Лъэпкъым хьэлэлу хуэлэжьа
2019-02-21
- Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и член-корреспондент, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Адыгэ Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ШащIэ Казбек Хьисэ и къуэр псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут.
- Ар 1939 гъэм мазаем и 18-м Адыгейм и Теучэж щIыналъэм хыхьэ Хьэжэмыкъуей жылагъуэм къыщалъхуащ. 1964 гъэм Адыгейм и пединститутым филологиемкIэ и къудамэр къиухри, илъэсий-кIэ щрагъаджэу Хьэжэмы-къуей дэт школым щылэжьэну ягъэкIуауэ щытащ Казбек.
- В. И. Лениным и цIэр зэрихьэу Москва щыIэ къэрал педагогикэ институтым и аспирантурэр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ абы. И доктор диссертацэр 1979 гъэм Тбилиси къа- лэм щыпхигъэкIауэ щытащ. ШащIэм и лэжьыгъэр теухуат адыгэ литературэм узыщрихьэлIэ художественнэ зэпэщIэувэныгъэхэмрэ жанрхэм я зыужьыныгъэхэмрэ.
- 1980 гъэм къыщыщIэдзауэ 2011 гъэм нэсыху Адыгэ Республикэм и къэрал университетым филологиемкIэ и факульте-тым литературэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу лэжьащ ШащIэр. Ар щытащ Адыгейм и щIэныгъэлIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу.
- ШащIэм и критикэ лэжьыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт совет къэралышхуэм и литературнэ журнал цIэрыIуэ- хэу «Наш современник», «Новый мир», «Дружба народов», «Дон», «Литературная Россия», нэгъуэщIхэми. Абы и Iэда-къэм къыщIэкIащ егъэджэныгъэм ехьэлIа, щIэныгъэхутэ лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ. Ахэр нэхъ зытеухуар адыгэ литературэр нэхъ куууэ джа хъунырт. Ауэ абы и мащIэтэкъым нэгъуэщI лъэпкъхэм, хамэ къэралхэм я литературэм хуэгъэза щIэныгъэхутэ лэжьыгъэхэри. ШащIэ Каз- бек усыгъэм, прозэм адыгэбзэкIи урысыбзэкIи и зэфIэкIыр щигъэлъагъуэрт.
- И лэжьыгъэфIхэм папщIэ ШащIэ Казбек щIэх-щIэхыурэ къыхуагъэфащэуи щытащ къэралым и фIыщIэ тхылъхэр, саугъэт лъапIэхэр. 2013 гъэм абы къратащ Адыгэ Республикэм и дамыгъэ нэхъыщхьэр — «Адыгейм и щIыхь» медалыр.
- ЩIэныгъэр и лъабжьэу лъэпкъ литературэр джыным, къытщIэхъуэ щIэблэр гъэсэным и гъащIэр триухуащ ШащIэм. Адыгэ Республикэм и тхакIуэ цIэрыIуэхэу КIэрашэ Тембот, МэшбащIэ Исхьэкъ, Еутых Аскэр, Къуиикъуэ Налбий, Багъ Нурбий, Бэрэтар Хьэмид, Нэхей Руслан, Куэшбей Пщымахуэ, Кэцыбей Къаплъэн, ЧуякIуэ Джэфар, ЧуякIуэ Юнус сымэ я IэдакъэщIэкIхэр куууэ зэпкърихащ абы. Апхуэдэуи ар елэжьащ КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Гамзатов Расул, Зумакуловэ Танзиля, Искандер Фазиль, Батчаев Муса сымэ я творчествэми. Сыт хуэдэ Iуэху пэрымытами, абы япэ иригъэщу щытар лъэпкъым хуэлэжьэнырщ, щIэблэм я къэухьым зегъэужьынырщ. Абы къигъэна лъэужь дахэр мыкIуэды-жынщ. ЗэхэщIыкI лъагэ зиIэу, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъу дунейм тета лIы Iущым, щIэныгъэлIым хэлъа цIыхугъэмрэ зэхэщIыкIымрэ къыдэлэжьахэмрэ и ныбжьэгъуахэмрэ ящымыгъупщэу я гум илъынщ.
- НафIэдз Мухьэмэд.