Мэлыжьыхьым и 7-р Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ
2019-04-06
- Къалэн нэхъыщхьэр
- 1950 гъэм щегъэжьауэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэр мэлыжьыхьым и 7-м ягъэлъапIэ. Апхуэдэ махуэ щIыхахам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр я узыншагъэм гулъытэшхуэ хуащIын зэрыхуейр цIыхухэм ягурыгъэIуэнырщ, ар егъэфIэкIуэнымкIэ зэфIэхыпхъэхэр убзыхунырщ.
- Махуэшхуэм и тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ООН-м къудамэ щхьэхуэу къызэригъэпэща Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм (ВОЗ) лэжьэн зэрыщIидзам. Абы и къалэн нэхъыщхьэр узыншагъэр хъумэнымкIэ цIыхухэр зыIууэ гугъуехьхэр зэфIэхынырщ. Зэгухьэныгъэм хэтщ къэрали 194-рэ. ВОЗ-м и и IуэхущIапIэхэр къэрали 150-м щыIэщ, абыхэм яхэтщ Урысейри.
- Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгу- хьэныгъэм и жэрдэмкIэ а махуэр цIыхухэр зыгъэгумэщI Iуэхугъуэшхуэхэм траухуэ хабзэщ икIи къыхуеджэныгъэ щхьэхуэхэм щIэту йокIуэкI. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Лъы зытхэр сымаджэ куэдым ядоIэпыкъу», «Жыджэрагъыр гъащIэ кIыхьым и лъабжьэщ», «ЩIыуэпсым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ мыщхьэпэхэм узыншагъэр щыхъу-мэн», «Лъы дэуейм узэрыпэщIэтыныр», «Гъудэ-бадзэ лIэужьыгъуэхэм кърахьэкI узыфэ зэрыцIалэхэр», «Ерыскъыпхъэхэм я шынагъуэншагъэр», «Фошыгъу узым дытекIуэнущ!», «Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм щыхуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм цIыху псори къызэщIегъэубыдэн», нэгъуэщIхэри.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыхухэм я узыншагъэм хуэфащэ гулъытэ хуащIыркъым. Дохутырхэм гъащIэ узыншэ зэрырахьэкIы-ным сыт хуэдизрэ къыхураджэми, абыхэм я чэнджэщхэм тетыр мащIэщ. Узыр къапкъырыхьа нэужькIэщ я узыншагъэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр къащыгурыIуэр, ауэ и чэзум узэмылIэлIар зэтебгъэувэжыныр гугъущ.
- Илъэс къэс дунейм ехыж цIыхухэм я бжыгъэр мелуан 55-м ноблагъэ. Иужьрейуэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ятепщIыхьмэ, цIыхухэр нэхъыбэу зэрылIыкI узыфэхэм хохьэ:
- — лышхыр — мелуани 8,
- — фошыгъу узыр — мелуани 3,4-рэ,
- — тутыным ефэным епха узыфэхэр — мелуани 5,
- — фадэ куэд зэрефэм къишэ узыфэхэр — мелуани 3,
- — ерыскъыпхъэ зэкIуэкIам къыхэкIхэр — мелуани 2,
- — аргъуейхэм кърахьэкI узыфэ зэрыцIалэхэр — мелуан 0,8-рэ.
- КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, дунейм щыпсэу цIыхухэм я Iыхьэ щанэм жьэн узы-фэр яIэщ, меларди 2-м нэблагъэ пшэр зэрыхъуам егъэсымаджэ.
- Узыншагъэ быдэр ар гъащIэ насыпыфIэм, зэIузэпэщым и лъабжьэщ. Абы и хъумэныр цIыху къэс и къалэн къудейуэ къэнэжкъым, атIэ ар я пщэрылъщ жылагъуэ, къэрал IуэхущIапIэхэми, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэ псоми. Къалэнышхуэ ягъэзащIэ а махуэм ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм: медицинэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ятеухуа семинархэм, конференцхэм, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэхэм, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм щыIэ гугъуехьхэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къызэрыщаIэтым, спорт зэхьэзэхуэхэм, узыфэ зэхуэмыдэхэм ятеухуа-уэ сымаджэщхэм щрагъэкIуэкI «бжэ зэIухахэм», нэгъуэщIхэми.
