Сэ зыкъэслъыхъуэжу
2019-04-11
- НАТХЪУЭ Къадыр, тхакIуэ (США, Нью-Йорк)
- ГукъэкIыжхэр
- (КIэухыр. ПэщIэдзэр №40-м итщ).
- США-м сыкIуэну
- мурад зэрысщIар
- Иджыри къэс сыздэщыIа хэгъэгухэм елъытауэ, псом нэхърэ нэхъ щхьэхуит, езым нэхърэ нэхъ телъыджэ узыгъэлъыхъуэн Хьэшимит къэралыгъуэ цIыкIур псынщIэу дэхуэхырт. Палестинэм къиIэпхъукIахэр улахуэ мащIэкIэ лэжьэну зэрыарэзым къыхэкIыу, щIыналъэм исхэм хьэрхуэрэгъу къахуэхъурти, ущылэжьэныр кIуэ пэтми нэхъ гугъут.
- Зы доллар уиIэмэ, зы доллар ущиуасэ, щай уимыIэмэ, щай ущимыуасэ а къэралым сыкъинэн гукъыдэжыр а щхьэусыгъуэм иригъэхуэхырт. ПщIэкIэ лажьэ пщылI сыхъуа къудейтэкъым, ФатIимэ-нанэ зэрыжиIам ещхьу. И лэжьапIэр фIэкIуэдыху къыщхьэщыжын къимылъыхъуэу зэрымыхъунур къызыгурыIуэ пщылI сыхъуат.
- ХэкIыпIэ закъуэу щыIэр ахъшэ зэхуэпхьэсу сату щIапIэ гуэр къызэIупхынырт, ауэ сэ къэзлэжьым тепщIыхьмэ, ар схузэфIэкIынутэкъым, куэдыIуэ си щхьэм зэрытезгъэкIуадэм къыхэкIыу.
- А щытыкIэм Амман дэт Америкэ лIыкIуэм деж сыкIуэу визэ къызатын папщIэ лъэIу тхылъ щIэслъхьэну сигу къигъэкIащ. Ар къыщыхъуар 1948 гъэм и етIуанэ Iыхьэрт.
- «Сэ сыадыгэщ,
- жаIар сIуэтэжу
- сыдэтыфынукъым»
- Зэгуэр Палестинэм щыщ си гъунэгъухэм садэуэршэру сыздэщысым, си пщыIэм полицайхэр къыщIэлъадэщ, Iэубыд сащIщ, си Iэхэм Iэпщэхъу къралъхьэщ, джипым срагъэтIысхьэщ, Джэбэл Амман срашалIэри, пэшышхуэ гуэрым сыкъыщIанащ. Дакъикъэ зыбжанэ дэкIа нэужь, офицер гуэр къыщIыхьэри, гугъу сызэрырагъэхьар яхуэзгъэгъуну щабэу къызэлъэIуащ, итIанэ ар Iуэхур зыIутыр щIахъумэн папщIэ зэращIамкIэ зыкъиумысащ. СагъэтIыса хуэдэу фэ къыстрагъэуэн хуей щIэхъуари къыдыщIигъуащ. КъызбгъэдэтIысхьэщ, тутын къысхуишийри, большевикхэр слъагъу зэрымыхъур фIыуэ зэращIэр, политикэм теухуауэ къыддэуэршэрыну цIыху куэд си деж къызэреблагъэм зэрыщыгъуазэр къызжиIащ. Иджыпсту къызат улахуэм нэхърэ тIукIэ нэхъыбэкIэ сыкъигъэгугъащ, садэлэжьэну арэзы сыхъумэ. ЩIэн хуей закъуэр — си деж къеблагъэ цIыхухэм жаIэм фIыуэ седаIуэу езыхэм яжесIэжынырт.
- Сэ офицерым занщIэу жесIащ ар зэрысхузэфIэмыкIынур. Ауэ езым сыхигъэзыхьырт, щIэзмыдэм и пэжыпIэр къыгурыIуэну хуейуэ.
- «Щхьэусыгъуэр къызэрыгуэкI дыдэщ, — естащ абы жэуапу. — Сэ сыадыгэщ, лъэпкъым щызекIуэ хабзэм тету сагъэсауэ. Абы ипкъ иткIэ, адрей си пщэрылъхэм къадэкIуэу, си унэ къеблэгъа хьэщIэр схъумэнырщ къыстехуэр, сепцIыжыныркъым. Хьэшимит пащтыхьыгъуэ телъыджэр Iэщэ сIэщIэлъу схъумэну сыхьэзырщ, ауэ уэри, нэгъуэщI зыгуэрым щхьэкIи шыгъупIастэ зыдэзгуэш си ныбжьэгъухэм жаIар мы дуней мылъкукIэ сIуэтэжу сыдэтыфынукъым!»
