ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЗэфIэкI лъагэ зиIэ

2019-04-11

  • ЩIДАА-м и академик, абы и япэ вице-президенту щыта, Адыгэ Республикэм, Кубаным щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Бырсыр Батырбий Мыхьмуд и къуэр лъэпкъ щIэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ нэсхэм, абы зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм ящыщщ. Бырсырыращ Адыгэ Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и япэ министру щытар. Батырбий и фIыгъэ куэд хэлъщ адыгэ щIыналъэм щIэныгъэм хэпщIыкIыу зэрызыщиужьам. ЛъэпкъылI щэджащэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 80 ирикъуащ.

  • Бырсырыр Адыгейм хыхьэ Щоджэн щIыналъэм и Хьэкурынэхьэблэ къуажэм къыщалъхуащ. Школыр фIы дыдэу къиуха нэужь, щIалэщIэм мурад ищIащ я унагъуэм защIигъэкъуэну икIи илъэситI-щыкIэ щылэжьащ я жылэм щызэхэт колхозым. Махуэ псом губгъуэм итами, къару имыIэжу ешауэ унэм къекIуэлIэжми, еджэныр зи гуращэ щIалэр тхылъым кIэрыст: имыщIэ зригъащIэрт, ищIэхэри къипщытэжырт. 1958 гъэм Бырсырым и хъуэпсапIэр зыIэригъэхьащ. Ар щIэтIысхьащ Тбилиси дэт къэрал университетым и филологие къудамэм. Абы Батырбий куууэ щыхуеджащ кавказыбзэхэм, абыхэм зэщхьу, зэщхьэщыкIыныгъэу яIэр, дэтхэнэми и ухуэкIэр, хьэлэмэтагъыу яхэлъыр зыгуригъэIуащ.
  • ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтауэ Бырсырыр щалъхуа щIыналъэм къэкIуэжащ 1963 гъэм. ЩIалэщIэм и IэщIагъэмкIэ лэжьэн щыщIидзащ Щоджэн районым хыхьэ Пщыжь къуажэм дэт курыт школым. Зи IэнатIэм гурэ псэкIэ бгъэдэт егъэджакIуэ щIалэм, зи анэдэлъхубзэр зи псэм хэлъу къэхъуам, занщIэу къыдихьэхащ еджакIуэ цIыкIухэри, абыхэм я адэ-анэхэри, къыдэлажьэхэри, школ унафэщIхэри. Абы и гъэсэнхэм хуэдэу адыгэбзэм хуэшэрыуэ еджапIэм щумыгъуэтынми ярейт. Езы егъэджакIуэми бгъэдэлъ щIэныгъэм, зэфIэкIым махуэ къэс хигъахъуэрт. Куэд дэмыкIыу Бырсырыр школ директорым и къуэдзэу ягъэуващ. И къалэнхэр нэхъыбэ хъуами, Батырбий и IэщIагъэм хуиIэ хьэлэмэтагъым, лэжьыгъэм зэрыхущыт щIыкIэм хэщIатэкъым, нэхъри зиужь, ефIакIуэ мыхъумэ.
  • Апхуэдэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, жыджэрагъышхуэ зыхэлъ щIалэм гу лъамытэу къэнакъым. 1966 гъэм Бырсырыр ирагъэблэгъащ Адыгэ къэрал пединститутым. Курыт школым зяужь щихьа къэхутэныгъэхэр и лъабжьэу абы кандидат лэжьыгъэ хъарзынэ игъэхьэзыращ икIи ехъулIэныгъэ иIэу ар пхигъэкIащ. 2001 гъэм доктор диссертацэри игъэзэщIащ. Бырсырым и къэхутэныгъэхэр теухуащ адыгэ глаголхэм я зэхэтыкIэм, ахэр абхъазыбзэм, убыхыбзэм, нэгъуэщI иберий-кавказыбзэхэм егъэпщэным.
