Дунейм щынэхъ лъэщу къалъытэ
2019-01-31
- «Brand Finance» дунейпсо рейтинг агентствэм игъэхьэзыращ 2018 гъэм ипкъ иткIэ бренд пашэхэм я щытыкIэр. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, Урысейм и ХъумапIэ банкым и зэфIэкIым и индексыр пункт 90-м икIри 93-м нэсащ — ар дунейм и банк бренд нэхъ лъэщ дыдэщ.
- Банк лIэужьыгъуэхэм я деж пашэныгъэр зэрыщиубыдам къищынэмыщIауэ, Урысейм и ХъумапIэ банкыр яхыхьащ дунейпсо бренд нэхъыфIищым икIи япэ иригъэщар «Ferrari»-м и закъуэщ. Абы и брендым и уасэр 2018 гъэм доллар мелард 11,6-м икIри 12,4-м нэсащ.
- Урысей Федерацэми, Европэм и Курыт, КъуэкIыпIэ лъэныкъуэхэми илъэситI хъуауэ зэкIэлъхьэужьу ХъумапIэ банкым и брендыр щынэхъ лъапIэщ икIи щынэхъ лъэщщ.
- «Тхыдэм щыяпэу урысей банк брендым пашэныгъэр щиубыдащ «Brand Finance» дунейпсо агентствэм и рейтингым. IэщIагъэлIхэм апхуэдизу пщIэ лъагэ къызэрыхуащIар къилэжьащ ХъумапIэ банкыр дунейм щынэхъыфI хъуным махуэ къэс псэемыблэжу телажьэ гупым. Инновацэ, технологие пэрыт куэдыр щызэхалъхьари, гъащIэм щыхапщари Урысейм и ХъумапIэ банкыращ. Иджыпсту а Iэмалхэр дуней псом къыщагъэсэбэп банк, компание зэмылIэужьыгъуэхэм. Дауи, дунейпсо пашэныгъэм ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, клиентхэм финанс, ахъшэм пымыщIа Iуэхутхьэбзэхэр гъащIэм и сыт хуэдэ щытыкIэми яхуэщIэным ехьэлIауэ технологие пашэныгъэр зыIэрыгъэхьэнымкIэ, Iуэхутхьэбзэхэмрэ сервисымрэ я экосистемэм зегъэужьынымкIэ гъуэгу захуэ дызэрытетыр зыхэтщIэн папщIэ», — къыджиIащ Урысейм и ХъумапIэ банкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хьэмидбий.
- Хьэтау Ислъам.