- «Сыт щхьэкIэ, уэ уи ныбжьэгъу гуэрхэр къыддолажьэ дэ», — къызэупщIащ офицерыр.
- «Абыхэм ар я напэм яхутегъахуэ къыщIэкIынщ, сысейм къысхуидэркъым. Къыспэбубыдми, лей зепхьэнущ», — естащ жэуапу.
- Зыкъомрэ и щхьэр игъэкIэрахъуэу къызэплъащ. ИтIанэ къызжиIащ: «Ущхьэхуитщ, ущIэкIыж хъунущ. Ауэ дызэрызэпсэлъар зыми жумыIэ».
- Сэри сызэрызэхищIыкIам щхьэкIэ фIыщIэ хуэсщIри сыкъыщIэкIыжащ.
- Нью-Йорк щыщ адыгэхэр
- Рестораным сыщыщылажьэм щыгъуэ, Нью-Йорк щыпэкIу Адыгэ зэгухьэныгъэм сыхэпщIат. Абы хэтхэм я нэхъыбэр сэ нэхърэ нэхъыжьт, хэкур 1924 гъэм ябгынауэ. ИужькIэ ТыркумкIэ къикIри Америкэм къэIэпхъуэжахэт. Унагъуихт ахэр зэрыхъур…
- ФатIимэ-гуащэ, ди гупым Iулыдж нэхъ ин зиIэ цIыхуу къытхэтым и мызакъуэу, Нью-Йорк нэхъ хэIэтыкIауэ щалъытэхэм язт, урысхэми американхэми абы нэхърэ нэхъ пщIэшхуэ зыхуащI яхэттэкъым.
- ЦIыху гъэщIэгъуэнт ар. ЗэрыхьэщIэхуэфIым нэмыщI, ар егъэлеяуэ адыгэ хабзэм хуэткIий бзылъхугъэт, езым и щхьэми и Iэгъуэблагъэм итхэми абы темытыныр яхуимыдэу. КъехьэкI-нехьэкIи хэмылъу, хабзэм ебэкъуам нахуэрэ шэрыуэу зригъэщIэжырт. Куэдрэ сигу къокIыж щIэуэ къытхыхьа Нэгъуджэ Хьэжмэт и хьэщIэщым къыщыщригъэблагъэм, щIалэм зригъэщIеикIауэ, ныкъуэщылъу тэхътэбаным зэрисыр игу темыхуэу зэрепсэлъар: «Сыт, вы нэхъей, ущIыщылъыр? Уи пкъыр зыIыгъын къупщхьэ пхэмылъыжу ара?»
- НэгъуэщI зы щапхъи. Къардэн Бэдыр ди къуажэм щыщ хьэщIэ иIэт. Ар ФатIимэ-гуащэ и пащхьэ иримышэмэ и жагъуэ зэрыхъунур ищIэрти, дынеблагъэ хъуну, жиIэри хъыбар иригъэщIащ. «Хъунущ, хъунущ!» — и гуапэ хъуащ модрейми. Арати, хьэщIэхэм уэзджынэр къагъаджэу етIуанэ къатым къыщыдэкIуеям, ФатIимэ-гуащэ бжэм деж щытт, абыхэм ежьэу. Мо тIур къыщыщIыхьэм, ФатIимэ-гуащэ Бэдыр зыхуигъазэри еупщIащ: «Адыгэ хьэщIэ къыздэпшэу жыпIатэкъэ, дэнэ щыIэ?» Бэдыр IукIуэтри, и щIыбагъым сагъыз игъэныщкIуу, джанэ Iэщхьэ кIэщI щыгъыу дэт щIалэр къригъэлъэгъуащ: «Мис!»
- «ИгъащIэм жэмым хуэдэу жьэгъуашхэ адыгэ слъэгъуакъым, — иридзащ абы ФатIимэ-гуащэ. — Фыкъеблагъэ!»
- ФIыуэ къызэрысхущытыр ящIэрти, куэд къысхуэтхьэусыхэрт а бзылъхугъэ жьакIуэм теухуауэ. Арати, зэгуэрым жесIащ: «Адыгэхэр къебгъэблэгъэну пфIэфIщ, фIыуи уахущытщ, ауэ псоми зэхахыу дзы зэрафIэпщыр я жагъуэ мэхъу».
- «Сэ абыхэм сраанэ пэлъытэщ, — къызитащ абы жэуап. — Сэ яжезмыIэмэ, хэт къажезыIэнур? Ауэрэ ди хабзэр тфIэкIуэдыжмэ, зыри къытхэнэжынукъым. Адыгэ хабзэм дуней псом Iэдэбу щызекIуэр хэлъщ. Скотланд-Ярд нэгъунэ щызокIуэ адыгэ хабзэр!»
