Къардэн Юлэ: Музыкэр зэгуэр Iэпэгъу зэрысщIам нобэр къыздэсым сыхущIегъуэжыркъым
2019-02-21
- Япэ адыгэ цIыхубз макъамэдж, Урысей Федерацэм и Композиторхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт Къардэн Юлэ мы махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.
- ГъащIэм зэрыщыхабзэу, балигъыпIэ иувэ дэтхэнэми зыхуеджэну IэщIагъэр къыхихыну къыпэщылъщ. Зи насып къихь зырызхэм дэзыхьэх Iуэхугъуэр пасэу къагуроIуэри, я гъащIэр абы ирапх, зыхуейр зымыщIэхэр нэхъыбэу арэзы тохъуэ къыхуагъэлъагъуэ IэщIагъэм. Адэ-анэм быныр зыщIапIыкIым ар куэдкIэ зэрелъытар щыуагъэкъым. Къыхэгъэщыпхъэщ Юлэ адыгэ интеллигент унагъуэ дахэм къызэрыщыхъуар. И адэ Башир экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатт, Къэбэрдей-Балъкъэр радиокомитетым и унафэщIу, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру, КъБКъУ-м экономикэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу, иужькIэ тхыдэ-филологие факультетым и декану къекIуэкIащ. И анэ Билалэ бзылъхугъэ гуапэм, Iущабэм, унэгуащэ щыпкъэм и щапхъэт, гъуазджэр, живописыр зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ илъагъурт. Я унагъуэр цIыху кIуапIэт, благъэхэми Iыхьлыхэми я дежкIэ сыт щыгъуи зэIухат. Музыкэ школым щIагъэтIысхьа хъыджэбзыр хуэм-хуэмурэ музыкэм, фортепианэм дихьэхащ. А зэманым макъамэ Iэмэпсымэхэр гъуэтыгъуейми, музыкэм дихьэха и хъыджэбзым ар Башир къыхуищэхуауэ щытащ.
- Юлэ игу къинэжащ Музыкэ еджапIэм щыщIэса илъэсхэм щIэныгъэ къызэрыратыным хущIэкъуа, Москва, Санкт-Петербург къикIа я егъэджакIуэхэр, псом хуэмыдэу дирижёр, композитор гъуэзэджэ Шейблер Труворрэ зыщыщ лъэпкъкIэ нэмыцэ, Азие Курытым къиIэпхъукIыжа Ленград Анатолийрэ.
- Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуар зэрагъэлъэпIэнум зыщыхуагъэхьэзырым, Москва къикIа хьэщIэхэр республикэм и гъунэжт. Юлэ и адэм ныбжьэгъу къыхуэхъуа, щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэр, композиторхэр, уэрэджыIакIуэхэр, артистхэр, хормейстерхэр, балетмейстерхэр къахуеблагъэрт. Юлэ музыкэм хуригъэджэным ехьэлIа и хъуэпсапIэхэр и адэм композитор цIэрыIуэ Мурадели Вано щыжриIэм, мыпхуэдэ жэуап къритыжащ: «Пианист псори цIэрыIуэ хъуркъым. Уи пхъур макъамэр джыным хуэбунэтIамэ гъуэзэджэт…»
- — Абы щыгъуэ и мыхьэнэр нэсу къызгурымыIуэми, сигу ислъхьат а IэщIагъэм сыхуеджэну. Ар зэрыгъэщIэгъуэнымрэ лъэбакъуэ пэж зэрысчамрэ нэсу къыщызгурыIуар иужькIэщ, — игу къегъэкIыж Къардэн Юлэ. — Москва ущеджэну тыншу щымытами, ныкъусаныгъэ псори а IэщIагъэм къыпэкIуэ пщIэм пщигъэгъупщэжырт. Нобэр къыздэсым сыхущIегъуэжакъым музыкэр зэгуэр Iэпэгъу зэрысщIам.
- Налшык и Музыкэ школыр къиуха нэужь, Къардэн Юлэ Москва Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ Музыкэ-педагогикэ къэ-рал институтым и тхыдэ-теоретикэ-композитор къудамэм 1968 гъэм щIэтIысхьащ. А зэманым щIэныгъэ лэжьыгъэхэр игъэхьэзыращ, конференцхэм жыджэру зыкъыщигъэлъэгъуащ. Абы щыгъуэ Юлэ къыгурыIуат Москва пщIэншэу зэманыр щимыгъакIуэу драмтеатрхэм, оперэ спектаклхэм, концертхэм кIуэныр, актёр гъуэзэджэхэм, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм я лэжьэ-кIэм кIэлъыплъыныр зэрыIэмалы- фIыр. ИкIи ар нэсу къигъэсэбэпащ. Абыхэм къадэкIуэу Москва щыIэхункIэ Темыркъан Юрэ зи дирижёр оркест-рым и зы концерти зэрыблимыгъэкIам, ар гъунэгъуу зэрызригъэцIыхуам, Высоцкий Владимир, Ростропович Мстислав сымэ я пшыхь гукъинэжхэм зэры-щIэсам ирогушхуэ икIи насыпышхуэу къелъытэ. 1971 гъэм практикэ щыIащ Чайковский Пётр и унэ-музейм. 1979 гъэм Музыкэ училищэхэм папщIэ Москва автор гупым къыщыдагъэкIа тхылъым елэжьахэм ящыщщ Къардэн Юлэ. Абы и диплом лэжьыгъэр ХьэIупэ ДжэбрэIил и гъащIэмрэ гуащIэмрэ триухуащ икIи ехъулIэныгъэ иIэу пхигъэкIащ, и егъэджакIуэ нэхъыжь Бакчанинэ Евгение и нэIэм щIэту.
