ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэсым

2019-04-16

  • Иджыблагъэ Налшык щызэIущIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр. Зэхуэсым кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, бизнесымкIэ институтым и ректор, философие щIэныгъэхэм я доктор Хъурей Феликс, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым хэтхэр, нэгъуэщIхэри.

  • Зэхуэсым зыщытепсэлъыхьа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм 2018 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр зыхуэдам, ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупым и комитетхэм 2019 — 2021 гъэхэм зэфIагъэкIыну я мурад Iуэхухэр, Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 155-рэ зэрырикъум иращIэкIыну дауэдапщэхэр убзыхуныр, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я щIалэгъуалэр УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэгъэтIысхьэныр, КъБР-м, АР-м, КъШР-м я сабий зыгъэпсэхупIэхэм я щIэблэр къегъэблэгъэныр, Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм и хэхыныгъэ съездыр зэрекIуэкIар, нэгъуэщIхэри.
  • Апхуэдэу зэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ илъэси 190-рэ и пэкIэ Iуащхьэмахуэ щыгу япэ дыдэ иува цIыхур адыгэлI Хьэшыр Чылару зэрыщытым шэч къытозымыгъэхьэжыххэ Iуэхугъуэхэу щIыналъэ псоми щыIэ хасэхэм мы гъэм зэдэгъэзэщIэным теухуар. А Iуэхугъуэхэр зэпкърыхауэ утыку кърихьащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд икIи ахэр ГъэзэщIакIуэ гупым даIыгъащ.
  • Къыхалъхьа Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьын яуха нэужь,  «Дунейпсо адыгэ диктанту» гъатхэпэм и 14-м ирагъэкIуэкIам кърикIуахэм тепсэлъыхьыжащ икIи абы нэхъ жыджэру хэтахэр кърагъэблагъэри, ДАХ-м къыбгъэдэкIыу ЩIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ хасэ тхьэмадэхэмрэ иратащ.
  • Сурэтри тхыгъэри
  • ЩОДЖЭН Iэминат ейщ.