- «Прогрессу»
- къыпфIэщIым и уасэр
- Ди лъэпкъым и пщэдейрей махуэр зэрызмылъагъум, псом хуэмыдэу лъэпкъ хабзэмрэ къызыхэкIамрэ IэщIыб зыщIыпэ адыгэ щIалэгъуалэм я щытыкIэм сыщигъэгузавэм, сыт хуэдэ Iэмал къэбгъэщхьэпэ хъуну пIэрэ, сэри абы сыт хуэдэ щIыкIэу сыхэувэфыну пIэрэ жысIэу сыгупсысэн щIэздзащ а «дэхуэхыныгъэр» къэзгъэувыIэн, адыгэ цIыхубэм зыкъезгъэужьыжын папщIэ.
- Псом япэ Патерсон (Нью-Джерси) щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэ цIыкIум нэхъ гъунэгъу зыхуэсщIыну мурад сщIащ. А лъэхъэнэм Америкэ Хасэм хэтхэр нэхъыбэу зи ныбжь хэкIуэта цIыхухэт, я нэхъыбэм унагъуэ ямыухуауэ, е я щхьэгъусэхэр нэгъуэщI лъэпкъым щыщхэу. КъинэмыщIауэ, абы хэтхэр зауэ нэужьым зэгъусэу Германием щыпсэууэ, итIанэ Америкэм къэIэпхъуэжа гупт, зэгухьэныгъэхэм щызэхуэзэныр яфIэфIу. ЩауэпцIыкъуэ Чэрим, БзащIэ Руслан, Куэблэ Борис сымэ я унагъуэхэм фIэкIа адэри анэри щыадэгэ унагъуэ щыIэтэкъым, адрейхэр лъэпкъитIу зэхэтт. Абы къыхэкIыу, адыгэхэр къэгъазэ имыIэу хамэм хэшыпсыхьыжынкIи зэрыхъунур къафIэIуэхутэкъым абыхэм. Патерсонрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ щыпсэу икIи щылажьэ ди Хасэм щызэхуэсхэм а бэлыхьым дызэрыпэщIэтыну щIыкIэр къытхуэщIэртэкъым.
- Кавказ Ищхъэрэм щыщ зэгухьэныгъэхэм я лэжьэкIэм хуэм-хуэмурэ сыкIэлъыплъащ. Нью-Йоркрэ абы къедза къалэ нэхъ цIыкIухэмрэ куэд щIауэ щыпсэухэм я хасэхэм я унафэщIыр адыгэ гуащэ Натырбэ ФатIимэрэ куржы щIалэ Эристави Сидамонрэт. Эристави Поугкипси щIы къыщищэхури, зэхуэсыпIэ яхуэхъун хьэщIэщышхуэ щиухуат абы. А унэм пщыхьэщхьэшхэхэр, джэгухэр къыщызэрагъэпэщырт. Зыгъэпсэхугъуэ зэманыр абы щызыгъэкIуэну зыфIэфIхэм ящыщу а Зэгухьэныгъэм хэтхэм фIэкIа унэр яриттэкъым. Ауэ гу лъыптэрт ахэр зыри къызыфIэмыIуэху адэ-анэм я зэранкIэ хамэм яхэшыпсыхьу зи бзэр зыщыгъупщэжыпа щIалэгъуалэм я бэлыхьым зэримыукIыр. Ди хабзэри, ди бзэри, адрейхэм дакъыхэзыгъэщхьэхукI лъэпкъ нэщэнэхэри хэкIуэдэжын шынагъуэ зэрыщыIэр зэхезгъэхыфыртэкъым, расэхэри, лъэпкъхэри, щэнхабзэхэри, тепщэгъуэхэри зым хуагъэкIуэным хуэгъэпса къару лъэщхэр зэрамылъагъур наIуэу. Абыхэм «прогрессым» и Iыхьэу зыкъалъытэжурэ загъэпагэрт, фэ зытет цIыху ефIакIуэхэм ящыщу закъыщыхъужхэрт, абы уасэу щIатым егупсысыну хуэмеиххэу. Нью-Йорк зыщызыгъэцIыхушхуэхэм езыхэм зыхуагъадэу зыхагъыхьэрт, пщIэуэ зыхуагъэфэщэжым хуэдиз къыхуащIу къепсалъэхэрт, уеблэмэ къакIэлъыкIуэрт. Абы я нэр къыщхьэрипхъуэри, афIэкIа мыадыгэжу, мыгрузиныжу, американ цIыхубэм я жьантIэдэсхэм ящыщу зыкъалъытэжын щIадзат. Езыхэр къэзыухъуреихь, а «американкIэ» зэджэж цIыху зызыхэзышхэр инджылыз, нэмыцэ, франджы хуэдэ лъэпкъ гуп-гупу зэхэпщауэ зэрыщытыр зыгурагъэIуэну хуейтэкъым. Зыкъомрэ си гур ящIэузу сахэплъащ абыхэм. НэгъуэщIым къахуищIа ехъулIэныгъэрэ мылъкукIэ япэутэукъым ахэр къызэрыпцIэр.
