Нобэ
2019-01-31
- Фаджэ (проказа) узыфэр зыпкърытхэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
- ДыщэкIым и дунейпсо махуэщ
- 1714 гъэм Санкт-Петербург и Гъэмахуэ уардэунэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къыщызэрагъэпэщащ «Пащтыхьым и лэжьапIэ пэш» — Кунсткамерэр. Ар иужькIэ Урысейм щыяпэ музей ящIащ.
- 1714 гъэм Пётр Езанэм унафэ къыдигъэкIащ и блыгущIэтхэм я бынхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным теухуауэ. Абы ипкъ иткIэ, емыджа щIалэхэм щхьэгъусэ къашэну хуит ящIынутэкъым.
- 1729 гъэм Истамбыл щытрадзащ хьэрып хьэрфхэр къагъэсэбэпурэ ятха япэ тхылъыр — тырку псалъалъэр.
- 1864 гъэм дэтхэнэри щIыхьэну хуиту Москва къыщызэIуахащ «зоологие хадэр» — къалащхьэм и зоопаркыр.
- 1865 гъэм цIыхур ягъэпщылIу мыдэным теухуа зэхъуэкIыныгъэ я конституцэм хилъхьащ США-м и Конгрессым. КъыкIэлъыкIуэ махуэм къэралым и президент Линкольн Авраам Iэ щIидзащ абы теухуа унафэм.
- 1893 гъэм «Кока-Кола» сату дамыгъэр япэу къагъэсэбэпащ.
- 1924 гъэм Советхэм я етIуанэ съездым къыщащтащ СССР-м и япэ Конституцэр.
- 1943 гъэм нэмыцэ генерал-фельдмаршал Паулюс Фридрих зи пашэ дзэр Сталинград и деж къанэ щымыIэу къыщаухъуреихьащ.
- 1989 гъэм уэгум лэжьэн щыщIидзащ цIыху кърырашэкIын щхьэкIэ зэпкъралъхьа кхъухьлъатэ нэхъ ин дыдэм — «Боинг 747-400»-м. Абы зэуэ цIыху 566-рэ ихуэрт.
- 1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ республикэм и къэрал суверенитетым теухуа Декларацэр.
- 1996 гъэм къащтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм зегъэужьыным теухуа къэрал программэр.
- Австрием къыщалъхуа, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа композитор Шуберт Франц къызэралъхурэ илъэс 222-рэ ирокъу.
- Тхыдэдж, филолог, журналист КIашэ Адэлджэрий къызэралъхурэ илъэси 182-рэ ирокъу.
- Совет дзэзешэ, маршал, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Чуйков Василий къызэралъхурэ илъэси 119-рэ ирокъу.
- Куржы кинорежиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист, Лениным и цIэр зезыхьэу щыта саугъэтыр зрата Абуладзе Тенгиз къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу.
- Адыгей уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, композитор, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Сэмэгу Гуэщнагъуэ къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу.
- Урысей къэрал къулыкъущIэ, политик Иванов Сергей и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу.
- Актрисэ, режиссёр Глаголевэ Верэ къызэралъхурэ илъэс 63-рэ ирокъу.
- Урысей политик, къэрал къулыкъущIэ, щIэныгъэлI Бабурин Сергей и ныбжьыр илъэс 60 ирокъу.
- Журналист Ныбэжь Таисэ къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 — 4, жэщым 1 градус щыхъунущ.