ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Ажал  гъуэгу»

2019-02-21

  • Иджыблагъэ дунейм къытехьащ Адыгэ Республикэм, Кавказ Ищхъэрэм, Урысей Федерацэм я щэнхабзэм увыпIэшхуэ щызыубыд тхакIуэ, усакIуэ, адыгэ литературэм и классик МэшбащIэ Исхьэкъ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Ажал гъуэгу» («Дорога смерти») зыфIища тхыдэ романыщIэр. Ар цIыхубэ тхакIуэм триухуащ адыгэм и тхыдэ напэкIуэцIхэм къыхэщыж, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэм — 1708 гъэм Къэбэрдей хэкум щекIуэкIа Къэнжал зауэм. А зауэр къэхъеиным щхьэусыгъуэ хуэхъуам, кърикIуахэм, нэхъыщхьэращи, текIуэныгъэ инкIэ зэриухам IупщIу тотхыхь МэшбащIэр, тхыдэр и тегъэщIапIэрэ художественнэу гъэщIэрэщIауэ.

  • ИлъэситIым къриубыдэу Исхьэкъ дэфтэр напэкIуэцI куэд зэригъэдзэкIащ, адыгэ тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэ куэд зэпкърихащ, нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIа тхыдэджхэм епсэлъащ, я лэжьыгъэхэр щIиджыкIащ, уеблэмэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэри, Къэнжал Iуащхьэ зригъэлъэгъуащ.  А псор тхакIуэ цIэрыIуэм и нэгу къызэрыщIигъэхьам, и зэчийр къигъэсэбэпу тхыдэпкъым щитIэгъа фащэм, ди лъэпкъым и мызакъуэу, а зауэм хэта адрей лъэпкъхэм я шыфэлIыфэмрэ дуней тетыкIэмрэ хуабжьу удахьэх романым укъыщеджэкIэ.
  • Хуэбгъэфащэ хъунущ, МэшбащIэ Исхьэкъ и Iэдакъэ къыщIэкIа романхэм я нэхъыфIым «Ажал гъуэгури» хабжэну, сыту жыпIэмэ, мыбы Къэнжал зауэм теухуа пэжращ лъабжьэ хуищIар, адыгэм и тхыдэм щыщ а Iыхьэм теухуауэ щыIэ еплъыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр псори гугъэзагъэу ипIэ ирегъэувэж.
  • Романыр дунейм къызэрытехьар урысыбзэкIэщ, дяпэкIэ адыгэбзэкIи къыдэкIынущ, хамэ къэралыбзэхэмкIи зэрадзэкIынущ.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ МэшбащIэ Исхьэкъ и зэфIэкIым пщIэшхуэ зэриIэр, абы и IэдакъэщIэкIхэмкIэ лъэпкъ хабзэмрэ щэнымрэ утыкушхуэм зэрырихьам къыщымынэу, адыгэм и тхыдэм и нэхъ кууупIэхэр IупщIу къызэригъэлъэгъуэжыр, лIэщIыгъуэ зыбжанэм къыщыхъуахэр «къитIэщIыжыну» зэрыхузэфIэкIыр.
  • МэшбащIэм и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ лъэпкъ, хэку литературэм я хъугъуэфIыгъуэр игъэбэгъуам и закъуэкъым, атIэ     и цIэр игъащIэ псокIэ адыгэм и тхыдэм къыхинащ.
  •  
  • ШЫПШ  Даянэ.