэ хуищIын. Сыт я уасэт абы и гушыIэкIэм, акъыл ин хэлъу къиIуатэхэм?!
- ПIалъэ гуэркIэ Чапай щылэжьащ адыгэ радиоми. Ар къеджэрт гупсысэ кIэщIхэм, теплъэгъуэ цIыкIухэм, очеркхэм, новеллэхэм. Абы и творчествэм зыужьыныгъэ игъуэтауэ къыщалъытэр ар Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Германием, Сирием, Тыркум, Израилым щыщыIа лъэхъэнэрщ. А пIалъэм хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къацIыхуам и мызакъуэу, фIы дыдэуи ялъэгъуат.
- Чапай ящыщщ, и лъабжьэ дыдэм къыщезыгъажьэу, и къарурэ пщIэнтIэпскIэ IэнатIэ лъагэ зыIэрызыгъэхьэфахэм. Адыгейм щэнхабзэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ, Адыгэ театрым и унафэщI къулыкъухэр ирихьэкIащ. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами лъэпкъ Iуэхур, щэнхабзэр, литературэр зэрыригъэфIэкIуэным, абыхэм и гуащIэ зэрыхилъхьэным яужь итащ икIи къехъулIащ.
- «Театрыр щыгъын фIэдзапIэм щыщIедзэ», — жаIэ. Мурат Чапай театрым хуищIа фIылъагъуныгъэр и цIыкIущхьэ къыщежьэри и гъащIэ псом пхихыфащ. Ар псэухукIэ литературэм, театрым, лъэпкъым хуэлэжьащ. Абы и гуащIэ зытригъэкIуэдахэр щыIэху езым и цIэми мылIэжыныпсэ Iутынущ.
- Инэрокъуэ Данэ.