ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мы махуэхэм

2019-04-06

  • Мэлыжьыхьым и 6, щэбэт
  • Зыужьыныгъэмрэ мамырыгъэмрэ яхуэлажьэ спортым и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2013 гъэм шыщхьэуIум и 23-м унафэ къищтащ илъэс къэс а махуэр мэлыжьыхьым и 6-м къэралхэм зэдагъэлъэпIэным теухуауэ.
  • СтIолыщхьэ теннисым и дунейпсо махуэщ

  • УФ-м и МВД-м и следственнэ органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • Къыргъызым щагъэлъапIэ физкультурэмрэ спортымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр
  • 248 гъэм римдэсхэм Iэтауэ ягъэлъэпIауэ щытащ я къалэр илъэс мин зэрырикъур. Тхыдэджхэм къагурыIуэркъым а махуэм икIи а илъэсым ар щIагъэлъэпIар, сыту жыпIэмэ, Урымым и тхыдэм и пэжыпIэр нэсу зыщIэу къалъытэ Варрон Марк зэрыжиIамкIэ, Рим къалэм и лъабжьэр Ромул щигъэтIылъар 753 гъэм и мэлыжьыхьым и 21-рщ.
  • 1814 гъэм Наполеон Франджым и пащтыхь къулыкъум текIыну къытрагъэхьэри, апхуэдэ лъэбакъуэ япэу ирагъэчауэ щытащ франджыдзэм и маршалхэу Мортьерэ де Мармонрэ.
  • 1896 гъэм Афинхэм (Алыдж) къыщызэIуахауэ щытащ япэ гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Зэпеуэхэр щекIуэкIащ «Панатинаикос» алыдж стадионым. Япэ джэгухэм хэта къэрал 14-м щыщ спортсмен 241-рэ, лIэужьыгъуибгъукIэ зэпеуащ. ЦIыхубзхэр зэхьэзэхуэхэм хагъэхьатэкъым. Япэ Олимп чемпион хъуауэ щытар США-м щыщ, атлетикэ псынщIэм щиIа зэфIэкIхэмкIэ цIэрыIуэ Коннолли Джеймс Бренданщ.
  • 1899 гъэм Москва и уэрамхэм къыдыхьащ электрокъарукIэ лажьэ япэ трамвайр.
  • 1930 гъэм СССР-м и ЦИК-м и унафэкIэ къащтащ Ленин, Вагъуэ Плъыжь орденхэр. Хэку зауэшхуэм и зэманым цIыху нэхъыбэ дыдэм хуагъэфэща къэрал дамыгъэхэм ящыщщ Вагъуэ Плъыжь орденыр.
  • 1941 гъэм нэмыцэ кхъухьлъатэ-хэм Югославием и щыхьэр Белград бомбэхэр дадзэн, къалэр зэхэкъутэн щIадзащ.
  • Урысей жылагъуэ лэжьакIуэ, тхакIуэ-публицист Герцен Александр къызэралъхурэ илъэс 207-рэ ирокъу.
  • Урыс дохутыр цIэрыIуэ, хирург Iэзэ дыдэу къалъытэу щыта, профессор Склифосовский Николай къызэралъхурэ илъэси 183-рэ ирокъу.
  • Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Акмеологие щIэныгъэхэм я академиеу Санкт-Петербург щыIэм и действительнэ член Бэчыжь Мухътар и ныбжьыр илъэс 90 ирокъу.
  • Совет актёр, кинорежиссёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист Любшин Станислав и ныбжьыр илъэс 86-рэ ирокъу.
  • Дирижёр, композитор, УФ-ми Къалмыкъ Республикэми я цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Темыркъан Борис къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу.
  • БзэщIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэм я доктор, Адыгей къэрал университетым и профессор Бырсыр Батырбий и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
  • КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ Абы- тIэ Хъызыр къызэралъхурэ илъэс 78-рэ ирокъу.
  • Психологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къэбардэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу.
  • Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор ХъуэкIуэн Мурат и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
  • Адыгей тхакIуэ Джэш Рахьмэт къыщалъхуа махуэщ.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 12 — 14, жэщым градуси 5 — 6 щыхъунущ.
  • Мэлыжьыхьым и 7, тхьэмахуэ
  • Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ. Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэр къыщызэрагъэпэща махуэм (1948 гъэм) хуэзэу ягъэлъапIэ.
  • Рунетыр — урысыбзэкIэ лажьэ интернетыр (ru дамыгъэр зиIэр) — къыщызэрагъэпэща махуэщ. 1994 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м лэжьэн щIидзащ абы икIи дунейпсо «хъым» хэтыну хуитыныгъэ зиIэхэм хагъэхьащ.
  • Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ Геологым и махуэр
  • Анагъэм, лъагъуныгъэмрэ дахагъэмрэ я махуэр щагъэлъапIэ Армением
