Мурад нэхъыщхьэр — цIыхухэм я гугъуехьхэр псынщIэу дэгъэкIынырщ
2019-02-21
- УФ-м и Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзар
- къызэрыщыхъуам и гугъу ищIащ КIуэкIуэ Казбек
- КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм жиIащ:
- «Къэралым и унафэщIым зэпкърихащ зи чэзу Iуэху куэд, псом япэу къэрал кIуэцI гъащIэм ехьэлIахэр. Абы нэхъ тригъэщIащ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я лэжьэкIэр гъэтэмэмыным. Псалъэмакъым къыхэщащ экономикэм псынщIэу зегъэужьынымкIэ, накъыгъэ мазэм къыдэкIа указхэр, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ, бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологиехэр еужьэрэкIыу зэтегъэувэнымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэр.
- Зэман кIыхьым тещIыхьауэ къэралым зэпIэзэрыту зегъэужьынымкIэ хэкIыпIэхэм ящыщу Президентым къигъэлъэгъуащ цIыхухэм, псом япэу — къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр. Абы Правительствэм гу лъригъэтащ къуажэ щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ программэщIэ мы гъэм фIэмыкIыу къэщтэн зэрыхуейм.
- Гулъытэшхуэ ягъуэтащ социальнэ IэнатIэм, демографием, къалъхухэр нэхъыбэ хъун зэрыхуейм. Псалъэмакъым къыхэщащ унагъуэхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ етынымкIэ IуэхущIэхэр.
- Путин В. В. жиIащ сабий нэхъыщIэ дыдэхэр зэкIуэлIэну яслъэхэр зэпэубыдауэ щымытыжын папщIэ лэжьыгъэшхуэ зэрегъэкIуэкIыпхъэр. А къалэныр гъэзэщIэныр дэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и кIэм щынэдгъэблэгъащ. 2019 гъэм хьэзыр ящIынущ сабий нэхъыщIэ дыдэхэм ящыщу 860-рэ зыщIэхуэну яслъэ IуэхущIапIэу 19.
- Федеральнэ Зэхуэсым хуэгъэза тхыгъэм хэхауэ щытопсэлъыхь хуэмыщIауэ псэухэр нэхъ мащIэ щIыным. Абы и лъэныкъуэкIэ дэ нэрылъагъуу дыкъыкIэроху ику иту къэралым щыIэ щытыкIэм икIи ди республикэм и дежкIэ фIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхущ 2024 гъэм нэсыху цIыхухэм къаIэрыхьэ хэхъуэхэр нэхъыбэ щIынымрэ хуэмыщIауэ псэухэр хуэдитIкIэ гъэмэщIэнымкIэ социально-экономикэ зыужьыныгъэми лъэпкъ мурадхэр зэгъэхъулIэным хуэгъэза проектыр зыгъэунэхухэм яхэхуэныр.
- Узыншагъэр хъумэныр, егъэджэныгъэр егъэфIэкIуэныр, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ егъэджэныгъэмрэ я фIагъыр къэIэтыныр куэдкIэ елъытауэ щытынущ «Къуажэ дохутыр» программэм хэтынухэм я ныбжьу щытыпхъэм зэхъуэкIыны-
- гъэхэр хэлъхьэным, «Къуажэ егъэджакIуэ» программэ къэщтэным икIи а программэхэм хэтыну IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыIыгъыу сом мин щитхум щегъэжьауэ сом мелуаным нэс етыным. Къэпсалъэм нэхъ тригъэчыныхьащ узыншагъэр хъумэнымкIэ пэублэ IэнатIэр зыхуей псомкIи къызэгъэпэщыным, паллиативнэ дэIэпыкъуныгъэм. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр ди республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм жыджэру къыщагъэсэбэпу щIадзэ икIи а лэжьыгъэр хэхауэ къызэрегъэпэщ Налшык дэт диагностикэ центрым.
- Онкологие узыфэхэр гъэмэщIэным хуэгъэзауэ къэралым къыпэщыт къалэнхэр Къэбэрдей-Балъкъэрми ехьэлIащ. Псори зытегузэвыхь а IэнатIэр егъэфIэкIуэным ахъшэшхуэ хухах. Япэ илъэсихым къриубыдэу а мурадым хуэунэтIауэ къэралым и щIыналъэхэм сом зы триллион трагуэшэнущ. Федеральнэ центрым щIыгъуу иджыпсту дэ унафэ тыдощIыхь иджырей онкологие центр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыухуэным.
- Къэпсалъэм ткIийуэ къигъэуващ экологием, унагъуэ кIэрыхубжьэрыху быдэхэр зэрызэхуахьэсым ятеухуа Iуэхухэр. Адрей щIыналъэхэми хуэдэу, ар Къэбэрдей-Балъкъэрми къыхуэгъэзащ. Иджыпсту республикэм къыщащтауэ щагъэзащIэ унагъуэ кIэрыхубжьэрыхухэр зэрызэрахьэ, зэрызэхуахьэс щIыкIэм теухуа щIыналъэ схемэр. Къэралым и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ а Iуэхум зэпымыууэ гулъытэ хуэщIын зэрыхуейр.
- Шэч хэмылъу, Президентым Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзар Къэбэрдей-Балъкъэрым властымкIэ и органхэм махуэ къэс ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и гъуазэ нэхъыщхьэу увынущ».
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави-
- тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.