- Бэхърейн лъэIуакIуэ
- сызэрыкIуар
- Тхьэмахуэм щIигъу сфIихьащ Бэхърейн Юстицэмрэ ислъам IуэхухэмкIэ и министрым сыхуэзэным. Си дэфтэрхэм еплъри, Афганистанымрэ Палестинэмрэ зауэ зэрыщекIуэкIым къыхэкIыу, мылъкукIэ къызэрыддэмыIэпыкъуфынур пхъашэу къызжиIащ. Абы жиIар пэж къыщIэкIынт, ауэ сэри си жагъуэ мыхъуу къэнакъым. «Псори мы министрым хуэдэу къызэпсалъэмэ, сыт напэ сиIэу Iуэхур зыфIэзмыгъэкIауэ згъэзэжыну?» — жысIэрт сигукIэ.
- КъыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым студент щIалэ гъусэ къысхуащIри, дин зэгухьэныгъэ гуэрым сашащ. Сызыхуэзахэр гуапэ дыдэу къысIущIахэт, ауэ аргуэрым мылъкукIэ зыми зэрызыщIамыгъакъуэр къыхагъэщащ я жэуапым: «КъурIэну кхъухькIэ пшэфынум хуэдиз уэттынщ, ауэ ахъшэкIэ дыбдэIэпыкъуфынукъым». Сэ занщIэу яжесIащ сыкъыщIэкIуар мэжджытрэ ди зэгухьэныгъэм зэхуэсыпIэ хуэхъун унэрэ зэрыдухуэн ахъшэ къэслъыхъуэну зэрыарар. МащIэми сызэрыщыгуфIыкIынур, ауэ дрикъун хуэдизу Америкэми щыдгъуэт КъурIэн тхылъхэр зэрысшэн Iэмал зэрызимыIэр…
- ЕтIуанэ пщэдджыжьым Iимам Аат Алий къакIуэри а щIыпIэм щыпсэу шейх гуэрым деж сишэну сыкъигъэгугъащ. Шейхыр гуапэу къытIущIэри, и ныбжьэгъум деж щызэхуэсхэм дахишащ. Псори зэхэту цIыху 30 хуэдиз хъурт, ислъам факультетым и декан Мэхьмуд Абдул ЛатIиф я жьантIэм дэсу…
- Зэуэ гупым щыщ гуэр къэпсалъэри къызэупщIащ:
- — Адыгэ псори муслъымэн?
- ЕтIуанэу къызатырт а упщIэр. Генерал Шэриф Омранрэ профессор Мэхьмудрэ хуит зыкъезгъэщIри, къызэупщIам зыхуэзгъэзащ: «Апхуэдэ упщIэм зэраныгъэ къишэу къысфIощI, щIалэ, — жесIащ абы. — Профессор Мэхьмуд мыбы Америкэм мэжджыт зэрыщытщIын мылъку къэслъыхъуэу сыкъызэрыкIуар къывжиIакIэщ. Iуэхур плъэхъэну мурад умыщIамэ, «къысхуэгъэгъу» къызжепIэну схуэфащэщ».
- «Хьэуэ, хьэуэ, къуэш, Алыхь Лъагэм апхуэдэ гукъэкI сщIыным сыщихъу-мэ. Ауэ сэ сытхыдэджщ, адыгэхэм ятеухуауэ зыгуэрхэм седжащи, сфIэгъэщIэгъуэну аркъудейщ», — трилъэфэжащ абы жиIар.
- Сыхуейтэкъым абы «къуэшкIэ» седжэну. «НтIэ, тхыдэм къигъэув щыхьэтхэр пщIэну щхьэпэщ, — жесIащ. — Адыгэхэр зэрыщыту муслъымэн лъэпкъщ, илъэси 100-кIэ Мухьэмэд Бегъымбарым и ныпым щIэту урысхэм езэуауэ». ИужьреймкIэ тIэкIу щIэзгъэтхъэIуат, ауэ нэхъ сакъыфIэIуэхун щхьэкIэ дыщIызгъуат ар. «Урысхэм кърагъэкIуэта нэужь, джаурхэм я унафэ щIэмытын папщIэ, я хэкур ябгынэри, Тыркум Iэпхъуащ адыгэхэр. Абдеж щежьэри хуэм-хуэмурэ муслъымэн къэралхэм нэсащ: Сирием, Иорданием, Палестинэм, Мысырым». Абдежым генерал Хъымыщ Омран щэхуу адыгэбзэкIэ сеупщIащ: «Хъуну жысIар, ныбжьэгъу?» «Дэгъуэ дыдэщ», — жиIэри къызэфIэуващ. «Адыгэхэм нэмыщIамэ, зы хьэрып дунейм къытенэнтэкъым!» — къыпищащ абы си псалъэм.