  • И щIэныгъэм зэрыхигъахъуэм хуэдэу, Батырбий и къулыкъукIи дэкIуейрт. Институтым адыгэбзэмкIэ и кафедрэм ассистенту лэжьэн щIэзыдза щIэныгъэлI щIалэр 1973 гъэм институтым и филологие факультетым и унафэщIым и къуэдзэ, итIанэ адыгэбзэ, урысыбзэ кафедрэхэм я доцент хъуащ.
  • ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм я пэщIэдзэм адыгэбзэр джыным ехьэлIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ инхэр иригъэкIуэкIащ Батырбий. Абы иужькIэ профессор Бырсырыр институтым адыгэбзэмкIэ  и кафедрэм и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ лэжьащ. А зэманым къриубыдэу щIэныгъэлI пажэм къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр зэфIихащ. Ахэр нэхъыбэу ехьэлIат адыгэ, убых, абхъаз бзэхэм хэт глаголхэм я ухуэкIэм зэщхьу хэлъымрэ зэщхьэщыкIыныгъэу яIэмрэ. Апхуэдэу абы лэжьыгъэшхуэ ирихьэлIащ адыгэбзэм и пэжырытхэ хабзэхэр зэхэгъэувэным, анэдэлъхубзэм и орфографие псалъалъэ зэхэлъхьэным. Батырбий игъэхьэзыращ икIи дунейм къытригъэхьащ курыт школхэм адыгэбзэр зэрыщрагъэджыну тхылъ зыбжани. Псори зэхэту къапщтэмэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу 150-м щIигъу иIэщ Бырсыр Батырбий. Абыхэм ящыщ куэд щIэныгъэлIым хуигъэпсащ Косовэ (Югославие), Иорданием щыпсэу адыгэхэм я диалектхэр, адыгэ морфологиемрэ синтаксисымрэ я хабзэхэр джыным.
  • 1988 гъэм Бырсырыр и унагъуэр и гъусэу Германием кIуащ, СССР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и унафэкIэ. Урысыбзэр еджапIэ нэхъыщхьэхэм щригъэджу илъэсищкIэ абы щыIащ щIэныгъэлIыр. И Iуэхур дэкIыу щыIэ пэтми, хамэ щIыпIэр къытехьэлъэрт хэкупсэм икIи абы къыхэкIыу и щIыналъэм къимыгъэзэжын лъэкIакъым.
  • 1992 гъэм Бырсырым къэрал къулыкъу лъагэ къыхуагъэфэщащ. Ар ягъэуващ Адыгэ Республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министру. А къалэныр илъэситхукIэ щытхъу пылъу ирихьэкIащ Батырбий. ЖыпIэнурамэ, абы и унафэм щIэту гъэхьэзыра хъуащ егъэджэныгъэм иджы щытепщэ Iуэху зехьэкIэщIэхэр, убзыхуа хъуащ абы зэрызиужьыну унэтIыныгъэщIэхэр. ЗэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм гугъуехь куэд зытелъа курыт школхэм зыкъаужьыжащ, я бжыгъэми къыхэхъуащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэхэращи, Мейкъуапэ къыщызэIуахауэ щытащ къэрал технологие университет (МГТУ), Адыгэ къэрал пединститутыр и лъабжьэу къызэрагъэпэщащ Адыгэ къэрал университет. Апхуэдэу Мейкъуапэ къыщызэIуахауэ щытащ Кубань къэрал медицинэ академием и къудамэ, Урысейпсо есэп еджапIэ, Бзэхэр щадж «Актив» филологие центр.
  • А псоми, шэч хэмылъу, и гуащIэшхуэ хэлът щIэныгъэлI щыпкъэ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ хьэлэмэт министр Бырсыр Батырбий. Ар хагъэхьащ Урысей Ипщэм къыбгъэдэкIыу УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и деж щылажьэ советым. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ и лъахэм щезыгъэфIэкIуэн Iуэхугъуэ щхьэпэ куэд абыи щызэфIихащ Бырсырым. ЩIыналъэ егъэджэныгъэм хуэщхьэпэ Iуэхухэм къадэкIуэу, а зэманым Бырсырым анэдэлъхубзэм и IуэхукIэ зэгурыIуэныгъэ зэхуэмыдэхэр яриухылIащ Израилым, Сирием, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм ядэлэжьэну. Кавказыр джынымкIэ институт Израилым къызэрыщызэIуахауэ щытар зи фIыгъэр а щIэныгъэлIырщ.
