Урысейр къэрал щхьэхуиту щытащ икIи щытынущ
2019-02-21
- Дыгъуасэ УФ-м и Президент Путин Владимир утыку кърихьащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэр.
- Абы теухуа зэIущIэм кърагъэблэгъат УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым хэтхэр, Къэрал Думэм и депутатхэр, Правительствэм щыщхэр, Конституцэ судым, Суд Нэхъыщхьэм, Арбитраж судым я унафэщIхэр, ХэхакIуэ комиссэм, Къэзыбж палатэм я унафэщIхэр, Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм, Къэрал Советым хэтхэр, хэгъэгу Iэтащхьэхэмрэ хабзэубзыху органхэм я унафэщIхэмрэ, политикэ, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр. Мы гъэм Путиным и Зэрызыхуигъазэр къатыжынущ газет, журнал, телевиденэ, хъыбарегъащIэ агентствэ, интернет къыдэкIыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэ журналист 761-м, абы хамэ къэрал щыщ ди лэжьэгъухэри яхэту. Иджырей зэIущIэр 25-нэщ, абы щыщу илъэс 15-м Зэрызыхуагъазэр Путин Владимир ищIыну къыхуихуащ.
- УФ-м и Президентым нэхъыщхьэхэм я гугъу ищIын ипэкIэ жиIащ Зэрызыхуагъазэм лъабжьэ хуэхъуар ди къэралым и псэукIэ, экономикэ зыужьыныгъэм и хэкIыпIэхэр къэгъэлъэгъуэныр зэрыарар, псом хуэмыдэу накъыгъэ унафэхэм къыщыхьа лъэпкъ проектхэр гъащIэм хэпща зэрыхъунум къызэрытеувыIэнур дыщIигъуащ. «Абыхэм я зэхэлъыкIэмрэ зытегъэпсыхьа Iуэхугъуэхэмрэщ ди къэралым и цIыхухэр нэхъыбэу зыгъэпIейтейр. Лъэпкъ проектхэр, къапщтэмэ, цIыхухэм, къыдэкIуэтей щIэблэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, нэхъ тынш щIыным теухуауэ аращ, ар и кIэм нэсу щыдгъэзэщIэфынур Урысейм жыджэру зиужьмэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ди къалэнхэр зэман кIыхьым тещIыхьащ, ауэ япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэм нобэ щыщIэдзауэ делэжьын хуейщ. Зитлъэфыхьыну зэман диIэкъым, ар къызэрыдэмэщIэкIым мызэ-мытIэу сытепсэлъыхьащ, фэри фыщыгъуазэщ. Пэжщ, лэжьыгъэ къытпэщылъыр къызэрыгуэкIкъым, гугъущ, ауэ ар щхьэусыгъуэ тщIыуэ дызыщIэхъуэпсхэмрэ зэдгъэхъулIэн хуейхэмрэ дгъэмащIэ хъунукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар дунейм къыщекIуэкIымрэ зэманым къытхуигъэувхэмрэ дазэрыпэджэжын къарущ. Дэ псынщIэу ипэкIэ дыкIуэтэн хуейщ. «Ар хъунукъым», «мор гугъущ», «ар тхузэфIэкIынукъым» жызыIэхэр зэхызох, апхуэдэ еплъыкIэ зиIэм гъунэгъу зыкъытхуимыщIмэ нэхъыфIщ, блэкIам хаша гъуэгум тыншу ирикIуэну зызыгъэхьэзырхэр тхырырекI, дэ дызыхуейр гупсысэ куу, еплъыкIэщIэ къытхэзылъхьэнщ. ЦIыхухэр къыпхуэгъэпцIэнукъым, абыхэм яфIэгъэщIэгъуэнкъым тхылъымпIэм тетхар, махуэ къэс фызэлэжьыр. Нэхъыщхьэр яхуэтщIэр нэрылъагъу ящытщIынырщ, я щхьэкIэ, я унагъуэкIэ яIэ псэукIэр едгъэфIэкIуэнырщ. Ар зэгуэр къэхъун хуей Iуэхуу щыткъым, атIэ икIэщIыпIэкIэ зэфIэгъэкIыпхъэщ. Апхуэдэ IуэхущIэкIэм и лъагъуэр пхызышын хуейр Урысей Федерацэм и Правительствэрщ. Ди лэжьыгъэм къыпэкIуэр щалъагъун хуейщ Федерацэм и хэгъэгу псоми».
