ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

МАЗЭ  ЛЪАПIЭР

2019-04-25

  • Дэтхэнэ зы муслъымэнри къытхуэмыгъэсу дызыпэплъэ нэщI мазэ лъапIэр къэблэгъащ. ЗэкIэ зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар накъыгъэм и тхум е и хым къохьэ — мазэр къэунэхуа нэужьщ нэщI дыщихьэ махуэр наIуэ къыщыхъунур. Абы ипкъ иткIэ, Iуэхум и пэжыпIэм теухуа хъыбар фэдгъэщIэнщ.

  • Япэми зэрыжытIащи, Алыхьым къалэнитху къытщищIащ, дымыгъэзащIэмэ къытхуэмыгъуну, ахэр: щэхьадэ къэхьыныр, рэмэдан мазэм нэщIыныр, нэмэз щIыныр, мылъкум сэджыт хэтыкIыныр, хьэж щIыныр. Хьэж щIыныр зытехуэр мылъку лей зиIэхэращ.
  • Абыхэм ящыщу нобэ зи гугъу тщIынур нэщIыращ.
  • Рэмэдан мазэр адрей мазэхэм ещхькъым. А мазэ закъуэращ цIыхур щызыгъауэ, гъуэгу мыхъумыщIэм тезышэну хущIэкъу шейтIанхэр щхьэхуимыту щыщытыр. Абы и щыхьэтщ Абу Хьурейрэ къиIуэтэжа мы хьэдисыр: «Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Рэмэданым и япэ жэщыр къыщысам и деж жыхьэнмэм и бжэ псори зэхуащI, жэнэтым и бжэ псори зэIуах икIи а жэщым къыщыщIэдзауэ мазэр икIыху шейтIанхэр Iэпхлъэпхыу щытынущ». Аращи, а мазэм цIыхум илэжь мыхъумыщIагъэхэмкIэ шейтIаныр къуаншэкъым, атIэ ахэр зи лэжьэжыр езы цIыхуращ, и псэращ, и Iиманыншагъращ.
  • НэщI зытехуэхэр
  • НэщI тохуэ:
  1. Муслъымэным. НэгъуэщI дин зезыхьэм нэщI хуигъэувыркъым.
  2. АкъылкIэ узыншэм, зи ныбжь нэсам. АкъылкIэ щыщIэныгъэ зиIэхэм е балигъ мыхъуа сабийхэм ятехуэркъым.
  3. Узыншэм. УнэщIыныр уи узыншагъэм езэгъыу щытын хуейщ. Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «Фэ фщыщу хэт сымаджэми, е гъуэгуанэ тетми, апхуэдиз пIалъэкIэ адрей махуэхэм ирепшыныж».
  4. Хьейдэрэ нэфасэрэ зыбгъэдэмылъхэм. Мыр зыхуэгъэзар бзылъхугъэхэращ (мазащхьэ Iуэхугъуэр зэфIэмыкIауэ, е сабий ягъуэта нэужь къабзэ мыхъужахэр нэщI хъунукъым).
  5. Зи щIыпIэ исыжхэм. Псалъэм и хьэтыркIэ, зы къэрал икIыу нэгъуэщI къэрал кIуэхэм къапэщылъ гъуэгуанэ кIыхьым ипкъ иткIэ, нэщIыр фарз ящищIыркъым. Апхуэдэхэм нэщIыр япшыныж хъунущ, ауэ щыхъукIи, гъуэгуанэр къатемыхьэлъэмэ, нэщIмэ нэхъыфIщ. Алыхьым и псалъэу КъурIэным къыщыкIуащ: «ФынэщIмэ нэхъыфIщ фэркIэ» Iэятыр.
  • НэщIым  ехьэлIауэ  гу  зылъытапхъэхэр
  1. НэщIыр екъутэ пщIэуэ пшхы, ипф псоми. Ауэ узэрынэщIыр пщыгъупщауэ, ушхэ щхьэкIэ, нэщIыр къутэркъым икIи узэрынэщIыр къыщыпщIэжа дакъикъэм шхэн щыбгъэту, адэкIэ нэщIым пыпщэжын хуейщ. Зыщыгъупщауэ шхэуэ плъэгъуа цIыхум игу къэбгъэкIыжын хуейщ ар зэрынэщIыр. Ауэ зыщыгъупщэжар ныбжькIэ жьы дыдэ хъуамэ е узыншагъэ зыбгъэдэмылъ гуэру щытмэ, зэрынэщIыр игу къыумыгъэкIыжу, зигъэнщIыху бгъашхэмэ, нэхъыфIщ. Ауэ нэщIыр зыхунэгъэсыну цIыхур хэшхауэ тлъагъумэ, апхуэдэм нэщI зэрисыр игу къэдгъэкIыжыныр ди къалэнщ.