- Республикэм узыншагъэр хъумэным-кIэ и IэнатIэм иужьрей илъэсхэм зыужьыныгъэфIхэр щокIуэкI. Жыджэру къагъэсэбэп медицинэм щIэуэ къыхыхьэ Iэмалхэр, ухуэныгъэщIэхэр ящI, сымаджэщхэр зыхуей хуэзауэ зэрагъэпэщыж, къудамэщIэхэр къызэIуах. УнэтIыныгъэр зэрефIакIуэр зыдэлъагъупхъэр, шэч хэмылъу, IэнатIэм пэрыт дохутырхэрщ. Абы и лъэныкъуэкIи, зэфIэкI лъагэ зиIэ IэщIагъэлIхэр ди мащIэкъым.
- Тхьэхущынэ Ланэ.
- ФIыщIэ
- Нэм и плъыр
- «Нэм япэ псэр ихуэ», — жаIэ. А псалъэхэм я мыхьэнэр си щхьэкIэ згъэунэхуащ. Илъэси 8 и пэкIэ си нэхэм сэкъат яIэ хъури, абы езгъэIэзэн щIэздзащ. Си насып кърихьэкIри, сыпэщIэхуащ зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлI хъарзынэ, Республикэ клиникэ сымаджэщым нэм щеIэзэ и къудамэм и унафэщI АфIэунэ Марат.
- Къызэрызэплъу, си нэхэм я щытыкIэр тэмэму къихутэри, къызэрызэIэзэну щIыкIэр иубзыхуащ. Абы лъандэрэ илъэсым тIэунейрэ сымаджэщым сыщIэлъу къекIуэкIащ. Япэу сыщрихьэлIа махуэм хьэкъ сщыхъуащ абы и Iэзагъыр здынэсыр. Ар сымаджэм и псэм щы- щIэр нэсу зыхэзыщIэ, гулъытэ зиIэ, гумащIагъ зыхэлъ дохутырщ. И нэIэм щIэтыхукIэ яхуищIамкIэ и гур загъэу тIысыжкъым, атIэ сымаджэщым укъыщыщIэкIыжкIи адэкIэ узэрызыкIэлъыплъыжыным теухуауэ чэнджэщ щхьэпэхэр къует, хущхъуэхэр зэрызэпхьэлIэнури зэхэ- хауэ къыбгурегъаIуэ. ИкъукIэ гуапэщ апхуэдэ дохутыр нэсхэр дызэриIэр.
- Жьыгъэм уз куэд къыдогъуэгурыкIуэ. Шэч зыхэмылъыжщ, жьы хъуа цIыхум и нэхэм зэралъагъум зэрыкIэричри. Си ныбжьыр илъэс 88-рэ мэхъури, гъащIэм и нэхур зэрыслъагъур, уеблэмэ илъэс куэд лъандэрэ си Iэпэгъу «Адыгэ псалъэ» газетым сыкъызэреджэфыр куэдкIэ и фIыщIэу къызолъытэ АфIэунэм.
- Сохъуэхъу и зэфIэкIым хэхъуэу, гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу, и пщIэр лъагэу, и гугъэмрэ гъащIэмрэ зэтехуэу псэуну.
- Жылэ Марие,
- лэжьыгъэм и ветеран. Хьэтуей къуажэ
- Тау Мадинэ: Си IэщIагъэр сигу ирохь, гупсэхугъуикъызет
- Тау Мадинэ Хьэзешэ и пхъур категорие нэхъыщхьэ зиIэ дохутыр-ревматологщ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ къудамэм щеджащ. Ординатурэр Кардиоцентрым къыщиухащ. АдэкIэ и щIэныгъэм КъБКъУ-м и аспирантурэм щыхигъэхъуэжри, и кандидат лэжьыгъэр Москва РевматологиемкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щыпхигъэкIащ.
- Мы зэманым Таур университетым и медицинэ къудамэм терапиемкIэ факультетым и кафедрэм и доцентщ, Налшык къалэ дэт Центральнэ поликлиникэм и дохутыр-ревматологщ.