- Абдежым профессор Мэхьмуд нэмыщI, щIэсу хъуар къэуIэбжьащ.
- «Сыт апхуэдэу щIыжыпIэр, зиусхьэн?» — щIэупщIащ тхыдэджыр.
- «Тамерлан Щамыр къыщиубыдам щыгъуэ, къалэм хъулъхугъэу дэсыр зэтриукIэри, я щхьэхэр пирамидэ щIыкIэу зэтригъэсыжат, — жиIащ Хъымыщ генералым. — Ардыдэрат монголхэм хьэрып къэралхэм иращIэнур адыгэ мамлюкхэм Тамерлан Сирием ирахужауэ щымытамэ».
- «Тхьэ соIуэ мыбы жиIэр пэжкIэ!» — жиIащ абдежым тхыдэджым. «Тхьэм махуэ тхуищI!» — къызжиIащ Хъымыщ Омран, и гур зэгъауэ и тIысыпIэм къекIуэлIэжри.
- Айдемыр Иззэт и гъусэу
- Анкара сызэрыщыIар
- Айдемыр Иззэтрэ и щхьэгъусэмрэ, я ныбжьэгъухэр къадэщIыгъуу, махуэ къэмынэу сыхьэтипщIым щегъэжьауэ жэщыку хъуху ди Iуэху зэрахуэрт, Iэгъуэблагъэм ит адыгэ къуажэ щхьэхуэхэм дашэу, нэхъыжьыIуэхэм, Кавказ Ищхъэрэм щыщ хэкулIхэм дыхуагъазэу. Нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт Анкара дэс Дэгу Къэсейрэ дохутыр Гусар Уэсфирэ. Сыт щыгъуи дызытепсэлъыхьри дыщIызэдауэри адыгэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм щыщ адрей лъэпкъхэмрэ хамэ щIыпIэм къащыхукъуэкI Iуэху зэфIэхыгъуейхэрт. Псори зэакъылэгъут хамэм хэшыпсыхьын шынагъуэр зэрыщыIэмкIэ, ауэ, дызыщыщым елъытауэ, щхьэж хэкIыпIэу илъагъумкIэ дызэщхьэщыкIырт. Тыркум щыщ си ныбжьэгъухэм я еплъыкIэмкIэ, зы лъэпощхьэпо ди гъуэгум текIынукъым, щхьэж езыр зэрыс къэралым и унафэщIхэм я деж адыгэ Iуэхур зэрыщыпхигъэкIынум иужь имытмэ. Дызэрыс хэгъэгухэм ис цIыхухэр щэнхабзэ, щIэныгъэ, цIыхубэ зэхэзекIуэ хуэдэхэмкIэ нэхъ тыншу къытхудэхьэхыну, ди бзэр, ди хабзэр дагъэхъумэжмэ, ар лъэныкъуитIми къызэрытхуэщхьэпэнумкIэ акъылэгъу къэтщIыфыну къысщыхъурт сэ. Дэ къэрал къэс щыхьэт наIуэ щыдиIэщ, дызыщIапIыкIа хабзэм нэгъэсауэ цIыху пэж къызэрыпхищIыкIыр, цIыху хахуэ къызэрызэфIигъэувэр, щIыхь зыбгъэдэлъ бзылъхугъэхэми хъулъхугъэхэми яхуэфащэ пщIэр ди зэхэтыкIэм къызэрихъумэр уи фIэщ ищIу. Псалъэм папщIэ, Урысейм, Иорданием, Сирием, Тыркум абы теухуауэ щапхъэ куэд щызокIуэ. Абы къыхэкIыу, хабзэр къыпхэзылъхьэ гъэсэныгъэм и лъабжьэр бзэрауэ зэрыщытыр, ди хабзэр, ди псэукIэр къагурыдгъэIуапхъэщ. ЛъэныкъуитIми ар зрагъэщIэным фейдэ зэрыхахынур наIуэ ящытщIын хуейщ. Ди бзэр, ди хабзэр тхъумэжыну къыддэIэпыкъухэмэ, езыхэм я къэралхэм адыгэхэм нэхърэ нэхъ цIыху вэгъзэгъ имысу хъунущ. Тыркум щыщ си ныбжьэгъухэм ар къысхуадэтэкъым, сыжыIэзыфIэщыIуэу жаIэрт, итIани сэ си еплъыкIэр зэрыпхызгъэкIыным сыхущIэкъурт, ар зэпэщIэтыныгъэ къэзышэнкIи хъуну къарум тещIыхьа политикэм нэхърэ нэхъыфIу къэслъытэу.