  2. Удз гъэгъам е шхыным хуейуэ епэмым и нэщIыр мэкъутэ. Ауэ езыр хуэмейуэ мэр и Iум ирихьэкIэ, нэщIыр къутэркъым.
  3. Хуейуэ Iугъуэ зыжьэдэзышэхэми я нэщIыр мэкъутэ, ауэ хуэмейуэ я тэмакъым ирихьэ щхьэкIэ, нэщIыр къутэркъым.
  4. Дзэр IуебгъэчкIи, лъыр е хущхъуэр кIуэцIым мыкIуэмэ, абы щыгъуэми нэщIыр къутэркъым.
  5. Мастэр хуэм е лъынтхуэм хебгъэIукIи зэранкъым (ауэ Iэмал иIэххэмэ, хэщхьэж нэужьым нэхъыфIщ).
  6. Iупс бзаджэр ебгъэнэхкIи нэщIыр икъутэркъым. Ауэ абы теухуауэ, Тхьэр арэзы зыхуэхъун Iимам Шафихьи «икъутэу» зэрыжиIам папщIэ, Iэмал иIэмэ, иумыгъэнэхмэ, нэхъыфIщ.
  7. Ухуейуэ зыкъэбгъэжьмэ, нэщIыр мэкъутэ, ауэ ухуэмейуэ укъэжь щхьэкIэ къутэркъым.
  • НэщIыр  зыкъутэу  пшыныжынри
  • кэффарэри  къыптезыгъахуэхэр
  1. НэщI къиублэрэ хущхъуэ ефэн щхьэкIэ е нэгъуэщI щхьэусыгъуэкIэ икъутэмэ, абы ипшыныжынуи кэффарэри къытохуэ.
  2. Зэщхьэгъусэ IуэхукIэ зэкIуалIэмэ.
  3. Iугъуэ къыпыкIыу ираф лIэужьыгъуэхэм щыщ зрахьэлIэмэ.
  • Мис апхуэдэ Iуэхугъуэхэр зылэжьахэм пшынэни кэффарэри къатохуэ.
  • Кэффарэр зищIысыр: Тхьэм къалэн тщищIа нэщIым къемызэгъ Iуэхугъуэ зэрыхэтщIыхьам и тезыртегъэкIыу аращ. Абы лIэужьыгъуитI иIэщ. Япэр зы пщылI щхьэхуит къэпщIыныр. Ауэ пщылI имыIэмэ, етIуанэ кэффарэ лIэужьыгъуэр егъэзащIэ: ар мазитIкIэ зэкIэлъыпыту унэщIынырщ, хьид махуэхэр хэмыту. МазитIкIэ зэкIэлъыпыту мынэщIыфынумэ, факъырэ хыщI я ныбэ изу шхэгъуитIкIэ игъэшхэн хуейщ. Зы факъырэ закъуэ махуэ хыщIкIэ игъашхэми хъунущ е факъырэ хыщIым сэдэкъэ яритмэ, ари хъунущ.
  • Къэдэр  жэщыр
  • Рэмэданым и иужьрей махуипщIым хеубыдэ зыхуэдэ щымыIэ Къэдэр жэщ лъапIэр. А зы жэщ закъуэм и фIыгъуэр нэхъ лъапIэщ мазэ миным я фIыгъуэм нэхърэ.
  • Жэщу щыIэм я нэхъ лъапIэу Къэдэр жэщырщ — ар Рэмэданым и 27-нэ жэщым техуэу къалъытэ. Абы щыгъуэщ КъурIэн лъапIэм щыщ Iэятхэр Алыхьым япэ дыдэу Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) мелыIыч ДжэбрэIил къыщыхурихьэхар.
  • Къэдэр жэщым псом хуэмыдэу тобэ къэхьыжын, КъурIэн нэхъыбэрэ еджэн хуейщ. А жэщ лъапIэм Тхьэм хуэпщылI мелыIычхэр апхуэдизкIэ куэд мэхъури, абыхэм я бжыгъэр Езы Алыхьым фIэкIа нэгъуэщIым ищIэркъым. А псори Къэдэр жэщым щIылъэм къохри, и курыкупсэм ДжэбрэIил яхэту, нэху щыху Тхьэм йолъэIу цIыхухэм гущIэгъу къахуищIыну. А жэщым щIылъэм теувапIэ иIэкъым, апхуэдизкIэ мелыIычхэр щыкуэдщи, икIи а псори Iэдэм и быным щхьэкIэ мэлъаIуэ. Алыхьым хуэпщылIу а жэщыр зыгъакIуэ псоми, хьэдисым къызэрыщыкIуамкIэ, ДжэбрэIил мелыIычым и IэхэмкIэ сэлам къарех (ауэ ар дэ зыхэтщIэркъым). ЛъэIур къабыл щыхъу Къэдэр жэщ лъапIэм мелыIычу хъуар дэ щхьэкIэ мэлъаIуэ. Абы нэхърэнэхъгущIэгъурсыт?!