- — «СызэрыцIыкIурэ дохутыр сыхъуну сыщIэхъуэпсырт» жызыIэ-хэм сащыщкъым, — къыщIедзэ псалъэмакъыр пыгуфIыкIыурэ Мадинэ. — Ар IэщIагъэ схуэхъунуи сигу къэзгъэкIыххэртэкъым. Экономисту седжэну нэхъ тезухуауэ сыщытт. Математикэ унэтIыныгъэ зиIэ класст сызыщIэсыр, еджэнми фIы дыдэу сехъулIэрти, тыншу абы сызэрыхэзэгъэнур къызгурыIуат. Си шыпхъу нэхъыжьымрэ абы и ныбжьэгъумрэ дохутыру еджэну загъэхьэзырырти, куэдрэ абы тепсэлъыхьырт. ТIуми школыр фIы дыдэу къаухри, си шыпхъур КъБКъУ-м и медицинэ факультетым щIэтIысхьащ, и ныбжьэгъум а илъэсым и насып къикIакъым. АрщхьэкIэ мурад быдэ иIэти, сымаджэщым нейрохирургиемкIэ и къудамэм санитаркэу лэжьэн щыщIидзащ. Ди деж къэкIуа нэужь, абы гъэщIэгъуэну жиIэжырт нейрохирургием щекIуэкI лэжьыгъэр: щхьэр зэрызэтрахыр, операцэр сыхьэтийкIэ щекIуэкI къызэрыхъур, дохутырхэм я щытыкIэр. Си шыпхъуми университетым зы- щыхурагъаджэхэм и гугъу ищIыжырт. Сэри щIэныгъэлI, академик, кардиохирург цIэрыIуэ Амосов Николай и тхылъ гуэр седжа-ти, IэщIагъэм нэгъуэщI еплъыкIэ гуэр хузиIэу хъуат. КъызгурыIуэрт дохутыр ухъуным куэд зэрыпыщIар, сэ, пэжыр жысIэнщи, гугъу зезгъэхьыну сыхуейтэкъым. АрщхьэкIэ, си шыпхъумрэ и ныбжьэгъумрэ сытрагъэгушхуэри, медицинэр къыхэсхащ.
- Сыщеджэм, хирургием сыдихьэхат. Къалэ сымаджэщым дерсхэр щыдиIэти, хирургхэм я лэжьыгъэм сфIэхьэлэмэту сыкIэлъыплъырт. Езыхэми зэфIэкI сызэриIэм гу лъатати, операцэ щрагъэкIуэкIкIэ ассистент етIуанэу гъусэ сащIырт. Ар лэжьыгъэ хьэлъэу зэрыщытым къыхэкIыу, си адэр къыстегузэвыхьырт. «Лэжьыгъэр гугъущ икIи хьэлъэщ, фIыуэ егупсыс, Мадинэ», — къызжиIэрт абы. Дохутыр ныбжьэгъу куэд иIэти, лэжьыгъэ и пIалъэ нэхъыфIу къэсщIэн папщIэ абыхэм я деж сигъакIуэрт. Апхуэдэу Республикэ клиникэ сымаджэщми университетми щылажьэу щыта хирург цIэрыIуэ ПщыукI СулътIан сещэчэнджэщам къызжиIауэ щытащ: «Мадинэ, хирургым сыт хуэдэ щытыкIэ къихутами, шыIэныгъэшхуэ хэлъын хуейщ. Уи нэгу къыщIэгъэхьэт: зыгуэрым укъигъэгубжьауэ, уэ операцэ къыппэщылъу, уи Iэхэр кIэзызрэ зызэтумыубыдэжыфу… Хирургыр операцэм щыщIыхьэм и деж и щхьэкIэ иIэ гукъеуэхэр псори зыщигъэ-гъупщэу, къыпэщылъым и акъылыр триухуэн хуейщ. ГуащIэшхуэ зытекIуадэ Iуэхущ ар. КъыплъыкъуэкIыну апхуэдэ къару?!» Абдежым фIыуэ сегупсысыжри, терапиер къыхэсхащ. ИужькIэ аспирантурэм сыщIэтIысхьа нэужь, си диссертацэр зытезухуэну унэтIыныгъэр къыщыхэсхым, ревматологиер нэхъ куууэ зджыну сыкъытеувыIащ. Абы щыгъуэм университетым лэжьэн щыщIэз-дзащ, Кардиологие центрым и ревматологие къудамэм дерсхэр щезгъэкIуэкIыу. IэщIагъэр къыхэсхыным сытезыгъэгушхуахэм я гугъу пщIымэ, си шыпхъур Кардиоцентрым кардиологыу щы-Iэщ, абы и ныбжьэгъур Москва хирургыу щолажьэ.
