ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэужь нэху

2018-10-11

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик Темрокъуэ Индырбий Хьэжумар и къуэр ящыщщ щIэблэм щIэныгъэ нэс егъэгъуэтыным зи зэфIэкI къыщызыгъэлъэгъуахэм, лъэужь нэху къыщызыгъэнахэм.

  • ЕгъэджакIуэ нэсыр, щIэныгъэлI щыпкъэр апхуэдэуи лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу хэтащ Хэку зауэшхуэм, абы щыхьэт техъуэ зауэ дамыгъэри хэлъу Хэкум къигъэзэжащ. 115-нэ шу дивизэм хэтащ Индырбий икIи а шуудзэм и тхыдэм теухуауэ щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъащ. Егъэджэныгъэ IэнатIэм зезыгъэужь жэрдэмыщIэхэр зи куэду лэжьа егъэджакIуэ Iэзэм, методист IэкIуэлъакIуэм, щIэныгъэлI цIэрыIуэм и къэхутэныгъэр сэбэпышхуэ хъуащ ди республикэм математикэ щIэныгъэм зыщиужьынымкIэ.
  • Псэужамэ, Темрокъуэр жэпуэгъуэм и 11-м илъэси 100 ирикъунут. Хэкупсэ нэсым, егъэджакIуэ Iэзэм, зауэлI хахуэм, щIэныгъэлI щыпкъэм теухуа тхыгъэ ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым мыгувэу тетынущ.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.