Къэралпсо зэхьэзэхуэм макIуэ
2019-02-21
- Гъатхэпэм щыIэну, Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпионатым ди лъахэгъу зыбжанэ хэтынущ. Ахэр ди къэралым и щIыпIэ зыбжанэм къыщыхэжаныкIахэщ.
- Гъуэныбэ Iэуес щынэхъ лъэщу къыщIэкIащ Ипщэ федеральнэ щIыналъэм щIалэгъуалэм щрагъэкIуэкIа зэпеуэм. Килограмм 82-м нэс зи хьэлъагъхэм абы къыпэхъун къахэкIакъым.
- А зэхьэзэхуэ дыдэм килограмм 97-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж жэз медалыр къыщызыхьа Бичекуев Даулэти къэралпсо зэхьэзэхуэм хэтыну Iэмал игъуэтащ.
- Абазэ Темболэт ещанэ увыпIэр щиубыдащ Курыт федеральнэ округым. Килограмм 77-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и «финал цIыкIум» ар щытекIуащ. Апхуэдэ дыдэ ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьащ ЩхьэщэмыщI Рэмэзан. Сыбыр федеральнэ округым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ар къыщыхэжаныкIащ килограмми 130-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм.
- Жыласэ Заурбэч.