ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Щоджэн Хьэутий и тхылъыщIэ утыку кърехьэ

2019-07-04

  • Щоджэн Хьэутий иджыблагъэ къыдигъэкIа «1837:Тайны странствования Лермонтова по Кавказу» тхылъым дыгъуасэ лъэтеувэ щыхуащIащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым. Абы кърихьэлIат щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр, тхакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, Лермонтовым и творчествэр фIыуэ зылъагъухэр.

  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Лермонтовым и творчествэр тхылъым зэпкърыха зэрыщыхъуам, нэхъапэм куэдым гу зылъамыта Iуэхугъуэхэр къызэрыщыхьам, абы литературэм, щIэныгъэм, адыгэ лъэпкъым я дежкIэ иIэ мыхьэнэм и инагъым. Дэфтэрыр и тегъэщIапIэу Щоджэным зэфIигъэуващ усакIуэр 1837 гъэм Кавказым къыщыкIуам зэрызекIуа лъагъуэхэмрэ гъуэгухэмрэ.
  • Тхылъым и лъэтеувэм теухуа тхыгъэ зыубгъуа ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым фыкъыщеджэ.
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Сурэтыр Къарей Элинэтрихащ.