  • Руандэм щыщ тутси лъэпкъым кIэлъызэрахьа геноцидым хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ. ЛъэпкъгъэкIуэд политикэм и бийуэ ООН-м 2003 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ ар. КъуэкIыпIэ Африкэм щыIэ а къэралым и унафэщIхэр 1994 гъэм дзэм тридзри, пIалъэкIэ лэжьэну правительствэ къызэрагъэпэщауэ щытащ. Ямылэжьа щIэпхъаджагъэхэмкIэ ягъэкъуаншэурэ, цIыху мин щитхум къыщыщIэдзауэ зы мелуаным нэс ягъэкIуэдауэ къалъытэ абы щыгъуэ.
  • 1795 гъэм Франджым къыщащтащ Пщалъэхэм я мардэм теухуа хабзэр.
  • 1827 гъэм инджылыз фармацевт Уокер Джон ищIащ япэ мафIэдз икIи ар и ныбжьэгъу уэчыл Никсон ирищауэ щытащ.
  • 1934 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ бдзэжьейхэр хъумэным зи лэжьыгъэр хуэгъэпса IуэхущIапIэхэр.
  • США-м щыщ къэрал къулыкъущIэ, ЦРУ-м и япэ унафэщIу щыта Даллес Аллен къызэралъхурэ илъэси 126-рэ ирокъу.
  • ТхакIуэ, журналист, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирокъу.
  • Урысей продюсер, кинокритик, «Кинотавр» фестивалым и къызэгъэпэщакIуэ Рудинштейн Марк и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
  • Къэрал къулыкъущIэ, политик, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и нагъыщэ псори зрата Матвиенкэ Валентинэ и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
  • Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Къандурым и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыхуагъэфэща Бемырзэ Мухьэдин къызэралъхурэ илъэс  71-рэ ирокъу.
  • Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Къуэжьокъуэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 — 17, жэщым градуси 8 — 10 щыхъунущ.
  • Мэлыжьыхьым и 8,  блыщхьэ
  • Цыджанхэм я дунейпсо махуэщ. Цыджанхэм я дунейпсо конгрессу 1971 гъэм Лондон щызэхэтам къыщащтащ абы теухуа унафэмрэ а лъэпкъым и гимнымрэ и ныпымрэ.
  • УФ-мрэ Белоруссиемрэ я Дзэ комиссариатхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
  • 1766 гъэм мафIэсыр щагъэункIыфIкIэ къагъэсэбэп пкIэлъей зэрыгъэжыр къызэрагупсысам и патент дунейм щыяпэу США-м щатащ.
  • 1918 гъэм плъыфищу зэгуэлъ Урысей бэракъыр зэрахъуэкIащ щэкI плъыжь зэфIэзэщым къыхэщIыкIа, зи къуапэм, гъубжэ, уадэ, вагъуэ хэщIыхьа ныпкIэ.
  • 1918 гъэм Сихъу Сэфарбий и усэхэр зэрыт тхылъ къыдэкIащ.
  • 1966 гъэм КПСС-м и ЦК-м и Секретарь Нэхъыщхьэу Брежнев Леонид хахащ.
  • Азие Курытым щыщ къэрал унафэщI , дзэзешэ, Кавказым и тхыдэми лъэужьышхуэ къыхэзына Тамерлан къызэралъхурэ илъэс 683-рэ ирокъу.
  • Адыгэ Республикэм щыщ парт, совет лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Чэмокъуэ Аслъэнджэрий къызэралъхурэ илъэси 111-рэ ирокъу.
  • Композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыкъуэ Къаплъэн и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу.
  • Дипломат, Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Аннан Кофи и ныбжьыр илъэс 81-рэ ирокъу.
  • Адыгеймрэ УФ-мрэ я цIыхубэ сурэтыщI, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къат Теувэж и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
  • Футболист цIэрыIуэ, тренер Iэзэ, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, къэралым и чемпион, Совет Союзым и мызакъуэу, дунейм и щIыпIэ куэдми зи цIэр щыIуа Чивадзе Александр и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу.
  • Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зегъэужьынымрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Пащты Борис и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
  • КъБР-м и жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Шэшэн МуIэед и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
  • Урысей футболист цIэрыIуэ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, ди къэралми дуней псоми я гъуащхьэтет нэхъыфIхэм хабжэ Акинфеев Игорь и ныбжьыр илъэс 33-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 — 17, жэщым градуси 7 — 9 щыхъунущ.