- Мэзкуу таможнэм
- дыпхыкI пэтрэ
- Хэкур зэрызбгынэрэ хъуэпсапIэ нэхъ ин дыдэу сиIэр сыкъыщалъхуа щIыпIэм сыкIуэжу си благъэхэр, си ныбжьэгъухэр зэзгъэлъагъуу IэплIэ яхуэсщIынырт, сабиигъуэм щегъэжьауэ фIэкIа пхузэпымыщIэну къуэпсхэм я къарур, нэгъуэщI мыхъуми, дакъикъэ закъуэкIэ зыхэсщIэн папщIэ. Ауэ 1970 гъэхэм щегъэжьауэ си хъуэпсапIэм сытеIэбэну Iэмал къыщыкъуэкIым, шынэ къыспкърыхьащ. Си благъэхэмрэ си ныбжьэгъухэмрэ ядесхьэкIыну зэман кIэщIым сригуфIэным и пIэкIэ, жэщи махуи сыгъыу сабгъэдэсынкIэ сыгузавэрт.
- КъызэрыщIэкIымкIэ, ушынэ щхьэкIэ, ухъуэпсэн къанэркъым. Си къуэш Нэджиби си ныбжьэгъу гуэрхэми сытрагъэгушхуэрт сыкIуэжу нэгъуэщI мыхъуми зэман кIэщIкIэ си Iыхьлыхэр зэзгъэлъэгъуну. Сухьэди Хэкум дыкIуэу си благъэхэр езгъэцIыхуным зэрыщIэхъуэпсыр къызиIуэкIырт. Езым 1975 гъэм Амман щыщ адыгэ турист 70-м яхэту ежьэри, Мэзкууи, Бытырбыхуи, Бжьэдыгъукъали, Мейкъуапи, Налшыки зыщиплъыхьакIэт…
- Мэзкуу дэт таможнэм дынэсу хьэпшып къэпщытапIэм ди чэзум дежьэу дыбгъэдэува нэужь, ныбжь нэхъ зиIэ клерк гуэр здыщIэс щхьэгъубжэмкIэ сыплъэн щIэздзащ. Авиабилетхэр къыщысщэхуа бюром апхуэдэ чэнджэщ къыщызатат, нэхъыжьыIуэхэр нэхъ щабэу къыпхущытынущи, абыхэм захуэгъазэ, жаIэри. Ауэ дыхэдэным дынэмыс щIыкIэ, Сухьэдрэ сэрэ лэжьакIуэ гуэр къыдбгъэдыхьэри, зы цIыхухъурэ зы цIыхубзрэ зыщIэс блэкIыпIэм дыбгъэдишащ. Сэ гуапэу сэлам есхыну сыхуежьащ, цIыху къаугъэншэу закъыщызгъэхъун папщIэ, ауэ си сэламым жэуап къратыжакъым.
- Хьэпшып здетхьэжьахэм щыщ зыбжанэ тIахащ: джинс щIыхуих, фэм къыхэщIыкIа цIыхубз бэлътоуих, стереопроигрывателитI, вакъэ зыбжанэ, шылэ лъэпэдипщIым нэс, цыхъарих, къинэмыщIхэр. Абы иужь, офицерым ди хьэпшыпхэр щызэтекIута пэшым дыщIишэри, Iэнэм къытщыгуфIыкIыу бгъэдэс бзылъхугъэм дыхуигъэзащ.
- УрысыбзэкIэ сэлам есхри сыхуэтхьэусыхащ: «Мыр тщэн щхьэкIэкъым къыщIыздэтщтар. Илъэс куэд хъуауэ сымылъэгъуа си Iыхьлыхэмрэ си ныбжьэгъухэмрэ тыгъэу яхуэсхьу аращ. Абыхэм я пащхьэ IэнэщIу сихьэфынукъым апхуэдиз илъэскIэ сымылъэгъуауэ. Си щхьэгъусэми и Iуэхур аращ зыIутыр. Сыт ар таможнэм щылажьэхэм къащIыгурымыIуэр?»