- — Мадинэ, укъыщыхъуар щIэныгъэм мыхьэнэшхуэ щрат унагъуэщ. Уи адэ Тау Хьэзешэ филологие щIэныгъэхэм я докторщ, илъэс куэдкIэ КъБКъУ-м хамэ къэрал зэпыщIэныгъэхэмкIэ и проректору щытащ, уи анэ Мэремщауэ Айшэт химиемкIэ университетым щригъэджащ. IэщIагъэр къыщыхэпхым, уи адэ-анэм дауэ къыбдаIыгъа?
- — ГъащIэм лъэ быдэкIэ ухэувэнымкIэ щIэныгъэм куэд зэрелъытар пасэу къыдгурагъэIуащ. Ар сытым дежи къыдаIуэкIыу е феджэн хуейщ жаIэу дыхагъэзыхьыу аратэкъым. АтIэ езыхэм я щапхъэр гъуазэ тхуэхъуащ. Абыхэм сыт хуэдэ Iуэхури къыздаIыгъынут, си адэм зыгуэр къыптрикъузэу е къыппиубыду апхуэдэ хьэл иIэххэкъым. И макъым зригъэIэтауэ зэи къыдэпсэлъакъым, абы щыгъуэми дэ сытым дежи тщIэрт игу ирихьыныр. И гупсысэкIэ, и дуней тетыкIэкIэ, и зэфIэкIкIэ, и хьэл-щэнкIэ абы ещхь сыхъужыныр си хъуэпсаппIэщ. ЗэшыпхъуитIыр дохутыр ды- хъуащ, нэхъыщIэр филологщ икIи юристщ. Дэтхэнэ зыми къыхэтхар къытхуагъэдэха мыхъумэ, зыкIи къытпэрыуахэкъым.
- — Уи IэщIагъэм нэхъ зэхэхауэ и гугъу пщIымэ, дохутыр-ревматологыр сыт хуэдэ узыфэхэм еIэзэрэ?
- — Псом япэрауэ, ар къупщэ зэрытыпIэхэм, хуэ кIапэхэм, лыпцIэналъэхэм епха узыфэхэрщ. Ахэр куэду зэщхьэщокIыж, медицинэ фIэщыгъэ щхьэхуэ яIэжу. Абыхэм яхэтщ уз шынагъуэ дыдэхэр, зэрыIэпкълъэпкъыу зэщIиубыдэу.
- — Нэхъыбэу ди цIыхухэр «зыгъэтхьэусыхэр» сыт хуэдэхэра?
- — Ревматоиднэ артрит, Бехтерёвым и узыфэ жыхуэтIэхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдрэ дрихьэлIэ хъуащ. Иужьрейр узыфэ хьэлъэщ, шынагъуэращи, ар тыншу къахуэхутэкъым. ЗищIысыр къахуэмыщIэурэ цIыхум и тхыр Iушэ мэхъу, «ЛъэIуакIуэм и щытыкIэ» («Поза просителя») жаIэ абы щхьэкIэ. А цIэ лейми къегъэлъагъуэ ар зыхуэдэр. Узыр хэтIэса нэужь, операци пхуэщIыжынукъым, стIолым тегъуэлъхьэфынукъыми.
- — Сыт хуэдэ нэщэнэхэмкIэ ревматизм узыфэр узэриIэр къызэрыпщIэнур?
- — И къупщэ зэрытыпIэхэр, лыпцIэналъэхэр щIэх-щIэхыурэ, зэуэ къыхэлъадэу узмэ, ахэр бэгмэ, плъыжь хъумэ, абы температурэ лъагэ къритыжмэ, и щIыфэр къищэщмэ, и щхьэцыр икIмэ, и тхым тэмэму зримыгъэгъэхъей-мэ, и Iэпхъуамбэ-лъэпхъуамбэхэм я теплъэм зихъуэжамэ, зимыгъэгувэу дохуыр зригъэплъын хуейщ. Дохутырхэр сэбэп зыхуэхъуфынур узыр хэмытIасэ щIыкIэ абы япэщIэхуэрщ.
- — Мадинэ, ревматизмыр жьы хъуахэм я узыфэу куэдым къащохъу.
- — ЗэрыжытIащи, ревматизм узыфэхэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI. Ревматоидный артритыр сыт хуэдэ ныбжьым итми иIэнкIэ мэхъу. «Системная красная волчанка» узыфэм цIыхубз щIалэ дыдэхэр еубыд. Остеоартрозыр жьы хъуахэм яхуэлъэщ, «подагра» узыр нэхъыбэу къызэузыр цIыхухъухэрщ, илъэс 30-м щыщIэдзауэ ар яIэнкIэ мэхъу. Аращи, мы узыфэр жьыгъэщIагъэкIэ зэщхьэщыгъэкIакъым.
