ХьэщIэ егъэблэгъэгъуэм къыкIэрыхуахэр
2019-04-11
- Ди республикэм футболымкIэ и гъэмахуэ чемпионатым и етIуанэ джэгугъуэр щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ зэхэтащ. Абы хьэщIэхэм я насып нэхъ къыщикIащ.
- Щэбэтыр хьэщIэ егъэблэгъэгъуэу фIэкIа пщIэнтэкъым. А махуэм зэхэта зэIущIиплIми хэгъэрейхэр къахуэкIуахэм я губгъуэм щахуэупсащ икIи хагъащIэу зыми я жагъуэ ящIакъым. Апхуэдэу «ЛогоВАЗ»-м Нарткъалэ икIа «Нарт»-р зытригъэкIуащ, «Нартан»-р бжыгъэшхуэкIэ «Автозапчасть»-м къыпикIуэтащ. Iыхьэншэ хъуакъым Псыкуэд щыIа «Малка»-мрэ Налшык кIуа «ХьэтIохъущыкъуеймрэ». Абыхэми очко зырыз здашащ.
- Тхьэмахуэм хьэщIэ егъэблэгъэгъуэр Къэхъун къуажэм щиухащ. Абы къэкIуа «Акъбащым» зыхищIащ мы гъэм къызыхыхьа КъБР-м футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэмрэ нэгъабэ зыхэта япэ дивизионымрэ я зэщхьэщыкIыныгъэр зэрыиныр.
- Ислъэмей къуажэми щагъэтхъакъым Шэджэм икIа «Къундетейр». Жэуапыншэу топиплI и гъуэм къыхудагъэкIри, ари къаутIыпщыжащ. Прохладнэ еблэгъа «Тэрчри» Iыхьэншэу Джылахъстэнейм кIуэжащ. Псынэдахэ и закъуэщ хьэщIэхэм гуIэфIтещIэж щащIар. Абы «Налшыкым» текIуэныгъэр иришащ.
- АдэкIэ фыщыдгъэгъуэзэнщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и етIуанэ джэгугъуэм кърикIуа бжыгъэхэм: «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — «Нарт» (Нарткъалэ) — 1:3, «Нартан» (Нартан) — «Автозапчасть» (Бахъсэн) — 0:4, Псыкуэд» (Псыкуэд) — «Малка» (Малкэ) — 1:1, «Спартак-Д» (Налшык) — «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъу- щыкъуей) — 1:1, «Керт» (Къэхъун) — «Акъбащ» (Акъбащ Ищхъэрэ) — 4:0, «Родник» (Псынэдахэ) — «Налшык» (Налшык) — 1:2, «Энергетик» (Прохладнэ) — «Тэрч» (Тэрч) — 2:1, «Ислъэмей» (Ислъэмей) — «Къундетей» (Шэджэм) — 4:0.
- Хьэтау Ислъам.