- Президентым хэкъузауэ къыхигъэщащ иджыпсту къэралым и зыужьыныгъэм халъхьэн ахъшэ зэи къэмыхъуауэ куэду зэраIэр, ахэр щIыхуэу къызэрамыщтар, къызэрамылъэIухуар, атIэ ди цIыхухэм къызэралэжьар, ахъшэр Урысейм и къулеигъэр ягъэбагъуэу, унагъуэхэм я псэукIэр ирагъэфIакIуэу къагъэсэбэпын зэрыхуейр.
- Къалэн пыухыкIахэм я гугъу щищIым, Путин Владимир япэу къызытеувыIар унагъуэхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнрати, унагъуэм къихъуэ япэ сабийм — федеральнэ бюджетым къыхэкIыу мазэ къэс ахъшэ, етIуанэ сабийм «материнский капиталым» къыхэкI мылъку зэрыратыр жиIащ. Иджыпсту цIыкIухэм иратыр цIыхур псэун папщIэ зыхуейм хуэдэу зырэ ныкъуэрэщ (щIыналъэхэм щызэхуэдэкъым, сом мини 8-м къыщыщIэдзауэ 22-м нос). Путиным къыхилъхьащ, 2020 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ цIыхур псэун папщIэ зыхуейм хуэдэу тIу сабийм етын хуейуэ, апхуэдэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ сабий зэрыс унагъуэхэм я процент 70-м ялъысыну зэрыщытыр. КъищынэмыщIауэ, ныкъуэдыкъуагъкIэ япэ гупым хиубыдэ сабийм ират ахъшэр хуэдитIкIэ хагъэхъуэнущ мы гъэм, бадзэуэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ. Ещанэу, унагъуэшхуэм ит налогыр ягъэмэщIэнущ: фэтэрмэ — сабий къэс хуэзэу метр зэбгъузэнатIэу 5-м, унэмэ — метр зэбгъузэнатIэу 7-м налог техьэнукъым, апхуэдэуи бынунагъуэшхуэхэм яIыгъ щIым щыщ сотки 6-м налогыр щхьэщахынущ. Путиным я гугъу ищIащ ипотекэкIэ унэ къэзыщэху унагъуэхэми, абыхэм банкым къыIах ахъшэм щхьэщатыкIын хуей кредитым и процентыр Iэмал зэриIэкIэ ягъэмэщIэнущ икIи кредитыр зэраIыгъ пIалъэм къриубыдэу къэралым ирит дэIэпыкъуныгъэр ягъэкIуэтэнущ. ЦIыхухэр зыщыгуфIыкIынщ ипотекэ Iуэхум теухуауэ Путиным къыхилъхьа хэкIыпIэри, 2019 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ, етIуанэ, къыкIэлъыкIуэ сабийхэм папщIэ кърат ахъшэр хилъхьэу ипотекэ кредит къэзыщтам иджыри зы сом мин 450-рэ къэралым хуипшынынущ. «ЕтIуанэ, ещанэ сабийхэм папщIэ кърат сом мин 450-м ар хэплъхьэжмэ, сом мин 900 мэхъу, ар щIыналъэ зэхуэмыдэхэм къыщекIуэкI унэ уасэхэм я Iыхьэ нэхъыбэщ», — жиIащ Путин Владимир.
- ПсэукIэм ехьэлIахэм щыщу, Путиным жиIащ къулейсызхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуари, 2000 гъэм тхьэмыщкIэхэм я бжыгъэр цIыху мелуан 40-м нэсу щытамэ, иджыпсту мелуан 19 хъуащ, ауэ ари куэдщ ди къэралым дежкIэ, абы къыхэкIыу ар гъэзэкIуэжыныр япэ игъэщыпхъэхэм зэращыщыр къыхигъэщащ къэрал унафэщIым.
- Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм щытепсэлъыхьым Путиныр къытеувыIащ абы теухуауэ куэд зэралэжьам, ауэ иджыри дохутырым деж щIыхьэн папщIэ чэзум хэт, медицинэ IуэхущIапIэ зыдэмыт жылэхэр зэрыщыIэм, 2019 — 2020 гъэхэм иджыри амбулаторэрэ фельдшер пункту 1590-рэ зэраухуэнум, 2021 гъэ пщIондэ сабий поликлиникэ псори мардэщIэхэм хуагъэкIуэн зэрыхуейм, дохутырым деж щыщIыхьэну чэзум ежьэу поликлиникэхэм цIыхухэр щызэтрихьэн зэрыхуэмейм, апхуэдэуи медицинэм и лъэныкъуэ куэдкIэ зыужьыныгъэхэм я хэкIыпIэхэр иубзыхуащ.
