ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр ягъэгушхуэ
2019-02-21
- РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал Мэкъумэш университетым, Педагогикэ колледжым я студентхэмрэ аспирантхэмрэ пхыкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и стипендиер зратынухэр къыщыхах зэхьэзэхуэм. НыбжьыщIэхэм ахъшэ саугъэтыр хуагъэфэщащ щIэныгъэм къыщагъэлъагъуэ я ехъулIэныгъэхэм папщIэ.
- Урысейпсо, дунейпсо олимпиадэхэмрэ зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэмрэ текIуэныгъэхэр къыщызыхьахэр щызэхуашэсащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэхухэм- кIэ и министерствэм. КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм яритыжащ стипендиер къызэрахьынум и сертификатыр.
- «Стипендиер къытхуагъэфэщэн щхьэкIэ япэщIыкIэ КъБКъУ-м, иужькIэ РАН-м и КъБНЦ-м и щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрым икъукIэ лэжьыгъэ купщIафIэ щедгъэкIуэкIащ. Сыхуейт сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн къысхуэхъуа си гъэсакIуэхэм фIыщIэшхуэ яхуэсщIыну», — жиIащ аспирант Бакъ Мадинэ, КъБР-м и РИА IуэхущIапIэм и корреспондентым щепсалъэм.
- Къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м и Iэтащхьэм и ахъшэ саугъэтыр къахьыну Iэмал зэраIэр щIэныгъэ къэхутэныгъэхэмрэ еджэнымкIэ ехъулIэныгъэ зиIэхэм, Урысейм и щIэныгъэ журналхэм зи лэжьыгъэ къытрезыгъадзэхэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, мы зэманым РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и аспиранти 4 абы хэхуащ.
- Магомедовэ ФатIимэ.