- — Дауэ узыфэм зэрызыщыпхъумэфынур?
- — УзэрызыкIэлъыплъыж елъытакIэ, уи узыншагъэр щыпхузэтеIыгъэ щыIэщ, ауэ къызыхэкIари умыщIэу къыппкърыхьэ узыфэ куэд урохьэлIэ. Медицинэ псалъэкIэ жыпIэмэ, аутоимуннэкIэ йоджэ абыхэм. Псалъэм папщIэ, артроз е остеоартрит узыфэхэм нэхъ зыщыпхъумэфынущ. Лъэгуажьэ зэрытыпIэхэм епха узыр нэхъыбэу къызыхэкIыр цIыхум и хьэлъагъырщ. А хьэлъагъыр зытегъэщIа лъакъуэм и зэрытыпIэ-хэр узу мэхъу, хъыщтыр дешхыкI. Абы папщIэ Iэмал имыIэу хьэлъагъым кIэрыгъэхун хуейщ. «Подагра» узыр Iэпкълъэпкъым и лэжьэкIэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэм къыхэкIыу аращи, лыкIэ, фадэкIэ ебгъэлей хъунукъым.
- — Мадинэ, КъБКъУ-м и медици-нэ къудамэм терапиемкIэ и факультетым и кафедрэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм и гугъу уэзгъэщIынут.
- — ТерапиемкIэ факультетым къызэщIиубыдэр клиникэхэм щрагъэкIуэкI дерсхэрщ икIи абы къыхэ-кIыу а кафедрэр нэхъыщхьэхэм хабжэ. Студентым тхылъхэмрэ лекцэхэмрэ къыщищIар лэжьыгъэ и пIалъэкIэ щIигъэбыдэжынымкIэ ар Iэмал хъарзынэщ. Сымаджэхэм якIэлъыплъкIэрэ, узхэр зыхуэдэр, ахэр къызыхэкIыр, къызэрыпхутэнур, зэрыбгъэхъужынур нэхъ куууэ щадж терапиемкIэ факультетым и кафедрэм. Абы щызрагъэгъуэт щIэныгъэрщ студентхэм лъабжьэ быдэ яхуэхъур икIи IэщIагъэм куууэ хащIыкIын папщIэ, ди кафедрэм фIы дыдэу щеджэн хуейщ.
- — Уэ узэреплъымкIэ, медицинэ IэщIагъэр къыхэзыха нобэрей студентхэр сыт хуэдэ?
- — Куэдрэ зэхыбох: «Нобэрей студентхэр еджэкъым», — жаIэу. Ауэ а псалъафэр сыт хуэдэ зэманми къыдокIуэкI. Илъэс дапщэ хъуауэ сылажьэми, сэ гу зылъыстаращи, еджэнур йоджэ, зыщIезыгъэххэри щыIэщ. Еджэным и лъэныкъуэкIэ нобэрей студентхэм я Iуэхур фIы хъуащ, абыхэм Интернетыр дэIэпыкъуэгъушхуэ яхуохъу. Нэхъыбэ къащIэнымкIи я къэухьым зрагъэужьынымкIи ар Iэмал хъарзынэщ. Зы щапхъэ къэсхьынщ. Бехтерёвым и узыфэкIэ зэджэм и гугъу щахуэсщIым, къыхэзгъэщащ аллегорие фIэщыгъэу «и тхыр шамбырым (бамбук) хуэдэщ» зэрыжытIэр. Хамэ къэрал щыщ студентым шамбырыр зищIысыр ищIэртэкъым. Абы къыбгъэдэсым занщIэу Интернетыр къызэIуихри, ар иригъэлъэгъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ тыншу и нэгу къыщIигъэхьащ зи гугъу тщIыр. Ди студентхэм зэфIэкI хъарзынэхэр зыбгъэдэлъхэр мымащIэу яхэтщ. Сэ сызэреплъымкIэ, щIэныгъэм хуэпабгъэ, еджэну хуей щIалэгъуа-лэр нэхъыбэщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр зыхуеджэ IэщIагъэр ягу ирихьу зэрыщытыпхъэрщ. ИтIанэ абы теухуауэ нэхъыбэ къызэращIэнуми хущIэкъунущ. «Дохутыр сыхъуну сыхуейщ» жыпIэкIэ зэфIэкIыркъым. Ар нэгъуэщI IэщIагъэуи щрырет. Узэрыхъуну узыхущIэкъум щIэныгъэкIэ унэсын хуейщ. Пэжщ, дохутыр IэщIагъэм нэхъ егугъун хуейщ, цIыху гъащIэр, узыншагъэр абы елъытауэ щытщи. Медицинэ IэщIагъэм хуеджэну зи мурадхэм школыр щIэныгъэ лъабжьэ быдэ яIэу къаухын хуейщ.