- АдэкIэ Путиныр къытеувыIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием, абы и академие институтхэм къэралым и технологие зыужьыныгъэм папщIэ яIэ мыхьэнэм. «БлэкIа илъэсхэм абы щагъэхьэзырахэмрэ иджырей къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ дуней псом щынэхъ лъэщ щIэныгъэ инфраструктурэ къызэдгъэпэщынымкIэ сэбэпышхуэ хъунущ», — жиIащ Президентым. Апхуэдэуи Урысейм къыщызэIуахынущ математикэ центрыщIэхэр (Санкт-Петербург, Москва, Сочэ), ар цифрэ технологиеу къалъытэ лъэхъэнэм хуабжьу сэбэп щыхъунущ. Щэнхабзэм и гугъу щищIым Путиным къыхигъэбелджылыкIахэм ящыщщ музейхэмрэ щэнхабзэ-егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ Урысейм и хэгъэгухэм къыщызэIуахыну зэрагъэхьэзырыр.
- Урысейр зыхуейр дуней псом щынэхъ лъэщ экономикэ зыужьыныгъэщи, къалэжьым гъэ къэс проценти 5-кIэ хэхъуэн хуейщ, илъэсипщI дэкIмэ, дуней псом щынэхъ лъэрызехьэ экономикэм дылъэщIыхьэн папщIэ. Апхуэдэ зыужьыныгъэм дыхуэкIуэфын щхьэкIэ ВВП-м халъхьэ инвестицэр процент 25 — 27-м нэсын хуейщ. Къэрал унафэщIым къызэрилъытэмкIэ, экономикэм и зыужьыныгъэм къэралым хилъхьэ Iыхьэр гъэмэщIапхъэщ. Президентым Правительствэм хэтхэм къалэн ящищIащ къэрал мылъкур къызэрагъэсэбэпым набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыну, налогым епха Iуэхухэр нэхъ тэмэму зэтраухуэну.
- КъулыкъущIэхэр егугъунущ хьэрычэт Iуэхум къэралым зыщегъэужьыным, апхуэдэ дыдэу езы хьэрычэтыщIэхэм я Iыхьэр жыджэру халъхьэн хуейщ Урысейм къыпэщыт къалэнышхуэхэр гъэзэщIа хъуным.
- — ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэ! Урысейр къэрал щхьэхуиту щытащ икIи щытынущ, — жиIащ Путиным. — Мыщхьэхуитмэ, щымыIэну аращ! Ди къэралым пыщIэныгъэфI къыхуиIэным къикIыр Iуэху нэхъ гугъу дыдэхэм хэкIыпIэхэр къыхуэбгъуэтынырщ, армыхъумэ ищIэнухэм я унафэ пщIын хуейуэ аракъым. УФ-м иригъэкIуэкI къэралщIыб политикэр зэIухащ: ар дзыхь къытхуэзыщIхэр щыIэнырщ, дуней псом къыщыхъу шынагъуэхэм пэщIэтынырщ, экономикэм, сатум, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, тех-
- нологием я лъэныкъуэкIэ ди зэдэлэжьэныгъэхэм зегъэужьынырщ. Ахэращ ООН-м, СНГ-м, «Группа двадцати», БРИКС, Шанхай зэдэлэжьэныгъэмкIэ организацэм щедгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъур.
- Путиным жиIащ Урысейр США-м ныбжьэгъугъэкIэ, пэжагъкIэ бгъэдэтыну зэрыхуейр. Урысейм зыри игъэшынэну хэткъым, атIэ езым и щхьэр зэрихъумэжын Iуэху зэрихуэу аращ. «Дэ зыми дыпэщIэувэну дыхуейкъым, псом хуэмыдэу Америкэм и Штат Зэгуэтхэм хуэдэ къэрал иным. Ауэ ди лэжьэгъухэм дунейм къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм гу лъатэркъым, абы и пIэкIэ щыуагъэ зыпылъ политикэ ирагъэкIуэкI», — жиIащ Путиным.
- Къэрал Iэтащхьэр Iуэхугъуэ куэдым тепсэлъыхьащ, хэкIыпIэ нэрылъагъухэмрэ лъэбакъуэ щхьэпэхэмрэ къигъэнаIуэу.
- Зэрызыхуагъазэм и кIэухыу Путин Владимир жиIащ зыужьыныгъэм зэпIэзэрыту дызэрыхуэкIуэр; псынщIэу зызыхъуэж дунейм къытхуигъэув къалэнхэм дыпэлъэщыну, Урысейр цивилизацэ щхьэхуэу тхъумэжыфыну Iэмал дызэриIэр, абы щхьэкIэ ди къэралым исхэр зэкъуэтын, я мурадхэр зрагъэхъулIэным зэгъусэу хущIэкъун зэрыхуейр.
- НэщIэпыджэ Замирэ.