- ТхьэмыщкIафэ стет хъунт сыщыпсалъэм. Урыс цIыхубзми и нэпсхэр къызэпижыхьащ къызэдэIуэху. «Дэ ди къэралым игъэува хабзэм дытемыту хъунукъым, ныбжьэгъу! — жиIащ абы. — Си фIэщ хъуркъым хьэпшып здэпшэхэр егъэлеяуэ зэрылъапIэр умыщIэу. ЩылъапIэр фэ фи къэралракъым, дэ ди къэралым, псом хуэмыдэу Мэзкуу». ИтIанэ фэм къыхэщIыкIа цIыхубз бэлътохэм язымкIэ игъэлъагъуэурэ жиIащ: «Псалъэм папщIэ, мы бэлътом уэ доллар щиплI нэхъыбэ ептакъым. Ауэ абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри мыбы доллар миным щIигъукIэ щыпщэжыфынущ. Джинсхэми, стереосистемэхэми, вакъэми, цыхъарми, адрей хьэпшыпхэми аращ я Iуэхур зыIутыр». ЗэплъэкIри, офицерыр зэрыIукIам щыхьэт техъуа нэужь, жиIащ: «Мыхэр блэпхын папщIэ я таможнэ уасэр ептыныр делагъэщ, и уаситI пIахынкIи хъунущ. Ауэ урыс ахъшэ къозытын цIыхугъэ Мэзкуу ущиIэмэ, сэ зырэ ныкъуэкIэ пхуэзгъэмэщIэнщ».
- КъыздэIэпыкъуну гукъыдэж зэриIэм щхьэкIэ фIыщIэ хуэсщIри, жесIащ Мэзкуу зэи ныбжьэгъу зэрыщызимыIар, зыгуэрым ахъшэ щIыхуэ къеIысхын жыхуэпIэм и гугъу умыщIыххэ.
- Мухьэжыр Iуэхум теухуа
- союзпсо конференц
- А конференцыр Совет Союзым хахуагъ хэлъу къыщызэрагъэпэща зэIущIэхэм язт. Абы дыхэтын щхьэкIэ, Сухьэдрэ сэрэ пщыхьэщхьэм Налшык дыкъакIуэри, «Нарт» хьэщIэщым дыщIэтIысхьат. КъыкIэлъыкIуэ пщэдджыжьым зэIущIэр щекIуэкIыну Налшык дэт университетым декIуалIэри, япэ сатырым, зэхуэсыр езыгъэкIуэкIхэм дапэгъунэгъуу дагъэтIысащ. Президиумым профессор Лъостэн Владимир, Ефэнды Джылахъстэн, Къуэдзокъуэ Анатолий, «Хэку» зэгухьэныгъэм и унафэщIхэу мазэ зыбжанэ ипэкIэ ди деж щедгъэблэгъахэр хэтт. А зэIущIэм жыджэру хэтахэм язщ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
- 1990 гъэм махуиплIкIэ екIуэкIащ а конференцыр. Совет Союзым къиубыд щIыналъэ псоми къикIауэ, псом хуэмыдэу Кавказым щыщ щIэныгъэлIхэу, къэрал, цIыхубэ лэжьакIуэхэу 200-м нэсрэ, дуней хуитым щыщ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэхэмрэ хэтащ абы.
- Къэпсэлъа псоми нэхъыбэу зи гугъу ящIыр зыт: «Кавказым, псом хуэмыдэу Кавказ Ищхъэрэм, щыщхэмрэ адыгэхэмрэ я хэкур езыхэм я гукъыдэжкIэ ябгына, хьэмэрэ пащтыхь Урысейм Урыс-Кавказ зауэ нэужьым лъэщыгъэкIэ иригъэкIа?»
- ЗэрыгурыIуэгъуэщи, куэд дэмыкIыу конференцым Iуэху еплъыкIитI щызэпэщIэуващ. Щыхьэрымрэ къэралым и щIыпIэ пхыдзахэмрэ къикIахэм бгырысхэр езыхэм я гукъыдэжкIэ Тыркум зэрыIэпхъуар пхагъэкIыну хущIэкъурт. Ауэ щыхъукIэ, Кавказым щыщхэм я нэхъыбэм къимыкIуэту ахэр пащтыхь Урысейм лъэщыгъэкIэ хигъэзыхьу тхыдэкIэ къалъыс хэкум зэрыригъэкIар жаIэрт. Абыхэм я Iуэху еплъыкIэр хахуэу зэрыпхагъэкIыр укъэзыхьэху, Совет Союзым игъащIэм щамылъэгъуа гуэрт. Сыхьэт бжыгъэкIэ сыдихьэхыу седэIуащ лъэныкъуитIми къагъэлъагъуэ щыхьэтхэм. Ауэ, къызыхэкIа лъэпкъхэм емылъытауэ, псори къызэрыпсалъэр урысыбзэт. Сигу къэкIащ ар урысыбзэ къызыгурымыIуэ, хамэ къэралым къикIа лIыкIуэхэм зэрекъуэншэкI гуэру зэрыщытыр. Иджыри къэс къапсэлъахэм щыщу зыри зэхащIыкIатэкъым абыхэм. Ар къыщызгурыIуэм, къэпсэлъэныгъэхэм я купщIэр асыхьэтым адыгэбзэкIэ гурыIуэгъуэ ящIыжын зэрыхуейр жысIащ. Къызэхуэсахэр си акъылэгъуу Iэгушхуэ еуэхэри, асыхьэтми Iуэхур зэфIахащ.