- — Мадинэ, куэдрэ къыщыхъу щыIэщ сымаджэхэр дохутырхэмкIэ мыарэзыуэ, псалъэмакъ мыщхьэпэхэр яку къыщыдэхъуэ. Апхуэдэ зэхущытыкIэхэр къы-зыхэкIым утезгъэпсэлъыхьы-нут.
- — Сымаджэр, шэч хэмылъу, тэмакъкIэщI, гурыщхъуэщI мэхъу. Аращи, зэрыхъукIэ абы и гур фIы хуэпщIу укъыпекIуэкIын хуейщ. Си студентхэм сытым дежи яжызоIэ: сымаджэм фи макъым зевгъэ-Iэтауэ фемыпсалъэ, зэныкъуэкъу фи зэхуаку къызэрыдэмыхъуэ-ным фыхущIэкъу. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щыIэщ сымаджэм бгъэдыхьэкIэ къыхуэзымыгъуэтыф дохутырхэр. Абыхэм уапэ-щIэувэ хъунукъым, псалъэ гуапэ защIэкIэ я щытыкIэр зыхуэдэр къагурыбгъэIуэн хуейуэ аращ. Ар сымаджэщ, и узыншагъэмкIэ, и гъащIэмкIэ мэгузавэри, мыарэзыныгъэ гуэр къигъэлъагъуэми, худэпчыхыпхъэщ. Дохутырым сымаджэм дзыхь зыхуригъэщIыф-мэ, тIуми я Iуэхур тыншу екIуэкIынущ.
- — Дохутыр узэрыхъуар уигу къэбгъэкIыжмэ, жыпIэ хъунущ IэщIагъэм езым укъыхихауэ. Илъэс 20-м щIигъуауэ абы упэрытщи, ущыхущIегъуэжа къыпхуихуа?
- — Пэжыр жысIэнщи, хьэуэ. Лэжьыгъэм сыдихьэхауэ, сфIэгъэщIэгъуэну йокIуэкI. Махуэ къэс зы щIэ гуэр къапщIэу, гъэщIэгъуэн Iуэхугъуэ урихьэлIэу щытщ. Сызыпэрытыр зызмыхъуэжу зы щытыкIэм тет IэнатIэу щытамэ сытезэшэнут. Ди IэщIагъэм махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зыужьыныгъэ гуэрхэр къыщохъу. Абыхэм псоми щыгъуазэу ущытын папщIэ уи щIэныгъэм зэпыу имыIэу хэбгъэхъуэн хуейщ. Ар сэ сыдихьэхыу сощIэ.
- Куэдрэ согупсыс иджы школыр къэзухыу щытамэ, сыт хуэдэ IэщIагъэт къыхэсхынур жысIэу. Экономикэм сыхыхьэнутэкъым, бжыгъэхэм сыхэсу махуэ къэс лэжьапIэ пэшым сыщIэсыныр сфIэгъэщIэгъуэнынутэкъыми. Хирург къызэрысхэмыкIами, сыхущIегъуэжыркъым. Абы и лэжьыгъэр бгъэдэлъ щIэныгъэм и мызакъуэу, и Iэхэр зэригъэIэкIуэлъакIуэми, куэдкIэ епхащ, зэрыжаIэу, щхьэм къыдэкIуэуи «хирургым и Iэ уиIэн» хуейщ. А зэфIэкIыр цIыхум къыдалъхуу къыщIэкIынщ.
- Къапщтэмэ, лэжьыгъэ хьэлэмэт куэд дунейм тету къызолъытэ. Сэ дохутыр IэщIагъэр къыхэсхащ. Сигу ирихьу сыпэрытщ, схузэфIэ-кIым, куэдми-мащIэми, гупсэху-гъуэ къызиту. Нобэ абы сыкъыпэрыкIыну жысIэми, сыкъиутIыпщынукъым.
- Епсэлъар ЩхьэщэмыщI Изэщ.