ПщыукI Латмир и усэхэр
2019-04-16
- * * *
- Уфафэу тенджыз,
- ЗэщIэпщIыпщIэу уафэ, —
- И нэхум уи нэр щIисыкIыу.
- Джэрэзу къытщыхъуми,
- Джэрэзурэ къафэ
- Мы щIылъэм сыти хэтщIыкIрэ?
- А псор къыбжезыIэр
- Уи щIыфэ, уи псэ?
- Е уи бзэ а псор зыхэзыщIэр?
- Тенджызыр изыхукIэ
- Iэсэнущ уафэр…
- Жэуапыр тхуэтыжкъым зыжьэу!
- * * *
- Си унэм щIэтщ уи Iэуэлъауэ,
- Къэбгъэзэжын симыгугъа,
- СымыгъэункIыфIу пхуэсIыгъа
- Си гур аргуэру къызодауэ,
- Къытекъуэлъэн къытекъуэлъауэ.
- Си унэм щIэтщ уи Iэуэлъауэ,
- Чэсейр хьэку нэщIым къепхъухащ,
- Си щхьэцыр бжьыбжьу къетхъухащ.
- Дунейр зэрысцIыхунур дауэ,
- Псыкъуийм и лъащIэм симыплъауэ?
- Си унэм щIэтщ уи Iэуэлъауэ…
- Згъэгъуну псори пхуэзгъэгъуащ.
- НыпщыгуфIыкIри, си гур гъащ…
- Иджы сызэрыхъунур дауэ?
- * * *
- УхэплъэкIэ плъагъунуIакъым,
- Плъагъунукъым укъыхэплъкIи.
- Хы Хуэмым щхьэщыхьэ щыблэм
- Тыншыгъуэ къыпхуригъэблкъым.
- Си фIыгъуэр щызгъэкIуа хьэблэм
- Гукъеуэр щоупщIыIу-щохуабэ,
- Хы Хуэмым и толъкъун Iэлым
- Теплъаджэу зыкъысфIехуапэ.
- Гухэлъыр щысIуэта хадэр
- ПщIыхь чэнжхэм я жэщ тIысыпIэщ.
- Хы Хуэмым и толъкъун уардэр,
- КъоIэбэри, къытлъоIэсыпэ.
- Насыпыр щаухуэнщI щхьэлыжьым
- ЩызэхуащIыжыркъым IэплIэ.
- УхэплъэкIэ плъагъунуIакъым,
- Плъагъунукъым укъыхэплъкIи.
- * * *
- ЗыщIыпIэ згъэзэххэмэ, уи деж нэзгъэзэнщ,
- Бжьыхьэпэу, жэщыбгыу, си закъуэу.
- Си жьыгъэ мызагъэр уи пщIыхьым хуэзэнщ,
- Жэщ плъыру, плъыржьэру, усакIуэу!
- Си напэр узынкъым, текIуами гъэ тIощI,
- ИкIами си псалъэм и пIалъэр…
- ЛIэщIыгъуэм и щэхур бжэ дзакIэм къыдощ —
- Уи унэр нэху кIуапIэ-хуабалъэщ.
- * * *
- Зэманым щымыщу,
- Хьэкущхьэм щымыжьэу,
- ЗищIысыр сымыщIэу
- Махуэ…
- Уи ужь сиувэнути,
- Си гур мэпIыщIэ —
- Дэ тIур дызэзыпхыр
- Махэщ.
- Зэманыр, къоувыIэри,
- Iэдакъэжьауэу
- Си нэгум къоплъыхь-къоплъакIуэ.
- Сытехьэжынут гъуэгум куэд щIауэ —
- СыкъэзыгъэувыIэр гуакIуэщ!
- * * *
- Ярэби, пэжу пIэрэ
- ЩIыбым къыщаIущэщыр?
- Уафэм къыкIэщIэщэщу
- ПщIантIэр зысеижар?
- Сысеижамэ гугъэр —
- Псэгъэхуэбэж хъарзынэт,
- ГъащIэм сыхуэхьэзыру
- ЖызыIэр къызэижат!
- Ярэби, пэжу пIэрэ
- Уафэм къищэIу-къиIуэщхъур?
- Псэр зыхэкIуадэ щIэщхъур
- ЩIэщхъум я нэхъыкIэжщ…
- УфIэфIмэ, хуиту гуфIэ,
- Ухуеймэ, чэнжу бауэ —
- Псэр щызэшынущ Iуфэм,
- БгъуэтыхукIэ уи джэрпэджэж.
- * * *
- Губжьыр зэщIыдокъуэж,
- ЗэщIыдокъуэж гужьгъэжьыр.
- Хъунукъым дыхущIегъуэж,
- ДыкъыщыкIуакIэ хьэщIэу.
- Уафэр къыдотIэпIыж,
- Къыдобзыхьыжыр щIылъэр.
- Сытым и сэбэпыж
- КъимыкIыкIыну жылэм?
- ЩIыдагъэхынур сыт
- ГупыкIыгъуей пэш уардэм?
- Псэр хуэныкъуэжкъым зы,
- КIэрыхьэжамэ аддэ…
- * * *
- УIукIыжмэ, псы схуэлIэнущ,
- Псы схуэлIэнущ, схуэлIэнущ жьы,
- Щым зысщIынурэ сыныппэплъэнущ,
- УфэрэнкIыу хуежьэхукIэ щIыр.
- Жьымрэ псымрэ щытепщэ щIыпIэм
- Дауэ гъусэ ущысхуэхъуат?
- Си насыпти, дунейр си щыпэт,
- Си насыпти, си щхьэцыр тхъуат.
- Хъуар къэгъани, гъэсыж мыхъунур,
- Уи уIэгъэр мыхъуж-мыкIыжщ…
- СынолъэIур сызэхэпхыну,
- СынолъэIур: уIумыкIыж!