- Республикэм хуэщхьэпэн мурад иIэу, Налшык къигъэзэжа нэужь Къардэныр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием макъамэдж-лектору щылэжьащ. КъищынэмыщIауэ, къуажэ клубхэм кIуэурэ симфоние музыкэр зищIысымрэ абы и щэхухэмрэ цIыхухэр хигъэгъуазэрт. Апхуэдэу, макъамэм, ахэр зытхахэм ятеухуауэ цIыхухэм гъэщIэгъуэн куэд къазэрыригъэщIэным хущIэкъуащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм лэжьапIэ щыувам, ар Москва ягъэкIуащ, щIэныгъэм щыхагъахъуэ курсхэм щеджэну. Центральнэ телевиденэм и лэжьакIуэхэм щрагъэджа, я нэтынхэм щрагъэплъа зэманыр Юлэ и дежкIэ гуимыхужт. 1973 — 1982 гъэхэм музыкэ программэхэм я редактору лэжьащ. Макъамэм пыщIауэ республикэм щылажьэ цIыху цIэрыIуэхэр телевизореплъхэм нэхъыфIу яригъэцIыхурт, «Слово о музыке», «Наш современник» и нэтынхэм иригъэблагъэурэ. Апхуэдэхэт Балэ Мухьэдин, Бэрэгъун Владимир, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Молэ Владимир, Бэгъуэтыж Светланэ, Ульбашев Мутай, Блай Тамарэ, Османов Нихьэт, Гергоковэ Тамарэ, Гъэсашэ Наталье, Кульбаевэ Людмилэ сымэ ятеухуауэ иригъэкIуэкIа нэтын гъэщIэгъуэнхэр. Абыхэм ящыщхэр телевиденэм и фондым щыхъума хъуащ. Гукъинэжт гъэ къэс Налшык къэкIуэж Тут Заур и концертхэм ятеухуа нэтынхэри. УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм и лэжьыгъэхэмрэ псэукIэмрэ телевизореплъхэм щIэщыгъуэ ящыхъурт икIи а программэхэм зэпымыууэ пэплъэхэрт.
- Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ Музыкэ-педагогикэ къэрал институтым и аспирантурэм Къардэн Юлэ 1982 гъэм щIэтIысхьэжри, КъБР-м и симфоние музыкэм теухуа диссертацэ итхащ. 1986 гъэм ар къиухыу къигъэзэжа нэужь, республикэм и Хор зэгухьэныгъэм, иужькIэ Музыкэ зэгухьэныгъэу зэрагъэпэщыжам, щылэжьащ. Абы щыгъуэ Урысейпсо музыкэ зэгухьэныгъэм и щэнхабзэ зэхыхьэхэм — фестивалхэм, зэпеуэхэм, семинархэм жыджэру хэтащ. Ди республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 60 щрикъум ирихьэ-лIэу, Юлэ игъэхьэзыращ Москва щатыну концерт программэ щIэщыгъуэр икIи абы щIыхь тхылъ къыпэкIуащ. Гуапэщ абы щыщ пычыгъуэхэр Урысейм и канал нэхъыщхьэмкIэ мызэ-мытIэу къызэратыжар.
- МузыкэмкIэ щIэныгъэ ин зыбгъэдэлъ Къардэн Юлэ и гъащIэр триухуащ щIэблэр егъэджэным. Ар гулъытэ зиIэ, хьэл-щэн дахэхэр зыдэплъагъу цIыху гу къабзэщ, — жеIэ композитор, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил. — Гъуазджэм илъэс 50-м нэблэгъауэ хуэлажьэ Юлэ и гуащIэм и пщIэр иджыри къамылъытами, «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр куэд щIауэ хуэфащэщ.
- Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, Юлэ егъэджакIуэ IэщIагъэр зэи IэщIыб ищIакъым. Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым илъэс 20-м нэблэгъауэ щезыгъаджэ бзылъхугъэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэр зыхуэунэтIар студентхэм макъамэ нэсым и щэхухэр захригъэщIэнырщ. Ар фIыуэ къызэрехъулIэм и щыхьэтщ ди республикэми нэгъуэщI щIыналъэхэми я музыкэ школхэм щылажьэ IэщIагъэлI Iэзэхэр зэригъэхьэзырар, езым зэхилъхьэжа «Музыкальная культура КБР» программэр, музыкэ литературэр, уэрэджыIакIуэ гъуазджэм и тхыдэмрэ теориемрэ колледжым зэрыщригъэджыр, республикэм и макъамэ гъуазджэм и зыужьыныгъэхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ студентхэр зэрыхигъэгъуазэр.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.