- ЗэIущIэр щызэпагъэухэм деж дыщедзакъэ рестораным щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм, адыгэлI нэсхэм сащрихьэлIащ. Абыхэм язт тхылъипщIым щIигъу итхыу къыдэзыгъэкIыжа, илъэс 40 хъуауэ Мэзкуу щыпсэу, Урысейм и щIэныгъэ Академием щылажьэ лингвист къызэрымыкIуэ, профессор Къумахуэ Мухьэдин. Сигу къинэжат хыIуфэIус шапсыгъхэм ящыщ щIалэ гупи. Абыхэм урыс генералхэм зэрахьа леишхуэхэр къызэрыщ сурэт гъэтIылъыгъэ ин къыздахьат, Урыс-Кавказ зауэм и зэманым Шэрджэсейм щытрахауэ.
- ЕплIанэ махуэм конференцым хэтахэм унафэ къащтащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэмрэ Президентымрэ резолюцэ хурагъэхьыну, пащтыхь Урысейм 1763 — 1864 гъэхэм зэрыпхъуакIуэ политикэ зэрыригъэкIуэкIам, а зауэр иуха нэужь, щIыналъэм щыщ процент 90-м нэсыр хигъэзыхьу тхыдэкIэ къалъыс я хэкум зэрыригъэIэпхъукIам теухуауэ щыхьэт тхылъ ирагъэтхыну.
- Конференц нэужьым Сухьэдрэ сэрэ студентхэм дыхуагъазэу университетым дыкъыщрашэкIащ. Америкэм щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм теухуа упщIэкIэ сыщIагъэнат. ЯфIэгъэщIэгъуэнт зэгухьэныгъэ зэрыдиIэр, топджэгу, къэфакIуэ гупхэр абы зэрыхэтыр, ди сабийхэр анэдэлъхубзэм щыхуедгъаджэу IуэхущIапIэ хуитышхуэрэ мэжджытрэ зэрыдгъэлажьэр.
- Адыгэ щэнхабзэм и
- тхьэмахуэм Амман
- сызэрыщыхэтар
- Адыгэ щэнхабзэм и тхьэмахуэм Iэуэлъауэшхуэ иIат, ар екIуэкIыху цIыху 21-рэ къэпсэлъащ адыгэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ фIыуэ хащIыкIыу. Къэпсэлъахэм ящыщу адыгэбзэр фIы дыдэу зыщIэхэри, хэт хьэрыпыбзэкIэ, хэт инджылызыбзэкIэ, хэт тыркубзэкIэ утыку къихьэхэрт. Си чэзур къыщысым, Сократ ягу къэзгъэкIыжри, яжесIащ:
- «Абы ещхьу, пщIэ зыхуэсщI гуащэхэмрэ щауэхэмрэ, сэри си гум илъыр жысIэу фи жагъуэ сымыщIу хъунукъым. Абы и щхьэусыгъуэр мыращ: ди адыгэ лъэпкъым зыкъедгъэужьыжыну мыбдежым дыщызэхуэса щхьэкIэ, утыку къихьа дэтхэнэ зыми инджылызыбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, тыркубзэкIэ къэпсэлъэныр нэхъ захуагъэу къилъытащ, уеблэмэ, ар адыгэбзэкIэ зыхузэфIэкIынухэри яхэту. Иджыпсту къыдэплъ ди щIэблэм дэ жытIэракъым ящIэнур, тщIэуэ къыддалъагъур ящIэжыну аращ. Абы къыхэкIыу, дызэгурывгъаIуэ: дяпэкIэ адыгэ IуэхукIэ зэхуэс зэхэдублэху, адыгэбзэкIэ фIэкIа дыкъыщымыпсэлъэну».
- Аращ си хъыбарыр, си тхылъеджэ лъапIэ. Сыщогугъ ар уигу ирихьауэ. Шэсыжыгъуэ псалъэу зы чэнджэщ къыпхузогъанэ: «Гъунэгъуу къыббгъэдэт цIыхухэр фIыуэ лъагъу, уи къарури ятегъэкIуадэ. Ар хьэл пхуэхъумэ, уи щхьэри лъапIэнущ, уи лъэпкъым и пщIэри лъагэнущ.
- Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.