  • 2001 гъэм Бырсырым хьэзыр ищIащ ноби щIэупщIэшхуэ зиIэ и доктор диссертацэр. Адыгэ глаголхэр нэсу щызэпкърыха, абыхэм я зэхэлъыкIэри тхыдэри щыубзыхуа лэжьыгъэшхуэм щIэныгъэлIым наIуэ къыщищIащ а Iуэхум ехьэлIауэ иIэ еплъыкIэхэр. Ахэр абы еджэныгъэм хилъхьащ зыщылажьэу щыта университетым адыгэбзэмрэ адыгэ  щэнхабзэмкIэ и факультетым и декану лажьэкIэрэ. «Бзэ къулейсыз щыIэкъым — щыIэр зи бзэр зымыщIэ цIыху къулейсызщ», — а псалъэ Iущхэр жызыIэрей Бырсырым и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэрщ факультетым иджыри щыпэрытыр. Лъэпкъ щIэныгъэм и лэжьакIуэ пажэхэм ящыщ Бырсырыр 2009 гъэм къыщыщIэдзауэ 2017 гъэ пщIондэ и пашэу щытащ Адыгэ Республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым.
  • Адыгэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэш Бырсыр Батырбий ноби и къару, зэман куэд ирехьэлIэ лъэпкъ щIэныгъэм зегъэужьыным. Абы къызэрилъытэмкIэ, иджырей егъэджэныгъэр, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр ухуэн хуей мэхъу мылъкукIэ щIэгъэбыда лъабжьэ лъэщ щымыIэу. ИтIани абы къелъытэ къэхутэныгъэщIэхэр зи плъапIэ лъэпкъ щIэныгъэлIхэр я къару емыблэжрэ я зэфIэкIыр къагъэсэбэпурэ дапщэщи зэрылажьэр. ЩIэныгъэр ехъулIэныгъэщIэхэм хуэзышэр арауи жеIэ. Къапщтэмэ, апхуэдэущ езы Бырсырым дзыхь къыхуащI дэтхэнэ IэнатIэри сыт щыгъуи зэрырихьэкIар. Аращ абы жылагъуэм пщIэшхуэ, нэмыс, лъытэныгъэ щIыщиIэр.
  • И лэжьыгъэфIхэм папщIэ Бырсырым къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэхэр, цIэ лъагэхэр. Ар УФ-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличникщ, УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, Адыгэ Республикэм, Кубаным щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ, Педагогикэ, социальнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей академием хэтщ. Батырбий къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэм ящыщщ «АКъУ-м и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» медалыр (2010 гъэ), Адыгэ Республикэм и Къэрал Советым — Хасэм къыбгъэдэкI «Хабзэ. Къалэн. ЩIыхь» (2014 гъэ) дамыгъэр, «АКъУ-р илъэс 75-рэ ирокъу» медалыр (2015 гъэ), «ЩIыхьрэ фIыщIэрэ» орденыр (Абхъаз Республикэ, 2015 гъэ), «Адыгэ Республикэр илъэс 25-рэ ирокъу» (2016 гъэ), нэгъуэщIхэри.
  • Профессор Бырсырыр апхуэдэуи жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшщ. Адыгэ Iуэхум игъэпIейтей Батырбий жыджэру хэтщ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм, IуэхуфI куэдым я жэрдэмщIакIуэу.
  • Адыгейм и мызакъуэу, нэгъуэщI къэрал куэдми къыщацIыху Бырсыр Батырбий Мыхьмуд и къуэм, зэфIэкI лъагэ зиIэ щIэныгъэлI щыпкъэм, хэкупсэ нэсым, дохъуэхъу лъэпкъым ифI къызэрыкIын лэжьыгъэ щхьэпэ куэд иджыри зэфIихыну, узыншагъэ, гъащIэ кIыхь иIэну.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.